Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ДЖЭГУАКУЭМРЭ ЛЪЭПКЪ СЭМЭРКЪЭУ ХАБЗЭМРЭ
(МЫЖЕЙ СЭХЬИД И ШЫФЭ – ЛIЫФЭ)  
Пашты Мадинэ

CC-Culture and Art Department

.

Иужьрей адыгэ джэгуакIуэшхуэхэм ящыщ Мыжей Сэхьид зэрыхуэдгъэфащэмкIэ I849 гъэм къалъхуащ.Языныкъуэ лIыжьхэм ар I840 гъэхэм я пэщIэдзэм нэхъ трагъахуэу къабж. Сыт хуэдэу щымытами, я нэхъ мащIэрами Урыс – Кавказ зауэр иухыным илъэситху иIэжу Сэхьид дунейм къытехъуащ.

.

Абы и ныбжьым къриубыдащ адыгэ лъэпкъым и щхьэ крикIуа гуауэшхуэхэр: Кавказ зауэжьыр,ИстамбылакIуэ, революцэр, граждан, дунейпсо зауэхэр. Ауэ итIанэми ар зэи къэдзыхакъым, гуфIэгъуэм, гъащIэ къарум и дамыгъэу дунейм тетащ.

Пашты Мадинэ.
.
Иужьрей адыгэ джэгуакIуэшхуэхэм ящыщ Мыжей Сэхьид зэрыхуэдгъэфащэмкIэ I849 гъэм къалъхуащ.Языныкъуэ лIыжьхэм ар I840 гъэхэм я пэщIэдзэм нэхъ трагъахуэу къабж. Сыт хуэдэу щымытами, я нэхъ мащIэрами Урыс – Кавказ зауэр иухыным илъэситху иIэжу Сэхьид дунейм къытехъуащ. Абы и ныбжьым къриубыдащ адыгэ лъэпкъым и щхьэ крикIуа гуауэшхуэхэр: Кавказ зауэжьыр,ИстамбылакIуэ, революцэр, граждан, дунейпсо зауэхэр. Ауэ итIанэми ар зэи къэдзыхакъым, гуфIэгъуэм, гъащIэ къарум и дамыгъэу дунейм тетащ.

ДжэгуакIуэ Сэхьид теухуауэ тхыгъэ зыбжанэ къытрадзауэ щытащ КъардэнгъущI Зырамыку (4), Нало Заур (6;7), Мыжей Михаил (2), Мыжей Мамыржан, Пщыбий Инал (5) сымэ. Сэхьид и усыгъэхэм филологие, жанр гъэпсыкIэ и лъэныкъуэкIэ ди лэжьыгъэ къытрадзауэ щытащ (8).

Зи цIэ къитIуа щIэныгъэлIхэм ящыщ дэтхэнэ зыми пэшэчын дыщэ и уасэ IуэрыIуатэ ятхыжащ – езы Сэхьид теухуами, и усыгъэхэрами. ГъуазапщIэ фIыщIэ худощI щIэныгъэ и IуэхукIэ япэу мыбы бгъэдыхьа Нало Заур.

Сэхьид къыщалъхуам Беслъэныкъуэм и къуажэр (иджырей Инжыджышхуэр) ХьэтIохъущыкъуеймрэ (Зеикъуэ) Къэсейхьэблэмрэ (Хьэбэз) яку дэсащ, Инжыдж цIыкIу псыхъуэ. Абы и адэ МытIэрэ пхъащIэ Iэзэу цIэрыIуэт. Гу щищIкIэ Iуащхьэм дишт, къриутIыпщэхти еплъырт: гур мыкъутэу, и шэрхъ щIэмыхуу къежэхамэ, ищэнуми, итынуми, къихъуэжынуми итIанэт и унафэ щищIыр. Абы и цIэкIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажапщэм МытIырэ и Iуащхьэ жери иIэщ. Абдеж дыдэм нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми ущрехьэлIэ: МытIырэ и псынэ, МытIырэ и щIыт. Япэрей Хьэбэз лIыжьхэм нобэми нэщэнэу яIэщ: « Гъатхэм деж МытIырэ и псынэр къыдэкIуеямэ, гъэр бэв хъунущ», жаIэ.

