Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ УАФЭ
Лыкъуэжь Нелли

CC-Culture and Art Department

.

Си вагъуэ цIыкIухэр къэрабэ гъуэжьщи Дуней мыцIыхум и шэжыгъэкIэщ…

 

.

Гъатхэпэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм ирихьэлIэу уэздыгъэ тхущIэзышэну лIыр къэкIуэнущ жаIати, абы псоми зыхуэдгъэхьэзырт. ЦIыхухъухэм пщIантIэм дэлъ пщыхьэщхьэ къалэнхэр нагъэсыжырт, ди анэр къипщэфIыкIт, сэри абы сыриIэпыдзлъэпыдзт. Ауэрэ кIыфI мэхъу.

Фэтыджэн уэздыгъэм и уэнжакъ абджыпсым къызэпхидз хьэбзыпэ нэхумрэ пхъэ мафIэ зэрылъ хьэкум и хьэкунэм къыдидз нэхумрэ унэкIуэцIыр къызэрагъэнэхум нэхърэ нэхъ нэхуж унэр зэрыпхуэщIынур си нэгу къысхущIэмыгъыхьэу сыщыст, унащхьэм къедзыха кIапсэ закъуэм сыхудэплъейуэ… Къэсыну жыхуаIар къэсащ. Джэдгыныфэ плащ кIыхьрэ хьэфэ ботэшхуэрэ щыгъыу къыщIыхьа лIы пащIэ псыгъуабзэр кIапсэм худэплъейщ, сэ къысхуеплъыхыжри: «Мо уафэм зы вагъуэ къыпхуесхьэхри  уэ цIыкIум жыпкIэ къыпхущIэсхьащ, иджы ар мо кIапсэм пхупысщIэнурэ фи унэр къигъэнэхунущ. Ар къэхъун щхьэкIэ, кIуэи, илъабжьэ дыдэм къыщIэхи, псы щIыIэмыл къысхуэхь», - жиIащ. Къащыкъ кIыпIийр сIыгъыу, лъапцIэу, «тхъытхъытхъкIэ» унэм сыкъыщIэжщ, къазудзым сыкъыхэлъадэри, уафэм сыдэплъеящ. Абы вагъуэ бжыгъэншэ щызэщIэлыдэхэм дэтхэнэрауэ пIэрэ кърихьэхар, зыгуэркIэ уафэр гъуанэу къигъэнамэ-щэ, сыгузавэрт сэ. Сызыхэт удзыпцIэм хэпхъауэ хэт къэрабэ гъуэжь цIыкIухэмрэ уафэм щызэщ1элыдэ вагъуэхэмрэ си щыпэлъагъум хуэдэт. Вагъуэхэм псэ яIуту, бауэу абы щыгъуэ къызэрысфIэщIам  ещхьыркъабзэу нобэми къысщохъу, си гупсысэ щэхухэр язохьэлIэ…

Зэманым, гъащIэр къызэрыджэлыкIа къупхъэщи, илъэсым и мазэхэр Iэпэ пщыкIутI зытет пшынэу къыпебжыкI. ГуфIэгъуэ макъамэри гъыбзэри къызэрыIукI пшынэу, гъэм и пшынэбзэм щызэщIожьыуэ къэхъукъащIэ куэд.  Зи пэр зи кIэм дэухуэна гъащIэм бгъэщIэгъуэн и куэдщ, ар «гъуэрыгъуэ шэнтми», игъащIэкIэ дунейм «утрамыями», ух зимыIэ гуэрым уримаскъалу къызэрыпщигъэхъум къыхэкIкIэ.

ЗэрытщIэщи, IуэрыIуатэу-дыщэ пхъуантэм, пыухык1ауэ къыщыплъыхъуэм емылъытауэ, хъугъуэфIыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ.

 «…Дунеижьри, ой дуней, щымыджэмыпцIэмэ,

ЩIылъэ щхъуантIэри, ой дуней, щызэпцIагъащIэмэ…»

псалъэхэм укъыщеджэкIэ щIы хъурейр и джэлэсым екIуэкIыу щыхуежьа дакъикъэм адыгэхэри адыгэбзэри щыIауэ уи фIэщ хъууэ щIедзэ.

