Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ МУХЬЭЖЫРХЭМ КЪАХЭКIА УСАКIУЭХЭР
къумыкъу Маринэ

CC - Literature and History Department

.

Хъунэгу Надие

 "Хэхэс гъащIэм и бэлыхь толъкъуным" зи псэр игъэхыщIэхэм я гум къипсэлъыкIыф усакIуэщ Хъунэгу Надие. Деплъынти хэхэсым и гурыгъу-гурыщIэр абы къызэриIуатэм:

.

Сэ сызэредзэ гъащIэм пхъэ къуэщIийуэ,

Ауэ къэхъуакъым сэ сыщыгужьей,

Гуауэм срихьэжьэм къэукъубийуэ,

Хьэзырщ гугъэр – ар си кхъуафэжьейщ.

Арщ хэхэс гъащIэм и бэлыхь толъкъуным

СыщIимылъафэу сызыIыгъыр сэ.

Арщ къэзылъыхъуэр си гур зыхущIэкъур,

Арщ незыджэжыр, си Хэку, уи деж псэр.

И гукъеуэри, псэм къытегъуалъхьэ псори щхьэщыхызыфынур и Хэку закъуэр арщ усакIуэм. Хъунэгу Надие и усэхэр куэдрэ къытрадзащ "Iуащхьэмахуэ" журналым, "Адыгэ псалъэ" газетым. Ар Амман дэсщ. Иорданием и щыхьэрым дэт адыгэ еджапIэм и унафэщIу Надие илъэс пщыкIушкIэ щылэжьащ. Амман щыIэ цIыхубз хасэм и унафэщIу лэжьащ, Хэкужьым тIэурэ-щэрэ къэкIуащ, и усэхэмкIэ щIэблэр къыхуегъэуш адэ Хэкужьыр фIыуэ лъагъуным:
 

Iуащхьэмахуэ "КъакIуэ" жиIэу,

Гуапэу сэ Iэ къысхуищIащ,

Си адэжьхэм бампIэу яIэр

Абдеж нэхъри зэхэсщIащ:

Уэ зэ закъуэ къыпIуплъэну

КъыпщIобэгыр, къыпхуокI я нэ,

ЩIыпIэ хамэ щыIэ бынхэм

Я гур, я псэр къыпхуобанэ.

Хъунэгур иджырей адыгэ усакIуэхэм къащхьэщокI зэчий бгъэдэлъымкIэ, и усыгъэхэм лъэпкъ нэщэнэ къызэребэкIымкIэ, лъэпкъ гурыщIэм зэрытегъэпсыхьамкIэ. Нэхъыбэу ахэр тегъэпсыхьащ дунейм и къэхъукъащIэхэм къахи­гъуатэ зэгъэпщэныгъэхэр "къигъэпсэлъэным", абыхэмкIэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэр къэгъэлъэгъуэным. Бгышхуэхэр, къурш лъагэ пагэхэр къигъэсэбэпурэ, абыхэм я пIэ и дуней зэхэщIыкIыр иригъэувэурэ образ гукъинэжхэр къегъэщI. Деплъынти абы и усэ сатырхэм хыр, тенджызыр, къуршхэр зэрахэувэм:

Хышхуэмрэ сэрэ.

I

Си къуаншагъэр узу къызофыкI,

Сыпсэуакъым си гум зэрыжиIэу.

ЖысIэн хуейхэр ауи къызжьдэмыкI,

Псалъэ кунэф къомыр схуэмышыIэ.

Хым и Iуфэм си псэр нызохьэс,

Здезгъэхьынут толъкъун Iэлхэм зэшыр.

Я щIалэгъуэу толъкъун лъэщхэр къос.

ЗэщIэкъуауэ ахэм ягъэзэжыр.

Къарууншэу ахэм ягъэзэж.

Сыту кIэщI толъкъунхэми я гъащIэр.

Хыр, фызыжьу, и щхьэм хуопсэлэж,

ЗыхимыщIэ пщащэм и гум щыщIэр.

II

Мы талайр уафэхъуэпскIым ещхьщ,

СщимыщIыф абыи псори наIуэ.

Хым и тхьэусыхафэм гур хегъэщI,

Си гум жиIэм хыр изогъэдаIуэ.

Толъкъун тхъуахэр джалэурэ IуокIыж,

Зыхуейр ахэм си деж щагъуэтакъым.

Сымаджэ хьэлъэ бауэу къысфIощIыж,

СыщIэдэIумэ, хым и бауэ макъым.

