Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ ТХЬЭМАДЭ
Къущхьэ Фарукъ
01.06.2009

CC-Culture and Art Department

.

Илъэс зыбжанэ ипэ, I968 гъэхэм къриубыдэу си гугъэжщ, нэмыцэхэм ейуэ «Стэрн» журналым Грузием щекIуэкIа зы хьэгъуэлIыгъуэ гуэрым тепсэлъыхьуу хъыбар гуэр итт, напэ зыкъом хъууэ. Журналым и япэ дыдэ напэми и кIуэцIымкIи цей плъыжь щыгъуу и IитIымкIэ бжьэ къиIэтауэ ныбжь зиIэ гуэрым и сурэт тетт.

.

Абы и щIагъми «тхьэмадэ» псалъэр кIэщIэтт. Абы щыгъуэм си щIалэгъуэти джэгухэм фIэкIа нэгъуэщIыпIэ тхьэмадэ щымыIэу къысщыхъут. Нэхъ гу зылъыстар Кавказ Ипщэм, Грузием тхьэмадэм фIыщIэ хуащIрат, къызэрыщIэкIамкIэ Кавказ Ищхъэрэми апхуэдэ дыдэу тхьэмадэхэм фIэлIыкI хуаIэт.

Тхьэмадэр, хъуэхъур, бжьэр – мыхэр зэикI зэкIэрыпч хъунутэкъым. Тхьэмадэр цIыхум и зэпыщIакIуэу щытт, абы къикIыр сыт, цIыхубэр зыхуейр, зыщIэхъуэпсыр, абы Тхьэм хъуэхъукIэ жриIэу арат.
Тхьэмадэр- адыгэхэми, абхъазхэми, дагъыстэнхэми (итIанэ къэIэпхъуэжа къэрэшейхэр, аланхэр хэту) , Кавказ Ипщэми Ищхъэрэми псоми я зэхуэдэу я лъэпIэныгъэт.

Ауэ а тхьэмадэм къигъэлъагъуэ гъугур пэжу пIэрэ? Мис мыбдежым, хэт тхьэмадэ хъужыр? Хэт тхьэмадэ зыфIэпщыныр? ЖыхуиIэ упщIэхэр къоув.

ЩыIэщ гуп тхьэмадэ, нысашэ(фызышэ) тхьэмадэ, дзэ тхьэмадэ.
Иджырей зэманым ныбжь зиIэр тхьэмадэщ жаIэ щхьэкIэ, псори тхьэмадэкъым. Тхьэмадэр зыхэт Iуэхур тэмэму дихыфу, и кIэм нигъэсыфу, адрейхэм нэхърэ нэхъыжьу щытын хуейщ.
Гуп къэс езым и тхьэмадэ иIэн хуейщ. Гупыр зы щIыпIэ къипшу нэгъуэщIщIыпIэ пшэным щыщIэдзауэ зауапIэ кIуэным деж щиухыжу яIэн хуейщ тхьэмадэ.

Япэм тхьэмадэр цIыхубэмрэ Тхьэмрэ зэпищIэу, цIыхубэр зыхуейр Тхьэм деж лъигъэIэсу щытами, зэманкIэ ар цIыхубэм и пэрыт хуэдэу хъуащ.

 Тхьэмадэр щыхъуахъуэкIэ бжьэмрэ махъсымэмрэ къещтэ. Хъуэхъуэным къызэщIиубыдэр Тхьэм елъэIун закъуэракъым, атIэ абы цIыхухэм и гум яхуилъ фIыри къреубыдэ.

Пасэрейм щыхъуахъуэкIэ  « Уэ си Тхьэ», «Тхьэ лъапIэ» жыхуиIэ псалъэхэр къагъэсэбэпу щытамэ, иджы Ислъам диным тещIыхьауэ « Уи Алыхь», «Алыхь Закъуэ» псалъэхэр къагъэсэбэп хъуащ.

Гуп тхьэмадэр зы цIыхум нэхърэ нэхъыбэ хъу цIыхухэм я тхьэмадэщ. Iуэху гуэр къыщаIэтам деж а Iуэхум нэхъыфIу хищIыкIыу, адрейхэм нэхърэ нэхъыжьу къыхах тхьэмадэр. Iуэхур и кIэм нэсыху, хабзэм тету псори зэригъэзахуэу яхэтщ ар.

Гупым хэт цIыхур куэду щытмэ, тхьэмадэм зы къуэдзэ е къуэдзитI гъусэ хуащI. Тхьэмадэм и унафэкIэ къуэдзэхэм, гупым и инагъым елъытауэ, зы е нэхъыбэу щхьэгъэрыту,  пщафIэу  къыхах.

Иджырей зэманым нысашэ (фызышэ) гупхэми дыуэщI (жэнэзы) гупхэми – псоми ящIэн хуейр, хабзэм тету зэрегъэзахуэ тхьэмадэм.
Иджы тхьэмадэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр зыхуей хуэгъэзэныр аращ, гъуэгу тэмэм, гъуэгу захуэ тригъэувэу ахэр здэкIуэным нигъэсынырщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ а гъуэгу насыпыфIэм узыхуишэр Хэкуращ.

.

.

          

.