Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ГУАЩЭНЕЙ (МАРИЕ)  ТЕУХУАУЭ
Камергоева Т. Д.

CC - Literature and History Department

Урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэм къишэжыну мурад щищIам лъыхъулIыкIуэхэр игъэкIуащ Польшэм, Швецэм, Къэбэрдейм, унафэ быди яхуищIащ: «Шэрджэсыпщхэм япхъухэм фахэплъи, фигу нэхъ ирихьар Мэзкуу къафшэ».Польшэм и пащтыхьым гурыIуэхакъым, Швецием кIуа лIыкIуэхэми хъыбарыфI къахьакъым. Къэбэрдейм къигъэкIуа лIыкIуэхэми я хъыбар щыIэтэкъым.

.

МазипщI дэкIа нэужь урыс пащтыхьым и лIыкIуэхэр Мэзкуу нэсыжащ, Иуан ЕплIанэм нысащIэ дахэ дыдэ хуашэри. Ар Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнейт. Нысашэм хэтт Гуащэней и дэлъху Думэныкъуэ нэгъуэщI куэд игъусэу.

Махуэ зыбжанэ дэк
Iа нэужь, Иуан ЕплIанэм Гуащэней Кремлым иригъэблагъащ. Пащтыхьыр и блыгущIэтхэр и гъусэу нысащIэм еплъыну ар зыщIаша пэш гъэщIэрэщIам щIыхьащ. Пащтыхьым и нэр адыгэ пщащэ дахэм тенащ.

Июлым и 20-м Успенскэ соборым Гуащэней чыристэн диныр къыщрагъэщтащ Марие цIэр къыфIащащ. Пащтыхьыми и къуэхэу Иуанрэ Федоррэ Марие тыгъэ хуащIащ налкъутналмэскIэ дахащэу гъэщIэращIа дыщэ жорхэр.

1
569 гъэм и гъэмахуэм Марие и щхьэгъусэ Иуан ЕплIанэм и гъусэу Сыбыр жыжьэ щIыIэм кIуащ,  абы сымаджэ хьэлъэ щыхъури пIэм хэгъуэлъхьащ. Узыфэр щыIэ узым ещхьми жьэн узу арат.

Жэщи махуи Марие къыщхьэщык
Iакъым Иуан ЕплIанэр, Марие и дэлъху Михаил, пащтыхьым и унагъуэ дохутыр Линзей Арнальд, нэгъуэщI дохутыр Iэзэри. Пащтыхь гуащэр щэIуу, Iуэщхъуу хэлът, ар  зыгуэрым еджэрт, елъэIурт. Куэдрэ адыгэбзэкIэ «нанэ» жиIэрт. И псэм ищIа хъунт фIыуэ илъагъуу щыта, гу зыщимыхуа и анэр зэи зэримылъагъужынур.

1569 гъэм сентябрым и 1, пщэдджыжьым, Марие зыкъимыщIэжу дунейм ехыжащ.

Камергоева Т. Д., учитель

.

.

          

.