Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ГЪУАЗДЖЭМ И ГЪУЭГУМ ТЕТ КАВКАЗЫМ И ЗАУЭЛI ЗАКЪУЭ
ИНАЛ-Ипэ Шалвэ

CC - Literature and History Department

.

Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я къекIуэкIыкIам, абыхэм я зэпыщIэныгъэм илъэс тIощIрэ хырэ и пэкIэ сыщытепсэлъыхьауэ щытащ 1955 гъэм Мейкъуапэ къалэ щысщIа докладым. Сыхэлэжьыхьыжри а докладыр къытрезгъэдзэжыгъащ Адыгей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым 1965 гъэм къыдигъэкIа «ЩIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэр» журналым и еплIанэ тхылъым.

.

Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я къекIуэкIыкIам, абыхэм я зэпыщIэныгъэм илъэс тIощIрэ хырэ и пэкIэ сыщытепсэлъыхьауэ щытащ 1955 гъэм Мейкъуапэ къалэ щысщIа докладым. Сыхэлэжьыхьыжри а докладыр къытрезгъэдзэжыгъащ Адыгей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым 1965 гъэм къыдигъэкIа «ЩIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэр» журналым и еплIанэ тхылъым. Си тхыгъэхэм щIэныгъэлI куэдым щыгъуазэ зыхуащIри си щыщIэныгъэхэм, ныкъусаныгъэхэм гу лъызагъэтэжауэ щытащ. Абы иужькIэ аргуэру тхыгъэм сыхэлэжьыхьыжащ: зыкъоми щIэуэ щIызгъужащ, зыкъомри зэзгъэзэхуэжащ.

Апхуэдэу щIэсщIам и щхьэусыгъуэр зыщ: абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм, а лъэпкъхэм я этнографиемрэ я тхыдэмрэ зэпхауэ къызэрекIуэкIым, иджыри къэс тэмэму убзыхуа мыхъуа Iуэхугъуэшхуэ гуэрым – къэбэрдейхэр щыпсэуар Псыжь и Iэшэлъашэхэра хьэмэрэ хы ФIыцIэм и Iуфэхэра – щIэныгъэлIхэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIырщ. КъимыдэкIэ, сыт хуэдэ увыпIэ къэбэрдейхэм езыхэм я лъэпкъэгъу адыгейхэм, убыххэм, абазэхэм, абхъазхэм я деж щаIыгъар? А псоми зэуэ жэуап естынщ жысIэу си пщэ дэслъхьэркъым иджыпсту. Сызыхуейр абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я этнографическэ зэпыщIэныгъэхэм ухуэзышэ лъагъуэхэм ящыщ гуэрхэр сыубзыхунырщ. Къэбэрдей народым и этнографием теухуауэ Iуэхугъуэ еплъыкIитI къокIуэкI. Языныкъуэхэм жаIэ къэбэрдейхэр нобэ зэрыс щIыпIэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэууэ щытауэ, мыдрейхэм яукъуэдий, а лъэпкъыр зэгуэрым нэгъуэщI щIыпIэ къиIэпхъукIауэ. Япэ Iуэхугъуэм тезыгъащIэхэм ящыщщ КIэфо Арсени. Абы къызэрилъытэмкIэ, къэбэрдейхэр игъащIэ лъандэрэ щопсэу Севернэ Кавказым ику щIыпIэхэм.

А Iуэху еплъыкIэм арэзы темыхъуэ щIэныгъэлIхэм сащыщщ сэри. Нобэрей къэбэрдейхэр зи щIэблэ цIыхухэр Псыжь и Iэшэлъашэхэм къыщикIа лъэхъэнэр, абы къикIахэщ жыпIэу тегъэчыныхьауэ щIэбукъуэдиин щхьэусыгъуэ нэс, абыкIэ шэч къызытумыхьэн тегъэщIапIэ быдэ щыIэкъым иджыпстукIэ. Ауэ шэч зыхэмылъыжыр зыщ: къэбэрдейхэр нобэ щыпсэу щIыпIэм къыщыхутэн папщIэ, зэманышхуи Iуэхугъуэшхуэ Iэджи екIуэкIащ. Климов Г. А. зэрыжиIэмкIэ («Кавказыбзэхэр» М., 1965 гъ.). «къэбэрдейхэр Севернэ Кавказым и нэхъ запад районхэмкIэ къикIыурэ» северо-восток, юго-восток щIыпIэхэмкIэ (нобэрей Абхъазыр зэрыс лъэныкъуэмкIэ) зэрыIэпхъуам щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр щыIэщ.

