Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

БАЛЫДЖЭ ЗЭХЭУПЩ1ЭТА, ДЖЭДЫК1Э ХЭЛЪУ

CC-Culture and Art Department

.

Мы шхыныгъуэм теухуа тхыгъэр илъэс куэд хъуауэ мы 1уэхум елэжь Къубати Борис и тхылъым къиттхык1ащ.

Сурэтыр шхыным ейкъым.

.

Халъхьэхэр (ц1ыхуищ 1ыхьэ)

Балыджэу – г400
Джэдык1эу – 3
Шатэу – г 200
Бжьыныщхьэу – г 100
Шыгъуу, шыбжийуэ – узыхуейм хуэдиз
 

Балыджэр зэхащыпык1, ик1ри и  пэм пытри паупщ1, псы щ1ы1эк1э ятхьэщ1, сэк1э яупщ1атэ хъурей п1ащ1э ц1ык1уурэ, хьэкъущыкъу мыулъийм иралъхьэри и щхьэр трап1эж. Джэдык1э вынш гъэвар ягъэупщ1ы1ури кугъуэр кърах, абы шыгъу траудэри яущэб, шатэ 1ув халъхьэри , ф1ыуэ зэ1ащ1э. Джэдык1эм и хужьри яупщ1атэ. Балыджэ упщ1этам шыгъу хадзэ, зэ1ащ1эурэ джэдык1э кугъуэ ущэбар, джэдык1эм и хужь упщ1этар, шыбжий сыр хьэжа халъхьэ. Псори зэ1ащ1э, и щхьэр трап1эжри щ1ы1ап1э деж ягъэув дакъикъэ 15 – 20 к1э, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэк1э. Апхуэдэу ягъэдия балыджэ упщ1этар тепщэч ц1ык1ум иралъхьэ п1инэу, бжьын ц1ынэ зэпыгъэлъэлъа трагъэщэщэж. Щ1акхъуэ, чыржын, лэкъум, к1эрт1оф гъэва, к1эрт1оф п1астэ дашх.

.

.

          

.