Адыгэ  гъыбзэ-уэрэд гъэпсыкIэ мы усэм зэриIэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, литературэм и хабзэфIхэмрэ IэмалыфIхэмрэ щызэуIущ, шэрыуэуи щызэдолажьэ, дунейм и къэхъукъащIэ ехьэжьахэри уи гъащIэм къыщыджэжу къыпщегъэхъу, цIыху гурыщIэри абы щIэжьыуэ хуо­хъуж. ГурыщIэр къыщагъэлъагъуэ уэрэдхэм зэрыщыхабзэу, пщащэр тенджызым бгъэдохьэри и нэм илъагъум и гум щыщIэр трегъапсэ, дунейм щекIуэкIхэр и гум щекIуэкIхэм хуехь, зэщIэлуи тхылъеджэм бгъэделъхьэж. Джалъэу зытеджалэ толъкъунхэр Надие Iэзэу хуегъэлажьэ усэм щIэлъ мыхьэнэ нэхъыщхьэм: "Я щIэлэгъуэу толъкъун уэсхэр къос – ЗэщIэкъуауэ ахэм ягъэзэжыр", "Къарууншэу ахэм ягъэзэж. Сыту кIэщI толъкъунхэми я гъащIэр".

Апхуэдэуи дызэхуеплъынти Надие и усэм хэт пщащэхэмрэ IуэрыIуатэм дызыщыхуэзэхэмрэ. Зэщхь ахэр: хы Iуфэм макIуэри, и гум щыщIэ псор иреIуэтылIэ. IуэрыIуатэ нэщэнэм зыдиужьми, усакIуэ цIыхубзым и псалъэхэр и гум, и псэм къабгъэдокI, лирикэ дахэм и теплъэ иIэу гупсысэ куухэм ухашэ. Аращ а усэ сатырхэм IуэрыIуатагъ хыумылъагъуэу, псори пщыгъупщауэ и кIэм унэсыху ущIеджэри: IуэрыIуатэм и нэщэнэ дэплъагъуркъым, дэплъа­гъуркъыми, гупсысэхэм я IэфIым укъызэтригъэувыIэркъыми, пщогъупщэ, уащхьэщокI.

Къэтхьа усэ сатырхэм, дауи, гу лъыптэнущ нэщхъеягъ къызэрыхэщым. Адыгэ цIыхубз усакIуэм и творчествэм и нэщэнэщ ари. КIуэрыкIуэм тету жьы хъууэ кIуэдыж толъкъунхэмкIэ ар абы зэрызыхыдигъащIэр. Нэпкъым нэсмэ, мэхъу къарууншэ, мэжэщI.

Ещхькъэ-тIэ ар цIыху гъащIэм? Дауи. Дунейм и къэхъукъащIэ къыщыхэдгъэщакIуэ, дгъэзэжынти Надие и уафэхъуэпскIымкIэ: "Мы талайр уафэхъуэпскIым ещхьщ. СщимыщIыф абыи псори наIуэ. Хым и тхьэусыхафэм гур хегъэщI. Си гум жиIэм хыр изогъэдаIуэ…".

Уэгури щIыгури щызэтащ мы едзыгъуэ закъуэм. АбыкIэ жытIэну дызыхуейр аращи, нэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэ псоми фIыуэ ялъагъу мы Iэмалыр къагъэсэбэпын: уафэгъуагъуэр, уафэхъуэпскIыр, бгыр, псыр къащтэри, абыхэмкIэ езыхэм я гупсысэм и пэжыпIэ-нахуапIэр белджылы ящI.

Апхуэдэу жыпIэ щхьэкIэ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэми я закъуэкъым, хэкум ис тхакIуэхэми ядыдолъагъу а Iэмалыр. Дигу къэдгъэкIыжынщ, КIыщокъуэ Алим и романхэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, мыбыи гу лъытапхъэщ: псынэ ткIуэпсыр дэнэ щIыпIэкъыщымыхутами зэрыпсынэ ткIуэпсу къызэрынэжым ещхьыркъабзэу, адыгэпсэр, адыгэ гупсысэр, адыгэгур дэнэкIи къыщызэтонэ, и гупщIэр и купщIэу, и къауатыр арауэ. Зи гугъу тщIы Iэмалхэмрэ къэгъэлъэгъуэкIэхэмрэ адыгэ хэлъу аращ, зы щIыпIэ щхьэхуэ щыIэм хэхуауэ бгъэдэлъ къудейуэ мыхъуу.