Нэгумэ Шорэ етх къэбэрдейхэр зэгуэр хы ФIыцIэм и Iуфэм зэрыIусар. Торнау Ф. Ф. жеIэ къэбэрдейхэм ящыщ куэд Уарп псым и Iуфэм Iycy щытауэ. Эсадзе С. итхыгъащ Псыжь и Iэшэлъашэхэм щыпсэуа къэбэрдейхэм щыщ Абхъазым Iэпхъуауэ. ЩIэIэпхъуам и щхьэусыгъуэри къегъэлъагъуэ абы: Чингиз-Хъан и дзэхэр Азов къызэребгъэрыкIуэрт. «А лъэхъэнэм, – етх абы, – Абхъазым къэIэпхъуащ къэбэрдейрэ абазэхэу куэд. Псыжь къиIэпхъукIахэм я тепщэ Ачбэ (Анчабадзе) пщыхэр я къекIуэкIыкIэкIи я беягъкIи абхъазыпщхэм ефIэкIырт; иужьрейхэм яку дэлъ зэгурымыIуэныгъэхэр къагъэсэбэпри, Ачбэ пщы лъэпкъым абхъазхэр тыншу езыхэм я лъэныкъуэ къащIащ, ахэр гуп-гупурэ зэпаудурэ я блыгу щIагъэуващ, нэхъ щIыфIхэри яубыдри езыр-езырхэу псэужу щIадзащ».
Лавров Л. И. зэритхымкIэ, къэбэрдейхэр Псыжь и Iэшэлъашэхэм зэрыщыпсэуам шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. «Лингвистикэм, этнографием, археологием, антропологием я материалхэр щыхьэт зэрытехъуащи, – етх абы, – къэбэрдейхэмрэ адыгейхэмрэ зэгуэр зы лъэпкъыу – адыгэу щытащ. Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ Псыжь и Iэшэлъашэхэм щыпсэууэ щыщыта-хуейщ... Къэбэрдейхэр Iэпхъуэшапхъуэу къызэрекIуэкIым теухуа хъыбархэр зыгуэркIэ зэщхьэщыкI пэтми, абыхэм зэдэарэзыуэ къыжаIэ къэбэрдейхэр зи щIэблэхэм ижь-ижьыжым Тэман ныджэмрэ хы ФIыцIэмрэ я псэупIэу зэрыщытар». А автор дыдэм къызэрилъытэмкIэ, етIуанэ илъэс минитIым и пэщIэдзэхэм деж къэбэрдейхэр Лабэ псы IуфэмкIэ къокIри востокымкIэ мэIэпхъуэ, Тэрч и Iэшэлъашэхэм ахэр щыIэпхъуар епщыкIутIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэ ныкъуэрщ. А Iуэхугъуэ дыдэм тепсэлъыхькIэрэ, щIэныгъэлIым етх: «Къэбэрдейхэр епщыкIущанэ лIэщIыгъуэм Псыжь адрыщI къиIэпхъукIа адыгэхэщ».
ЩыIэпхъуэм къэбэрдейхэм гъусэ яхуэхъуащ абазэхэр – зэманыжьым щыгъуэ абхъазхэм я этническэ гупым щыщу щытахэр. XIV–XVI лIэщIыгъуэхэм Абхъазымрэ абы и Iэгъуэблагъэ щIыпIэхэмрэ къабгынэри абазэхэр бгым щхьэпрокI. Люлье Л. Я. зэритхымкIэ, а Iуэхур къыщыхъуар XVII лIэщIыгъуэм и кIэуххэрщ. Абазэхэр, жеIэ абы, япэ щIыкIэ къэбэрдейхэм ягуроIуэ къуршым и восток лъэныкъуэм иIэпхъукIыу северымкIэ ягъакIуэу къэбэрдейхэм зыхагъэтIысхьэну. АбыкIэ арэзы хъуащ къэбэрдейхэр, абазэхэр зытепсэухьын щIыи иратащ.

Абазэ гупхэм ящыщу япэ щIыкIэ бгым щхьэпрыкIащ ашхархэр, куэд дэмыкIыу – тапантэхэр. Арати, абыхэми яхуащ къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ я гъуэгур. Абдушелишвили М. Г. зэритхымкIэ, антропологие и лъэныкъуэкIэ къэбэрдейхэр зыхыхьэ гупыр адыгейхэракъым, атIэ абазэхэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, иужьрейхэр абхъаз этническэ гупым щыщщ, ахэр щыпсэуари Абхъазым и северо-западымрэ абы и Iэгъуэблагъэ щIыпIэхэмрэщ.

Абхъаз антропологическэ гупым щытепсэлъыхькIэ, Бунак В. В. етх: «... ахэр (абхъазхэр) ещхьщ северо-кавказ гупхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм...» Къэбэрдейхэр зи щIэблэ пасэрей цIыхухэр абхъазхэм я гъунэгъуу хы ФIыцIэ Iуфэм зэрыIусам щыхьэт тохъуэ а лъэпкъитIым я бзэхэм хы Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я бзэм техуэ псалъэ куэд зэрыхэтри. ЩIэныгъэми зи гугъу тщIы лъэпкъхэм я нэхъыжьхэми къызэрагъэлъагъуэщи, къэбэрдеибзэмрэ шапсыгъыбзэмрэ куэдкIэ зэгъунэгъущ. Абыи къикIыр гурыIуэгъуэщ – нобэ зэпэжыжьэ хъуа пэтми, а лъэпкъитIыр зы зэман зэгъунэгъуу псэуащ. Ауэ щыхъукIэ, къэбэрдейхэр зэгуэр хы ФIыцIэм и Iуфэм Iусащ.

Адыгэ лъэпкъ псоми я бзэхэм къыхэпщIыкIа къэбэрдеибзэм куэд хэлъщ абхъазыбзэм уришалIэу. Псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ лексикэм. Зы лъэпкъым къыбгъэдэкIыу адрей лъэпкъым и бзэм хыхьа псалъэхэм ущеплъкIэ, гурыIуэгъуэ мэхъу къэбэрдейхэмрэ абхъазхэмрэ я бзэхэр къуэпс куэдкIэ зэрызэпыщIар. Мыбдеж къыщыжыIэпхъэщ языныкъуэхэм деж къэбэрдеибзэр адыгэ лъэпкъхэм я бзэхэм нэхърэ абхъазыбзэм нэхъ гъунэгъуу къыщыбгъэдыхьэ къызэрыхъури.

Абхъазыбзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ зэрагъапщэурэ а бзитIым я зэпэгъунэгъуагъыр джыныр зи къалэныр бзэм елэжьхэрщ. Ауэ, псалъэм къыдэкIуэу, къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт а лъэпкъитIым я бзэхэм зэтехуэ псалъэ куэд зэрыхэтыр. «Сэ», «ар» жыхуиIэ щхьэ цIэпапщIэхэр падежхэм игъэувауэ къыщапсэлъкIэ абхъазыбзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ ахэр зэщхь щохъу: абхъазыбзэм «сара», «уара», къэбэрдеибзэм – «сэра», «уэра»...

