Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ТХЫБЗЭПЭ ЛИТЕРАТУРЭР
 ДжэгуакIуэхэр
Мэсей Исуп

CC-Literature and History Department

.

ДжэгуакIуэ, уэрэдус, къамылапщэ, хьэтиякIуэ, вентролог, мим. Мыжей МытIыр и къуэ Сэхьид 1856 гъ. Хьэжрэтым щыщ Беслъэныкъуэм и къуажэм (иджы – Инжыджышхуэ) къыщалъхуащ. КъызыхэкIар мэкъумэшыщIэ унагъуэщ.

.

Къамылапщэ ФIыцIэ жыхуаIэм игъасэри джэгуакIуэм яхишащ, и гъэсэныр къытекIуэу щилъагъум езым IэщIагъэр игъэтIылъыжащ. Сэхьид мэкъумэшми елэжьырт, гуфIэгъуэ зиIэми яхуэджэгурт.

ФызитI зэдауэрт, жаIэ, лъэпIагъуэ зэримыгъахуэуи, язым «сэ си хьэгъуэлIыгъуэм Сэхьид хэтащ, тхьэ!» - жиIэри и жьэр ипхат. ЕджапIэ гуэри щIэхьакъым. Совет лъэхъэнэм район советым депутату хахыу, джэгуакIуэ зэпеуэхэм хъупхъапщIэр къыщихьу щытащ. Шэрджэс къэфакIуэ ансамблым къымылапщэу, уэрэдгъэIуу хэтащ.
 

1949 гъ. Февралым и 20-м дунейм ехыжащ.

ГушыIэ уэрэд, усэ, къызэрыфэ макъамэ зэхилъхьэу щытащ.
 

Литературэр:

Пщыбий И. Шэрджэс джэгуакIуэшхуэ Мыжей Сэхьид. – «Пщыбий Инал. Гъуэгуанэхэр». Налшыч, 1983, н. 73-81.



  Уэрэдхэр 

Уэдобнэ джабэ
 

Дерхэ шытхъуэ тхыпцIэжьыр

АдырыщIым къызэпыраш,

Тэркъаным и къэшэн дахэм

А махуэм гущыкI къыхуищIт.

 

Мэремым шэджагъуэ нэужьым

Къэзакъыдзэр къызэрыкъуох,

ХъутI къуий хъыбар зэхихмэ

ХьэщIэщ нэщIым яфIыщIохьэж.

 

Уэдобнэ шы гъуабжэ кIэхум

А махуэм и кIэр иресэ,

Джазэхэ я пэсыринэр

Псы тIуащIэм яфIыдохьэж.

 

Уэдобнэ фи бэрдан1 нэщIыр

БыришкIэм тырагъэлъадэщ,

Мэз гъакIам щIэлъэдэжар

Хьэбэчырым фи Мыхьэмэтщ.

 

Еуэ-уей Уэдобнэ джабэм,

Адэ мыгъуэ гъунэр къыралъ,

БгыхукIэм къырагъэлъагъэр

Хьэбэчырым фи Мыхьэмэтщ.

 

Дерхэ фи Тэркъаныжьыр

Адэ мыгъуэ и щхьэм къыщотхъу,

Пхъужь дахэр къызыщытхъуар

Хьэунэжьхэ фи Мэзан къуийщ.

 

Мэремым шэджагъуэ ужьым

ЦIыхущхьэр зэрыдэмыс,

Хьэкъуным Мэзаныр дэстэмэ

Шы тIэкIур яригъэхунтэкъым.

 

Жэнкъалыхэ фи Къарэжь цIыкIур

ПцIыкIэрэ шыхьэху мэлъаIуэ,

Я шэщым шитIри щIэт пэтрэ

Хьэблэри къызэхежыхь.

 

Тобычэм фэ фи Дзагуэжьым

Шыбзыкум зыкъырекъапщкIуэ,

Зи гъусэм зафIэзыгъэпкIуари

Хьэбэшырым фи Хьэмид Пакъэщ.

