Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ДИ ПАЩХЬЭ ИЛЪ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР
Къумыкъу Маринэ

CC-Culture and Art Department

.

Иужьрей илъэсхэу ди культурэр, ди бзэр, ди хабзэфI къыддекIуэкIхэр къыдэхыжын, къэгъэщIэрэщIэжын Iуэху щызэрахьэм, лъэпкъым и литературэр зэуIу щIыжыным теухуауэ лэжьыпхъэ куэд ди пащхьэм къоувэ.Мис абы тещIыхьауэ гъэбелджылын хуейщ дэтхэнэ тхакIуэми езым и зэфIэкIри и Iэдакъэ къыщIэкIа художественнэ тхыгъэри зыхуэдэр..

.

Аращ мы лэжьыгъэм адыгэхэм я художественнэ дуней еплъыкIэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэми, щIыпIэ зэхуэмыдэхэми зэрызыщаужьым епха Iуэхугъуэхэр темэ нэхъыщхьэ хуэхъуныр къызыхэкIари.

Хамэ цIыхухэмрэ хамэбзэхэмрэ къаухъуреихь адыгэм къыхэтэджыкI тхакIуэм и тхыгъэхэм къызыхэкIа и лъэпкъым и мэ щыууэ, и плъыфэхэр, нэщэнэхэр дэплъагъуу щытын щхьэкIэ, куэдым егупсысын хуей мэхъу. Хуабжьу зэран мэхъу зы лъабжьэу къэхъея, зэкъуэту зизыча адыгэ лъэпкъыр дунейм текъухьауэ зэрыпсэур. Я бзи, я культури, я хьэл-щэни цIыкIу-цIыкIурэ зэпыгъэлъэлъауэ псынэ зырызу я жапIэ ягъуэтыж. Аращ ди адыгэ литературэр "фэтэр зырызым щIэгуэша" хуэдэу щIэхъури.

Лъэпкъ къэс и бзэ, и хабзэ зэриIэжым и мызакъуэу, и дуней еплъыкIи ихъуреягъкIэ щекIуэкIым хуиIэ щытыкIи хэхауэ бгъэдэлъщ, а псор адрейхэм къазэрыщыхъум къыщхьэщымыкIынкIэ Iэмал имыIэу. Апхуэдэщ адыгэ литературэм езым и хьэл щхьэхуэ зэриIэжри. Мис абыхэм я къежьапIэр псом япэ IуэрыIуатэрщ. Ауэ IуэрыIуатэм и закъуэкъым лъэпкъым и художественнэ дуней еплъыкIэр мы ди зэманым зэрызэфIэувэр зэлъытар. Абы и лъабжьэшхуэу мэув иджырей адыгэ литературэр, ар здэщыIэр ди къэралуи, нэгуъэщI щIы­пIэуи ирехъуи. Ахэр псори зы лъэпкъ культурэу зэхэмыхьэжынкIэ Iэмал иIэ­къым.

Адыгэхэм я бзэри я щхьэри хэкIуэдэжынкIэ хъуну щыщыта илъэсхэм къызэтенэн, зыкърагъэлын щхьэкIэ ялэжьа псом я фIыщIэкIэ уасэ иIэу зы къэнамэ, ар я художественнэ дуней еплъыкIэрщ. Аращ лIэщIыгъуэкIэрэ зэпымыууэ зызыужь лъэпкъым ейм ябгъурыувэн художественнэ литературэ нобэ диIэн щIэхъуари.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъэпкъ литературэр щылъапIэри, ар уи литературэ щыхъури уи анэдэлъхубзэкIэ щытхыжам и дежщ. Ауэ езыхэм зыкIи ямы­къуаншагъэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирихулIауэ хамэбзэкIэ тхэхэри мащIэкъым. Ар ди деж къыщежьауи щиухыуи аракъымгъащIэм, дунейм къыщыхъу Iуэхущ. ЩыIэщ лъэпкъ псор хамэбзэкIэ тхэуэ, еджэу. Нэхъыбэрэ къэхъу хабзэр лъэпкъ литературэр бзитIкIэ ятхыущ. Абы, дауи, узыщыгуфIыкIыну зыри хэлъкъым, ауэ ятхауэ щыIэр бгъэкIуэд хъунукъым. Бгъэ­кIуэдмэ, уи лъэпкъ литературэм уеижу аращ. Ар лэжьыгъэ тыншуи занщIэу къохъулIэнуи щыткъым, ауэ гъэщIэгуъэнщ, нэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэхэр лъэхъэнэ щхьэхуэхэм я художественнэ литературэм зэрелэжьар, икIи абыхэм художественнэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр я Iэдакъэ къызэрыщIэкIар.

Апхуэдэ тхакIуэ щхьэхуэхэм я лэжьыгъэ языныкъуэхэр зэпкърытхащ, икIи къэгъэлъэгъуапхъэщ езыхэм я щIыпIэм залымыгъэкIэ ирашу е ирахуу хамэщIхэм къыщыхута адыгэхэм куэд дыдэ а здэкIуа къэралхэм я культурэм, искусствэм, литературэм я зыужьыныгъэм зэрыхалъхьар. Псом хуэ­мыдэжу ар щынэрылъагъущ адыгэр нэхъыбэу здэкIуауэ щыта Тыркум. Кавказым ис лъэпкъхэмрэ Тыркум, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэмрэ я культурэкIэ, искусствэкIэ, литературэкIэ зэлъэIэсу куэд щIауэ йокIуэкI. Абы къыхэкIыу зыкIи гъэщIэгъуэнкъым ди лъэпкъэгъухэм я Iэужь-лъэужь Тыркум, Сирием, Иорданием, Мысырым (Египетым) дызэрыщрихьэлIэри.