Лексикэ и лъэныкъуэкIи дызэхуеплъынти: абхъазыбзэм – «ахудз» (аху), къэбэрдеибзэм – «ху», «абыста» – «пIacтэ», «ачархъ» – «шэрхъ»; «аджир» (ацыр) – «жыр».Зи лъабжьэкIэ зэщхь псалъэхэр: абхъазыбзэм – «ажьла» – «жылэ» («къуажэ» мыхьэнэр къикIыу); («абора» – «бора») абазэбзэкIэ – «бо», «ачы» – «шы», «адамыг» – «дамыгъэ», «агуп» – «гуп», «атахмада» – «тхьэмадэ», «дад» (нэхъыжьхэр нэхъыщIэхэм ирыреджэу) – «дадэ» (нэхъыщIэхэр нэхъыжьхэм ирыреджэу), н. «Уащхъуэ» тхьэрыIуэри зи гугъу тщIы бзитIми щызэтохуэ.

НэгъуэщI лъэпкъхэм (псалъэм папщIэ, хьэрыпхэм) я бзэхэм къыхахауэ къэбэрдейхэмрэ абхъазхэмрэ къагъэсэбэп псалъэхэри щызэтехуэ куэдрэ къохъу. Апхуэдэхэщ «хьэзыр», «бэракъ», «маржэ», н. Абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я этнографическэ зэпыщIэныгъэр а лъэпкъитIым я дуней тетыкIэми, я Iуэху зехьэкIэми, я псэукIэми, я культурэми къыхощ.

XVIII–XIX лIэщIыгъуэхэм къэбэрдей жылэхэм (къуажэхэм тIысыкIитI яIащ: унагъуэхэр къуажэм хъурейуэ е зэпэплIимэу къегъэтIысэкIат. И кур нэщIт. Шынагъуэ къыщыхъуам деж цIыхубзхэр, сабийхэр, Iэщыр а щIыпIэ нэщIым ирагъэпыIэрти, цIыхухъухэр жылэм и хъумакIуэу къеувэкIыжырт. Мыдрейуэ, унагъуэхэр (зы лъэпкъым къыхэкIахэр) зэбгрыдзауэ щытIыси щыIэт. Абхъаз жылэхэри а щIыкIэ дыдитIым хуэдэущ зэрытIысу щытар, дэтхэнэ зы унагъуэми и лъапсэр къэхухьауэ. Революцэм и пэкIэ къэбэрдейхэми я лъапсэхэр чы-бжэгъукIэ (зэзэмызи мывэ сэрейкIэ) къэхухьауэ лъапсэшхуэ яIэу щытащ. Лъапсэм и кум чыбжэгъу унэ ятIэкIэ яуэ итт, унэр ятIэ лъэгут, щхьэгъубжэ хэлътэкъым, пкIэунэ иIэтэкъым, унэкум жьэгу итт, пщэфIапIэр щхьэхуэт, псэуалъэ щхьэхуи яIэт.

Нэхъыбэу ящIыр унэ плIимэ кIыхьышхуэт, пэшищ-плIы хъууэ, зы щхьэ телъу. Адэ-анэхэм ейуэ унэм зы пэшышхуэ хэтти, абы «унэшхуэкIэ» еджэрт (адыгейхэри апхуэдэут а пэшым зэреджэр). Ар унэм я нэхъыжьым и хэщIапIэ къудейтэкъым – абы и пщIэри щаIэт щIыпIэт. Унагъуэм къраша нысащIэр нэхъыжьым щытрагъэхьэри унэишэ, щауэишэж щащIри а «унэшхуэрт». Апхуэдабзэущ абхъазхэри зэрыщытар.

Псом хуэмыдэу гулъытэ хуэщIын хуейщ къэбэрдейхэмрэ абхъазхэмрэ я псэуалъэхэм я щIыкIэм хэлъа мыпхуэдэ Iуэхугъуэми: ахэр хъурейуэ ящIу щытащ. Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм деж Шиллинг Е. М. къихутащ Западнэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я унэхэм я щIыкIэр. Абы гу зэрылъитамкIэ, пщэфIапIэ хъурейхэр куэду ящIу щытащ къэбэрдейхэмрэ абхъазхэмрэ. Апхуэдэ псэуалъэхэр Шиллинг щигъуэтакъым Псыжь и Iэшэлъашэхэм щыпсэуа шапсыгъхэми бжьэдыгъухэми я деж. Пэжщ, «нэхъыжьхэр щыхьэт техъуэрт мы щIыпIэхэми апхуэдэ псэуалъэхэр зэгуэрым зырыщыIам. Къэдгъэлъэгъуэнщ, – етх адэкIэ Шиллинг, – апхуэдэ псэуалъэхэр Къэбэрдеишхуэм куэду зэрыщыIар зыщIэж нэхъыжьхэм дызэрырихьэлIар». Шиллинг Е. М. къызэрихутамкIэ, псэуалъэ хъурейхэр зиIэу Западнэ Кавказым щыпсэуар къэбэрдейхэр, абхъазхэр, мегрелхэр арщ. Зи гугъу тщIы псэуалъэ лIэужьыгъуэхэр зей лъэпкъхэм я тхыдэм, я къекIуэкIыкIэм щыкIэлъыплъым Шиллинг и гупсысэр, и къэхутэныгъэр зыхуэкIуар зыщ: Къэбэрдеишхуэм щыпсэухэм я гъащIэр Iэпхъуэшапхъуэу кърахьэкIырти, абыхэм дежкIэ пщыIэ хъурейхэр нэхъ тыншт, ахэр Западнэ Кавказым къикIауэ зэрыщытым щыхьэт техъуэрт Севернэ Абхъазым щыпсэухэми апхуэдэ псэуалъэхэр игъащIэ лъандэрэ къазэрыдэгъуэгурыкIуэр.

