Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

МЫЩХЪУЭЖЬ И КЪУЭ
Тэгъулан Екъуб

CC-Culture and Art Department

.

Мыщхъуэжь и къуэкIэ еджэуэ Хэкум зы лIы гуэрэ ист.Зы махуэ гуэрэ,и шыхэр къэзакъым ирахужьауэ щахум,къытырихыжын и мураду и шыхъуэхэм якIэлъежэри дэкIащ.КIуэурэ Жан и сэрейм нэсщ бжэм теуIэри,
«Уэ Жан,мыбыкIэ  шы блахуу плъэгъуа?»щыжиIэм, Жан,

.

«Тхьэ,пщэдджыжь  нэмэзым дыгъэр  къыщыщIэкIым_къыщыщIидзэм бжэ дазэкIэ сыдэплъри мырам блахуу слъэгъуар,

ПщIэгъуалэр куэпцIэ тхыпцIэт

ПцIэгъуэплъыр куэпцIэ дамыгъэт

Шыгъуэр  жырабгъу сокут

Шы къарэр  натIэ гъукIэт

Шы щхъуантIэр  уарджынэ кIэрыщIэт,

моуэ ущхьэпхырыкIмэ  зыхуахэм уащIэхьэнщ» жиIащ.

Мыщкъуэжь  и къуэм,«АтIэ сэ ар  къэсхужынщ»   жиери ежащ. ЯкIэлъыщIэхьэщ,шыр  къатырихыжщ  и пщIантIэм  диутIыпщхьэжри,и упщIэ вакъэм   и къэмшы тIуащIэр дэIуауэ хуабжьу зигъэлIыхъууэ щысу, щхьэгъубжэм зылI къыIухьэри,

«Ейй..Мыщхъуэжь и къуэ» жиIэщ жи,

«Сэр хуэдэлI дэнэ щыIэ жыпIэурэ зы цIыхубз и  пашхьэм  ущымыс,тхьэр сгъэпэжа уэр хуэмыдэлI куэд щыIэмэ» щыжиIэм,

«Сэ ар къызжезIэфынур  хэту пIэрэ?» жери,Мыщхъуэжь и къуэр  занщIэу унэм къыщIэкIщ плъэри,зылI щхьэгъубжэм къыIукIыжауэ кIуэжырт.

КIэлъыщIыхьэу,«Уэра а щхьэгъубжэмкIэ къэджар?»щыжиIэм,

«Тхьэр зи уафэ сэрам Мыщхъуэжь и къуэ» жиIери Iабэщ абыйми и шым ирихьэхщ и лъэрыгъ псыфэм щIидзри кIэху къищIыху ихьащ жи.КIэху къищIыху ихьщ абдежым къэувэIэри,

«Уэлей  Мыщхъуэжь и къуэ,лъэрыгъ псыфэм узэрыфIэлъыр сщыгъупщэжатэмэ,емыкIу уэсщIамэ къызхуэгъэгъу, ауэ зы цIыхубз и пащхьэ  сэр хуэдэлI щыIэкъым жыбоIэри ущысщ,атIэ уэр хуэмыдэлI куэд щыIэмэ,Туби НэфкIэ зэджэри сэрамэ,кIуэ иджы»жиIэри къиутIыпщыжащ.                          

Узнейлэ щагъэхъыбар хэку IуэрыIуатэ.
Зытхыжар
: Тэгъулан Екъуб,Тыркум

.

.

          

.