 Шэрджэс сулътIанхэм Мысырым тетыгъуэр 1382 гъэм къыщыщIэдзауэ 1517 гъэ пщондэ щаIыгъащ.

Адыгэ мамлюкхэм къэралыр щаIэщIэлъа лъэхъэнэр Мысырым и тхыдэм хэбдз зэрымыхъунум хуэдэу, абы и литературэри къызыфIэбгъэщIыфынукъым Баруди, Шэукъий, Теймур зэкъуэшхэр, Абазэ зэкъуэшхэр, Джэрымыр, Лашыныр, Сабри, Уахьбэ, ас-Сибаи, нэгъуэщIхэри хэмыту.

Курыт лIэщIыгъуэхэм мамлюкхэр сэбэп хъуауэ щытащ Мысыр къэралыгъуэр зэфIэувэнымкIэ. Нобэр къыздэсым Каири, Александрии, Щами хэщIа щIагъуэ щымыIэу дэтщ абыхэм я ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэу архитектурэм и фэеплъ ину къэнахэр. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм, сыт хуэдэу щымытми зэманым зыщыдигъазэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэм я лъэужь къыщытенэ къохъу, ауэ адыгэ мамлюкхэм къатепщIыкIахэм я литературэ IэдакъэщIэкIхэм зэрыщыт дыдэм хуэдэу фэеплъ мыкIуэдыжу нобэ псэу лIакъуэхэми, пщэдей къалъхунухэм я дежкIэ, ар я духовнэ хъугъуэфIыгъуэщ хьэрып къэрал псоми, и хъугъуэфIыгъуэщ къэщIэрэщIэжа КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и культурэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэ зыми.

Мы лэжьыгъэм адыгэ мухьэжырхэм къахэкIа усакIуэхэм я творчествэм и гугъу щытщIащ. Дэ нэIуасэ зыхуэтщIащ хэхэс адыгэ усакIуэ­хэм я творчествэми, Хэкужьым щыпсэуа, щыпсэу усакIуэ языныкъуэхэми я лэжьыгъэхэм гу зылъозыгъатэу ядэтлъагъу нэщэнэхэм, икIи а псоми мыпхуэ­дэ гупсысэхэм дыхуашэ.

Япэрауэ, хамэщIхэм щыпсэу усакIуэхэм адэ Хэкужьым ехьэлIа темэр зэпкърахкIэрэ, ахэр нэплъысыну хуейщ лъэпкъым зэпича гъуэгуанэ хьэлъэм щекIуэкIа псоми, икIи художественнэ псалъэкIэ зэфIагъэувэжыну хущIокъу. АбыкIэ а усакIуэхэм я творчествэм историзм хьэли философие нэщэни яIэщ.

ЕтIуанэрауэ, диаспорэм и усакIуэхэм я творчествэм бдзумэ наIуэу щы­пхырокI мухьэжырхэм я тхыдэ темэр, абыкIи езыхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр ягъэунэхужри адыгэ культурэм и къудамэу зэрыщытым хуокIуэжхэр.

Ещанэрауэ, нэгъуэщI щIыналъэхэу къыздыщалъхуахэр мухьэжырхэм къащIэхъуа щIэблэм я Хэкуу къалъытэну я пщIыхьэпIи къэкIыркъым. Пэжщ, къызыщалъхуа къэралъхэм яхузэфIэкI псомкIи щхьэпэ щыхъуу, лIыгъэ яхэлъу щопсэу, зи щакхъуэ яшхми я фIыщIэр ягъэкIуэдакъым икIи ятекIуадэркъым. Ахэр гугъэ нэхукIэ мэпсэу – Хэкужьым гъэзэжыныр я хъуэпсапIэ инщ, икIи я творчествэм Хэкужьым и образыр ехьэжьауэ гъэщIэрэщIауэ - романтизмэм хуэкIуэу – къызэрыщагъэлъагъуэр хъуркъым.

ЕплIанэрауэ, мухьэжырхэм я щIэблэ усакIуэхэм я творчествэм эпическэ нэщэнэ дэтлъагъухэм нэмыщI лирикэ макъамэ щабэри я хамэкъым, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, эпосымрэ лирикэмрэ щхэпскIэ щызэрыубыдауэ щытщ абыхэм я творчествэм, сыту жыпIэмэ тхыдэм ехьэлIауэ зи гугъу ящIыр я гумкIэ я псэмкIэ пхымыгъэкIауэ къаIуатэркъым.

Яужьреуэ, етхуанэрауэ, къэдгъэлъэгъуа хъуауэ къыдолъытэ къыщалъхуа щIыналъэ емылъытауэ сыт хуэдэ бзэкIэ ахэр тхэуэ щытми, адыгэ усакIуэхэм я творчествэм благъагъэ-Iыхьлыгъэ яку зэрыдэлъыр. Зэхуэдэ тематикэ яхуэ­хъухэм нэмыщIкIэ, ахэр зырешалIэ адыгэ IуэрыIуатэм къулейуэ къигъэсэбэп, апхуэдэу адыгэ литературэми куэдрэ зызыхуигъазэ къэгъэпсэуныгъэ (олицетворение) Iэмалыр тегушхуауэ тегъэщIапIэ зэращIым.

Мис абыхэм ипкъ иткIэ дэ зи гугъу тщIа псори литературэ щхьэхуэхэм я Iуэхуфээ-дэлъыфэу щыту къэлъытапхъэкъым, атIэ зи литературэм и къудамэ гуэжхэм, зы лъабжьэм игъэпсэууэ, абы кърит къарумкIэ заузэщIу.
Къумыкъу Маринэ, егъэджак1уэ

.

.

          

.