Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

КIЫЩОКЪУЭ АЛИМ
Романхэм яхэлъ псэгъэгуфIэ дахагъэр къызыпкърыкIыр

Бакъ Зерэ
филологие щIэныгъэхэм я доктор профессор
Къумыкъу Маринэ
ЕгъэджакIуэ
01.06.2009

CC - Literature and History Department

.

КIыщокъуэ Алим. Романхэм яхэлъ псэгъэгуфIэ дахагъэр къызыпкърыкIыр

КIыщокъуэ Алим теухуауэ тхыгъэ мащIэ ятхакъым. Илъэс пщIы бжыгъэхэм и кIуэцIкIэ литературэм и къэхъугъэхэми цIыхубэ гъащIэми я курыкупсэм ита нэхъ тхакIуэ цIэрыIуэ закъуэтIакъуэхэм ящыщщ ар.

.

Абы дэщIыгъужын хуейщ мыри: иджыри къэс фIырэ Iейуэ къалъытэу щыта псоми щIэрыщIэу щеплъыж, ахэр я уасэкIэ щызэблагъэувыкIыж мы ди зэманми КIыщокъуэм хуащI гулъытэр, пщIэр зыкIи нэхъ мащIэ хъуакъым. Абы и щхьэусыгъуэр КIыщокъуэм сыт хуэдэ къулыкъушхуэ имыIыгъами, щхьэпагэу къемыплъыхыу, цIыхугъэ нэсым и пщалъэкIэ гъащIэм еплъу къызэрекIуэкIарщ. ЗэхъуэкIыныгъэм и илъэскIэ дызэджэм ди гъащIэмрэ ди литературэмрэ къыхаха унэтIыныгъэр - къыхуеджэныгъэхэр IэщIыб ящIу цIыхубэр цивилизацэм хуэзышэ, зезыгъэужь, зи уасэр нэхъ лъагэ фIэкIа зэи къемыхуэх гурыIуэгъуэхэм я гупэр зэрыхуагъэзар, КIыщокъуэм  куэдкIэ нэхъапэ иту и дуней тетыкIэмрэ и лэжьыгъэкIэ къигъэлъэгъуащ. I948 гъэм, балъкъэрхэм ауэ я цIэ къудей къипIуэну щышынагъуэм, КIыщокъуэм и усэ тхылъым хигъэхьащ Кулиев Къайсын хуэгъэза усэ. Ар КIыщокъуэм ныбжьэгъугъэр зэригъэпэжым и щыхьэт къудейкъым, атIэ зэи езым и дуней еплъыкIэм зэрытемыкIынуми и нэщэнэт. Абы къигъэлъагъуэрт КIыщокъуэм и лIыгъэри - литературнэ лэжьыгъэм къыхэщащ а лIыгъэм и инагъыр.

Сыт КIыщокъуэм и творчествэ псом я нэщэнэ нэхъыщхьэу хэлъыр жыпIэрэ узэупщIыжмэ, Iэмал имыIэу мыпхуэдэ жэуапым ухуэкIуэнущ: абы и тхыгъэхэм цIыхум и гум къыщыхъу-къыщыщIэхэмрэ дунейм щекIуэкIхэмрэ щызэпыщIащ - а тIур апхуэдэу зэуIуу къэзыгъэлъэгъуэфынур, псэм зыхезыгъэщIэфынур творческэ зэфIэкIышхуэ зиIэрщ.

КIыщокъуэм и творчествэм щIэуэ хэлъымрэ абы къикIуа творческэ гъуэгуанэмрэ убзыхуным, тэмэму джыным мыхьэнэ иIэр, адыгэ творческэ щIэныгъэрылажьэм я зэхэщIыкIымрэ я зэфIэкIымрэ зэрызиужьа щIыкIэм щыгъуазэ зэрызыпщIым и закъуэкъым, атIэ абыкIэ дэ адыгэ литературэ псом щекIуэкIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэми датоIэбэж, тхакIуэ дызытепсэлъыхьым и дуней еплъыкIэмрэ и тхэкIэ зихуэдэ щымыIэмрэ япыщIауэ.

