Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

КОЛУМБ ХРИСТОФОР АДЫГЭ?
КЪэРМОКЪУЭ Хьэмид

CC - News Department

.

Америкэр къызэIузыхауэ щыта Колумб Христофор дунейм зэрехыжрэ илъэс 500 щрикъуам щыгъуэ (2006 гъ.) Дунейпсо щIэныгъэ конференц зэхэтауэ щытащ.
ЩIэныгъэлI куэд кърихьэлIащ абы, адмирал цIэрыIуэм и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ доклад гъэщIэгъуэнхэр щащIащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн къащыхъуащ Гранадэ университетым и профессор Хосе Антонио Льоренте жиIар.


Абы къы­зэ­ри­хутамкIэ, Колумб къызыхэкIар кавказ лъэпкъщ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, адыгэщ - аращ щыхьэт зытехъуэр адмиралым и хьэдэ къупщхьэм и ДНК-р. Колумб и къуэшхэм я ДНК-ри къихутащ профессор Льоренте ари щыхьэт тохъуэ ахэри шэрджэсхэм къазэрыхэкIам.

Колумб 1451 гъэм къыщалъхуащ Генуе (Италие). Курыт лIэщIыгъуэхэм къаруушхуэ бгъэдэлъащ Генуе республикэм, абы щыщ сатуущIэхэр XII лIэщIыгъуэм нэсауэ щытащ Кърымми абы къедза щIыналъэхэми, илъэс 200 дэкIри, генуез сатуущIэхэм Кърымым пщы­гъуэ лъэрызехьэ къыщызэрагъэпэщын яху­зэфIэкIащ. А зэманым абыхэм нэхъ я гъунэгъу дыдэр адыгэхэрат - ахэр щыкуэдт Кърымым (Таврием). Генуезхэмрэ шэрджэсхэмрэ щIэх дыдэ благъэ зэхуэхъуащ, сату зэдащIурэ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, дзейуэ зэувалIэурэ. Аркъудейкъым: адыгэ лIакъуэлIэшхэм ящыщ куэд чыристан диным ихьащ, генуез бзылъхугъэ щхьэгъусэ ящI хъуащ, Италием (Генуе) Iэпхъуари мащIэкъым. Езы генуез лIакъуэ­лIэ­ш­хэми сатуущIэхэми щхьэгъусэ ящI хабзэр шэрджэс бзылъхугъэт. Колумб и адэра хьэмэ и анэра адыгэр - ар гъэбелджылыгъуафIэкъым, ауэ профессор Льеоренте шэч къызытримыхьэр абы адыгэлъ зэрыщIэтырщ.

Испан Интернет-сайтхэм япкъ иткIэ  зытхар Тернавский Николайщ.  2009 гъэ.

P. S. Генуезхэр Кърымым къыщысам щыгъуэ абы адыгэ куэд исащ. Джэнуез - аращ адыгэхэр Таврием (Кърымым) къитIысхьа генуезхэм зэ­ре­джэу щытар. Джэнуезхэм Кърымми абы къе­дза щIыналъэхэми къалэ-быдапIэ (сату ­щIы­пIэ) зыбжанэ щаIащ, я къалащхьэр Къафэт (иджы Феодосие). Джэнуезхэм апхуэдэ са­ту­ щIыпIэ щаIащ Кавказми - шэрджэс хы Iуфэм (Анапэ, Тэман, н.)

Кърымым къыщызэтенащ абы адыгэ зэрисам щыхьэт техъуэ щIыпIэцIэ, псыцIэ, бгыцIэ куэд; иджы Альмэ зи цIэ псым КъэбэрдейкIэ еджэу щы­тащ зэгуэр (Къэбэрдеипс, Къэбэрдей псы­хъуэ).

Тэтэрхэм Кърымыр яубыда нэужь (1443 гъэм), джэнуезхэр зэхэзехуэн ящIри, а щIына­лъэр ябгынэн хуей хъуауэ щытащ, адыгэхэри я хэкум, Кавказым, къэIэпхъуэжащ. 1451 гъэм тыр­кухэм Истамбыл яубыдащ, Босфор хытIуалэр абы щегъэжьауэ зэхуащIри, джэнуезхэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэжа щыIэкъым, сатуи зэдащIыжакъым.

.

.