Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ПЭСЭРЕЙ АДЫГЭХЭР, НОБЭРЕЙ АДЫГЭХЭР
Нало Заур

CC-Culture and Art Department

.

Пэсэрей адыгэу ди адыгэжьхэм хэгъэгу унейрэ псэукIэ дахэрэ яIащ. Жылэшхуэу щытахэщ.Къэралхэр ягъэныбжьэгъун, ягъэбиин, ягъэубзэн ялъэкIыу щIыхьышхуэ яIащ. Щыхьэрышхуэхэр яухуэгъащ, IэщIэгъэфIхэр, зэгъэзэхуа дахэхэр яхэлъащ.

.

Еджахэу, гъэсахэу, дэтхэнэ зым хуэIэзэу, хуэшэрыуэу щытахэщ. Улэхуэшхуэ1 яIэу жылэ тхъэжуэ кърикIуэхэрт.

Нобэ щIэныгъэу, жаныгъэу плъагъу псор ипэ дыдэ къыздыщежьар пэсэрей адыгэхэм ядэжщ2. Пэсэрей адыгэхэм хабзэр иджы щыIэ къэралхэм я унэгъуэ хабзэм къызэрыкIэрыху щыIэкъым. АпхуэдизкIэ щIэныгъэшхуэ яIащ!

Пэсэрейм къыщIаха ди фащэр ипэ фащэу щыIам я нэхъ дэгъуэу, я нэхъ екIуу, фащэхэм япщэу зэрыщытам хуэду, ноби хэти и пащхьэ урихьэнкIэ уригушхуэну, уримыукIытэну зы фащэщ.

Дунейм тет цIыху псом «адыгэ» жезгъэIар [пэсэрей] адыгэхэр арщ, дядэжьхэр арщ. Нобэрей адыгэхэм мы къэслъыта хъуэпсэгъуэ псом, цIыхугъэ псом язри диIэжкъым. Ди хэгъэгури, ди псэукIэри тIащIэкIыжу хуежьащ. ЛIыгъэу, хабзэу иджы къэсыхункIэ тхъума закъуэри кIуэ пэтрэ IэщIыб тхуохъу.

Пэсэрейхэр щытхэти, далъэхэу псэуахэщ; нобэрейхэр дыщылъщи, доубзэ.

Ар сыт мыпхуэду щIэхъур? – жыфIэмэ: ди бзэкIэ деджэу, ди бзэкIэ дытхэжу дызэрыщымытыр арщ. Нобэрей Iащэри нобэрей лIыгъэри еджэныр арщ. Нобэрей фащэри щIэныгъэр арщ.

.

.

          

.