Ди япэкIэ КIыщокъуэ Алим и творчествэм, и гъащIэ гъуэгуанэм тепсэлъыхьахэм къызэрагъэлъэгъуащи, абы и тхыгъэхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, езы авторым е абы зыгуэркIэ къепхахэм ятеухуа хуэдэу гъэпсащ. Псори гупсысэ куу зыщIэлъ образ хьэлэмэтхэмкIэ къулейщ, икIи къыбгуроIуэ ахэр зы цIыхум - авторым - е ар къэзухъуреихьхэм я гъащIэм къыщызэтемыувыIэу - адыгэ лIакъуэ куэдым зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ къакIуа гъуэгуанэм къуэпскIэ быдэу пыщIауэ зэрыщытыр.

ТхакIуэшхуэм и литературнэ жанр къуэпсыбэм щыщ дэтхэнэми нэхърэ нэхъ наIуэу прозэм къыщыхощ и бзэм и зыужьыкIэр, и хъэтIым игъуэт зэхъуэкIыныгъэр. КIыщокъуэм и прозэм къыщыгъэлъэгъуа хъуащ лъэпкъым и тхыдэр, дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм  адыгэр къызэрыхущIэкIыр, гъащIэм щызрихьэлIэ гугъусыгъухэми къызэрыхэкIыф щIыкIэр - и псэмрэ и напэмрэ къабзэу.

Лъэныкъуэ куэдкIэ, куэд дыдэкIэ щолажьэ Алим и прозэ зызыужьа - зэманым и нэпкъыжьэ зытелъыр - Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэу зэман зэхуэмыдэхэм къэхъухэм гъэхуауэ ятепсэлъыхьыр. Ауэ а псори зыкIэ зэщхьщ - дэтхэнэри лъэпкъым и гъащIэм теухуащ. КIыщокъуэм и  тхыгъэ ныхъыфIхэр зэбгъапщэмэ, гу лъытэгъуей хъунукъым а темэ нэхъыщхьэр къэгъэлъэгъуэныр зэрекIуэкIа щIыкIэм, зэпымыууэ абы зэрызригъэужьам, а Iуэхушхуэ еIкуэкIхэм хэт цIыхухэм фIы и лъэныкъуэкIэ ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм.

Нэхъапэм лъэпкъ Iуэху зехьэкIэм и тэмэмыпIэр къыщыгъэлъэгъуа худэжественнэ тхыгъэм пщIэ зэрыхуащIари, къызэралъытари ахэр марксистско-ленинскэ теорие хъужым зэрыбгъэдыхьэмрэ социалистическэ реализмэ яубзыхуам зэрытехуэмкIэу щытащ. А зы къупхъэ-жыпхъэм изэгъэн хуейуэ арат псори. Апхуэдэущ КIыщокъуэм и творчествэхутэхэр Iуэхум зэрыбгъэдыхьэу щытари, жаIа-ятхахэр зэрыгъэпсари.