 

ПэтIхэ Ныбэрынэжьым

Куэпкъыщхьэм къыхыригъалъхьэщ,

Уэрэдым дахэу сыхэфлъхьэкъым, жери

ХъутIэ къуий зыкъигъэгусэщ.

 

ПэтIхэ Ныбэрынэжьым

И нэхэр факъырэ метщ,

Iулъхьэри куэду ептатэмэ

Уэрэдыр зэрихъуэкIынт.

 

Мэремым шэджагъуэ ужьым

ЛIыщхьэхэр зэрыдэмыс,

Дерхэ Лахъури дэстэмэ

Шы тIэкIур къытхуихужынт.

 

Уэдобнэм фи къэзакъыжьхэр,

Ей мыгъуэ, зэрыдэмыплъ,

Пхъэмгъу сэрейм къыдагъэплъари

Щыхъмырзэхэ фи Нануужьщ.

             
 

  Нысашэ уэрэд 


Беслъэнейм фи къэрэгъулыр

Къуажэ гъунэм укъыщIоцIацIэ,

Губгъуэжьым щагъэцIынкIар

Шыбзыхъуэм фи Ахьмэдыжьщ.

 

Хьэгъундыкъуейм фи хъыджэбзыжьыр,

Сэрмахуэ, уи хьэкъугъ макъщ,

Шэбаным и къамыш макъым

НысащIэр къыщегъэлъэт.

 

Битугъэным фи Мацыжь цIыкIум

И цыри къыхуагъэтэдж,

Нысэри къэзыгъэтэджар

Iуащхьэ цIыкIум къыщраудых.

 

Уэртэбейм фэ фи КIэгъу Нэфыр,

Сэрмахуэ, уи зэхэзежэщ,

ИпщэкIэ дэжеижар

ТыIэщхэ фи НэхъыщIэжьщ.

 

Хьэгъундокъуэм Хьэжумарыжьыр,

Сэрмахуэ, джатэпэрыкIуэт,

Иужьым къырикIуэн шууэ

Зы шу закъуи имыгъуэтыж.

 

Мамбетым фи Къанщауэжьыр

ПщIантIэми къахудэмыкI,

Хьэбэчырыр къызэрыдэкIыу

Хьэлэчыр фэ къыфхилъхьащ.

 

ПыIэфIым сыщагъэгугъыурэ

ПыIэ Iейми сыхагъэнащ,

Жэщ псом сырапшынауэурэ

Нысашэр зэхэзгъэтащ.

 

Адэ мыгъуэ, нысашэ гупыр

ЗэкIэрылъэлъурэ мэкIуэж,

Ерагъыу зи щхьэ зыхьыжхэр

Исправнэм1 щызэхуозэж.

 

Исправнэ фадэри къыраф,

Унафэр дахэу зэхуащI,

 

Адэ мыгъуэ загъэщIэращIэри

Гуп мыгъуэм ныкIэрохьэж.

 

Нысашэр къэсыжащ! – жари

Хьэгъундыкъуейр къызэрыдох,

Нысашэ гупым къахэплъэмэ –

Я бжыгъэр иримыкъуж.

 

«И ныкъуэр къыщымыкIуэжым,

И ныкъуэр къэмыкIуэжам,

Сыт мыгъуэр ядущIэт!» - жери

Хьэгъундыкъуейм къырагъагъых.
 

  Б. Усэхэр 

Ди анэжь
 

Уэ ди анэжьу жумарт,

Жэнэтыр тхьэм зритын,

Сэдэкъэ тынкIэ уIэкIуэщ,

IэкIуэлъакIуэбэуи шхыныщIэ,

Шхын щIафэу пщIыри IэфIыкIэ,

КIэнкIабэр1 мэремым зыгуэш,

Зи хьэнтхъупсыкIэ шэ налъэ,

ЩхьэлъанщIэ махуэу дянэжь,

Жьырытэджыгъэри зи хабзэ,

Зи бзыпхъи дахэу къытхуэзыгъанэ,

УимыIэмкIи умыгъынанэ,

Дунейм и дахэр тхьэм зритын,

Зи жэнэтыбжэр зыхузэIуахын!
 