Хьэмэрэ Грузием щыпсэуа, щылэжьа Лохвицкэр аратэкъэ. Дигу къэдгъэ­кIыжынщ абы и «Уафэгъуагъуэ макъыр» - нэгъуэщI ухуейкъым… гурэ псэкIэ зэхуэдэщ, зыщ лъыр. Аращ дэнэ щыIэ адыгэри, зи щэным и жыпхъэ икIэ­рэхъукIыу, нэгъуэщIым техьэнкIэ щIэмыхуър, сыт хуэдэ дуней тетми, сыт хуэдэм и Iэр, и щхьэр хэлъми.

Хуабжьу Iэзэу къегъэлъэгъуэф цIыхум и гум щыщIэр зыхуэдэмрэ зыхуэ­дизымрэ Хъунэгу Надие. ХамэщI щыпсэу адыгэм и псэр, абы и хъуэпсапIэр-щэ?

Мыбдежым щытлъагъур гъэщIэгъуэнщ. ХамэщI щыпсэу, щылажьэ ди адыгэхэр  езыхэр  здэщыIэ  къэралхэм здахэтым, я культурэм, литературэм куэд дыдэ зэрыхащIыхыьым хуэдэурэ, адыгэу къонэжхэр – адыгэ хъэтI, адыгэ макъ, адыгэ хьэл-щэн, а зэрыжытIам хуэдэу, яIэжщ, нэгъуэщI къакIэрымыпщIэу, нэгъуэщIхэм яхэмыпщIэу.

КартэкIэ, щIыпIэцIэхэмкIэ фIэкIа ямылъэгъуа, ямыщIэ я Хэкужьым я гур щыIэщ, ар нэгу щIэмыкIыу тетщ дунейм. Мис арауэ къыщIэкIынщ абыхэм я Iуэхуи, я псалъи къабзагъым, адэжь лъапсэм хуаIэ къабзагъэм тегъэпсауэ щIыщытри.

Хъунэгу Надие иIэщ зы усэ хьэлэмэт. «Сыкъэвгъэуш» - аращ абы зэре­джэр. Иджыри къэс зи гугъу тщIа гупсысэхэр зэуIу щохъу мыбы узы­щри­хьэлIэ сатырхэм. Хьэрып псалъэмакъ здедаIуэм, абы и IукIэр фIэхьэлэмэту здигъэщIагъуэм усакIуэм и гур мажэ и Хэкужьым – Кавказым и теплъэр и нэгу къыщIохьэ, и плъыфэхэр илъагъум хуэдэщ:

Сыкъэвгъэуш сэ пщэдджыжьым жьыуэ,

Мо хьэпцIий хьэсэм сыхыхьэнщ.

Ныбгъуэ пшыналъэ зэщIэжьыуэм,

Хьэрып псалъэкIэм седэIуэнщ.


Къыщыслъыхъуэнщ бжэнтхьэху щэныфIэр,

ХьэпцIийр сэ IэгукIэ згъэхуэбэнщ.

Адыгэм и цей кхъуэщыныфэр

Абдеж си нэгум къыщIыхьэнущ.

ХамэщIым щыпсэу адыгэхэм я творчествэм и гугъу тщIыуэрэ, ищхьэкIи къызэрыхэдгъэщащи,  адыгэ  литературэм тенджызым ехьэлIа макъамэхэр куэ­­ду къыхощ. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Нанэ» усэ цIэрыIуэр:

Уэ пщIэрэ уи щIалэ цIыкIур

Хы Iуфэм щепэзэзэхыу?

ЩIыпIэ хамэм адэ-анэншэу

Къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу?

ЩыIэкъым мыбы зы махуи

Iуащхьэмахуи сигъэлъагъуфу,

ЩыIэкъым мыбы зы ани,

Нанэ, уэщхьу Iэ къыздилъэфу. 

Щыхъэрщ… и лъабжьэр тенджызу,

Гызыжу кхъухьхэр къепщылIэу,

Хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу,

Ферс фIейкIэ напэр щалъэщIу.

Мы сатырхэм IупщIу хыболъагъуэ Хэкужьым пэIэщIэ хъуа цIыхум и псэм хэкуншагъэр абрамывэу зэрытегъуалъхьэр, арыншэу абы и гъащIэр ужьыхыпэнкIэ зэрыхъунур. Ярэби, Алий хиса усыгъэ жылэр къэкIауэ, бэ­гъуауэ арауэ пIэрэ, жуегъэIэ нобэрей усакIуэхэу хамэщIхэм исхэм я IэдакъэщIэкIхэм ущыхэплъэкIэ.