ЕтIуанэми тхыдэ пылъщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Къэсеикъуэм лIыгъэфIэгъэнапIэ къищIа нэужь, Беслъэныкъуэм МытIырэ Инжыджышхуэ псыхъуэкIэ щхьэдишэхащ, « дымыкуэшу хъунукъым, дзыхьщIэгъуу сиIэр уэращ, щIапIэ къыхозгъэхынущ»,- жери. Зы щIапIэм щхьэкIэ псылъэщ, жери МытIырэ идакъым. НэгъуэщI зыгуэр къагъуэтри, « мис мыбдей хъуну, мыбдей тIысыпIэфI, зауэ сыт къэхъумэ парэ къыплъэмыIэсу, лъэныкъуэгъазэу мыбдей дисын», - щыжиIэм щыгъуэ… «Хьэуэ, Беслъэн и къуэ, - жиIа МытIырэ, - абдей Iэ сэмэгукIэ псы къыщIэдгъалъэу, Iэ щIыбкIэ псы къыщIэдгъалъэм дефэу, абдей сыхуейкъым», - жери, мис иджы Инжыджышхуэр здэщысыр МытIырэ къыхиха. « Iэ ижькIэ псы къыщIэдгъалъэу, хьэлэлу дефэу, мис  ар угъурлыгъэщ»,- жери. ЖэщкIэ кIуэурэ лъагъуэр пхритIыкIри къуажэр щхьэпришыжащ. Абы щыгъуэ Сэхьид гущэм хэлъу здахьыжат (I: инф. Быж Лолэ).

Сэхьид и пIэкIэ Мыжейхэ къамылапщэ Iэзэ яIащ, Къарэ и цIэу. Ауэ патриархат хабзэм ипкъ иткIэ и адэкъуэшыр здэщыIэ джэгум езы Сэхьид Iухьэн хуиттэкъым. КъамылапщэкIэ езыгъэщIари Разэхэ ящыщ мэлыхъуэ лIыжьырат. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Исправнэ станицэмрэ Беслъэныкъуэм и къуажэмрэ якум псыпцIэ иIащ. А псыпцIэм хуэкIуэу блэм кIуэцIрахауэ лъагъуэ иIэт, ЖанжолкIэ еджэу ( нэгъуеибзэкIэ Блэ гъуэгу жыхуиIэщ). А лъагъуэм тет мывэшхуэм тесу Сэхьид махуэ еным къамыл епщэт. ЗэрыжаIэщи, блэр зыгъэIэсэр къамылщ, пасэрей джэгуакIуэжьхэм (псалъэм папщIэ, нобэ зи цIэ къэсыжахэм ящыщу – Хъурбыз Мысост) «БлэгъэIэсэ уэрэдри» мажусиибзэ « Блэ напщэри» ящIэрт, блэ зэуари ягъэхъужыфт.
Джэгу гуэрым хэту Къарэ ягъэшхэну щыщIашэм, Сэхьид и ныбжьэгъухэр Къарэ къелъэIуахэщ, хъунумэ мыдэ зы щIалэ едгъэпщэнут, жари. Абдеж япэу Сэхьид къамыл щрагъапщэм, ар зэхэзыха Къарэ къэтэджщ,къыщIэкIри: « Нобэ щыщIэдзауэ си къамылыр согъэтIылъыж», - жери и шынэхъыщIэм джэгу утыкур IэщIилъхьэжащ.

Илъэсищэ хъуным илъэс ныкъуэ фIэкIа имыIэжу Сэхьид дунейм ехыжащ, псэухукIи и IэщIагъэр щинакъым, джэгур игъэджэгуащ. Сэхьид зи гуфIэгъуэ иIэтыр ехъулIауэ, Тхьэр къыхуэупсауэ къалъытэрт,ар зыхэмыт джэгур хъуауэ ябжтэкъым. Абы къыхэкIыу мызэ – мытIэу езыгъэблэгъэну къэкIуауэ зэрихьэлIахэм Сэхьид зэфIытрахыу зэдауэурэ къамэ къыщызэхурах къэхъут. Езыри апхуэдэм деж и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыурэ яплъ – яплъти, Iуэхур куум нэмысыпэ щIыкIэ игъэсабырыжхэт: « Хъун – хъун, мыр нэхъапэ къэкIуащи, мыбы я деж сыкIуэнщ. Фэ фи джэгур зы тхьэмахуэкIэ вгъэбэяуи,итIанэ сынэкIуэнщ», - жиIэт. ДжэгупщIэу хуагъэув хабзэт хъурыфэ пыIэ, къамэ, шыщIэ е IэщIэ – выщIэ. Ауэ джэгуакIуэ IэщIагъэм къыхуихь къудейм ар ирипсэутэкъым, атIэ и витIыр къабзэу, нэгъуэщI Iэщи зэрихуэу, жыг хадэшхуи игъэкIыу щытащ.
Сэхьид джэгупIэу иIар Iуащхьэ ЦIыкIурт, иныкъуэм деж абы Сэхьид и IуащхьэкIэ, нэхъ иужьыIуэкIэ – Школ IуащхьэкIэ еджэхэрт. Ар Беслъэныкъуэм и къуажэм мэжджытыжьу дэтам, иужькIэ школ ящIыжам и гупэ итщ, цIыху зэхуэсыпIэу щытт, къуажэ унафэ щащIырт. Iуащхьэм деж щызэхуэсыныр ижьырей адыгэ хабзэт, жылагъуэ Iуэхуу щыIэр абдеж щызэрагъэзахуэрт. Къэбэрдей джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лаши и унэм пэмыжыжьэу Iуащхьэ иIэт (Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм, Агънокъуэм и Iуащхьэ), Сыжажэ Къылъшыкъуи – езым и пщIантIэм дэту (Къэбэрдей Зеикъуэм, Дзэру и Iуащхьэ).

