Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

"АДЫГЭХЭМ ДИ КIУЭДЫЖЫКIЭР"
Цагъуэ Нурий

CC-Literature and History Department

.

("Мы тхыгъэр тыркум къыщыдэкIыу щыта "Гъуазэ" газетым и номер 55-м къытехуащ. ЗэрыхуэдгъэфащмэкIэ, Цагъуэ Н. ар 1913 гъэм, и хэкум къигъэзэжа нэужь Къэбэрдейм иритхыкIащ. Ар къэзыхутари иджырей адыгэбзэкIэ зытхыжари игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Тхьэбысым Самихьщ". ХьэкIуащэ А. Къалмыкъ А.)*.

.

Зи унафэ къэсщIынур зы лIэщIыгъуэ ныкъуэ нэхъыбэ лъандэрэ дызытеунахъуэм кърикIуэ Iуэхуращ.

Мы Iуэху пщхьэмыпэм нобэ имыгъэнэщхъейгуэ, адрей гукъеуэгъуэ псом нэхърэ нэхъ игу къемыуэгуэ нобэ тхэтыр куэду зырызщ.
Нобэ зэхэщIыкIыуэ диIэм и лей зэхэщIыкI дымыгъуэтынумэ, иджырикI дыкъэмыушынумэ, адыгэр дыкIуэдыжынкIэ шынагъуэщ. ДызытекIуадэр сыт жыпIэмэ?.. ДызытекIуадэрщ… ХьилмыкIэ гъэсэныгъэ зэрытхэмылъыж лъандэрэ зы хэку дисынщ, дыжылэнщ жытIэркъым… Ди жылэ, ди жут, ди щIапIэ, ди хапIэ тхъумэнщ жытIэркъым. Дунейр къызэрыхъу лъандэрэ дядэжьхэм, ди лъэпкъыжьхэм къащIэнауэ, зыми залымыгъэкIэ къытедмыхауэ, зыми къыфIэдмытхьэкъуауэ, диIэ ди Iыхьэ хьэлэлыр тхъумэн хуейуэ зэрыщытыр тщIэн хуейщ…

Дымыслъымэну зытфIэщIыж щхьэкIэ, муслъымэныгъэм и фарзри, и уаджибри, и хьэрэмри тщIэркъым… ЗыщIэуэ тхэтри куэду мащIэщ. Гуауэ тщыхъунумикI пэжыр арщ.

Илъэс хыщI нэхъыбэ лъандэрэ мы ди хэкужьу, мы ди щIыпIэ хьэлэлыжьыр добгынэри Тыркум докIуэж зэпыт.

Тыркум кIуэжыным псапэшхуэ хэлъуи ди гугъэщ. Тыркум дызэрыкIуэу занщIэу жэнэтым дилъэдэн тфIощI. Псапэ долэжь жытIэурэ, гуэныхь къызэрытхьыр, дунейкIикI, ахърэткIикI дызэрыунэхъуар ауи гукъэкI тщIыркъым. Мыпхуэдэу нэф-нэфу шэрихьэтым емыкIун Iуэху зэрыдлэжьыр Тхьэм къытхуигъэгъункIэ дыгугъэрэ? Къытхуигъэгъункъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Тхьэм акъыл къыдитащ. Япэ щIыкIэ дегупсысын, ди акъыл дгъэлэжьэн хуейщ. Ди гупсысэ къытхуэмыгъуэтмэ, дыщIэупщIэн хуейщ.

АрщхьэкIэ ар зэрыгуэныхьыр сщIатэкъым жыпIэж хъунукъым. Щхьэ ущIэмыупщIарэ жаIэнущ. Тхьэм и шыкуркIэ, ди хэкур дыбгынэн хуэдэу гугъехь дыхэткъым. ДинкIэ ныкъуакъуэ диIэххэкъым. Къэралу дызыбгъэдэтым нэхъ гущIэгъу къытхуэзыщIыни, нэхъ къытхуэхеину игъащIэми дгъуэтынкъым.