 «…Дунеижьри, ой жи, хъыкIэ щаухуэмэ,

ЩIылъэ щхъуантIэри, ой дуней, мэлкIэ щаубэмэ…»

псалъэхэм деж ущынэскIэ, щIымрэ псымрэ зэпэщхьэхуэ хъун щхьэкIэ нартыжьхэм гуащIэу яIэр халъхьауэ къыпщохъу, зы телъыджэ гуэрым и къежьапIэр уэри къызэрыплъэIэсар зэхыбощ1э.

Сэтэней япэ дыдэу Сосрыкъуэ хасэм щыхигъэхьэм, мыпхуэдэ ущиехэр жреIэ:

Нартхэ лъытэ зыхуащIыр

ЩIыри хыри зыцIыхухэрщ.

Жыг–Гуащэ Дунейр ецIыхури, мыпхуэдэу Лъэпщ жреIэ: «…си щхьэцыр уэгум итщи, уафэм ит псори сощIэ…Сэ уэгум ит вагъуэхэр уэзгъэцIыхунщ, щ1ым щIэлъ псори уи IэмыщIэ ислъхьэнщ, щIы щхьэфэм тетри уэстынщ…»

Адыгэхэм пщIэшхуэ хуащIырт вагъуэхэм фIыуэ хэзыщIык1, шу гъуазэу щытыф цIыхухэм, икIи гъуазэпщIэ Iыхьэ хухахыу щытащ зекIуэ ежьамэ. Илъэс 480-рэ ипэкIэ Мысырым пащтыхьыгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ»  жыхуиIэ уэрэдыжьым хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр:

 Уэр, дзэшхуэр зезышэрэм

Уэр, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази.

Шу гъуазэу диIэхэм

ГъуазэпщIэ Iыхьэхэр хухахи, рэе.

Адыгэ кхъуафэхэм (кхъухь) жьыху зэпэпл1имэ ящхьэщытыным вагъуэ пщык1ут1 тету щытащ, ятхыж алыдж щ1эныгъэл1хэм.

Апхуэдэу жы1эпхъэщ адыгэ л1акъуэхэм я бжыгъэр къигъэлъагъуэу, ди лъэпкъ ныпым  вагъуэ пщык1ут1 зэрытетри.

 «Губгъуэ гъунэншэрэ хъушэ бжыгъэншэрэ», жиIащ адыгэм уафэмрэ вагъуэхэмрэ щхьэкIэ. Мазэм мэлыхъуэ иригъэувэжри, дыгъэр бгыкъум къыщытхуфIидзауэ къытхуоблэ, и дыгъэпсхэр ди бзэм къызэрыхигъэпсалъэм шэч къытедмыхьэу.

 Адыгэ щIэныгъэлIу вагъуэхэм тетхыхьар мащIэ дыдэщ, ауэ а щыIэ мащIэри ущыгуфIыкIыу, къызэщIэпкъуэжрэ узыщIапIыкIа, зэхуэпхьэсыжа гупысысэ гуэрхэр ебдзылIэжмэ, адыгэ уафэ ухегъаплъэ.

Вагъуэхэм теухуа псалъэмакъым зыгуэрк1э дыщыуэмэ, е дызыщымыгъуазэ гуэр фэ фщIэмэ, акъыл зэхэдзэ дывгъэщIрэ, адыгэм ди хъарзыналъэм нэхъ из хъунти псори дыщыгуфIыкIыжынт. Вагъуэхэм цIэ щыфIащари фIэзыщари нобэрей махуэм уиплъыкIыу къэпхутэжыну гугъущ, ауэ щыIэм щыщу дызыщыгъуазэр фи пащхьэ ныдолъхьэ.

