Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ШАТЭПСКIЭ ЩIА ЛЫЦIЫКIУЛЫБЖЬЭ

CC-Culture and Art Department

.

Мы шхыныгъуэм теухуа тхыгъэр илъэс куэд хъуауэ мы 1уэхум елэжь Къубати Борис и тхылъым къиттхык1ащ.

Сурэтыр шхыным ейкъым.

.

Халъхьэхэр ( цIыхуитI Iыхьэ )

Танэлу – г 500
Псывэу – г 100
Нартыху дагъэу – г 80
Бжьыныщхьэ укъэбзауэ – г 50
Бжьыныху укъэбзауэ – г 15
Шатэпсу – г 200
Шыгъуу, шыбжийуэ – узыхуейм хуэдиз
 

ЛыпцIэр г 15 – 20 хъу тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, шыуаным е тебэ куум иралъхьэ, псывэ щIакIэ, шыгъу тIэкIу халъхьэри зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр щабэ ящI, тебащхьэр трапIэжри лыр щабэ хъухукIэ, псыри щIэвэщIэхукIэ ягъавэ. ИтIанэ нартыху дагъэ щIакIэ, мафIэр нэхъ ин ящIри зэIащIэурэ ягъажьэ тхъуэплъ хъуху, тыкъыр цIыкIуурэ упщIэта бжьын халъхьэри, зы дакъикъэ нэскIэ ягъажьэ, шыбжий хаудэри зэIащIэурэ ягъажьэ, псори тхъуэплъ дахэ хъуху. А псоми зэIащIэурэ шатэпс щIакIэ. Тебащхьэр трапIэри мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуным дакъикъи 8 -10 иIэжу халъхьэ щабэу уба бжьыныху. Хьэзыр хъуа лыцIыкIулыбжьэм и фэр гъуэжьыфэу, тхъу мащIэ и щхьэм тету, мэ гуакIуэ къыхихыу щытын хуейщ. Пщтыру тепщэчхэм иралъхьэри яшх, пIастэ е мырамысэ хуабэ и гъусэу.

.

.

          

.