ХамэщIым ис усакIуэхэм я гурыгъу-гурыщIэр Хэкужьым щыхуэгъэзам деж «щIагъыбзэ» къыхуагъуэтыркъым – щхьэтечауэ къаIуатэ, нехьэкI-къехьэкI хэмылъу. Ауэ щыIэщ нэгъуэщI къэIуэтэкIи, а фIылъагъуныгъэр – хэкур псэм зэрыщагъафIэр къраIуатэу. Апхуэдэу, мащIэу щIэуфа щIыкIэу, хэку фIылъагъуныгъэхэр дэзыгъэлъагъу иджырей къэбэрдей усакIуэхэм мымащIэу къахэбгъуэтэнущ. Къэтхьынщ апхуэдэхэм ящыщ зы усакIуэ – Ацкъан Руслъан – и къалэмыпэм къыщIэкIар:

Iущабэт мазэгъуэ жэщыр,

Ажалри къигъэдэIуэнт,

АрщхьэкIэ псэр зыгъэжэщIыр

Дэтхэнэм къызгуригъэIуэнт.

Ажалыр тпэжыжьэ хуэдэт,

Уэгу щIагъыр псэупIэм ещхьт,

АрщхьэкIэ мывэжьхэр хуэдэт,

Ныбжь фIыцIэр хьэпIацIэу  епщIт.

Бгы жьэгъур псым хэплъэрт фагъуэу,

Толъкъуным яхуищIу нэщхъ.

Ди къуажэм хуэпэжт зы лъагъуи

УплэхукIэ къэлъаIуэ пфIэщIт.

Къудамэр яутхыпщIырт жыгхэм,

Лъэтэну хьэзырщ жыпIэнт.

Зэм-зэмкIэ, хьэуар дэтхытхыу,

Ди ныджэм макъ гуэр щыпIэнкIт. 

Iущабэт мазэгъуэ жэщыр,

Зыгуэр игъэфIэну хуейт,

АрщхьэкIэ сабийт, къысфIэщIу

Блэр гъуэм къришыну хэт…

Лирическэ лIыхъужьым и «Мазагъуэ жэщыр» апхуэдизкIэ Iущабэщи, ажалри къигъэдэIуэфынут, арщхьэкIэ псэр зыгъэжэщIыр хэт къыдгуригъэIуэ­нуми абы къыхуэщIэркъым. Апхуэдэ зэпэщIэгъэуэныгъэм дыщыхуозэ усэм и иужьрей едзыгъуэми, ауэ нэхъ хэкъузауэ икIи пыухыкIауэ. Мазагъуэ жэщ Iэщабэ-Iущабэр хъарзынэт, ауэ «блэр гъуэм къришу» зэраныгъэ къишэнкIэ мыхъуащэрэт, жиIэ щIыкIэу еух Ацкъаным и усэр.4 Гурыщхъуэ уэзыгъэщI «щабагъэм», «Iущабагъэм», нэгъуэщI нэм къыIуидзэ къэхъукъащIэхэм уса­кIуэм къыщегъуэт, пэжыгъэкIэ гъэнщIа «зы лъагъуэ». «Ди къуажэм хуэпэжт зы лъагъуи, уплъэхукIэ къэлъаIуэ пфIэщIт» - жеIэ усакIуэм, и лъэхэр гурэ псэкIэ зэригъафIэм, ар и лъым зэрыхэтым шэч къыщIытепхьэн къигъанэркъым. Аращ дэри ищхьэкIэ «щIагъыбзэ» щIыкIэу къэIуэта гурыщIэ жы­хуэ­тIэжар.

Адыгэ усакIуэхэм куэдрэ зыхуагъазэ псым, тенджызым жытIащ. Щхьэусыгъуэншэкъым ар. Адыгэбзэм «псы», «псэ», «псалъэ», «гупсысэ», «псыр псэ хэлъхьэжщ» жыхуэтIэу дызыщрихьэлIэхэм «гъащIэ» мыхьэнэр ящIэлъу къыщIидзынри хэлъщ. Арагъэнщ а зэщIэжьыуэ псалъэхэр усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм куэдрэ къыщIыщыкIуэр. Ацкъаным етх:

УIумысамэ псы Iуфэм жэщу,

Псым и псэукIэр къэпщIэнкъым щIагъуэу.

Псым и гупсысэм нэхъыфIт сыхыхьэм,

Хьэзырт толъкъунри сришэжьэну.

Хэхэс адыгэ усакIуэхэм я темэ пажэм – тенджызыр персонаж хьисэп щыхъухэм дгъэзэжынщ.


4 Бакова З.Х. Единство народа – единство литературы. Майкоп, 2000.

.

.

          

.