 АдыгэцIэ зиIэ вагъуэхэм теухуауэ тхыгъэхэр итщ «Адыгэ псалъалъэм» (Москва, 1999гъ.), «Адыгэ-урыс псалъалъэм» (Налшык, 2008гъ.), КIуэкIуэ Жэмалдин «Из адыгской (черкесской) ономастики» (1983гъ.) зыфIища и тхылъым, Шортэн Аскэрбий и «Адыгэ мифологие»-м (1982гъ.), «Адыгэ псалъэ» («Ленин гъуэгу») газетым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэм, Псэун Жыраслъэн и «Адыгэ псалъэзэблэдзхэм» (2005гъ.), «Сурэтк1э зэхэлъхьа къэбэрдей-шэрджэс-инджылыз-тырку псалъалъэм» (1998гъ.), МэфIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» (1994гъ.) тхылъым. Шэрджэс Алий 2009 гъэм къыдигъэкIа «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэхэм.

АтIэ, зэрытщIэщи, уафэм Дыгъэмрэ Мазэмрэ щызэблокI. Адыгэхэм я Дуней еплъыкIэмкIэ, ахэр зэдэлъхузэшыпхъущ, Дыгъэр дэлъхущ, Мазэр шыпхъущ.  Мазэр Дыгъэм и нуркIэ блэ планетэщ. Дыгъэм ди лъэпкъым хуиIэ пщIэм и щыхьэтщ унагъуэм къихьа нысащIэм гъэфIэныцIэу «Дыгъэ», «Дыгъэшыр»,  Дыгъэщыгъэ»,  «Нэхудыгъэ»,  «Дыгъэнур» - жыхуиIэм хуэдэ цIэхэр фIащу зэрыщытар.

 Шыхулъагъуэ – Млечный путь.

 Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «Галактикэ»-к1э зэджэ, урысхэм «Млечный Путь» зыф1аща вагъуэ системэм щхьэк1э адыгэхэм апхуэдэу щIыжа1ар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. К1ахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жа1э.

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица.

 Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдык1 гупым зэреджэр «Вагъуэзэшиблщ», абы щхьэк1э иджыри «Вагъуэкъащыкъ» жа1э. Абы и ф1эщыгъэц1э дахэр «Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ» адыгэ нэщэнэм ихъумащ.

 Мазэхэ жэщым Гъуазэр, Ищхъэрэ вагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, МыщэцIыкIу вагъуэр (Вагъуэбыныр) зекIуэлIхэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытащ. Вагъуэзэшиблым Ищхъэрэ вагъуэм и хъуреягъыр зы жэщ зы махуэм къекIухь, абы къыхэк1ыу жэщым зэманыр здынэсар Вагъуэзэшиблымк1э къахутэу щытауэ ятхыж.

Вагъуэ – шу – «звезда-всадник».

«Мы вагъуэр Вагъуэзэшиблым и «къум» хэт етIуанэ вагъуэм и цIэу къалъытэ», - етх Алътуд Мусэ («Газета Юга», 11.12.2008). Нэжан дыдэ уиIэу щытын хуейщ а вагъуэм и щхьэмкIэ «къытес» вагъуэ цIыкIур къэплъэгъун щхьэкIэ. Ауэ щыхъук1и а вагъуит1ыр зык1и зэгъунэгъукъым, Щ1ым дытету дыплъэу апхуэдэу тлъагъуми.  

 Нэхущвагъуэ – Венера (япэ къэк1уэк1э).

 Нэхущвагъуэм ВагъуэлыдкIи йоджэ. Ар Щ1ым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ я зэхуаку дэтщ, Дыгъэм къыщек1уэк1к1и жыжьэ IукIуэтыркъым, щIэплъыпIэ нэзым (горизонт) и лъабжьэ зэи къакIуэркъым. Пщэдджыжь нэхулъэр къыщищ1ым къуэкIыпIэмкIэ, дыгъэр щыкъухьэжкIэ къухьэпIэмкIэ къыщоблэ. Нэхущвагъуэм кIахэ адыгэхэр зэреджэр «Нэфылъ жъуагъэщ» («рассветная звезда»).