Сэхьид езыр лIы щхьэпэлъагэт – и нэхъ мащIэрауэ  см I80 – м фIэкIыу и лъагагът, икъукIэ къарууфIэт ( « гум зыщIищIэрти Беслъэней кIуэт»), жэрт (къэмыувыIэу ямылъагъуж хъуху шым дэжэт»), пкъы лантIэт ( и пIэм имыкIыу и лъагагъым хуэдизкIэ дэпкIеифт, сальто, нэгъуэщI акробат трюкхэр къищIт), къупщхьэшхуэт. Мыбдеж уигу къокIыж Къэбэрдейм я джэгуакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ цIыху щэджащэу зэрыщытар ( и Iэхэр инт, «хьэнцэжь хуэдизу»). Шэч хэмылъу, джэгуакIуэ IэщIагъэр гугъут, япэ къэсыр абы пэлъэщыртэкъым, гурэ псэкIэ къарууфIэу, гуащIафIэу щытыным имызакъуэу, джэгуакIуэр IэпкълъэпкъкIи быдэу, псыхьауэ щытын хуейт. Джэгур яублэу ар яухыху утыкум имыкIыу, IуэрыIуэдзу къещэм жэуапыр яритыжыфу, фадэри пкъырызагъэу, нэху щыху нэжэгужэу, гупыр игъэгушхуэу, хъерыр зи хъерыр аразы къищIыныр абы и пщэрылът.

«Агънокъуэм и усэхэм социальнэ зэхуэмыдэныгъэр нэхъ къыщIагъэщмэ, Мыжейм и усэхэм цIыхум яку дэлъ зэхущытыкIэр фIы хъуным, гущIэгъу зэхуэщIыным, ныбжьэгъугъэ, гущабагъэ зэхуаIэным хураджэ», - етх КъардэнгъущI Зырамыку. Сэхьид и лирикэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар гущIэгъу зытехуэ е къыщхьэщыжын зимыIэ «цIыху цIыкIуращ»: лей къызылъыса тхьэмыщкIэр (щIагъыбзэу «Лашын»), пщащэ зеиншэр («АнэнэпIэс»), жьы хъуа анэшхуэр:

Уэ ди анэжьу жумарт,
Жэнэтыр Тхьэм зритын,
Сэдэкъэ тынкIи уIэкIуэщ,
IэкIуэлъэкIуабэуи шхыныщIэ,
Шхын щIафэу пщIыри IэфIыкIэ,
КIэнкIэбэр мэремым зыгуэш,
ЩхьэлъанщIэ махуэу дянэжь!
Зи хьэнтхъупсыкIэ шэ налъэ,
Жьырытэджыгъэри уи хабзэщ,

Зи бзыпхъи дахэу къытхуэзыгъанэ,
УимыIэмкIи умыгъынанэ,
Дунейм и дахэр Тхьэм зритын,
Зи жэнэтыбжэр зыхузэIуахын!
Сэхьид и гугъу зыщIыжа дэтхэнэ зыми жеIэж абы цIыхур иущиефу, игъэгушхуэфу, зыкIэлъигъэплъыжыфу зэрыщытар. АбыкIэ Iэмалышхуэт Сэхьид и къебжэкIхэр.

«А Инжыджышхуэхэр сытым хуэдэу уэрэдгъоужьхэт!» - игу къегъэкIыж лажьэ зимыIэу Сыбырым ирагъэкIа адыгэхэм ящыщ, абы зи сабиигъуэр щызыгъэкIуа ПэтI (ГъукIэкъул) Цурэ. Хэкум пэIэщIэ хъуа ди лъэпкъэгъухэр зэрыса Сыбыр къуажэхэм лIыжьхэр пщыхьэщхьэ къэс щызэхэтIысхьэкIэ, япэу къыхадзэр Сэхьид и «Шыбзыху уэрэдырат» («Удобнэ джабэр»). ДжэгуакIуэ цIэрыIуэ зэрыхъуа мы уэрэдыр къызытехъукIар сыт жыпIэмэ, абы и пэ къихуэу жыIэн хуейщ мы уэрэдыфэмкIэ (макъамэмкIэ) Сэхьид нэгъуэщI гушыIэ уэрэд зыбжанэ зэрызэхилъхьар – «Бурс къегъэхьым я уэрэдри», «Хьэгъундыкъуей нысашэм и уэрэдри». АрдыдэмкIэ Сэхьид къэжыхь (ислъэмей) къищIт, къамылми дахэу къригъэкIырт. Мы пшыналъэр лъэпкъым щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм, джэгуакIуэхэм гушыIэ уэрэд щаускIэ къагъэсэбэпрейуэ щытахэм ящыщщ. Псалъэм папщIэ, КIахэ уэрэду «Мэзгуащэр», джэгуалIуэ Джанчатэ Къуийнэф иусар, тIэкIукIэ нэхъ темыкIыу «Удобнэ джабэм» и уэрэдыфэм ещхьщ.

