Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ПРУНЖ, ШАТЭПСК1Э Щ1ЭГЪЭВАУЭ

CC-Culture and Art Department

.

Мы шхыныгъуэм теухуа тхыгъэр илъэс куэд хъуауэ мы 1уэхум елэжь Къубати Борис и тхылъым къиттхык1ащ.

Сурэтыр шхыным ейкъым.

.

Халъхьэхэр (ц1ыхуит1 1ыхьэ)

Прунжу – г 150
Псыуэ – г 280
Шатэпсу – г 200
Шыгъуу, фошыгъуу – узыхуейм хуэдиз
 

Прунж лъэсар шыгъу зыхэдза псы къэкъуалъам хак1утэ, зэ1ащ1эурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэри къытрах. Маф1эр щабэ ящ1ри, зэзэмызэ зэ1ащ1эурэ, тхъурымбэри къытрахыурэ шыуаныщхьэр теп1ауэ ягъавэ хьэзыр хъуным нэблэгъэху, псы зыри къыщ1эмынэжыху. Ит1анэ, зэ1ащ1эурэ абы шатэпс щ1ак1эри зэ къытрагъэкъуалъэ, иужьк1э маф1эр щабэ ящ1ри, шыуаныщхьэр теп1ауэ, зэзэмызэ зэ1ащ1эурэ, хьэзыр хъуху ягъавэ. Пщтыру яшх, щ1акхъуэ, лэкъум и гъусэу.
 

.

.

          

.