Хэщхьэж вагъуэ – Венера (ет1уанэ къэк1уэк1э). «Адыгэ псалъалъэми» «Адыгэ-урыс псалъалъэми» апхуэдэущ зэритыр. Хэщхьэж вагъуэр Ахъшэм вагъуэм иужь иту уафэм къотIысхьэ.

 Зи адэр дыщэ джэдыгукIэ зыщэжа вагъуэ – «вечерняя» Венера (ещанэ къэк1уэк1э).        

Вагъуэбэ – созвездие Тельца, е (шэрдж.)  созвездие Дельфина. 

 КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбынщ, ар гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэр багъуэу жаIэ. Вагъуэбэм теухуауэ пасэрей адыгэхэм жаIа нэщэнэхэрщ ди деж нэхъыбэу къэсар: «Вагъуэбэр щIым хэплъэмэ, къэб къуэпсым зедз», «Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ нартыхум зиIэтыркъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ», «Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри, щIымахуэм щIедзэ», жаIэрт адыгэхэм. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ Вагъуэбэм теухуауэ МафIэдз Сэрэбий итхар: «Илъэсыр IыхьиплIу гуэшыныр адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуиIэ вагъуэ зэрыбыным ирапхырт. Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здырикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын 12-м щыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ уи гугъэ хъунущ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщ1иубыдэу, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а ф1эщыгъэц1эр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ. Дауэрэ щымытами, ди бзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжыгъэкIэ ар зыхуэзэр гъатхэпэ мазэм и 21-22 махуэхэрщ. Абдеж илъэсыщIэр къихьэу адыгэхэм ялъытэрт… Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 21-22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (фок1адэм и 21-22), бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (дыгъэгъазэм и 21-22), щIымахуэр къихьат.

 Вагъуэплъ – Марс(япэ къэк1уэгъуэ).

Ахъшэм вагъуэ – «вечерняя звезда» Марс (ет1уанэ къэк1уэгъуэ).

Шортэн Аскэрбий зэритхамкIэ, Ахъшэм вагъуэк1э зэджэр Сириус вагъуэращ. «Адыгэ псалъэ» газетым (№58-59, 1998 гъэ, гъатхэпэм и 31) зэритымкIэ, Ахъшэм вагъуэ, е Хэщхьэжыгъуэ вагъуэк1э йоджэ Сириус, Арктур, Капеллэ, Альфэ, Бетэ вагъуэхэм (епл1анэ къэк1уэгъуэ). Ахъшэм вагъуэр къитIысхьамэ, хэщхьэжыгъуэ хъуауэ къалъытэрт. «Уафэ джабэм кIэрыщтхьауэ Ахъшэм вагъуэр щIылъэм къыхуонэщхъеих», - етх Шортэн А.

ВагъуэцIу – Сириус.

ДэжыггъалIэ – Утренняя звезда.

 Сату щIыныр зи IэщIагъэ цIыхум пасэм щыгъуэ зэреджэу щытар дэжыгщ. Дыгъэр къыщIэкIын ипэ къуэкIыпIэм щыкъухьэж вагъуэ цIум ДэжыггъалIэкIэ йоджэ. Нэхущ вагъуэра и гугъэу дэжыгыр гъуэгу тезышэу дыгъужьым езыгъэшха вагъуэу IуэрыIуатэм къыхощ, аращ «ДэжыггъалIэ» ф1эщыгъэц1эр щ1игъуэтар. «Сондэджэрыр (журтыр) хьэм езыгъэшха» жиIэуи,  Дэжыгыр лIыжьым и цIэуи къокIуэ.

Дэжывагъуэ – Лира (япэ къэк1уэгъуэ).

ДэжывагъуэмкIэ сыхьэт бжыгъэр къращIэу щытащ.

Дей жыг вагъуэ – созвездие Лиры (ет1уанэ къэк1уэгъуэ).

