Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

МАКЪХЭМ Я IАЗЭ - БЭР ХЬИКМЭТ
Мэфэуд Нартан

CC-Culture and Art Department

.

Бэр Хьикмэт, Адыгэбзэм теухуауэ илъэсипщI лъандэрэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр дунейм къытехьэу, хамэ лъэпкъ бзэщIэныгъэлIхэми гу лъатэу яфIэгъэщIэгъуэн хъууэ хуэжьащ.

.

Глаголхэм и тхылъ
Адыгэбзэр къыбгурыIуэу уригупщысэн
Адыгэбзэ макъыбзэ

ИщIхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа  тхылъищыр зытха Хьикмэт и гупщысэхэмрэ мы тхыгъэхэм утыку къыщырилъхьа еплъыкIэмрэ,кавкъазыбзэм имызыкъуэу нэгъуэщI бзэхэм и лэхьакIуэхэми гу лъатащ нэгъуэщIхэм къыхэщхьэхукI и Iуэху еплъыкIэри яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ.

Сыт абы и тхыгъэхэм нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу хэлъыр ?

Дахуэдэ гупщысэкIэ ар бзэ Iуэхум зэреплъыр ?

Бэр хьикмэт,бзэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ нобэ щыIэ бгъэдыхьэкIэм убгъуауэ уеплъмэ бзэ щIэныгъэм,къыхэгъэщхьахукIауэ уеплъмэ Адыгэбзэм  пхэнджу бгъэдыхьа хъууэ къелъытэ.Абы мы Iуэху еплъыкIэр фIэзахуэкъым.

Дунейм тет бзэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ «зы къызэрмыкI макъхэр зыгухьэурэ псалъэм и къуэпсыр къагъэхъу, а псалъэ къуэпсхэр зы гупщысэкIэм тету зеужьри псалъэхэр къохъу»

Хьикмэт мы гупщысэкIэр фIэзахуэкъым. Хьауэ жи  «макъхэм купщIэ яIэщ,зыгуэр кокI,зы гупщысэ къаIуатэ»

ИщхьэкIэ щыжытIа бзэщIэныгэъэ бгъэдыхьэкIэм езым и теориэр пэгъэув хькмэт.

«дунейр нобэ къыздэсым зимыхъуэжауэ,и макъхэм гъупщысэкIэ къиIуатэу и макъхэм мыхэнэ иIэу бзэхэр щыIэщ» жи, мы бзэхэр макъкIэ “гупщысэ къэзыIуатэ” бзэщ, нобэ щыIэ тэориер зытращIыхь бзэхэм ещхьу зихъуэжакъым,зэман куэд лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэ къыхэмыхуэу къогъуэгурыкIуэ, абы щхьэкIи мы “бзэжь”хэм и зэхэлъыкIэр а еплъыкIэмкIэ  пхузэхэгъэкIынукъым.

Хьикмэт  зэржиIэмкIэ« мы зи гугъу сщIы щытыкIэр иж ижыж лъандэрэ щыIэуэ нобэ къэсыфа бзэ нэхъыжьхэм яхэфлъэгъуэнущ . къухьэпIэ щIэныгъэлIхэм бзэм и къуэпсым теухуауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм щащIа щыуагъэр,иужькIэ къухьэпIэм и щIэныгъэлIхэми а зэрыщыту къащтэри абы бзэ Iуэхум и теориер зыIигъэхьащ,гъуэгу пхэндж тыришащ ».

КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я бзэхэм нобэ а “макъкIэ гупщысэ къэзыIуатэ” щытыкIэр яфIэкIуэдащ. Абы нэмыщIи  а бзэхэм  псалъэ къуэпсым ехьэлIауэ и лэжьэкIэ гупщысэм зихъуэжащи,нобэ щыIэ теориери а бзэхэм тещIыхьауэ щытщ.

Ауэ щыхъукIэ бзэ псэури мы бгъэдыхьэкIэмкIэ пхузэхэгъэкIынукъым  Iуэхум апхуэду убгъэдыхьэныри захуэкъым.

Хьикмэт зэржиIэмкIэ, бзэ нэхъыжьхэм псэуми къагъэсэбэп макъхэм зы гупщысэ къауатэу зы мыхэнэ иIэу щытщи, абдэжым ущежьэмэ бзэм и философиэм улъэIэсынущ.

Адыгэбзэр мы бзэ нэхъыжьэм ящыщщи, адыгэбзэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ хэплъхьэмэ макъхэм ищIагъ щIэлъ гупщысэм узэрлъэIэсынум нэмыщ и философиери къыбгурыIуэнущ, тIэкIу зебгъэубгъумэ хаттхэм нэси уIэбэжыфынущ.

Нобэ и макъхэм хэлъ гупщысэр зыфIэкIуэда бзэхэм тещIыхьа Iуэху еплъыкIэм ныкъусаныъэхэр хэлъщ,абы дызэрагъэувэлIа еплъыкIэр езым я бзэ зызыхъуэжахэм тещIыхьащ.

Адыгэбзэми адре бзэ нэхъыжхэми щхьэхуэу еплъыкIэ иIэн хуещи дэ ар къэдгъэсэбэпмэ митологиеми щIэрыщIу дыхэплъэжын хуе хъунущ.Ди бзэм и къаруури къыдгурыIуэнущ,нэгъуэщI бзэхэм елъытауэ къикIуа гъугуанэ кIэхьыми гу лъыттэнущ.Мис абы папщIэ бзэм и философиер зыгурыгъэIуэн хуещ псом ипэ.

Бзэ щIэныгъэм нобэ къэсыху нэгъуэщI щIэныгъэ къудамэхэм хэлъхьэныгъэ гуэрхэр хуищIами, езыр хэлъхьэныгъэ хуэныкъуэу, еплъыкIэщIэ хуэныкъуэу щытщ нобэ хьикмэт зэржиIэмкIэ.

А зэхъуэкIыныгъэм къыдэкIуэу  нобэ къэс лэй къызлъыса, лъэныкъуэ егъэзыжа хъуа Адыгэбзэми щIэрыщIэу хэплъэжын хуещ. И зэхэлъыкIэр, и макъхэм къиIуатэ гупщысэр, а гупщысэр зытещIыхьа дуней еплъыкIер къыдэхыжауэ утыку къилъхьэжын: бзэр хуэфащэ увыпIэм гъэувыжын хуещ.

Епсэлъар: Мэфэуд Нартан - Тыркум.

.

.

          

.