Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ХЬЭЩIЭ ЦЫКIУХЭР
НЫБЭЖЬ Таисэ

CC - News Department

.

Къэбэрдей Балкъэрым щIалъэгъуалъэ Iуэхухэмрэ щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Тыркум щыIэ Къавказ хасэхэм я фэдэрацэмрэ зэгъусу къызэрагъэпэща организацэм къригъэблъэгъа ныбжьыщIэ гупыр Нальшыч къэкIуащ.

Я ныбжьхэр 11м щыщIэдзауэ 18 нэс зызыхъуэж цIыкIхэур 21 сабий мэхъу.
Министерствэм яхуигъэпса программэм зэрэтету махуэ къэс ныбхьэщIэхэм ди хэкум и щIыпIэ дахэхэр ирагъэлъагъу, къырашэкI, зырагъэплъыхь, я нэгум зрагъэужь.Абы нэмыщIи махуэ къэс сыхьэтищ Адыгэбзэ ирагъаджэ.

Ипэ махэухэм тIэкIу щтэIэщтаблэу щыта сабиIхэр иджы фIыдыду есэжахэщ.Псэури къызэрыкIуам щыгуфIкIыжу ахуэдэщ.

БзэкIэ гугъу ехь цыкIхэр ягъэгушхуэн папщIэ Тыркум къикIыжу къэкIэжыпа унагъуэхэм я щIалъэ-хъыджэбз цIыкIхэмрэ хьэщIэ цIкIухэмрэ тхьэмахуэ махуэм Пэрыт хасэм щызэхуашэсри зэрагъэцIыхуащ.

ЛъэныкъутIым я цIыкIухэр псынщIэ дыду зэгурыIуэри, здэджэгуахэщ Къуэдз Мишэ игъасэ пшынэауэ щалэ цыкIухэри зэрахэту джэгу ящIащ.

Махуэм икIэм цIыкIухэр я нэгъухэр гуфIэжу зыщыхьэщIэ Радуга санаториумым екIуэлIэжахэщ.
 
...
 
 
 
 
 
 
 

.

.

.