Уэрэдым и хъыбарымкIэ дгъэзэжынщи, ар къызытехъукIыжар мыращ. Беслъэныкъуейм яшхэр псым зэпрыкIыурэ Удобнэ станицэм я хъупIэм ихьэт. Зы махуэ гуэрым атаману Мацакым къэзакъхэм унафэ яхуищIащ, кIуэуэ адыгэм я шыр кърахужьэну, ауэ пхъэру накIэлъежьэм сэпхэтIыгурэ къамышырэкIэ фIэкIа ямыуэну, зы лъыпэ кърамыгъэкIыну. «Уэхьэхьей, шыр яху!» - щыжаIэм Инжыджышхуэ щIалэу а махуэм дэсар пхъэру якIэлъежьащ, арщхьэкIэ шыр къахутехыжакъым. Iуэхур зэрекIуэкIар зы къэмынэу Сэхьмд илъэгъуащ, псыхъуэ Iуащхьэм тету яплъурэ къебжэкIыр иусащ:

1.У (а)добнэм фи джабэжьым
Ей, гъунэр къыволъ,
Бгыхупщэм къырагъалъэри
Хьэбэчырхэ фи Мыхьэмэт, иджы.

2.У (а)добнэм фэ фи сэшхуэжьыр
Ер лажьэкъэмыхьи,
ЕмыкIур къытхуэзыхьа гущэр
Дерхэми Теркъаныжь цIыкIуи, жи!

3. Дерхэми хакIуэ къарэжьыри
Шэщыми къыщызэрашэ,
Теркъанми уи къэшэн дахэм
А махуэм и гур къыпщыкIт, иджы.

4. У (а)добнэм шы гъуабжэ кIэхур
Ей, зэрыкIэрисэ!
Джазэхэ фи пэ сыринэри
Псы тIуащIэм къыдолъэдэжри.

5. Абыдэм Ибрэхьим цIыкIури
КIэсурэ псым зэпырах,
ХъутIэми хъыбар (щы) зэхихкIэрэ,
ХьэщIэщым зыщIегъэпщкIуэжри.

6. Урымым фи Ислъамышхуэми
Куэпкъыщхьэр къыхырегъалъхьэ
«Уэрэдым дахэу сыхэплъхьэкъым» жери
ХъутIэ къуий зыкъегъэгусэри.

7. Мацак и дэмэтелъыр
Ей, зэрымаскIэплъ!
Пхъэбгъу сэрейми къысхудэплъыжыр
Щыхьмырыкъуэм фи Нануушхуи.

8. ПIэфхэми Хъанджэриишхуэм
Лъэрыгъыпсыр къыщагъэгъупщэ,
Фи ныбжьэгъур къыфщыгъупщауэрэ
Шыбзыри т(ы)фIевгъэхуай.

9. У(а)добнэм берданкIэ нэщIыр
БыришкIэм къырагъэлъадэ,
Мэз гъэкIам щIэлъэдэжари
Хьэунэжьхэ фи Мэзан къуии.
I0.Хьэкъуным фи Шэбанышхуэм
Шыбзыкум зыкъырегъапщкIуэ,

Зи гъусэм зафIэзгъэпщкIуж мыгъуэр
Хьэбэчырым фи Хьэмид пакъи.

II.Мэ(а)рему шэджагъуэ ужьым
Къэзакъ пхъэрыр къызырыкъуох,

«Шыбзыри т(ы)фIевгъэхуащ!» ж(а)ри
Яй, фызыжьхэм къырагъэгъыхри.
I2. Шыбзыми я тхьэмадэр
Атэмэным хуотхьэусыхэ,

Атэмэным щытхьэусыхэкIэ
Жэуапыр фэ къывимыт гущэт.
Уэ Сэхьидым Iулъхьэр ефтами
Уэрэдыр зэрихъуэкIыжын гущэт!

13. Мэремыкъуэм фи Хьэбоушхуэри
Сэрмахуэ зэрыщхьэщытхъутэкъэ,
Хъыджэбз дахэр зыщызгъэтхъуа мыгъуэр
Тобычэхэ фэ фи Дзыгъуэшхуэти.

