Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ЯПОНИЕМ КЪИКIА ХЬЭЩIЭ
КIарэ Фатим

CC - News Department

.

Японием токйо унивэрситетым и лэжьакIуэ антрополог Iэйжи Миязава Къэбэрдей къэрал университетым и хьэщIэу мазищ нальчик щыIэну къэкIуащ.

Токйо университетым, къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм елэжь къудамэм и акадэмик щIалэр, 1995-1996 гъэхэм тыркум щыIэ адыгэхэм илъэситI хуэдиз яхэсри, хэхэс Адыгэхэм я псэукIэм,я щэнхабзэм,я тхыдэм елэжьащ, тIэкIуи Адыгэбзэ зригъэщIащ.

А лэжьыгъэм щызэхуихьэсахэмкIэ японием Адыгэхэм теухуау конфэрэнсищ щитащ,икIи тхыгъэ гуэрхэри къытыригъэдзащ.

Иджы а лэжьыгъэм къыпищэн мурадкIэ къэбэрдейм къэкIуащ щIэныгъэлIыр.

Хэкум къэзгъэзэжа Адыгэхэм я Iуэху зытетым хэплъэну,ахэм япсалъэу я гупщысэхэр къызэригъэщIэну,къгъэзэжын Iуэхумрэ къэзгъэзэжахэм я гъащIэм къыщыхъу зэхъукIыныгъэмрэ къипщытэну мурад зыщIа щIалэр зылъэныкъуэкIи Адыгэбзэр фIыуэ зригъащIэу Адыгэ хэкур зригъэцIыхуну хуещ.

Къызэрысу университетым къыхуигъуэта Адыгэбзэ егъэджакIуэм дэлажьэу щIэзыдза щIалэр,ар хуримыкъуу и мурадыр нэхъ псынщIу къехъулIэн папщIэ пэрыт хасэм и егъэджакIуэми долажьэ.

Эйжи Адыгэ хабзэр езым я хабзэхэм пэмыжыжэу,абы папщIи Адыгэхэм щахэсам щIагъуэ гугъу емыхьу зыригъэкIуфау аращ жиIир.

Унивэрситетым и хьэщIэу къэкIуа академик щIалэр иджыри мазищкIэ нальчик щыIэнущ.

.

.

.