Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

РИХЬЭНИЕ ЩЕКIУЭКI АДЫГЭ ФЕСТИВАЛ
ДЖАТОКЪУЭ Залинэ

CC - News Department

.

Израилым щыщ Рихьэние жылагъуэм дыгъуасэ гуфIэгъуэ зэхы­хьэ­шхуэ - адыгэ фестиваль - къыщызэIуахащ. Абы хэтащ цIыху 3000-м щIигъу.
 

Илъэсищым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэхэм къызэрагъэпэща Рихьэние, Кфар-Камэ къуажэхэм дэсхэм я мызакъуэу, абы кърихьэлIащ икIи къыщыпсэлъащ Израилым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрри, ищхъэрэ, ипщэ щIыналъэхэм я Iуэху­хэмкIэ и министрри. А зэхыхьэм и мыхьэнэр зэрыиныр къегъэлъагъуэ абы департамент зэхуэмыдэхэм, куейхэм я унафэщIхэр, Галилее Ипщэм къе­дза жылагъуэхэм я тхьэмадэхэр, нэ­гъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэ куэд къызэрырихьэлIами.
 

ХьэщIэ лъапIэ псоми хагъэфIыкIыу ди лъэпкъэгъухэр къаIущIащ я адэжь хэкум и лIыкIуэхэу КъБР-м хъыбаре­гъа­щIэ IэнатIэхэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Пащты Борис, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Адыгэ­ унэ» тыкуэн-музейр зыгъэ­ла­жьэ, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI IутIыж Мэжид, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артистхэу Шэрджэс Iэсият, Ташло Алий сымэ.
 

Фестивалым къыщызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыщыпсалъэм, Пащты Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, IутIыж Мэ­жид сымэ къыхагъэщащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIахэр дэнэ щыпсэуми зэрызэрыщIэр, ди зэпыщIэныгъэхэр дяпэкIи гъэбыдэнымкIэ, я хабзэр, я анэдэлъхубзэр ящIэу щIэблэр къэгъэтэ­джы­ным­кIэ мыпхуэдэ зэхуэсхэм мыхьэ­нэшхуэ зэраIэр. Фестивалым кърихьэлIахэр гуапэу къаIущIащ ди артистхэми - абыхэм я утыку итыкIэм, ягъэз­э­щIа уэ­рэд­хэм Iэгуауэ­шхуэ хуаIэтащ.
 

Iэтауэ, дахэу екIуэкIа фестивалым и сценэри абы хуэфэщэну гъэщIэрэщIат - ди лъэпкъ дамыгъэ зэхуэмыдэхэм я мызакъуэу, абы щыплъагъурт Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм я бэракъхэри.
 

Нобэ, шыщхьэIум и 8-м, ди республикэм и лIыкIуэхэр яIущIэнущ Кфар-Камэ щыIэ Адыгэ Хасэм къекIуа­лIэхэм, иужькIэ адыгэ хьэгъуэ­лIыгъуэ а щIы­пIэм зэрыщрагъэкIуэкIым, ди лъэпкъ хабзэхэр зэрыщагъэзащIэм ирагъэп­лъынущ. Тхьэмахуэ махуэм хьэщIэхэм Иерусалим зыщрагъэп­лъыхьынущ.

.

.

.