Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ШАТЭКIЭ ГЪЭБЭКХЪА КIЭРТОФЫЩIЭРЭ ДЖЭДЫЩIЭРЭ 

CC-Culture and Art Department

.

Мы шхыныгъуэм теухуа тхыгъэр илъэс куэд хъуауэ мы 1уэхум елэжь Къубати Борис и тхылъым къиттхык1ащ.

Сурэтыр шхыным ейкъым.

.

Халъхьэхэр ( цIыхуищ Iыхьэ )

КIэртIофыщIэ укъэбзауэ – г 530
Джэдылу - г 360
Тхъууэ – г 50
Шатэу – г 250
Бжьыныщхьэ укъэбзауэ – г 30
Псы щIыIэу – г 50
Джэдгын къудамэу – 3 -4
Шыбжийуэ, шыгъуу – узыхуейм хуэдиз
 

Джэдыр ягъэкъабзэри зэпкърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэгъущ.КIэртIофыщIэр ягъэкъабзэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, пIащIэ цIыкIуурэ яупщIатэ. Тебэм тхъу иралъхьэри градуси 150 – 160 –рэ хъуху къагъэплъ, абы джэдыл шыуар халъхьэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ мафIэ инкIэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъухукIэ, итIанэ тебэм кърахри тепщэчым иралъхьэ. Ар зыхэлъа тхъур градуси 120 – 130 –м нэсу ягъэупщIыIу,бжьын упщIэта халъхьэ,шыбжий сыр хьэжа хадзэри, зэIащIэурэ тхъуэплъ хъуху ягъэлыбжьэ. Бжьын гъэлыбжьар тебэм кърахри тепщэчым иралъхьэ. Тебэм къина тхъур къагъэплъ градуси 130 – 140 хъуху.

.

.

          

.