- сабийр
зыщыщ лъэпкъыр,къызыхэкIар лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр,
къыпэщылъыр, хабзэр зэхащIыкIыу къэхъуныр, адэ-анэм хуаIэ
лъагъуныгъэм, щытыкIэм зиужьынымкIи жэуап зыхьынур ахэращ.
ДауикI,
зи гугъу тщIа псори адэ-анэм къыбдамыIыгъмэ, а Iуэхум кIэи
иIэнукъым, лъэпкъым и цIыху нэс бгъэсауи пхужыIэнукъым.
«Адыгэ»
псалъэм Кавказым ис дэтхэнэ зы лъэпкъми хилъагъуэу щытащ
нэмысри, дахагъэри, хабзэри, лIыгъэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ,
цIыхум фIы и лъэныкъуэкIэ хэлъын хуей псом я синонимт ар,
ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым а псалъэхэм антоним
яхуэхъуа куэд адыгэ цIыхум кIэрыплъагъуэ хъуащ. А Iуэхугъуэм
къыщыщIидзар дыгъуасэкъым икIи нэгъабэкъым. Лъэпкъыр
зэкъуауду, лэгъым къэуам хуэдэу, Кавказ Ищхъэрэм щрапхъэжу,
ди тхыдэр тщагъэгъупщэну, ди лъабжьэр тфIагъэкIуэдыну адыгэ
щIыпIэцIэхэм урыс, тэтэр, тырку фIэщыгъэцIэхэр ирату щыщытам
деж къыщегъэжьауэ, «80 гъэхэм адыгэхэр урысыбзэкIэщ
дызэрыпсэлъэнур» жаIэу гуфIэжу утыку къиувэу щыщыта, ди
лъэпкъ и щхьэзакъуэ Iуэху цIыхур хуэлэжьэну щыхуимыта
зэманхэм щыпищэжхэм я Iэужь бзаджэр нобэ къыздэсым зэран
къытхуохъу. Дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэжщ езыр зэрыгушхуэ хъуну
Iуэхугъуэхэри, ахэр щхьэж ейуэ къренэж, ар апхуэдэу мыхъумэ,
узыдэгуашэм ейуэ и фIэщ хъужынри хэлъщ.
Иджыпсту
зи гугъу сщIа псори «курыт еджапIэм сыткIэ епха» жыфIэнкIэ
мэхъу, ауэ «Iуэхум и пэр умыщIауэ, и кIэр пщIэнкъым», -
жиIащ пасэрейм. ИщхьэкIэ зи гугъу сщIахэращ ди лъэпкъым езым
и гупсысэкIэ, дуней еплъыкIэ, тхыбзэ, тхыдэ щхьэхуэ имыIауэ
дызыщIапIыкIари нобэрей сабийхэр зыщIэтпIыкIри. Пэжщ, нобэ
зы мащIэкIэ ди щхьэ нэхъ къэтIэт хуэдэу хъуащ, ауэ къэралым
щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, сабийм щIэныгъэ етынымкIэ Iуэхугъуэ
екIуэкIхэм нэхъ куууэ ухэплъэмэ, Iуданэ плъыжькIэ пхышауэ
уолъагъу мы къэралышхуэ дызэрысыр лъэпкъ щэнхабзэ, лъэпкъ
мащIэхэм я бзэ щхьэхуэхэм зэрыхуэмейр. АтIэ сыт
егъэджакIуэхэм бзэр хъумэжыным, абы зегъэужьыным
хэтлъхьэфынур? Девгъэплъыт литературэр зэредгъэдж тхылъхэм,
пэщIэдзэ классхэм я деж къыщыщIэдзауэ тхыгъэ дапщэ иту пIэрэ
адэ-анэм, Хэкум, хабзэм, бзэм теухуауэ? Ит тхыгъэ мащIэхэри
сабийм и ныбжьым емыхьэлIауэ гугъущ. Ахэр зи Iэдакъэ
къыщIэкIам зэритхар мыхъуну аракъым, апхуэдэу жыпIэныр
акъылкъым, ауэ еджэн щIэзыдза къудей, зи бзэр иджыри псалъэ
гугъухэм хуэмыкъута сабийр абыхэм къыщемыджэфым, ахэр
къыщимыпсэлъыфым деж хуищIу пIэрэ бзэм лъагъуныгъэ.
