Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ТХЫПХЪЭМ ПСЭ ХЭЗЫЛЪХЬЭ

CC-Culture and Art Department

.

Къэрэмырзэ Фэризэт ФэдгъэцIыхуну дыхуещ.Ар и Iэпэм дыщэ къыпощэщ хужыпIэфыну,уеплъмэ и IэщIагъэм удихьэху зы Адыгэ цIыхубзщ.Зэман куэд лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ Адыгэ тхыпхъэхэм псэ хелъхьэж къэгъэщIэрэщIэжри нобэ дызэрыт гъащIэм къызэрекIунум хуэду ди пащхьэ къырелъхьэж.

.

Абы и лэжьыгъэр ауэ лэжьыгъэ къудеу къэплъытэ хъунукъым.Нобэ тхыпхъэ жыпIэмэ нэхъыбэм зищIысыр ямыщIэж Адыгэ IэщIагъэр зыхъумэ лъэпкъ лэжьакIуэу аращ Фэризэт.

Фэризэ уи IэщIагъэр къыщыхэпхам илъэс дапщэ ухъурэт?

Абы щыгъуэм сэ иджыри сы сабий дыдэт, илъэсищ- плIы сыхъуу гу лъыстащ абы. «Нэм илъагъур Iэм ещIэж» жеIэ псалъэжьым. Си адэм ищIэу слъэгъуати хуабжьу сыдихьэхащ. Си адэм и анэми хидыкIыу щытащ. Фэр къыхибзыкIт, абы тэмэму елэжьти ,адыгэм къагъэсэбэпу щыта тхыпхъэхэр дыщэ IуданэкIэ хидыкIт.

Уи унагъуэм дауэ къыщыхъуа къыхэпха IэщIагъэр?

Си адэр Iейуэ ягъэбампIэт, ахъшэ кърамыту ягъэлажьэрти и фIэфI хъуакъым къыхэсха IэщIагъэр. Ауэ си анэм къысхуигъэдэхащ, сыт щыгъуи псалъэ дахэ, псалъэ гуапэ къызжиIэу щытащ.

Уэр нэмыщI фи унагъуэм мы IэщIагъэм дихьэх щIэс?

Си дэлъху нэхъыщIэри дехьэх, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэр сысейхэм къыщхьэщокI, абы цIыхухъуIэ зэрыхэIэбар болъагъу. ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я дуней еплъыкIэр зэрызэщхьэщыкIыр, лэжьыгъэхэм къыхуощ.

Фи тхыпхъэщIыпхъэхэр къэвгъэтIылъмэ дэтхэнэр хэт ейми къэпщIэну?

КъэпщIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэтхэнэ зыми езым и хъэтI иIэжщ, адрейхэм къыщхьэщыкIыу. Псалъэм папщIэ си адэр щыпсэуа зэманым тещIыхьат и IэдакъэщIэкIхэри. Иджыпсту нэхъ хуит хъуащ, сэ сызыхуейр, си гум илъыр сщIыуэ аращ.

Уи IэдакъэщIэкIхэр дауэ цIыхухэм къызэрагъэсэбэпыр?

ИпэкIэ, псалъэм папщIэ, цIыхубзхэм нэ къатемыхуэн папщIэ я бостейхэр тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ ягъэщIэращIэт. Дэтхэнэ тхыпхъэщIыпхъэми езым и мыхьэнэ щхьэхуэ иIэжщ, дэтхэнэ зыми укъеджэфынущ. ЦIыхум и Iэдакъэ къыщIэкIам езым и псэм щыщ хелъхьэ абы.

Иджырей зэманым дауэ нэхъ къагъэсэбэпрэ – тIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр?

Иджыпсту унэ блынхэм нэхъ кIэралъхьэ, языныкъуэхэми я бостейхэми кIэралъхьэ. Ауэ ар цIыху псоми къагурыIуэкъым, къызыгурыIуэхэращ къэзыгъэсэбэпыр.

Уэ уи IэдакъэщIэкIхэр дауэ къагъэсэбэпмэ нэхъ къапщтэрэ?