Къэбэрдейхэм я пщэфIапIэ хъурей зи кум жьэгу иту щытамрэ абхъазхэм игъащIэ лъандэрэ яIэу щыта пщыIэ папцIэ хъуреймрэ зы нэмрэ зы Iэмрэ я Iэужьу зэрыщытым шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Аращ Шиллинги жиIэну зыхуейр. Ар зы псэукIэм и нэщэнэщ. XIX лIэщIыгъуэм, и пщIей гъэхэм къэбэрдей унагъуэшхуэм и псэукIам щытепсэлъыхьым, Потемкин П. С. итхыгъащ: «Дэтхэнэ зы унагъуэри, адэшхуэм и адэжым деж къыщыщIэдзауэ унэм ис нэхъыщIэ дыдэм деж щыщIэтIыкIыжауэ, зэхэсу, зы шыуаным ишхыкIыу зэдопсэу, аращ мыхэр унагъуэ бжыгъэкIэ мыхъуу шыуан бжыгъэкIэ щIэбжэр». Апхуэдабзэт абхъазхэри: зэхэсуи псэухэрт, унагъуэхэр зэрабжри ахэр зэрышхыкI гъуаплъэ шыуанхэрт.Куэд къэбгъэлъэгъуэфынущ абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зэхуэдэу къадекIуэкIыу щытауэ: унагъуэхэм я псэукIэр, фызышэ, хьэгъуэлIыгъуэ егъэкIуэкIыкIэхэр, гузэвэгъуэ-хьэдэщIэлъхьэм пыщIа Iуэхугъуэхэр, бынхэр атэлыкъхэм къану ирату зэрыщытар, зи бзэгу хущхъуэмкIэ уIэгъэр зыгъэхъужыфу къалъытэу щыта хьэм пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытар, щIыр выфэкIэ къапщу зэрыщытар, хьэщIэр зэхъуэпса хьэпшыпыр тыгъэ хуащIу зэрыщытар... Куэд мэхъу ахэр. Ауэ псалъитI къудейуэ мы зы Iуэхугъуэми и гугъу умыщIу къэбгъанэ хъунукъым. Археолог Джание В. В. къихутащ XIII -XV лIэщIыгъуэхэм псэуа абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ къащIэна Iуащхьэхэр зэрызэщхьыр. Апхуэдэ Iуащхьэ «зэтIолъхуэныкъуэхэм» ущрохьэлIэ Абхъазым и северо-западнэ Iыхьэхэми (псом хуэмыдэу Псхьыу деж) нобэрей Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыс щIыпIэхэми. А кхъащхьэ фэеплъхэм «къэбэрдейхэм я IуащхьэкIэ» еджэу литературэм куэдрэ дыщрохьэлIэ.

Абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я лъэпкъ щыгъынхэри, псом хуэмыдэу цIыхухъу фащэхэр, зэрызэщхьыр я теплъэ къудейркъым – я щIыкIэкIи яхэлъ пкъыгъуэкIи зэщхьхэщ. Къэбэрдейхэми абхъазхэми лъей, гуэншэрыкъ, бащлъыкъ, цIыхубзхэм куэншыбэ зэрахьэу щытащ. Мис нэгъуэщI зыи. Ди лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм абхъазылIхэм ящхьэрыгъыу щытащ упщIэ пыIэ папцIэ. КъэбэрдеилIхэми апхуэдэ пыIэ зэрахьэу зэрыщытам и щыхьэту къэнащ «купсэ» – пыIэ щыгу кIыхь псалъэр. Пэжщ, а щыгъын лIэужьыгъуэхэм хуэдэхэр зэрахьэу щытащ Кавказым щыпсэу адрей лъэпкъхэм ящыщ куэдми.

Абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ щIым зэрытелэжьыхь щIыкIэри зыкъомкIэ зэщхьу щытащ. ВакIуэ дэкIыгъуэхэм деж мэкъумэшыщIэхэр зэдзейурэ зэгухьэрти, гуп-гупурэ зэдэлажьэхэрт. Iэщым елэжьхэри арат. Къэбэрдейхэм я былымым дамыгъэ традзэр щыгъэтауэ, лъэпкъ къэс езыхэм я дамыгъэ яIэжт. Абхъазхэри арат. Абхъазхэр шэрджэс лъэпкъхэм «азух»-кIэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, «азаху»-кIэ еджэрт. Абы и лъабжьэр, шэч хэмылъу, античнэ авторхэр адыгэ лъэпкъхэм къызэреджэу щыта «зих» псалъэрт. Абхъазхэм яIэщ «Зихуба» унэцIэ. КъимыдэкIэ, пасэрей абхъазхэр щыгъуазэт адыгэ лъэпкъхэм езыхэм зыфIащыжауэ «адыгэ»-кIэ зэрызэджэжми. «Аедыгъ», «едыгъаа» жаIэрт абхъазхэм. Арауи къыщIэкIынущ къызытекIар «Едгъы», «Едыгъ» жаIэу абхъаз цIыхухъухэм фIащу зэрыщытар. Езы лъэпкъхэри зэщхьэщагъэкIыу щытащ: «шапсыгаа», «кабардаа» жаIэу. Иужьрей псалъэм езым и къежьапIэ иIэжщ.
Адыгэхэр езыхэр зэрызэджэж «адыгэ» псалъэм нэмыщIу къэбэрдейхэм зыфIащыжа «къэбэрдей» псалъэр къызытекIар лIыхъужьыцIэу жаIэ: Тамбий Къэбардэу. «Тамбиа», «Там» псалъэхэр абхъазхэми абазэхэми лъэпкъыцIэу гъунэжу яIэу щытащ. Тамбиа, Там лъэпкъыцIэхэр зезыхьэ жылагъуэхэр куэду щыпсэуащ Мдзымтэ псыщхьэм. А лъэпкъхэм зэреджэр мудавейт. Абхъаз хъыбарыжьхэри Торнауи щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, мудавей лъэпкъхэр зэгуэрым бгым щхьэдэххэри Хуэдз, Лабэ, Балъкъ, Инжыдж псыхэм я Iэшэлъашэхэр псэупIэ ящIауэ щытащ. Хъыбархэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, къэбэрдейхэр къызытепщIыкIыжар а лъэпкъхэращ. Урыс академик Клапрот Г. Ю. щыхьэту тоувэ мудавей лъэпкъхэр Лабэ псы Iуфэм зэрыщыпсэуам. Абы етх: «Лабэ и щхьэкIэ, екIуэлIапIэ зимыIэ къуршыщхьэ лъагэ дыдэхэм, щопсэу лъэпкъ цIыкIу – мудавей. Ахэр муслъымэнкъым, щхьэхуитуи мэпсэу, пщыи тепщи яIэкъым, я Iэтащхьэу хахыжыр езыхэм ящыщ нэхъ лIыхъужь дыдэхэрщ».
Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэми гу лъытэн хуейщ. Абхъазхэм абазэхэмрэ къэбэрдейхэмрэ убзыхуауэ зэхагъэщхьэхукIыу щытакъым, щыпсэу щIыпIэкIи этническэкIи зэхамыгъэкIыу а лъэпкъитIми «ашвуа» «ашэуа»-кIэ щеджэ щыIэт. Марр Н. Я. шэч лъэпкъ къытримыхьэу итхыгъащ «ашуа» жиIэмэ «къэбэрдей» жиIэу къикIыу. Этноним «ашвуа» жыхуиIэрщ абхъаз унэцIэ Ашвуа (Ашэуа) къызытекIыжар. Абхъазхэр а цIэ дыдэмкIэ еджэу щытащ Абхъазым ищхьэкIэ, Кавказ къуршым и щIыбкIэ, къыщылъа щIыпIэ псоми. Лопатинскэми жеIэ абхъазхэр я хэкум къыпылъ Севернэ Кавказ псом «Ашва»-кIэ еджэу зэрыщытар.