14. Дерхэми хакIуэ пэху цIыкIур
ШхуэIукIэрэ зэрыхуэмыхути,
ЛIы бланэу ягъэунэхуа гущэри
Дерхэми фэ фи Лахъушхуи.

15. Хьэбэчырым фи шы тхъуэжьыр
Сэрмахуэ зэрыхуэтхыпцIэ.
Я шэщым шищри щIэсурэ
ПцIыкIэрэ шы хьэху мэлъаIуэ.

16. Мэремыкъуэм фи Хьэбэушхуэми
Псалъэхэри зэрегъэпэщкъэ,
ЩIалэгъуалэу зэдгъэпэща гущэхэр
Мацакым хьэлэч къытфIещI!
(I: инф. Мыжей Мусэ)

ЛIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, мыр къыщыхъуар I880 – 90 гъэхэращ. ЗэрыжытIащи, мы къэжыхь макъамэмкIэ Сэхьид къебжэкI зыбжанэ иусащ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, адыгэ къуажэу хэгъуэгум исхэм ящыщ щIалэгъуалэхэр зэдзеегъуу дэкIхэри Тебэрдыщхьэ мэзгъауэ дэкIуеяхэщ. ЩIалэхэм я хуэмыхугъэкIэ ( языныкъуэ лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, «я жьэ Iурыхуауэ Сэхьид и джэгукIэм еплъу щытыху») псым кърагъэхь бурсыр яфIызэтрихьэри ар яхузэтемыхыжу куэдым фэбжь ягъуэтащ. Абы дэкIахэр нэрыбгэ 60 хъурти, 60 – ми я цIэ хэту едзэгъуэ зырыз Сэхьид кIуэрыкIуэм тету яхуиусат.

1.Уэтокъуэм и пхъэ фIыцIэжьыр,
Еу мыгъуэ, арщын тIощIитIт.
ХьэтIохъущыкъуейм щIалэ тIощIитIым
ЕнцIыпэр зэдагъэлажьэ.
Тебэрдыжьым къыдищIа лажьэр
Дяужь къинэм щремыгъупщэ.

2. ДыщэкIым фи Бадырэжьыр,
Еу мыгъуэ, упщIэпыIэбгъуэт,
Кхъуэ къуэлэным и джабэбгъуитIыр
ЕнцIкэрэ къызэщIагъаплъэ.

3. АдрыщIым дызэп(ы)рыплъмэ,
Iэсэтиным хьэдагъэр къащI.
Дэзнанэр къыщащIа махуэм
Жэбагъыжьыр хужь яхуохъукI.

4. АдрыщIым сызэпрыплъмэ,
Пхъэ гуэныр къызэт(ы)рехьэ,
Пхъэ гуэну къызэтрихьар
Хьэгъундокъуэм къызэбгыредз.
Хьэтыкъыр щызэбградзым,
Лэмокъуэм япэ IэщIохьэ.

5. ХьэтIохъум Ахьмэдыжь цIыкIур
ЕсыкIэм зэрытегушхуэ.

Пхъэ гуэным къытхущIихуар
Щауэхэ фи Хьудэ пщагуэщ.

6. ЩIэтIыкIым и пщIэгуалэжьыр,
Еу мыгъуэ, уи кIуэрыхъыжьэт,
Къэрэшей дэхъыжьэжар

ПIапIышухэ фи Мыхьэмэтщ.

7. Бэвхэ Мыхьэмэтыжьыр
ПщэфIэным ухуэIэжь – лъэжьщ,

Ипщэрейм фи хъыджэбзыжьхэр
Мыващхьэм къытенэжащ.
 
8.  Къэрабэм  фи Алиижьыр,
Еу мыгъуэ, зэрыщхьэщытхъу,
Пхъужь дахэр зыщызгъэтхъуар
Щауэхэ фи Джэмалышхуэщ.

9. Согуэхэ фи Мэкъуауэжьыр,
Еу мыгъуэ, хьэкIэмэлыпщэщ,
Зи псэ тIэкIум емыблэжар
Мусэхэ фэ фи Бац Къуийщ.
 
I0. Гуэндэхъум фи Iэюбыжьыр,
Еу мыгъуэ,зэрыщхьэщытхъу,
Хьэфэндибгъур псым ез(ы)гъэхьар
И щхьэ щытхъуу къытхотIысхьэж.

11. ХьэтIохъущыкъуейм щIалэ тIощIитIыр,
Еу мыгъуэ, зэрыгъу – зэрышхщ,
ТхьэмщIыгъу ныбэр яфIэзышхар
Шурдымхэ фи ТIыгурэжьщ.

12.Братым фи Нануужьыр,
Еу мыгъуэ, зэрыпэлалэ,
Къардэнхэ Батырыжь делэм
ВыщхъуэжьитIыр ярегъэукI
Инф. Гундэхъу Нухь.