 Щыплъагъур гъатхэпэрщ. КъухьэпIэмкIэ япэ дыдэу къыщыщIэкI вагъуэщ, пшапэ зэхэуа нэужь, фок1адэ-жэпуэгъуэ мазэхэми хуиту болъагъу. Мы вагъуэ зэрыбыным укIэлъыплъыну щынэхъыфI лъэхъэнэр накъыгъэ-щэк1уэгъуэ мазэхэм къызэщ1аубыдэ п1алъэращ.  

Вагъуэкъан – апхуэдэу йоджэ Марс, Юпитер, Сатурн планетэхэм.

 Ахэр «насып вагъуэу» адыгэхэм къалъытэ. Зодиакым хэт Вагъуэ бын 12-ми чэзууэ яхуэхьэщIэурэ къакIухь. А вагъуищым щыщу зэ зыр, зэ тIур, зэми щыри зэгъусэу IупщIу болъагъу.

Вагъуэдэмэкъуэ – созвездие Малый Пес. «Звезда подпорки» (япэ къэк1уэгъуэ).  

 Адыгэхэм дамэкъуэм ирагъэщхь вагъуэ гупщ.

Вагъуэдамэкъуэ гурыгъ – Западная рыба («звезда – заноза – штырь») (ет1уанэ къэк1уэгъуэ). Шэрджэс Алий и тхылъым зэритымкIэ.

 Выхъуэ – Волопас.

Мы фIэщыгъэцIэм дыщрихьэлIар Псэун Жыраслъэн и «Адыгэ псалъэзэблэдзхэр» тхылъращ. Урыс псалъэр адыгэбзэкIэ зэрадзэкIауэ къытщохъу.

 Елыркъэш – Рак.

Абыи дыщрихьэлIар Псэун Жыраслъэн и «Адыгэ псалъэзэблэдзхэрщ», къыбгуры1уэ зэрыхъунумк1э, ари зэрадзэк1ауэ аращ.

Вагъуэхьэлывэ – Северная Корона е Светлая Корона.

 Хьэлывэм ирагъэщхь вагъуэ зэрыбынщ, Вагъуэзэшиблым и ипщэ лъэныкъуэм къыщыщIокI.

 Вагъуэсокъурэ – созвездие Чаши.

 Вагъуэсокъурэм тетхыхьа псори а фIэщыгъэцIэмкIэ зэакъылэгъущ.

 Ищхъэрэ вагъуэ – Полярная звезда (япэ къэк1уэк1э).

 Уи гупэр къуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ уувмэ, уи сэмэгурабгъур зыхуэзэ лъэныкъуэращ ищхъэрэу къалъытэр. Мы вагъуэмкIэ ипщэ, ищхъэрэ, ижь, сэмэгу лъэныкъуэхэр къахутэу щытащ. А вагъуэм теухуауэ «Адыгэ-урыс псалъалъэм», «Адыгэ псалъэ» газетым итхэр зэтохуэ.

 Темыр къэзакъ – Полярная звезда (ет1уанэ къэк1уэк1э).

Апхуэдэу йоджэ а вагъуэм къэбэрдейхэри к1ахэ адыгэхэри. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумк1э, къэзахъыбзэм къыхэк1ащ, сыту жып1эмэ, «темыр къэзакъ» псалъэ зэпхам а бзэмк1э «гъущ1 баш» («железный кол») къик1ыу аращ. Шортэн Аскэрбий зэритхымкIэ, ар Большой Ной вагъуэ зэрыбыным хэт Сириус-ращ. «Адыгэ псалъэми» Шэрджэс Алий и тхылъми («звезда северного белого гуся») ар зыхэтыр Большой Пес созвездиерауэ къалъытэ (епл1анэ къэк1уэк1э).

«Темыр къэзакъ вагъуэр и закъуэщи мэзэш» жаIэ.

 Гъуазэ – Полярная звезда (етхуанэ къэк1уэк1э).

 Сыкъун Хьэсэн, Сыкъун Иринэ сымэ зэратхымкIэ, жьы дыдэ хъуа мы псалъэмкIэ «Полярная звезда»-м адыгэхэр еджэу щытащ.