Езы къэбэрдейхэр я гъунэгъу абхъазхэм зэреджэр лъэпкъыцIэхэрт: Мудави (Мда ей), Аибга. Абы щыхьэт тохъуэ Люлье Л. Я. Абыи къикIыр гурыIуэгъуэщ: къэбэрдейхэм фIыуэ яцIыхурт зи гугъу тщIы лъэпкъри лIакъуэцIэхэри. Ахэр зэгуэр зэрызэхэсар белджылыт. Мыдрейуэ, «Къэбардэ» псалъэм къытекIауэ абхъазхэм цIэ-унэцIэ, щIыпIэцIэ куэд зэрахьэ. Абхъаз-абазэхэм, къэбэрдейхэм я деж куэду дыщрохьэлIэ зэунэцIэджэгъухэмрэ щIыпIэцIэ зэщхьхэмрэ. Апхуэдэхэщ Ажий (Жибэ), Ашабэ – Ашубэ, Бгъэжьнокъуэ – Бгъажьбэ, Думэн – Думаа, Багъы – Багбэ. Уэзы – Уаз – Уазбэ, АбытIэ – Бутбэ, Инэрокъуэ – Инарбэ, Тамбий – Тамбия, Шэджэм – Чагъам (а псалъэр щIыпIэцIэуи щыIэщ Абхъазми), Мэршэн – Mapшьан, н. ЦIэ унейхэм дызэхуеплъми – аращ. Зэщхьу куэд дрохьэлIэ. АдыгэцIэхэм куэдрэ къыпыувэ хабзэщ «къуэ» псалъэр. Ар дыдэр куэдрэ къыщохъу абхъазыбзэми: Хатаксоква – ХьэтIэхъущокъуэ, Темырква – Темрыкъуэ, нэгъуэщIхэри.

Абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я къуэпсыр зыуэ, куэд лъандэрэ зэпыщIауэ зэрыщытым щыхьэт тохъуэ а лъэпкъитIым я пщыцIэхэри зэтехуэу зэрыщытам. Апхуэдэщ Иналаа, Инал-ипэ – Инал, Иналыкъуэ унэцIэри. Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Иналщ къызытехъукIыжар къэбэрдей-шэрджэсхэр. А Иналырщ зи щIэблэр тхыдэр зыщыгъуазэ, Иван Грознэм и щыкъу адэу щыта Темрыкъуи. Хъыбархэр тегъэщIапIэ ищIкIэрэ, Нэгумэ Шорэ етх Инал хы ФIыцIэ Iуфэм къикIыу Къэбэрдейм къэIэпхъуауэ зэрыщытар. Абхъазыр армырауэ пIэрэт ар къыздикIар. А гупсысэм ухуешэ щIэныгъэлI Лаврови.

Абы зэритхымкIи, Инал япыщIауэ, ядэIэпыкъуу щытащ абхъазыпщхэу Ачбэрэ Чачбэрэ. Нэгумэми къыджеIэ Инал и япэ фызыр абазэпщ Ашэ (Ашбэ) и пхъуу зэрыщытар. Абазэ лIыжьхэри Нэгумэри щыхьэту зэрытеувэмкIэ, Инал и хьэдэр Абхъазым щыщIалъхьащ. Ар зыщIэлъым «Инал и кхъащхьэкIэ» йоджэ, етх Нэгумэм. Абы щыхьэт тохъуэ Лаврови.

Къэбэрдей хъыбархэм къызэраIуэтэжымкIэ, Инал Къэбэрдейм и тетыгъуэр къезытар япэм къэбэрдеипщу щыта Тамбийщ. Езы Тамбийхэ лъэпкъкIэ мудавейм щыщт, къыхощ хъыбархэм. Мудавей лъэпкъхэр абхъазхэрщ. Ахэр щыпсэуар Инал и хьэдэр зыщIэлъ щIыпIэрщ. Инал, жеIэ хъыбарым, Тобулду и цIэу къуэ иIащ. А цIэм пыт «ду» кIэухым абхъазыбзэкIи абазэбзэкIи къикIыр «ин» жиIэу аращ. Зэрытлъагъущи, Инал и къуэм зэрихьар абхъаз-абазэцIэщ: Тобыл Ин. Абазэхэм ноби яIэщ Тобыл унэцIэр.

