|
Халъхьэхэр (зы ц1ыху 1ыхьэ)
Джэдылу – г 150
Псыуэ – г 700
Прунжу – г 20
К1эрт1оф укъэбзауэ – г 60
Къуэнтхъурейуэ – г15
Шыгъуу – узыхуейм хуэдиз
Бжьын гъэлыбжьам:
Тхъууэ – г 20
Бжьыныщхьэ упщ1этауэ – г 20
Шыбжий сыру – узыхуейм хуэдиз
Джэдыл зэпкърыхар ятхьэщ1, шыуаным иралъхьэ, псы щ1ы1э щ1ак1эри
тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. Маф1эр ц1ык1у ящ1,
шыуаныщхьэр трап1эри ягъавэ дакъикъи 10 – 15 хуэдизк1э. Ит1анэ
шыгъу хадзэ, прунж лъэсар зэ1ащ1эурэ хак1утэ, тхъурымбэр
къытрахыурэ дакъикъи 7 – 8- к1э ягъавэ. Ит1анэ зэпэпл1имэ
ц1ык1уурэ упщ1эта к1эрт1офыр халъхьэ, зэ1ащ1эурэ зэ
къытрагъэкъуалъэ.Маф1эр щабэ ящ1,шыуаныщхьэр трап1эри хьэзыр
хъуху – дакъикъэ 20 – 25-к1э ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр
пэшхьэкубгъум трагъэувэ, бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр
трап1эри дакъикъи 5 – 6-к1э щагъэт, нэхъ 1эф1 къыщ1ыхьэн
щхьэк1э. 1энэм пщтыру, зэрызэщ1эту фалъэ куук1э трагъэувэ.
Къуэнтхъурей трагъэщащэ. Щ1акхъуэ дашх. |