Нэхъыщхьэ классхэм я тхылъхэр хронологие и лъэныкъуэкIэ
зэрызэхагъэувэр гурыIуэгъуэщ, ауэ тыншу пIэрэ илъэс
пщыкIуплI-пщыкIутхум итым «МазитIкIэ къуажэм»,
«ХьэжытIэгъуей ауз» тхыгъэхэр къиIуэтэжыну? Ахэр зэрытха
бзэр икъукIэ дахэщ, цIыху балигъыр зэIэпызышэщ, ауэ сабийм
къыхуэмыIуэтэжщ. Iэмалуи къэслъытэркъым, ар зигу иримыхьын
гуэрхэри къахэкIынущ, тхакIуэ-усакIуэхэм я гъащIэмрэ
литературнэ гъуэгуанэмрэ сыхьэт псо тегъэкIуэдэныр. Абы
къикIыркъым тхакIуэр е усакIуэр яцIыхун хуэмейуэ, атIэ
нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ щыIапхъэу аращ. Сабийм и
гурыгъу-гурыщIэ, и дуней еплъыкIэ, лъэпкъым, бзэм хуиIэ
лъагъуныгъэм зегъэужьамэ нэхъ щхьэпэ хъуну къыщIэкIынт абы
нэхърэ.
НэгъуэщI
лъэпкъхэр фIыуэ лъагъуным хуэдгъэсэну яужь дитщ еджакIуэхэр.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ упэрыхьэн щхьэкIэ, псом япэ езым и
лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм зегъэужьын, абы и лъабжьэ
гъэтIылъын хуейщ: нэгъуэщIым пщIэ хуэпщIын щхьэкIэ уи щхьэ
пщIэ хуэщIыжыпхъэщ. Лейзехьэ пщы-уэркърэ, щхьэхуещэ
динрылажьэрэ фIэкI димыIамэ, хэт атIэ Хэкур зыхъумэжар.
ГурыIуэгъуэщ абыхэм мыхъумыщIэ зэрахэтар, ауэ абыхэм ящыщу
Хэку, напэ щхьэкIэ псэр зыту щытахэри куэдщ. Iуэхум зы
лъэныкъуэкIэ дебэу бгъэдыхьэныр къэгъэнэн хуейщ. Сабийм
лъэпкъым иIа лIыхъужьхэр, цIыху щэджащэхэр ицIыхупхъэщ. «Мыр
си лъэпкъщ, мыр си адыгэщ зейр, зыщыщыр» жиIэфу къэхъун
папщIэ,
лъэпкъым и тхыдэм, IуэрыIуатэм, хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм
щыгъуазэ щIыпхъэщ.
Совет
лъэхъэнэм еджакIуэхэм щапхъэ зытрахын, зыдэплъеин цIыхухэр
щыIэу щытащ (иджы мыхъумыщIэу къыщIрагъэдзыжыну хэтми), мис
апхуэдэу и лъэпкъым щыщ зэрыгушхуэ, зэрыгъуазэ хъун цIыхухэм
я хъыбар зэхахмэ, щIэджыкIмэ, цIыхур фIыуэ зылъагъу, лъэпкъ
псоми пщIэ хуэзыщI щIэблэщIэ гъэса хъунущ. Пэжщ, ар къэрал
Iуэхуу щытын хуейщ, ауэ къэралыбзэу бзищ зыгъэува
республикэм зы лъэпкъыр хиубыдыкIыу щхьэхуэу и Iуэху
зэрихьэнукъым. Уемыхъуапсэу къанэркъым мыбдеж Адыгей
Республикэм и зэфIэкIым - 2-нэ классым деж щыщIэдзауэ 7-нэ
классыр хиубыдэу хабзэм теухуа сыхьэт щхьэхуэ хухэзыхыу,
класс къэскIэ я тхылъ зырыз зыгъэхьэзырыфам. Апхуэдэ
тхузэфIэмыкIми, иджыпсту игъуэ дыдэщ, адыгэбзэмрэ
литературэмкIэ тхылъхэр яхъуэжыну иужь ихьа щIыкIэ, ахэр
жыпхъэ тэмэмым тегъэувэнымкIэ зэгурыIуэныр.
Зи гугъу
сщIа къалэн псори зыгъэзэщIэн хуей егъэджакIуэм сыт хуэдэ
къэгъэсэбэпыпхъэхэр, методическэ чэнджэщхэр иIэу е игъуэтыну
пIэрэ? Зыри! Къимыгъэлъагъуэу пIэрэ иужь дыдэ псалъэм ди
щхьэ пщIэ зэрыхуэтщIыжыр?
Къардэн Мусэдин
Шэджэм -
2-нэ (Къундэтей) егъэджакIуэ |