Западнэ Кавказым щыпсэуа лъэпкъхэм я гъащIэм абазэхэм увыпIэшхуэ зэрыщаIыгъам, абазэхэмрэ къэбэрдейхэмрэ яку зэпыщIэныгъэ ин зэрыдэлъам тепсэлъыхьурэ, Лавров Л. И. етх: «...Къэбэрдейм и тепщэу щытахэр абазэхэм къахэкIауэ шэч пщIы хъунущ...» Мы фи пащхьэм ислъхьэ си лэжьыгъэм щытепсэлъыхьми Лавров Л. И. итхащ мыпхуэдэу: «...фIэщхъуныгъэ хэлъу авторым дегъэлъагъу къэбэрдейхэр абазэхэмрэ абхъазхэмрэ быдэу япыщIауэ зэрыщытар. Ар гупсысэ тэмэму къызолъытэ. Си щхьэкIи щIызогъуж VI лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм тепщэныгъэр щызыIыгъахэр абхъаз-абазэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэрауэ къэплъытэ хъуну». ***

Абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я щIыпIэцIэхэм, псыцIэхэм зэтехуэу куэд дыдэ хэткъым. Ауэ апхуэдэхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэр Ставропольскэ крайм щежэх псыхэм ящыщ зым ГумкIэ йоджэ. А псыцIэм дыщрохьэлIэ Абхъазми: Гумыста, Гума, Гумурищ, Гумрипщ, нэгъуэщIхэри. Абхъазым и северо-западым щыIэщ къэбэрдейхэм я «къуажэ» псалъэм ещхь «куадж» щIыпIэцIэхэр – къуажэцIэхэр. Уеблэмэ урохьэлIэ зы къуажэм цIитIкIэ – адыгэбзэкIи абхъазыбзэкIи еджэу. Апхуэдэщ псалъэм папщIэ, Сочипсы – Облагукуадж, Эсхорипщ (Ясхорыпщ) – Артокуадж, Цондрыпщ – Цовжкуадж, н. «Хьэблэ» псалъэри аращ. Абхъазхэри иныкъуэхэм деж къуажэм, жэмыхьэтым «хьэблэ»-кIэ щеджэ щыIэщ.

Адыгэхэм псыцIэхэр, щIыпIэцIэхэр къыщраIуэкIэ куэдрэ къагъэсэбэп хабзэщ «къуэ» кIэух псалъэр. А мыхьэнэр къикIыу абхъазхэм яIэщ «куа» кIэухыр. АдыгэбзэкIэ Щхьэлыкъуэ, Мывэкъуэ, Джэдыкъуэ, Фэндыкъуэ жыхуаIэхэм ещхьщ абхъазхэм Гудакуа (псыцIэщ), Абжакуа (щIыпIэцIэщ), Акуа (къалэцIэщ) жыхуаIэхэр, н. къ..

***

Лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр псом хуэмыдэу къыхощ абыхэм я культурэм, духовнэ гъащIэм. Абы и лъэныкъуэкIи абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зэпэIэщIэкъым. Къэтщтэнщ, псалъэм папщIэ, ди лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI нарт хъыбархэр. Абыхэм хэт лIыхъужьхэр адыгэхэми абхъазхэми зэхуэдэу дыдейщ. Адыгэ нарт хъыбархэм къыхощ: Iуащхьэмахуэ щIыб адэкIэ хы ФIыцIэ Iуфэм Iутщ нобэр къыздэсым уафэм щIэуэным хуэдиз и лъагагъыу Сосрыкъуэ и хьэдэр зыщIэлъ Iуащхьэр. А хъыбар дыдэм дыщрохьэлIэ абхъаз нарт хъыбархэми. Сосрыкъуэ и цIэ къудейр-щэ? Къэбэрдейхэм «Сосрыкъуэ» жаIэмэ, абхъазхэм «Сосрыкуа» жаIэ.
Адыгэ нарт хъыбархэм хэт лIыхъужь цIэрыIуэ Хъымыщ (абхъазыбзэкIэ Хнышь) теухуами деплъынти. Хъымыщ и закъуэу зекIуэ ежьэну, щэкIуэну фIэфIт. Ар зэгуэрым щакIуэ дэкIат. Абы жыжьэу къелъагъу щыхь. Шабзэр щыхьым щригъапщэм, Хъымыщ къелъагъу тхьэкIумэкIыхьым тесу къажэ лIы цIыкIужьей гуэр. ТхьэкIумэкIыхь шур напIэзыпIэм къос, Хъымыщ и шыныбэгумкIэ щIоцIэфтри щыхьым хуеунэтI. ТхьэкIумэкIыхь шур щыхьым деж нэмысыпэу щыхьыр джэлащ. Хъымыщ абы еуатэкъым, ауэ щыхьыр зыгуэрым къиукIат. КъэзыукIар испы цIыкIурт. Хъымыщ абдеж щынэсым испы цIыкIум щыхьыфэр напIэзыпIэм триудауэ лыр IэкIуэлъакIуэу зэIихырт. Испы цIыкIумрэ Хъымыщрэ цIыхугъэ зэхуохъу, Хъымыщыр испым деж йоблагъэ. Испым и пхъумрэ Хъымыщрэ фIыуэ зэролъагъу, зэрошэ. Абыхэм Бэтэрэз – батэр зыгъэз –къуэр къыхуалъху...