 ВагъуэкIапсэ – созвездие Андромеды.

Мы вагъуэ зэрыбыным нэхъ цIууэ хэт вагъуищым ВагъуэкIапсэкIэ йоджэ.

Вагъуэщыгъэ – Южная Корона.

Щыгъэм ирагъэщхь вагъуэ гупщ, ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIокI.

 Вагъуэ цещэпкъо (к1ахэ адыгэхэм адыгэхэм зэрыжа1эмк1э)  – Персей - «созвездие ткацкий станок».

Вагъуэ лэкъум – созвездие Цефей (япэ къэк1уэк1э).

Вагъуэ лэкъум (Вагъуэкъан) – планета (ет1уанэ къэк1уэк1э). (Шэрджэс А. и тхылъымкIэ).

 Зи анэр дыщэ джэдыкIэкIэ зыщэжа вагъуэ – Арктур в Волопасе.

 Мы вагъуэр уэгум къихьа нэужь, былымыр къущхьэхъу дэпху хъуну къалъытэрт адыгэхэм.

Вагъуэ-къамышы – «звезда плеть». Сыт хуэдэ вагъуэм фIащами зэк1э наIуэкъым.

 Щогуэгъагъ вагъуэ – «звезда заставляющая плакать старика Щогу». Вагъуэц1эр щы1эми, апхуэдэу зыф1аща вагъуэр зыщ1ып1э дежи  зэк1э щыгъэбелджылакъым.

 Зи щ1эжьейхэр къэзытIысыхьыжа хывхэр – «буйволы, лежащие вокруг своих телят» - Вагъуэ нэхъ лыдхэмрэ нэхъ ц1ык1ухэмрэ зэрызэк1элъыхьар зрагъэщхьым и ц1эр ф1ащащ, ауэ апхуэдэу зэджэ вагъуэ быныр на1уэ къэзыщ1 тхыгъэ дрихьэл1акъым.

 Мыщэ вагъуэ – «медведь-звезда». Сыт хуэдэ вагъуэм фIащами наIуэкъым.

КIапсэ кIэщI вагъуэ – «Пояс Ориона».

Мы вагъуэ зэрыбыныр къихьа нэужь, губгъуэ лэжьыгъэхэр яухын, пхъэгъэсын къэшэн щыхуей зэманыр къэсауэ адыгэхэм къалъытэрт.

Нэмэзлыкъ вагъуэ – созвездие Возничего.

 Бжэныфэ нэмэзлыкъым ирагъэщхь вагъуэщ.

ВагъуэкIэху – («белохвостая звезда») - комета.

ВагъуэкIэхур уафэм къыщихьэк1э, цIыхухэр шынэрт, уз зэрыцIалэ, гузэвэгъуэ ин къыдэкIуэу къалъытэрти.

Вагъуэщэлъахъэ – «звезда Тренога».

Щэлъахъэм («путы на три ноги») ирагъэщхь. Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэр яуха нэужь, зэрылэжьа Iэщым зрагъэпсэхуну щаутIыпщ лъэхъэнэм ехьэлIа псалъэу къалъытэ. Вагъуэщэлъахъэр – созвездие Стрелы жиIэуи «Адыгэ псалъэм» тетщ.

Вагъуэгублащхьэдэсэ – «Треугольник».

Гум хэлъ пкъыгъуэм ирагъэщхь. Мы вагъуэр къихьа нэужь, мэкъу къишыжыгъуэр къэсауэ къалъытэрт.

Вагъуэ бын - «Жъогъо бын» (кIахэ адыгэхэм зэрыжа1эмк1э) – Малая Медведица.

«Звезда Ориона» вагъуэрауи къокIуэ.

Вагъуэабрэдж – «Блуждающие звезды».

Зы щIыпIэм деж къыщылыдрэ адрейм деж щыкIуэдыж вагъуэм ВагъуэабрэджкIэ йоджэ.

Вагъуэгущэ – Кассиопея.

Вагъуэбаш – Волосы Вероники.