Ди Iэнэжь
 

Ди Iэнэжьыр бгъурылыбэщ,

Дэ зэрыбынри дыкъотIысэкI,

ШхыныкIэм къытена Iусым

Хьэблэ сабийхэм я ныбэр екъу.

Махуэ щэ шхэгъуэкIэ дэ дыримыкъу,

Къуэды жьэн лейуэ къэб къытохутэ,

Къытехутахэри хьэлыуэ щIыпIэщ,

И напIи мыпхуадэу дэнкIи ягъэув,

Вы жьажьэ щIыбу

Хэт еIэбми тотIыхь.

Хьэтыр хуэщIэгъуэу

Гъунэгъуми кърахьэкI.

Пхъэм кIий ихабзэкъым,

КъызыхабзыкIари чэщейщ,

А чэщей нэкIур гуфIабэщ,

И лъэ башищыр егъэуври

Мэлыхъуэв Iэсэу щытыххэщ.

Сабафэу зы махуи щымыт,

Тетыжь къэблагъэми IурыщIэщ,

Сытхэр иращIэми зызмыгъэгусэщ.

Мэрамысэр хуабэу къебгъэтIылъэкIым

ДжэдыкIэвыншыр и кум ибгъэувэм –

Дэндей бгъэувми губжь зыхэмылъщ,

Ар зэлъэтэкIыуи зигъэукIуриркъым,

ЯгъэукIурийрэ нэкIур ятхьэщIым

ЩIэрыщIэ къабзэу езым зебзыж.

Бжей хэкIыу ди фIылъагъупIэр,

ФIыуэ дывгъэлъагъу ди пхъэбгъу Iэнэжьыр!

[Сэхьид ефэндым зэрыдэгушыIэ]

ДжэгуакIуэ Сэхьид фадэм пылът, цIыхум яхэтт, гушыIэрт; <…> зэзэмызи гушыIэрыджэу азэни щыджэ къэхъурт.

                              Ефэндым ядэгушыIэрт:

- Уа ефэнды!

Къебэ-небэмэ сысейщи

Ебэпамэ ууейщ.

Сэ къафэурэ, гуфIэурэ къызат,

Уэ хьэдагъэкIэ гъуэгыурэ къыуат –

Хэт иратара нэхъ хьэлэл хъунур? – жиIэурэ.

           
Гъурагужь
 

Уей маржэ, Гъурагужь!

Гъурагужь ху жылэ тресэ,

Жылэ сэгъуэм жыласитIыр зэблехъу.

Кърепхъуэт, пшагъуейуэ трепхъэ,

Трипхъар ежьащхъуэу мэбагъуэ.

Багъуэщауэ зэрыжылэу ятоIуэ,

ЯхуиIуатэм зы ху нади къимыкI.

ЩIэкIыу иIэр, жылапхъэр джэдзыжьт,

………………………………………….

Шэмэджыжьыр жаншэрхъти мэупсэ,

Махуэ псом зы Iэмбатэ пимыупщI.

ИмыщIар «сщIащ» жеIэри мэдауэ,

И дауэгъур и нэужьырт, хуодалъэ.

Къазыхъу лъынэр и пащIитIым ныщехуэ,

ДимыIэххэр дыгъэшх жеIэри мэдауэ.

КъурIэнаджэ щызэхуэскIэ мэхъуапсэ,

ГупсысапIэ куэд щIауэ сыкъещI.

СимыщIыжу сыкъидэркъым Едыдж,

Джыдэ къещтэри щIегъэзыкI мэзакIуэ.

КъэкIуэжамэ я боужьыр къахуитхъукъым,

Тхъу кхъуэщыным къримынэу егъэщIей.

ИгъэщIейр махъсымэбжьэщ, емынэжь,

Емынэжьу си унагъуэм укъощакIуэ.