Зы псалъэ дэмыхуауэ жыхуаIэу а хъыбар дыдэр абхъаз IуэрыIуатэми хэтщ. Испыхэм я лъахэу адыгэ хъыбархэм къыщыгъэлъэгъуа дыдэр абхъаз IуэрыIуатэми щыдолъагъу. Езыхэр Аравием е нэгъуэщI щIыпIэ гуэрым къикIа хуэдэу къэбэрдеипщхэм къадэгъуэгурыкIуэ хъыбарыжьхэм ещхь дыщрохьэлIэ абхъаз IуэрыIуатэми. Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я псалъэжьхэри зэщхьыркъабзэщ, е зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым. Мис, псалъэм папщIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я псалъэжь, псалъэ шэрыуэ зэтехуэхэм, зэгъунэгъухэм щыщхэр: ЗэгъунэгъуитI я жэм къэшыкIэ зэщхькъым; Шэм куэдрэ ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ;
ЩIэупщIэ емыкIу пылъкъым; Уи хьэ фIэпщ и цIэщ; Къуаргъым нэ xyaщlaти, набдзэ жиIэрт; ЦIыхуищэ зыщытхъур щэ и уасэщ; Шым щышынэр уанэм йоуэ; Фо зезыхьэ и Iэпэ йобзей; Зи бзэ IэфI щынэ мэлитI ящIоф; Ныбжьэгъу делэ нэхърэ бий губзыгъэ; Хьэндыркъуакъуэрэ пэт сызыхэс псыр кууащэрэт, жи; Зи гупкIэ уисым и уэрэд ежьу; Нэдым и щхьэр умытIатэу хьэ илърэ, ху илърэ пщIэркъым; КъэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущи, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ; Жэм лъакъуэ шкIэ иукIыркъым; Жыг зытехуэри мэгурым, пщIащэ зытехуэри мэгурым; ФызыфI гъэтIылъыгъэншэ хъуркъым; Мэлыхъуэр шхын щхьэкIэ лIати, и гуфIакIэ щэ шыхьа дэлъщ жаIэрт, жи; Хамэхьэ къохьэри унэхьэ иреху, н.

***

Ижь-ижьыж лъандэрэ зэрахьа дин IуэхумкIи зыкъомкIэ зэгъунэгъущ абхъазхэмрэ къэбэрдейхэмрэ. Мэл гъэхъуным и тхьэу къэбэрдейхэм къалъытэу щыта Амыщ (Емыш) абхъазхэми махуэу, насыпу, фIыгъуэ къэзышэу къалъытэрт. Щыблэ щыуэм деж къэбэрдейхэм Iилэ тхьэм хуэгъэзауэ жаIэу щыта уэрэд дыдэм хуэдэ абхъазхэми яIэт, щыблэ къыщыуэкIэ е щыблэм зыгуэр иукIамэ, абдеж щыжаIэу. Абхъазхэр щыблэм зэреджэу, абыхэм щыблэм и тхьэу къалъытэу щыта Афыр къэбэрдейхэм Уафэ жыхуаIэм ещхьт. Уащхъуэ жаIэу тхьэ зэраIуэри а зы псалъэ дыдэрат. А псалъэм ущыхуозэ лъэпкъитIми ди нарт хъыбархэм.

Хьэдэ щIэлъхьэным и Iуэхури апхуэдэт – зэщхьт. Бэным дэлъу жыгым кIэращIэрт я лIахэм я хьэдэхэр. Апхуэдэ хьэдэ «щIэлъхьэкIэр» яхэлът абхъазхэми къэбэрдейхэми. Абхъаз уэрэдыжьхэм я нэхъыбэм хэтщ «уарада», «аурайда» ежьур, ар дыдэр хыболъагъуэ адыгэ уэрэдыжьхэми. Ильин Д. 1868 гъэм итхыгъащ мэздэгу адыгэхэм – къэбэрдейхэм фызышэ хьэгъуэлIыгъуэм щагъэзащIэ «орирашэ» къафэр: цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ «орирашэ» ежьум щIэту къызэдофэ. Апхуэдэ дыдэу, «аураа-ша» ежьур ягъэзащIэурэ, ижь-ижьыжым гуп-гупурэ къызэдэфэу щытащ абхъазхэри.

***

ЗэрыжытIащи, къэбэрдейхэм я къекIуэкIыкIэми абыхэм езыхэм зыфIащыжа цIэр къыздикIар къэхутэнми щIэныгъэлIхэр куэд щIауэ йолэжь. Ауэ нобэр къыздэсым абыхэм я Iуэху еплъыкIэр зэтехуэркъым, ахэр зым къытеувыIэфыркъым. «Къэбэрдейхэр» псалъэм япэ дыдэу дыщрохьэлIэ Венецием щыщ автор Барбаро И. епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIхэм деж итха лэ- жьыгъэм. КIэмыргуейхэмрэ осетинхэмрэ яку дэсу Севернэ Кавказым щопсэу «къэбэрдей» цIэр зезыхьэ лъэпкъ, итхыгъащ абы. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, адыгэ IуэрыIуатэхэм къыхощ «къэбэрдей» псалъэр Тамбий Къэбардэ и цIэм епхауэ. Языныкъуэ авторхэр пылъащ а цIэм и къежьэкIэр грузиныбзэм щыщ «лъэныкъуэкIэ», шэшэныбзэ «бжьэпэ кусэ» псалъэхэм ирапхыну. Марр Н. Я. къилъытэрт а псалъэр «сармат», «киммер» этническэ цIэхэм къытекIауэ. Языныкъуэхэми жаIэрт къэбэрдейхэр тюрк лъэпкъ «кабары» жыхуиIэм къытехъукIауэ. Ахэр (кабархэр) зэгуэрым Дон псым и Iэшэлъашэхэм щыпсэууэ щытащ. Лъабжьэ зимыIэ а хуэгъэфэщэныгъэ псори лъэныкъуэкIэ тригъэкIуэтащ Лавров Л. И. Езым къыхилъхьащ «Къэбэрдей» псалъэм тюрк псалъэ «берды» («верды») «етын» жыхуиIэр къызэрыкIыр хэлъу. Ауэ абы щIэдзапIэу пыт «къэ» жыхуиIэр зищIысыр мыгурыIуэгъуэу къэнащ. «Къэбэрдей» псалъэм кIэухыу пыт «ейм», – етх абы, – еиныгъэ мыхьэнэ къокI. «Къэбэрдей» жиIэмэ, Кабердын ей жиIэу арщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «Къэбэрдей» псалъэр еигъэ къызэрыкI цIэм къытекIауэ къэплъытэныр нэхъ захуэщ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэм нэхърэ. Iуэхур апхуэдэу щыт пэтми, «Къэбэрдей» этническэ псалъэр къежьэнкIэ хъуну щыщытар тюрк бзэхэм ирипсалъэ лъэпкъхэм Севернэ Кавказым Iуэхугъуэшхуэхэр щызэрахьэ хъуа, езы къэбэрдейхэр зи щIэблэхэм феодальнэ щытыкIэхэр зэxyalэy хуежьа нэужьщ».