Адыгей къэрал университетым и профессор Соколовэ А.Н. Лондон архивым кърихыжа пшыналъэхэм зэкIэлъыпыту уэрэдитI хэтщ, зыр и гъэIукIэкIи и едзыгъуэ гуэрхэмкIи «Удобнэ джабэм» ещхьу, адрейр – «Мэзгуащэщ». I9II гъэм инджылызхэр Кавказым къакIуэу адыгэ музыкэр зэратхамкIэ фIыщIэ мылъытэ яхуэфащэщ. Зи пшыналъэ ятхари Сэхьид и ныбжьэгъушхуэу щыта пшынауэ цIэрыIуэ Хьэгъэудж Мыхьэмэтщ. Хьэгъэудж Мыхьэмэтрэ Агъыржанокъуэ ТIасрэ – КIахэмкIэ, Агънокъуэ Лашэ – КъэбэрдеимкIэ… Зэдефэ-зэдешхэу, джэгункIэ зэпеуэу, зэрыгъатхъэу Сэхьидрэ абыхэмрэ куэдрэ зэкIэлъыкIуэт, зэрылъагъут. Япэ дыдэу «Мыжей Сэхьид джэгуакIуэ жыхуаIэр зэзгъэцIыхунщ», жиIэу Агънокъуэр Сэхьид деж щыкIуам, джэгуакIуитIыр мыпхуэдэу зэхуэусащ:
Лашэ: - Бланафэ бгъэнри уи унэ кIуэцIу,
Уи кIуэцIыкIыщIэри гуагушыхъу кIуапIэу,
УнапIэу узэрысри домбей укIыпIэу,
ПIейтеягъэкIи укъыхэмыщту,
Тетыгъуэр бащэу уи асэу,
Куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу!
Сэхьид:  - А-а! Къэбэрдейм я домбеижьыра мыр!
Урамым усэн щомыгъажьэ,
Бэрэжьейр пхуэмыфIми ар сэркIэ фIэрафIэщ.
УдгъэфIэнщ,
Уи щэр диямэ къэдгъэвынщ,
Уи нэр набгъэмэ къэдгъэплъэнщ,
Уи лъэм узэримыхьэмэ уи Iыхьэр къыпхущIэтхынщ.
Иныщи сэ пхуэзгъэшынкъым:
Къакъэм и шыпсым уи пэри хэлъу,
Уи лъатэм лъэтэфу адакъэр къыщыIуэу
Си ТхьэрыIуэщ узгъэхьэщIэнкIэ, къеблагъэ!

Адыгэ хабзэм ебэкъуэн хуитауэ щытар джэгуакIуэ закъуэрат. Ар щIэджагуакIуэжри арат. ИкъукIэ гъэщIэгъуэнщ абы и IуэхукIэ езы Сэхьид и къуэм нысэ къызэрыхуашауэ щытам и хъыбар.

«Сэхьид нысэ къыхуаша, (езы) Сэхьид щыIэкъым. Уэт-уэт, ныжэбэ нэчыхьытхщ, Сэхьид ЛабэкIэ щыIэ мэджэгури. Хьэгъэудж жари пшынауэшхуэ, ой пшынэшхуэ иIыгъыу, иджы ар пшынауэу ЛабэкIэ щыIэ мэджэгури. Шу ягъакIуэ. «Дэ дыщыхуейм дынэкIуэжын!». Мыжейхэ абы ежьу щысынт? Моуэ (нысэр) кърашэлIэжыну пылъу Сэхьидыр къекIуэлIэжа, Тхьэстыкъуей къуажапщэм къыдэкIыжа.