ЩакIуэ укIуэм шы лъакъуэр хокъутэ,

Гужь къутари зеплъафэу укъалъагъу.

Си щIалэгъуэр гухэщIу сфIоукI,

  ЩIалэ закъуэр сфIэбукIауэ усхокIыж.

   УсхэкIыжми си гущIэри мэуз.

Къурмэн фIэбз
 

[Къурмэн махуэт…] Хьидыр нэхъ нэжэгужэу сщIынщ жыхуиIэу, зы фадэбжьэ ирифауэ щыкIуэм, молэм идакъым хьидыщIым хигъэхьэн. Сэхьиди тримыгъэчыныхьу къэкIуэжри мэлыр езым фIигъэжыжащ. Молэм я тебжэкIэм щыщу зы хьэрф къибжакъым, езыр зэрыфIэфIым хуэдэу тебжэри фIигъэжащ:

- Уэ бисмылэ, мэлыжь,

Аргуажьэ, бэрэжьей!

Мэрэмэжьейр ди куэду,

Куэду итфми дыхуиту,

Молэр къытхуимыту, дыщхьэхуиту,

Дунеишхуэм гу щытхуэну,

Унэрыхьэу молэ къэмыкIуэу,

Ялыхь, дыгъэпсэу!

Ялыхь-ялыхь,

Молэ миныр зы мащэу,

Факъырэ щийр зы Iэнэу,

Iэнэзехьэр ефэндыуэ,

Фадэ ефэнуи хуимытыххэу –

Ди хэкур [апхуэдэу] къэбгъэнэну сынолъэIу!

Мы сэ фIэзбзыр –

Бзылъхугъэ Iусу,

Унэ сызэрысыр я гушыIапIэу,

Хьэндыркъуакъуэ напIэр

Махъсымэ кIадэу

Ди хьид махуищыр, ялыхь, дыгъэгъакIуэ!

[Сэхьид и къеблагъэ жыIэкIэ]

Хьэблэ щIалэжь гуэр къыхуей хъури Сэхьидым къеджащ. Сэхьид псынщIэу     щIэкIри, «еблагъэм» иужь иту, «зэригъэхьэщIэну» щIыкIэри жриIащ:

                Аргъуей блэгъу,

Дыгъургъуу дамэ,

Мэрэмэжьейр къэмывэу,

Бадзэ вей защIэу

Мэрамысэ щIыIэ диIэщ,

Удгъэтхъэжынщ!

 

Ар уигу иримыхьмэ –

Шыдыл,

Блэ джэдыкIэ,

Къанжэ кIакIэм и кэупкъ,

Къакъэм и кIэнкIафэр хуэшкIумпIу,

Уи нэр игъэупIэрапIэу къундэпсо,

ПсыкIэ-псылэу лэпс шыуан,

И нэр къыщыпкIыу щIэлъ щIэж

Жэбзауэ ди кэудщ.

 

Абы ухуэмеймэ –

Ди гъунэгъум я нысашэщ,

Ешхэ-ефэр зэхэмыкIщ,

Щауэр кIакIэу мэщхьэпэплъ,

Я шкIэ нэплъыр лы плъыжьыфэ,

Факъир дагъи тыримыщIэу,

Дзажэ пIащIэми упхыроплъри

Ещхьэпэплъу гупыр йожьэ,

Я нэхъыжьыр мэпэзазэ,

Я хъыджэбзым, мес, къежыхь,

Я хьэм ущышынэм, накIуэ, ублэсшынщ.

Дыщэхъан

Си пщащи си гум имыкI

Гу имыкIыжыр жэщыпэ закъуэт.

«Къэсейхэ джанэкIэ уэсыр,

Бгъафэ чэсей хуэдэ фолъытэ,

Сыгулъытэншэкъым, сэ сыкъэвмыдэми,

Сыдаущыншэт вэгъзэгъ сыхъунут!

