Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

КЪЭЗЭНОКЪУЭ ЖЭБАГЪЫ (1684-1750)
Нэгумэ Шорэ

CC - Literature and History Department

.

Бэчмырзэ и ужькIэ пщышхуэ унафэр зыIэщIэлъар Аслъэнбэчрэ ХьэтIохъущыкъуэрэщ. Абыхэм я акъыл зэтехуэрт, лъэпкъым и Iуэхур зэрефIэкIуэным щIэкъурт, езыхэми пщIэ хуащIырт. Аслъэнбэч сыт щыгъуи едаIуэрт Къэзэнокъуэ Жэбагъы, лIы губзыгъэм и чэнджэщхэм.

.

Адыгэ IуэрыIуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яIуатэ. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащIэ кIыхь хъунтэкъым. И цIэр щIэблэм щIащымыгъупщэн фIыщIэ щиIэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цIэри и хъыбархэри уахътыншэ щIэхъуар.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы 1684 гъэм Бахъсэн Iуфэ къыщалъхуащ (Бахъсэн псым и сэмэгурабгъум, Зеикъуэ ипщэIуэкIэ, иджыри ущрохьэлIэ КъэзэныкъуейкIэ зэджэ щIыпIэцIэ). Жэбагъы зэрыIущыр, зэрыцIыху губзыгъэр щIэх дыдэ наIуэ хъуауэ щытащ, хъыбархэм зэрыжаIэмкIэ. Хъыбархэм ящыщ зы щыхьэт тохъуэ УэрарэкIэ зэджэ хеящIэ* цIэрыIуэм акъылрэ IущыгъэкIэ Жэбагъы текIуауэ зэрыщытам. Абы щыгъуэ щIалэ дыдэт Жэбагъы. И ныбжь нэсри, Къэзэнокъуэ Жэбагъы, дунейм ехыжыху, къэбэрдей пщышхуэхэм, пщы уэлийхэм я чэнджэщэгъуу щытащ. Лъэпкъ Iуэху и пщэ далъхьэурэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыбжанэрэ ягъэкIуащ Къэбэрдейр а зэманым зыпыщIауэ щыта къэралхэм, пщыгъуэхэм. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, Кърымымрэ Мэзкуурэ кIуа къэбэрдей лIыкIуэхэм Къэзэнокъуэ Жэбагъы зэрахэтам.

Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщIэкъуар Къэбэрдейм и Iуэху зэрыдэкIынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цIыхум я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цIыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакIуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищIыжауэ. А къалэныр хузэфIэмыкIамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икIи къигупсысакъым: лIы Iущым далъагъу IуэхущIафэхэр зэхуаIуэтэжурэ жылэм хэIуэри IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ хъуащ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щIаIуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлIэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цIи и хъыбархэри ящIэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми.
Псалъэ пэж куэд къызэринэкIащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкIэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы I750 гъэм лIащ, и акъылрэ и IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ.

Къэрмокъуэ Хьэмид "Адыгэ IуэрыIуатэ".
 
[*]  ХеящIэ: хей псалъэм, мыкъуаншэ, мымысэ мыхьэнэ зиIэм къытокI. къуаншэмрэ захуэмрэ зэхэзыгъэкIым "хеящIэ"-кIэ йоджэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ "къады".

.

.

          

.