«Сэхьид нысэ къишащи докIуэ» жари, ЛабэкIэ уэ ушу сэ сышу, уэ уфитон сэ сыфитон, уэ улынейчэ жыхуаIэр яужь иту Сэхьид къокIуэж. Хьэгъэуджми пшынэм къикIынур зы къринэкъым. Уэлэхьей зы фызышэ къакIуэ сфIэщIакIэ. Моуэ пщIантIэм къызэрыдыхьэжу, фитоным къызэрикIым хуэдэу, «си ныбэр къыхэлъэдащ, уэ солIэ»,- жиIэщ аби мыпхуэдэ гъуэлъыпIэм Сэхьид зригъэукIурия. Сыт, къэкIуа псори нэщхъей хъуащ. Сэхьид пхэмытмэ уджэгуфынукъым, нысэри пхуишыжынукъым. Езыр мы пIэм мэгъуэгри илъщ, «си ныбэ жери». «Уэ Сэхьид, тIэкIу нэхъыфI хъуамэ, къэтэдж»,- жаIэ. Хъукъым.
Модрейр йопщиери хъукъым. КъэкIуахэр йолъэIури хъукъым. ИтIанэ лIыжь- фызыжьу жылэм дэсхэр къызэIущIэщ, елъэIури:»А Сэхьид, сыт хуэдэу уи нысэми, сыт хуэдэу уэуейми, уэумей хуэдэу зыпщIынщи нобэ укъэджэгунщ, дынолъэIу»,- жари лIыжь-фызыжьхэр щелъэIум щыгъуэ, «Е унагъуэкIуэду кIуэдын,- жиIа,- мы къэралым нысэ къашэмэ, сэ сахуоджэгу, сэ нысэ къэсшамэ фэ къомыр фыкъыщIысхуэмыджэгунур сыт?»- жери, гъуэлъыпIэм къыщылъэтщ аби зиудэу джэгуу къэува. Ар тIэкIу фIэукIытэгъуэт: езыр-езыру джэгуну, мо лIыжь-фызыжьхэр щелъэIум, итIанэ кIуапIэ иIэжтэкъым, Сэхьид пхэмытмэ, унэщхъеинут. Узижагъуэм яугъахъэ а махуэм ягъэхъар, тIэ».(I: инф. Къущхьэ Хъезыр).

Иджыри зы хъыбар кIапэ, Лабэ джэгуакIуэхэм ятеухуауэ: «Агъыржанокъуэ ТIасрэ Хьэгъэуджрэ, жари Лабэ къикIыурэ ди Дадэжь (Сэхьид-П.М.) тIу къыкIэлъыкIуэт, зыр джэгуакIуэу, зыр пшынауэшхуэу. Иджы а Хьэгъэуджыр пшынэм здеуэм Iэнэм тет стэчаныр пшынэныбэмкIэ къиIэтурэ игъэувыжт» (I:инф. Бэч ФатIимэт).
Псом хуэмыдэу Сэхьид ягу къызэрыкIыжыр абы цIыхум гуфIэгъуэу, губампIэдэхыу, гъэпсэхугъуэу яритыфу щытаращ. Ар джэгуу зылъагъум, зы къару гуэрым зэщIиIулIэрти и гукъеуи, и гугъуехьи, и гужьгъэжьи щыгъупщэжырт. Зи бын, зи щхьэгъусэ зауэм дэкIахэм «КъэкIуэжынхэс, дипхъу, къэкIуэжынхэс, ди нысэ» жиIэурэ ядэхащIэхэрт, ауэ псори къэкIуэжакъым… Нэмыцэр къуажэм къыщыдыхьам,заплъыхьри,Сэхьид и хьэщIэщым нэхъ ин ялъэгъуатэкъыми (шыфIэдзапIэр щыхьыбжьэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ, шэщи, гу щIэгъэлъэдапIэхэри иIэу хьэщIэщ кIыхьышхуэт) ар штабу яубыдащ. Абы техуэу зыгуэрым бзэгу ихьри джэгуакIуэм и къуэ Исмэхьил ягъэтIысауэ Адыгэ-Хьэблэ деж нэмыцэ хьэпсым ист. Сэхьид хуэщIэнур арати, зэрихабзэу, къамылыр ищтэри и Iуащхьэ ЦIыкIум деж джэгун щиублащ. ЦIыху къызэхуэсам нэмыцэ офицерхэри къахыхьащ. ЛIыжьым и джэгукIэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ еплъхэт, езыми адыгэбзэ къагурымыIуэмкIэ «Уэ уи-уий, фэ фи кIэ фытеуэу фыдэзыхужынухэр къэсащ!» яжриIэурэ джэгуакIуэ хабзэу гуоут, цIыхуу щытхэр игъэдыхьэшхыу, къафэт, дэлъейт, и пкъыр игъэджэгут. Апхуэдэ телъыджэ зэи зымылъэгъуа нэмыцэ офицерхэм джэгупщIэу шы пщIэгъуалэжь къратащ, «узыхуей Iа?» жаIэу къыщеупщIым, и къуэр кърагъэкIыжыну ялъэIуащ, икIи ар къыхуащIэну къагъэгугъащ. Ауэ абы ирихьэлIэу советыдзэр къэсагъэххэти, нэмыцэ лъэхъуэщым ис Исмэхьилыр хуит къащIыжри абы я гъусэу зауэм дэкIащ (I: инф. Мыжей Аслъэнбэч, Быж Лолэ). Нэмыцэ лъэхъуэщым и къуэр къригъэлыну хуеями, джэгуакIуэжьым и къуэр нэмыцэшэм къригъэлыфакъым. Исмэхьил I945 гъэм Кенигсберг нэсауэ абдеж щыхэкIуэдащ. И бын I4-м щыщу Сэхьид IэщIихащ иджыри къуитI: Былэрэ (Япэрей дунейпсо зауэм) Мусэрэ (Хэку зауэшхуэм).