«Къэбэрдейхэр», «Къэбардэ» цIэр тюрк частицэ «берды» жыхуиIэм и фIыгъэкIэ къэхъуауэ тегъэщIапIэ пщIыным арэзы утехъуэ хъунукъым. Ауэ щыхъукIи, «къэ» лъабжьэр зищIысыр умыщIэу. Мыдрейуэ, Лавров Л. И. хуэфащэ гулъытэ хуищIакъым а псалъэр езы адыгэ-абхъазыбзэхэм къыхэкIынкIэ хъуну зэрыщытам. А псалъэр къызэрыхъуар адыгэ-абхъаз щIыпIэцIэхэр, цIэхэр къызэрыхъу щIыкIэм ещхьынкIи зэрыхъунум егупсысакъым. Псалъэм папщIэ, Теберда, Уарда ЦIыкIу, Уарда Ин, абхъаз цIыхухъуцIэ Джмарда, н.
Абыхэм тюрк бзэхэм зы пыщIэныгъи хуаIэу къыщIэкIынукъым. Нэхъ псалъэмакъышхуэж къызэрыкIар къэбэрдейхэм я лъахэжьыр убзыхунырщ. Хэти жиIэрт ахэр Кърымым щыпсэуауэ, хэти – Азов тенджы- зым и Iуфэм Iусауэ, хэти – Дон псым и Iэшэлъашэхэм исауэ, хэти – нобэрей Ставропольем и север щIыпIэхэр яIыгъауэ. Лавров Л. И. жеIэ къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ шапсыгъхэм я гъунэгъуу япэ щIыкIэ Псыжь и кIэм деж щыпсэуауэ къэплъытэ хъуну. «Къэбэрдейхэр востокымкIэ, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуащ V лIэщIыгъуэмрэ ХII лIэщIыгъуэмрэ я зэхуакухэм», – етх абы.

ЩIэIэпхъуам и щхьэусыгъуэу къигъэувыр ахэр хъупIэ нэхъыбэ хуей зэрыхъуамрэ феодальнэ зэхущытыкIэхэмрэ зэрызаужьымрэщ.
Хэт сыт жиIами, къэбэрдейхэр япэ дыдэу щыпсэуа щIыпIэр хэхауэ нобэр къыздэсым убзыхуа хъуакъым. Ахэр Псыжь и кIэм е хы ФIыцIэм и Iэгъуэблагъэ Западнэ Кавказым щыпсэуащ жызыIэу зыукъуэдийхэми тегъэщIапIэ ящIым арэзы утехъуэркъым. Лавров Л. И. зэрыжиIэм хуэдэу, ахэр Псыжь и кIэм деж щыпсэуар пэжмэ, абыхэм хъупIэрэ щIырэ къалъыхъуэу нэгъуэщI щIыпIэ щIэIэпхъуэн щыIэтэкъым. Сыту жыпIэмэ Псыжь и кIэмрэ абы и Iэшэлъашэхэмрэ псэупIэ дэгъуэт, хъупIэкIи гъавэ щIапIэкIи къулейт. ЩIы, хъупIэ къалъыхъуэу нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуакъыми адрей адыгэ лъэпкъхэр (адыгейхэр). Ар икIи гурыIуэгъуэщ: хъугъуэфIыгъуэм хэсым нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэ къилъыхъуэркъым. Къэбэрдейхэр зыщыпсэуагъэнур Шапсыгъымрэ Абхъазымрэ я зэхуакурщ. Абдеж ущыпсэуну нэхъ гугъут: щIыр Iейт, щынэхъ мащIэт, мащIэ дыдэр хъупIэхэрт, лъэпкъым зэпымыууэ хэхъуэрт, ауэ щыщыткIэ, ар щIы нэхъыби хуей хъурт. Мыдрейуэ, хым щызеуэ хъунщIакIуэхэм зэпымыууэ уагъэпIейтейрт. Шапсыгъхэмрэ абхъазхэмрэ я зэхуакум зэрыдэсарщ къэбэрдейхэм Абхъазым щыщ мудавей лъэпкъыр фIыуэ яцIыхуу щIыщытар.

***

Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэ псоми къагъэлъагъуэ абхъазхэм, абазэхэм, къэбэрдейхэм яку ижь-ижьыж лъандэрэ зэпыщIэныгъэ быдэ зэрыдэлъар, ахэр зэгъунэгъуу куэдрэ зэрызэдэпсэуар, зы лъэпкъым щыщ адрей лъэпкъым хэшыпсыхьурэ къызэрыгъуэгурыкIуар. Псом хуэмыдэу зэпыщIэныгъэшхуэ зэхуаIащ северо-западнэ абхъаз-абазэхэмрэ абыхэм я гъунэгъуу псэуа къэбэрдейхэмрэ. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, абазэхэр Севернэ Кавказым Iэпхъуэным и пэкIэ къэбэрдейхэм ягурыIуауэ щытащ, къэбэрдейхэм я щIым щыщ Iыхьи абхъазхэм къратауэ щытащ. ИужькIэ абазэпщхэм (тапантэхэм) тыгъэ къыхуащIу щытащ къэбэрдеипщхэм. «Мы зэманым Къэбэрдейм (псалъэм папщIэ, Балъкъ деж) щопсэу тапант лъэпкъхэм къахэкIа цIыху куэд, къэбэрдейхэм ящыщ хъужауэ», – итхыгъащ Лавров Л. И.
Зи социально-экономическэ гъащIэр, политическэ, культурэ псэукIэр зэпыщIа икIи зэщхь абхъаз-абазэ, къэбэрдей народхэм я тхыдэр, я къекIуэкIыкIар дяпэкIи нэхъри куууэ джыным сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ зэриIэр зэи зыщыгъэгъупщэн хуейкъым.

ИНАЛ-Ипэ Шалвэ, историческэ щIэныгъэхэм я доктор. 1981 гъэ, 3-нэ къыдэкIыгъуэ

.

.

          

.