Вагъуэбашыр уафэм къихьа нэужь, 1эщыр хъуп1эм дэбгъэкI хъуну къалъытэрт.

ВагъуэцIыкIу  – Алькор. Абы Вагъуэкъанк1и йоджэ.

 Вагъуэм ехьэлIа нэщэнэхэр:

Вагъуэ ижу щыплъагъу меданым уигу ибубыдэр къохъулIэу жаIэрт.

Вагъуэхэр  убжмэ, убжам и зырыз хьэмцIыракIэ къыптекIэну, уи щIыфэр къилъэлъыну къафIэщIырт.

 Вагъуэхэр егъэлеяуэ лыдмэ, жэщыр нэхъ щIыIэ къохъу.

 Шым и натIэм вагъуэм ещхьу 1эпап1э цIыкIуитI зэбгъэдэсу хэсмэ, угъурлыщ, насып къыдэкIуэнущ, жаIэрт.

 Вагъуэм ехьэлIа адыгэ жыIэгъуэхэр:

Вагъуэиж зэралъагъуу, адыгэхэм «си мывагъуэу къыщIэкI» жаIэрт.

Адыгэхэм я фIэщ хъурт цIыху къэс езым и вагъуэ иIэжу.

Вагъуэу уафэм исыр цIыхуу дунейм тету хъуам я пэбжу къалъытэт.

Адыгэхэм муслъымэн диныр къащта нэужь: «Вагъуэхэр уафэм къыщIехуэхыр, Иблис уафэм дримыгъэкIуеижыну Тхьэшхуэр вагъуэкIэ абы  къоуэри аращ»,- жаIэу къаублащ.

«Вагъуэ» зыхэт псалъэхэр:

Вагъуэплъ – адыгэхэм къагъэкIыу щыта ху лIэужьыгъуэ.

Вагъуаплъэ – жъуогъуаплъ (к1ахэ адыгэхэм зэрыжа1эмк1э)  – гадание.

 Вагъуэудзщ - «Астрэ» (алыдж. «вагъуэ») удз гъэгъа л1эужьыгъуэм адыгэбзэкIэ зэреджэр.

 Псалъафэхэр:

Зыгуэр зыщIыпIэ псынщIэу ягъэкIуэнумэ, «вагъуэижу жэ» жра1эрт, и фэ дэмыхуэн гугъуехь зыпаубыдам щхьэк1э, «вагъуэ ирагъэбж» жаIэрт.

 «Вагъуэ»-м къытекIа псалъэхэр:

Вагъуэиж – метеор, метеорит.

Вагъуэиж – уафэрыху

Вагъуэпыху – метеорит

Вагъуэдж – астроном

 Вагъуэбж – звездочет

Гъуэбжэгъуэщ – комета

ВагъуэкIэху – комета

Вагъуэсурэттех – астро фото съемка.

 Адыгэ лъэпкъым къыхэк1ауэ, и щIэныгъэм, и къэхутэныгъэхэм ехьэлIауэ вагъуэм зи  цIэ фIащар:

«Близнецы» созвездием хэт вагъуэм (координаты: 104,6587 / 15,6147) «Абидофарма»-к1э йоджэ, медицинэ щ1эныгъэхэм я доктор, академик Абыдэ Мусэ къихута хъущхъуэм папщ1э.

  1998 гъэм дунейм къытехьа си тхыгъэ «Дунейм и шэжыгъэкIэ» зыф1эсщамкIэ ди вагъуэджынымрэ вагъуэбжынымрэ нобэкIэ доух, нэгъуэщIи ди «хъуржыным» къихъуэмэ, вблэдмыхыныуи фыкъыдогъэгугъэ.