Уэтэр тесым яжьэмэгъу ящIым,

Я щIасэм ицIэ ираIуэ,

ЦIэрымыIуэу  ныбжьэгъу щIызэщэр,

Дыщэхъану Къэсейхэ къанырт.

Тобылыкъур фащэу зэфIащIэ

Дэплъэныу зэфIэщIэгъэхэр уи теплъэт,

Мынейхэ я щIакIуэ ныкъуэм

«Къурейшыхэр» лIыкIуэ къыпхуищIщ,

Шыбзищэр мыуасэу,

Уи уасэр нэхъыбэу къырибдзэщ.

Бзы лъхугъэр фи былым пэбжу къывобж,

ЖэмыщIэ щэну сатур хувощI.

ФIыупщIэу, фымычэнджащэу, хасэр ивош.

Шыпщэрыхьыу хьэщIэ ныш папщIэуи фогъэув.

Бэгъуэжари фи Жаныкъети,

Къэсехэ фи Санэ фапIи,

Фи напIи мыхуадэу пщы дади зыгъэхьэщIэфи,

Фэхулыр фи пшапэрыхьи,

Фи хьэщIэ ныши гуэрэнырыти,

Зи тетыжьи зыхуэмыхъущIи,

Ауэ шыбзищэ Дыщэхъан къываткIэ,

КIэтIи кIапэщ, дауэ пывупщIыну!

Анэшхуэр мэубзэрабзэ

Си пщащэ цIыкIур нагъуэщ,

Нагъуэ нэ къуэлэнщ,

БланэшкIэу бгъэгухущ,

Дарыихур и джанэщ.

И нэ цIыкIур фо пIытIщ,

ЯтIэм хуэдэр и нышщ,

Нышыр сукIым кIэбдз естынщ.

КIэбдзыр естым зэрихьэнщ,

ЩIызырихьэнур и лъхугъэщ,

Лъхугъэу ищIынури щауэхъущ.

Щауэхъу защIэр къыхузэпощэ,

Вищэр уасэу къагъэлъагъуэ,

Гъунэгъу пщащэм яфIэкI цIыкIу,

Зи зекIуэкIэр гуащэ щIыкIэ,

ИкIэ-ипщэу умыдауэ,

Унэм уикIым дахэу щыт.

Дахэу щытхэр насыпыфIэщ,

Уи фIагъ жаIэу уаIуэтэнщ,

IуэрыIуатэр къыпщытхъунщ.

ХъунщIэ къащIми уханынкъым,

Къан узыщIми хуэгумащIэ,

Уи IэщIагъи пумубыд,

Бдыр мытIэпIу уэ зегъасэ,

Нысэ ухъум пщыпхъужь лъагъу,

Гъунэгъу пщащэ умыуб,

Уэ уаубми – умыгубжь,

Ныуэжь яIэм щхьэ тепIэнщи –

Нэр уфIыцIи уемыдаIуэ,

УзэдэIуэнур уэ уи пщыжьырщ!

Молэм и уаз

Махуэр мэрем махуэу жумэ ящIу арат. Жумэ нэмэзым къырихьэлIэн хуей цIыху псори къыримыхьэлIауэ нэмэзым ежьэу щыс цIыхухэм молэм уаз яриту арт мыбы хуэдэу:

                - Ахъырэт жыхуэпIэр фи напIэм тесщ,

Къыдыр хьэзабым фыщесынущ илъэсищэкIэ;

Илъэсищэ гъуэгур дэгъэзэигъуэу,

Илъэсищэ гъуэгур егъэзыхыгъуэу

Жыхьэрмэ гъуэгум фытеувэнущ.

Жыхьэрмэ лъэмыжыр:

ШыкIэм хуэдэу псыгъуэу,

ГъущI плъам хуэдэу зыкъуидзу,

Къамэдзэм хуэдэу жану,

Уи нэм имылъагъуу ахуэдэщ, -

щыжиIэм Сэгид къыщылъэтри:

- Уэ ефэнды, уэ зи уз кIуэдын,

А жыхуэпIэм телъыхэкъым

Лъэмыж, - жыIыи зэфIэкIакъэ! – жиIэри

Псори игъэдыхьэшхащ.