Ди хэку дыбгынэу Тыркум дыщыкIуэжкIэ муслъымэн щIыналъэр нэхъ зэв дощIри – ар зы. ИтIанэ дызыхыхьэ ди къуэшхэм яхуримыкъууэ щыт щIымкIэ хуэхъу-хуэмыхъумикI Iыхьэгъу, ныкъуэкъуэгъу дахуохъури – ар тIу. Тхьэм фIыр къыпхуищIэнщи, мыдэкIэ къызэднэкI ди къуэш, ди благъэ, ди Iыхьлыхэр нэхъ гуащIэмащIэ, нэхъ къарууншэ, нэхъ тегушхуэгъафIэ мэхъури – ар щы. Абы
щIы къищэхуу тIысахэмрэ щIыпIэфI яIэщ жыфIэу зывмыгъапцIэ, ипэ хуэдэу иджы щIы нэщI щыIэжкъым. Зырызхэм яIэрыхьам дэ псорикI дигъэтхъэнкъым. Си тхьэлъанэщ, къигъэзэжу мыбы къихьэжыным щIэхъуэпсу, щIэбэгыу ди Iыхьлы куэд Тыркум щыIэкIэ. АрщхьэкIэ цIыхум жаIэнум фIолIыкIри къонэ. А тхьэмыщкIэхэм я гъащIэр зыгуэудуэ, мыгъуэуэ яхь. Дэ Щам лъэныкъуэкIэ КъунэйтIэрэкIэ еджэу зы щIыпIэ дыщыIэщ. Ди Iэгъуэблагъэм елъытауэ ди псымрэ ди хьэуамрэ щытхъу иIэщ. Къуажэ цIыкIу фэкIуу къуажэ пщыкIутI дохъур. ДыкъызэрытIысрэ илъэс плъыщI нэхъыбэ мэхъури, алъандэрэ сэ сызыдэс къуажэр унэ пщIейм фIэкIауэ сщIэркъым. Бынуэ плIы е тху нэхъыбэ иIэу зы унагъуи сцIыхукъым. АхэрикI зэрыз дыдэщ. Адрей жылэхэрикI ди къуажэм ещхьыркъабзэщ. Иджы ар зи псрэ зи хьэуарэ нэхъыфIыращ. НэхъыкIэм и гугъ сщIыркъым. Мыбы щыIэхэм соплъри, унэ щитIу щытар унэ щих хъуащ. НэхъыбэIуэу тIысар щибл, щий хъуащ. Зы унагъуэм бынипщI, бын пщIыкIутху зиIэр зэрызкъым. Куэдщ. Ищхъэрэ ХьэтIохъущыкъуейм зы унагъуэ закъуэм текIауэ унэ хыщI дэсщ. Мыбы исхэм нэхъ лъы ящIэтщ. Нэхъыбэ ягъащIэ. Мыбы щыIэ адыгэхэр матхъэ. Нэхъ къулейщ. Кавказым хуэдэу щытхъу зиIэ дунейм щIыналъэ щыIэкъым. ИгъащIэм дисщ. Дунейм зыхуэдэ щымыIэ хэку хъарзынэр дыбгынэу дэнэ дыздэкIуэр? Сыту насыпыншагъэ. Сыту Iейуэ дыщыуэрэ! Жылэ къэралыр зэреджэу деджэмэ, мыпхуэдэ пщхьэмыпагъэхэр дэ ди щхьэ кърикIуэжынкъым. Дыжылэнщ. Дыунэнщ. Ди нэмысри ди нэсыпри нэхъ лъагэ хъунщ.

Ауэ дымыщIуэ дежьэмэ, къулейсыз дыхъунщ, ди сабий бынри губгъуэм икIуэдэнщ, Тхьэри къыдэбгынщ.

Ди ужькIэ цIыхухэр тхуэбгэнщ. ДагъэкIуэдащ, ди хэкури ягъэкIуэдащ жаIэнщ. Ныбжьырей хъуэн нэхърэ тIэкIу лIыгъэ зетхьэрэ, тIэкIу ди акъыл дгъэлажьэрэ ныбжьырей щытхъу къэтхьмэ, нэхъ дахэщ. Жылэ кIуэду зыбгъэкIэдынур Iуэху цIыкIукъым. Быдэу егупщысын хуейщ. Ди дин дгъэпэжынщ жытIэу дежьэркъэ? Стамбылыр жыжьэкъым. Сомищэ дгъэкIуэдмэ, мыбы дикIыу абы дыкIуэжыныр ди фарзрэ ди мыфарзрэ зэхэдгъэкIын тлъэкIынщ. Ауэ дызыIущIэ псом жаIэм зедгъащтэу дыхэтыныр акъылкъым. Мыращ адыгэм ди кIуэдыжыпIэр. Щхьэм акъыл имылъмэ, лъэм и мыгъуэщ. Жылэм хуэдэу дывгъэлажьэ, девгъаджи акъыл, зэхэщIыкI зэдывгъэгъуэт. Пэсэрейм «улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ къыпхуэкIуэнщ» жаIакъэ? Тхьэм фиузэщI, ди унэкъуэщхэ! Фегупсыс!

Цагъуэ Нурий, "Тхыгъэхэр" нап. 126.

* Гу зылъытапхъэ: Тхыгъэм грамматикэ илъэныкъуэкIэ нобэрей тхыкIэм темыхуэу куэд хэтщ , дэ абыхэм демыIусэу зэрыщыту къэдгъэнащ.

.

.

          

.