Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АБХЪАЗЫМРЭ ОСЕТИЕ ИПЩЭМРЭ КЪАЛЪЫТЭНУ?
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег

CC - News Department

.

Куржым и Лейборист партым и унафэщI Нателашвили Шалвэ щIыпIэ журналистхэм иджыблагъэ яжриIащ Куржы къэралыгъуэр къэгъазэ имыIэу зэрыщащэр.

Апхуэдэу щыхъукIи, щIыпIэ властыр зыIыгъхэм я къулыкъур зэрахъумэным къыдэхуэу нэгъуэщIым игъэпIейтейкъым.
 Нателашвили Шалвэ къыхигъэщащ Латин Америкэм хыхьэ къэралыгъуэ зыбжанэм Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ я щхьэ хущытыж къэралыгъуэ щхьэхуэу къалъытэну зэрызагъэхьэзырыр.

 Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ я телъхьэу зэман дызыхуэкIуэм къэувынущ Боливиер, Венесуэлэр, Кубэр, Гондурасыр, Эквадорыр, нэгъуэщI къэралхэри, жиIащ абы.

 

.

.

.

.