Мыбы уигу къегъэкIыж нэгъуэщI зы хъыбар, Тыркум ис адыгэхэм къаIуэтэжу. Елэмэ къуажэм (Анталие) дэсауэ жаIэ зы джэгуакIуэ, ДжэгуакIуэ и цIэу, Къэсейхэ ящыщу. И къуэр зауэм дашын щыхъум, «зым и зауэ си бын хэзгъэкIуэдэнукъым» жери зызэщIикъуэри Щам (Сирием) кIуэжащ и бынунэр щIыгъуу (I: инф. Едыдж Нихьаи). Мы ДжэгуакIуэм и джэгукIэмрэ Сэхьид и джэгукIэмрэ зэбгъэпщэну хуабжьу игъуэт, ауэ ар нэмыщI хъыбарщ.

IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, нэмыцэ офицерхэм хуэдэу езы Сталин дыдэ гъэщIэгъуэн щыхъуащ Сэхьид и джэгукIэр. « Зауэр къемыжьэ кIыщIэ «Черкес» ансамблыр Москва кIуэт, абы яхэту кIуа. Абы яхэту кIуэщ аби,- «Адыгэхэр къэкIуа, черкесыр къэкIуа!»,- щыжаIэм, Сталиныр къеплъагъэн. Аурэ, къеплъщ, къеплъщ, къеплъ раби, къагъэлъэгъуэнухэр яухщ аби, я къэкIуэжыгъуэ хъуати, къыжриIащ, жиIа:
-Товарищ Мижаев, укIуэжмэ мы дунейм сыт ухуэныкъуэ,- жери къыщеупщIым…
- Товарищ Сталин,- жиIа,- сэ сызыхуэныкъуэр сымысымэджэну, жьы сымыхъуну, сымылIэну справкэ сыхуейщ,- жиIа.
- Ишь ты, черкес! Мне тоже такие справки надо-некому давать!-къыжриIэжащ, жи (I: инф. Шыбзыхъуэ ХьэзрэIил).
Езым и уахътэ дыдэр къыщысыпэми (I949 гъэм и февралым), Сэхьид гушыIэурэ, ЛIэныгъэм щыдыхьэшхыурэ и псэр итащ. «И лъакъуэр щIыIэ хъути, «си лъакъуэм къеIэб» жиIэт. Мис, си лъапэм къэсащ, иджы си лъэгуанжьэмкIэ къыдэкIуеящ… Зэ увыIэ, мыдэ сыкъэгъэтэджыж, сэ Абы иджыри къэфэкIэ езгъэлъэгъунщ!» жиIэурэ, апхуэдэу и псэр хэкIа. Псалъэурэ лIа. Дакъикъитху –пщIыкIэ». (I: инф. Мыжей Николай).

Адыгэ хабзэр дэгъэзеигъуэ кIыхьщ, жиIащ псалъэжьым. АтIэ апхуэдэ хабзэ ткIийр дахагъэкIэ зэрезыгъэхьэфын амалу сыт иIа пасэрей адыгэм? Шэч хэмылъу, джэгумрэ сэмэркъэумрэ. НобэкIэ гушыIэ-сэмэркъэу культурэр зыдж щIэныгъэм («антропология смеха» зыфIащам) и хъарзыналъэр, и ехъулIэныгъэхэр, сэбэпышхуэ мэхъу адыгэ джэгуакIуэм и институтым ехьэлIа Iуэхугъуэ куэдыр нэгъэсауэ зэпкърыхынымкIэ, дунейпсо культурэм ар зэрыхэувэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ, этикэмрэ эстетикэмрэ я лъэныкъуэкIэ хуэфэщэн уасэ хуэщIынымкIэ. Иджыри зэ наIуэ пщегъэхъу ди джэгуакIуэжьхэм я гушыIэм  лъэпкъыпсэр къегъэлынымкIэ  

мыхьэнэшхуэу иIар. ИкIи шэч къызытомыхьэжын гупсысэу иужьрей культурологие лэжьыгъэхэм пхырыкIыр сыт жыпIэмэ, лъэпкъ къэс езым и гушыIэ щIэнхабзэмрэ щэнхабзэмрэ (смеховая культура и поведенческий тип) уасэу хуищIыжым, культурэ псом деж щIыпIэу хухихым елъытащ а этнокультурэм зэрызихъумэжыф, дунейм зэрыхэпсэукIыф амалу къихутахэм. ГъащIэм, дунейм сыт хуэдэу зимыхъуэжми лъэпкъым езым и нэщэнэу къыхуэнэжар зыхуэдизыр сэмэркъэум мыхьэнэуэ иритым пэшэчащ. Пасэрей адыгэжьым ауэ сытми жиIакъым: ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ.

.

.

          

.