Лашын

(Блэм и уэрэд)

Си псэмэ сытешыныхьыурэ сынопщ.

Ар Биболэтыжь мыгъуэм сыIуощIэ.

Ар кIэрахъуэ бзаджэмкIэрэ къызоуэ.

Шырыкъу лъэдакъэмкIэрэ сапIытI.

Кумб цIыкIур къатIри сыралъхьэ

ХьэдэщIэлъхьэм я молэр Есчындарщ

Уора, Хьэжыжь молэр зэхуос

Си деур си кхъэ Iуфэм щагуэш.

Я страшынэжь бзаджэр псыхэуэщ

Нэгеижь мыгъуэр лъэгубгъуэщ

Уджым и бгъуитIыр яфIещтэ.

Аргъуей

Уд фIыцIэ пэ дыд

Уэд жьей тхьэмыщкIэ

ТхьэкIумакIэм зыхесэ

Уэсэпс къехмэ мэмэх

Хьэ хыжыгъуэм мэятэ

Мэкъуауэгъуэм мэтэдж.

Сэгид [и гушыIэ]

Мы дунейм тезгъуатэркъым, сэ сызыхуейр иIэнкIэ хъунщ, жысIэри сыкъэкIуат, щыжиIэм къыщIэкIуар къэкIуам жимыIэ щIыкIэ кIэщIу Сэгид иIэр жыриIащ.

[Сэхьид]:

Гужь,

Шыжь,

Фызыжь,

Ужьгъэжь,

Гухъужь,

Сыхьэтыжь,

МэтэжьитI,

ТIыпх аркъэн,

Къындэпсоулъэ,

Фэ лъей гъуритI

ТIамыгуэрэ тIыгурырэ,

Урам тет танитI,

ТIэтIэрыкхъуу къэхъурейуэ пщащэ кIыкIу,

Вы цIыкIуитI,

ТIощIитI хъууэ джэджьей,

Жьейуэ бзаджэу си нэуэжьыр,

Жьырытэджыу хьэ къэрэжь,

Къазыхъужь – псыжь хэсыбэу,

Бабыщ анэ – инэр нэфу,

Фадэ иримыфу гуэгушыхъу,

ХъущIэ-щIатэу адэкъэжь,

Бжьамиящэу шыд пщэкъуий,

Ищхьэр къуийуэ зы тэнэбз,

Гыбзэ жиIэу зы анэжь,

Си адэжьри жьэгу дэмыкIщ,

ПкIэлъей закъуэр игъэсащ,

Шы мыгъасэу зехъур-зелъ,

Бзухэр лъатэм худоплъей,

ЗиплъыхьыIуэ! Узыхуей хэтым,

Уэстыфыну ныбжызоIэ!

[ЛъэIуакIуэм]:

- Уэ Сэгид!

Дыщэм хуэдэ!

Шхыдэ даIуэ сыкъэкIуакъым,

Си къан хьэщIэ къэкIуэжати,

Тебгъэуну сыпхуэят!

[Сэхьид]:

- Уэ щэуэхъу!

Вийм я хъуэкIу зи пащIэ,

УмыпIащIэм,

ГъуэншэджыщIэ щыстIэгъэнт.

Сыножьэнкъым жыпIэмэ,

ПIэм сыкъызэрикIауэ сынэкIуэнщ,

Си пхэ нэкIуи къыщIырещ,

Цей зыщэ дыхуэзэм,

Хэдмыгъэзыхьыу дыкъихуэпэнщ,

Дыкъимыхуапэм,

Пэ къыщIэдзапIэр пIэ щIэкхъуэу,

Усэм и дахэр хузэхэтлъхьэнщ,

Щхьэ нэпкъым ихьэу, хьэр едуштынщ,

Танэ гъэрыщи тазыр хуэтщIынщ!

.

.

          

.