Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ХЬЭШЫР ЧЫЛАР И ЦIЭКIЭ ЗЕКIУЭ
Къаныкъуэ Анфисэ

CC - News Department

.

Налшык къалэ Абхъазым и утым щрагъэжьащ шууей гуп. Иджырей зекIуэр хуаунэтIащ урысей экспедицэм хэта къэбэрдей щIалэ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIрэ илъэси 180-рэ зэрыри­къум.

 Шууехэм я пашэщ «Гуэрэн» шы фермэм и унафэщI Егъэн Ибрэхьим, апхуэдэу гупым яхэтщ КъБКъУ-м и профессор ЦIыпIынэ Аслъэн.

ЗэрытраухуамкIэ, илъэси 180-рэ и пэкIэ генерал Эмануель къызэригъэпэща экспедицэр зрикIуа гъуэгуанэм тету шууейхэр ПсыхуабэкIэ кIуэцIрыкIыу, Iуащхьэмахуэ лъапэ нэсын хуейщ. ИтIанэ адэкIэ абыхэм къежьэ альпинист гупыр Iуащхьэмахуэ дэкIынущ. Альпинистхэм яхэтщ Псыхуабэ щыщу цIыху 30, Адыгэ Республикэм и лIыкIуэу 2, Къэрэшей-Шэрджэсым ейуэ 5, апхуэдэу къэзакъ, урыс, балъкъэр, франджы лъэпкъхэм щыщхэри.

Абхъазым и утым щекIуэкIа дауэдапщэм къыщыпсэ­лъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, урысхэм я «Вече» щэнхабзэ екIуэлIапIэм и нэхъыщхьэ Канунников Анатолий, Iуащхьэмахуэ дэкIыну альпинист гупым и пашэ Хьэшыр Аскэр, нэгъуэщIхэри.

.

.

.