Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

СОСРЫКЪУЭ К1УЭ ГЪУЩ1 ГЪУЭГУ
КIарэ Фатим

CC - News Department

.

«Сосрыкъуэ» зыф1аща шхап1эр  1970 гъэм яухуауэ щытащ. Мыр шхап1э къызэрыгуэк1къым, ат1э Налшык, уеблэмэ Къэбэрдей- Балъкъэр республикэ псом и дамыгъэу щытщ. «Сосрыкъуэ» Урысей псом дэт шхап1э нэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщщ. Налшык къалэ и сыт хуэдэ куейм ущытми плъэгъунущ ар.

1967 гъэм Налшык и дамыгъэу къалэм зыгуэр дэщ1ыхьын хуейуэ псалъэмакъ къа1этащ. Архитектор, скульптор нэхъыф1 дыдэхэм  я гупсысэ къыхалъхьащ, я 1эдакъэщ1эк1хэр ягъэлъэгъуащ. Псом нэхърэ  Р.И. Палагашвилирэ М.П. Хлудневскэрэ я проектхэр нэхъ ягу ирихьащ. Ауэ «Сосрыкъуэ» ауэ къызэрыгуэк1 ухуэныгъэу, сэбэпынагъ гуэр къыпымык1ыу щымытын щхьэк1э абы шхап1э щащ1ыну мурад ящ1ащ. Псори абык1э арэзы хъуащ, документхэр ягъэхьэзырри ухуэным щ1адзащ.

Ауэ яуха лэжьыгъэм щыгуф1ык1ыну хунэмысу, щ1ымахуэ щ1ы1эмрэ гъатхэм уэшх куэд къешхамрэ  я зэранк1э и щхьэ грунт псы зыщ1эзыфар къехуу хуежьащ.

Япэ щ1ык1э грунтыр зыгъэбыдэн блын яухуэн ягугъуащ, ауэ ар Кизиловкэ деж щыпхык1ынутэкъым,дэгъэзеигъуэр задэ 1ейт.

Ар щымыхъум нэгъуэщ1 гуэр къагупсысащ. Метр 16 зи кууагъ гъуанэ яубрууэ и щхьэм телъ ят1эр къытрахуу абы мывэ трак1утэну, ауэ апхуэдэу пщ1ын щхьэк1э дэгъэзеигъуэм тет жыгхэр иупщ1ык1ын хуейт. Урысей псом и архитекторхэм я нэхъыф1хэм щыщ Богдан Смертюк же1э: « Дэгъэзеигъуэм мывэ трак1утэмэ бгыр къуий зэрыхъуныр яжес1ащ. Абы щыгъуэм сэ нэхъ сф1экъабылт гъущ1рэ – бетон зэхэлък1э  трагъэжыхьмэ. Апхуэду пщ1ымэ абы и щхьэм хьэщ1эщ, пэш пл1ыщ1у зэхэту тепщ1ыхь хъунут. Абы щыгъуэ шхап1э- хьэщ1эщ комплекс дэгъуэ къыхэк1ынут. Абы нэмыщ1 сэ къыхэслъхьащ «Нарт» хьэщ1эщым щыщ1эдзауэ «Сосрыкъуэ» шхап1эм нэс гъущ1 гъуэгу ц1ык1у тралъхьэну, а гъущ1 гъуэгум вагон ц1ык1уит1 трагъэувэну. А вагонхэм шхап1э къыщызэ1упх хъунут.1уэхур щек1уэк1ыр 1990 гъэрат. Абы щыгъуэм секретару тета  Сэхъум гупсысэр хуабжьу игу ирихьащ, арщхьэк1э ар зэращ1ын ахъшэ республикэм и1этэкъым. Ик1и ахъшэ 1уэхур зэф1агъэк1ыху Совет Союзри зэбгырылъэлъыжащ. Проектри тхылъымп1э напэм къытена къудейуэ аращ».

Абы лъандэрэ илъэс куэд дэк1ащ, ауэ иджыри Кизиловкэ и дэгъэзеигъуэр  тэмэму гъэбыда хъуакъым. Ик1и грунтым къехуу щ1идзэжынымк1э шынагъуэ щы1эщ.

.

.

.