Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

Диным хурагъэджэнущ

CC-News Department

.

Урысей президент Медведевыр дыгъуасэ Чристэн,Муслымэн,Еврей,Будист дин лэжьакIуэхэм яIущIащ.

Медведевым еджапIэхэмрэ дзэмрэ дин Iуэхухэм щырагъэджэну унафэ къищтащ. Ауэ егъэзыгъэ,текъузэ хэмыту цIыхур езыр хуеуэ щытмэщ мы курсхэм щыкIуэнур.

Бжьыхьэпэ мазэм (фокIадэ) еджапIэ мин 12мрэ дзэмрэ щаублэну Iуэхугъуэр зэрекIуэкIыр зы зэман ягъэунэхуну аращ я мурадыр.Хъуну къалъытэмэ 2012 илэс пщIондэ псэури къызэщIиубыдэу Iуэхум зыпагъэубгъунущ.
Ауэ мы Iуэхугъуэр захуэу къимылъытэу пэув гупи щыIэщ.Абы  я щхьэусыгъуэр,япэрауэ урысейм дин Iуэхумрэ дуней Iуэхумрэ хабзэкIэ зэхэгъэкIауэ,къэралыр дин Iуэхум хэIэбэмэ ар коституцэм къызэремыкIуращ. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэри къаруу иIэу урысейм зыщызуубгъуа чристэн диным адрэй фIэщхъуныгъэхэр дигуэн,ятырикъузэнкIэ Iэмал зэригъуэтынуращ.

Прэзидэнтым къищта унафэмкIэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ еджапIэхэм чристэн диныр щырагъэджын хуеуэ пропагандэ езыгъэкIуэкIхэр,адрей динхэми а Iэмалыр яриту зэхуэдэныгъэр ихъумэну и мурадщ.

Члисэм урысей псом 100 мэлуан чристэн ису жиIэми,анкетэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ я диным пыщауэ зыIыгъхэм я бжыгъэр мэлуан 5м фIэкIыркъым.
....

.

.

          

.