Ауэ щыхъукIи, КIыщокъуэм и творчествэм, псом хуэмыдэу и прозэм, а жыхуэтIа къупхъэ-жыпхъэхэм имызагъэ куэд ущрохьэлIэ. А зи гугъу тщIыхэр IэджэкIи нэхъ лъагэщ, я мыхьэнэкIи нэхъ куущ, адыгэ лъэпкъым революционнэ гъуэгукIэ къикIуам теухуауэ щыIэ литературэ псом нэхърэ. Абы и щхьэусыгъуэхэр мымащIэу щыIэщ икIи къэбгъэлъэгъуэфынущ. Ирикъуни, псалъэм папщIэ, цIыхур зи щIысыр, ар зыхуэдэр, и мыхьэнэр, ар партым, революцэм зэрыхущытым, абыхэм зэрахуэпэжым тещIыхьауэ гъуазэ яхуэхъуа а социалистическэ реализмэм темыкIыу ятх художественнэ тхыгъэхэм къыщагъэлъагъуэу зэрыщытар. Апхуэдэ «лIыхъужь» нэхъыщхьэхэт япэ адыгэ революционерхэр, большевикхэр, ныкъусэныгъэ лъэпкъ яхэлъынкIэ Iэмал иIэтэкъым, я нэхъ хьэл мыхъумыщIэ дыдэу яхэлъри щIихъумэжырт большевикыу, партым хуэлэжу зэрыщытым. Мис аращ КIыщокъуэми и образ нэхъыщхьэр нэгъуэщI гъуэгукIэ кIуэуэ, Мэтхъэн Къазджэрий («Бгыщхьэхэр жейркъым»), нэгъуэщI гупсысэкIэ къыщыкъуэкIым, ямыдэу куэд утыкум щIилъэдар, литературэхутэхэмрэ критикхэмрэ ящIэнур ямыщIэжу къэнауэ щIыщытар. Апхуэдэу щытми, а образ дыдэрат революцэми коммунист парт Iуэхуми, адрейхэм емыщхьу, езым и еплъыкIэ щхьэхуэ щIэуэ хузиIар. Лъэпкъ къызыхэкIам и гум щыщIэм ар псэкIэ нэхъ и гъунэгъути, модрейхэу, революцэм и купщIэр зи напщIэ телъхэм нэхърэ нэхъ захуэу, нэхъ тэмэму къыщIэкIащ.

КIыщокъуэм и тхыгъэм нэхъыщхьэу къыхэщ цIыху пэрытхэр адыгэ IуэрыIуатэм, эпосым хэтхэм ещхьщ. Ахэр пэжыгъэм, захуагъэм, фIым (щхьэж езым ахэр къызэрыгурыIуэм тету) я телъхьэщ, я бэнакIуэщ. Пэжым, захуагъэм КIыщокъуэм и романым щрит мыхьэнэм кудым уарегъэгупсыс. ТхакIуэм  мыпхуэдэ упщIэ къегъэув: сыт фIыр зищIысыр? А упщIэм КIыщокъуэм и лIыхъужьхэм щхьэж езым и зэхэщIыкIым тещIыхьауэ жэуап иратыж.

Мыбдежым КIыщокъуэр и романым щытетащ лъэпкъым эстетикэ и лъэныкъуэкIэ иIэ хьэлым. КIыщокъуэм цIыху ищIа бгыщхьэхэр къызэщIигъэхъеящ, псэ яхилъхьэри, иригъэгупсысыжащ: лъэпкъыр Iуэхугъуэшхуэхэм щыхэхуа мы лъэхъэнэу, тхыдэм зи нэпкъыжьэ къытенэнум, сыт япэ игъэщыпхъэр? Абы и жэуапыр щхьэж зэрыритыр къигъэлъэгъуащ: дэтхэнэра а бгыщхьэхэм бэм гъуазэ яхуэхъупхъэр? Тхылъищу зэхэт мы тхыгъэшхуэр нэхъри нэхъ къуэпсыбэ, къудамэбэ ищIащ абы.

Мис а псоми къапкърыкIыжу, КIыщокъуэм и тхыгъэхэм гупсысэ хьэлэмэт дытрашэ: дыхэт дэ, адыгэхэр, икIи сыт хуэдэ увыпIэ дэнэ и деж щыдгъуэтрэ мы дунеижь къекIэрэхъуэкIым и теувапIэ къомым? Абы IупщI ещI тхакIуэм и художественнэ прозэр зыхуэдэри абыхэм хэт лIыхъужьхэм я гупсысэхэри я Iуэхухэри.

.

.

          

.