 Дунейм и шэжыгъэкIэ

Нэ  зиIэм  вагъуэ иIэщ! Ярэби, арауэ пIэрэ-тIэ, дунейм и щэху тIысыпIэр? Ар пэжмэ, дунейм и тIасхъапIэри абдеж?.. Сэ сощIэ, уэ узипсэ кхъуакIэщ, си нэвагъуэ! Си напIэ зэтеслъхьахэр уи быдапIэу, нэбжьыцхэр сатыритIу уи хъумакIуэу пхуэзгъэуващи, кхъыIэ, уижын ипэ, фIыуэ  сызэгъэплъ, уи деж сыкъакIуэурэ гъуэгуанэ кIыхь зэпысчащи.

Сэ уэр нэмыщI, уэ сэр нэмыщI димыIэ. Уи деж нэмыщI си Пэжыр щыщымыIэ!

Сэ си гупсысэр си нэвагъуэхэм хуэсхьащи, хъуэпскI минкIэ утхэу къысхузэтопщIыкI. Нэвагъуэм и кур зы мастэпэ къохъур, мис ар – мастэнэм хуэмурэ хуэкIуащ. Сабын тхъурымбэ цIыкIуу къэушырыбри и щIыфэм плъыфэу хъуам зыщашэщIащ.

Сэ абы нэмыщI, абы сэр нэмыщI димыIэ. Абы и деж нэмыщI сэ си Тхьэр щыщымыIэ!

Нэвагъуэм кIэ имыIэу сызэпхоплъыр. Дунейм и шэжыгъэкIэр здилъыр арщ. Абы хьэрш шууэ Дунеишхуэр щосыр. Дуней зэрысыр си нэвагъуэращ.

Сэ абы нэмыщI, абы сэр нэмыщI имыIэ. Сэ си дунейм нэгъуэщI Дуней имыIэ!

Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу. Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ. Хэт ар? Сыт ар? Нэзыншэщ. Гъунапкъэншэщ. Къэухьыншэщ. И гуащIэр пхуэмыIуэтэщIыну инщ. ГъащIэ мыухыр и пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ. Зэманыр и адэжь щIэинщ. Абы фIэсщынур сэ Алыхь е Тхьэ? СымыщIэ. Хьэуарщ пкIэлъейри, сIэщIокI, схузэпымыщIэ.

Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ.

Шыхулъагъуэм шы лъэкъуапIэу иIэу хъуар,

Сахэлъэтауэ зызогъэдзэкI.

КIэрахъуэу жыхуаIа дунейр

IумпIафIэу, мис, къыздоуджэкI.

Дейжыг вагъуэбэр щызгъэхъейкIэ,

Макъамэ дахэ къыпощэщ.

Вагъуэщэлъахъэр щезутIыпщкIэ,

ЦIыкIу-цIыкIуу

Вагъуэщыгъэр зэрощэщ.

Вагъуэбэ тхыцIэм сэ ныздэшэсауэ

Щыта Вагъуэдамэкъуэр согъэжей.

Щэху цIыкIуу ВагъуэкIапсэм зыпысщIауэ,

Вагъуэхьэлывэм сыхудонэцIей.

ИужькIэ Нэхущвагъуэм деж зысфIыщигъэпщкIуауэ,

Вагъуэабрэдж ежьам сыныпокIэс.

Ищхъэрэвагъуэм зезгъагъэгусауэ,

СыдокъуейщIей Вагъуэгублащхьэдэс.

Вагъуэзэшиблыр атэлыкъ къащыкъщи,

АбыкIэ Вагъуэкъанхэр къызощып.

Вагъуэсокъурэм санэ къыщхьэщыпкIыу

Хуэсхьащи, Ахъшэмвагъуэр сощI хьэщыкъ.

Вагъуэкъэкъуалъи ВагъуэщIыIи зиIэм

Хъуржыным Вагъуэхугур кърепхъыкI.

Хьэтыкъ кIэдэдзэ ахэмкIэ схуищIауэ,

Шэ щIэгъэпщтхьа Дунейр дызохъупыкI.

Сахэтщ апхуэдэу…

Вагъуэ зэхуаку сабэр згъэхъеиху,

Губжьауэ Вагъуэбашыр къыскIэлъыуэу…

 Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу,

Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ…

 ЛЫКЪУЭЖЬ НЕЛЛИ          

.

.

          

.