Сэ нэхъ къызощтэ ар унэхэм къыщагъэсэбэпмэ, цIыхухэм сэбэп яхуэхъумэ. Сэ сыхуейщ ахэр дунейм къытенэну, щIэблэм си IэщIагъэм пащэну.Сэ си анэшхуэр I937 гъэм дунейм ехыжащ, икIи абы и лэжьыгъищ си тхылъым зэризгъэхуам и фIыгъэкIэ хъума хъуащ. ТхыпхъэщIыпхъэхэр гъуазджэм и зы къудамэщ, ар гъэкIуэдыжын хуейкъым.

Фэризэт, уэ дауэ уеплърэ, мы IэщIагъэм хуегъэсэн хуей, хьэмэрэ ар лъым хэту къалъхурэ?

Сэ зэикI мы IэщIагъэм зыгуэр хуезгъэсэну яужь сихьакъым, зэман сызэримыIэм къыхэкIкIэ, Ауэ, ищхьэкIэ зэрыжысIащи, мыбы сэри , си дэлъху нэхъыщIэри, си адэри, си анэшхуэри дихьэхуу щыщытакIэ ар ди лъым хэту къыщIэкIынщ, ауэ зебгъасэ хъунуи къыщIэкIынщ.

Сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ?

Сэ сыхуейт Мэзкуу, Нью-Йорк къалэхэм си выстэвкэ къыщызэIусхыну. Хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм си лэжьыгъэхэр езгъэлъэгъуну сыхуейт, абыхэм щыщу си IэщIагъэм зыгуэр дихьэхуу щыIэмэ ахэр зэзгъэцIыхуну, абыхэм садэлэжьэну си гуапэт. Абы нэмыщI си лэжьыгъэхэми щIэ гуэрхэр хызолъхьэ, псалъэм папщIэ лэч къэзгъэсэбэпу щIэздзащ, ди зэманым нэхъ пыщIауэ, щIалэгъуалэм нэхъ къагурыIуэу хъун папщIэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ гъуазджэм гъунапкъэ иIэкъым.

Уи IэдакъэщIэкIхэр уэ къыпхуэнэжмэ нэхъ къапщтэрэ, хьэмэ цIыхухэм яхуэбгуэшрэ?

Си лэжьыгъэхэр куэдым я деж щыIэщ, си ныбжьэгъухэм пщIэншэу ястауэ яIыгъщ, абы нэмыщI Францием, Иорданием щыIэщ, кIэщIу жыпIэмэ сигу покI си IэдакъэщIэкIхэр. Ауэ дэтхэнэ лэжьыгъэми уэ пщыщ гуэр хыболъхьэри ахэр уи деж щыIэмэ уи щхьэри нэхъ хъума хъуну къпщохъу

Мы IэщIагъэм дихьэх нэгъуэщI гуэрым зыкъыпхуигъазэмэ, абы удэлэжьэну?

СыдэIэпыкъунущ, сыдэлэжьэнущ. Дунейм узэрехыжыныр сыт щыгъуи пщIэуэ упсэун хуейщ. Сэ си дэлъхум куэдрэ сыдоIэпыкъу. Къысхуамыдэ пэтми си тхылъым абы и лэжьыгъэ зыбжанэ хэзгъэхьащ.

ТхыпхъэщIыпхъэ щIынри гъуазджэм и адрей къудамэхэм хуэдэу зы пщалъэ гуэрым ит?

ИIэжщ, икIи а пщалъэхэм уемыбакъуэу улэжьэн хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и тхыпхъэщIыпхъэхэр иIэжщ. Ахэр зыри зэщхькъым. Жыжьэ унэмыси, Ингушым яйхэмрэ дыдейхэмрэ зэщхькъым. Адыгэхэм я тхыпхъэщIыпхъэхэр куэдкIэ нэхъ щабэщ, нэхъ щэныфIэщ, и фэри уи нэм къыщIэмыуэу, къыбжьыхэмыуэу щытщ.

Иужьрейуэ сыт къыджепIэн?

Фи Iуэху дахэ хъуну, адэкIи фефIэкIуэна Алыхьым жиIэ.

.



  

  

  

  

  

  

  

  


.

.

          

.