Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ПIАЗ АЛЕКСАНДР

CC-Culture and Art Department

.

И IэщIагъэкIэ Александр физикщ. Ар Чегетыщхьэ   тращIыхьа космофизикэ лабораторэм щылажIэу щытащ, приборхэм кIэлъыплъу, абы япэ дыдэу къыщищтащ уадэрэ къэнжалрэ. « Абы щыгъуэ щIалэгъуалэм къахэхъыжьауэ псоми зыгуэрхэр къыхаIукIырт.

.

Сэ къысIэрыхьар гъуаплъэ Iувти, сыхэмызагъэурэ гугъу сыдехьащ, ауэ абдеж къыщежьащ си гъащIэкIэ сымутIыпщыжыну Iуэхур»,- жеIэ Александр.

1979 гъэм Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ Антарктидэ ягъакIуэ. Абы къикIыжа нэужь зы илъэс закъуэ лэжьэжри физикэм пыкIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар нэгъуэщI IэщIагъэм хуабжьу дихьэхат. Абы гъуаплъэм гъэщIэгъуэн гуэрхэр къыхищIыкIыу щIидзащ.

Щэху гуэр яхэлъщ ПIаз Александр и Iэдакъэ къыщIэкIхэм. Гъуаплъэм е жэзым елэжьхэм япэ щIыкIэ лэжьыгъэр яухри, итIанэщ тхыпхъэщIыпхъэр щытращIыхьыр. Мыбы гъуаплъэ пIащIэм зыхуеину тхыпхъэр ирита иужькIэщ и теплъэ хъунур хишыу щыщIидзэр.

Александр зэрыжиIэмкIэ, IэмалыщIэ куэд къежьащ иджы, лэжьыгъэр тынш ищIу – гъущIыкIэр IэтIэлъатIэ зэрыпщIын, зэрыбгъэвэн, сурэтыр къызэрыхэбгъэкIын. Ауэ езы Александр и IитIымрэ уадэхэмрэ фIэкIа зыри къигъэсэбэпкъым. « Апхуэдэурэщ пасэрейхэм я Iэужьым узэрытехуэфынур»,- жеIэ абы. Гъуазджэм епхауэ щытыныр ПIазхэ я лъым хэлъу къыщIэкIынщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы и щIалэ Азэмэти сэшхуэ, къамэ щIыным дехьэх.

Александр хуабжьу игу къоуэ иджыпсту дахагъэ нэсыр куэдым зэрызэхамыщIыкIыжыр. « Илъэс дапщэ хъуа музейхэм зыри зэрамыщэхужрэ?... Адыгэм фIэфIыр сыт иджы: ину, фэ тету , дахэу, цIууэ»,- жеIэ абы и жагъуэу.

ПIазым и хьэпшыпхэм тет тхыпхъэщIыпхъэхэр сыт и уасэ? Строгановскэ училищэм и унафэщIыр Александр и деж къашауэ щытащ. ПIазым и тхыпхъэщIыпхъэхэр къыщилъэгъуам абы ахэр хуабжьу игъэщIэгъуащ, икIи игу ирихьащ. Александр къигъэсэбэп тхыпхъэщIыпхъэхэр псори адыгэм ныбжькIэ къыдокIуэкI, ахэр псори къэзыгупсысар пасэрей адыгэращ. «Дэдейр зэикI хэгъуэщэнукъым къумыкъум е тыркум ейм. Адыгэм зэикI къуэлэнпщIэлэнхэр, цIуугъэнэхэр и нэрыгъуу щытакъым, къигъэсэбэпакъым. Дэ ди лъэпкъым сыт имыщIми, псори зы хабзэм тетщ: хьэпшыпыр тыншу, Iэрыхуэу, «функциональнэу»щытщ», - жеIэ абы.

ПIаз Александр иджыри мурад Iэджэ иIэщ, икIи мэгузавэ а мурадхэм и гъащIэр хуримыкъункIэ. ИджыпстукIэ абы и хъуэпсапIэр , зы зэпылъыпIэ имыIэу вазэ ищIынырщ.

.

.

.

.

.

.

.

.

          

.