Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ДИ ЛЪЭПКЪЭГЪУХЭМ Я КЪЭГЪАЗЭР
Утыж Мажид

CC- News Department

.

Псоми фIыуэ зэрытщIэщи, илъэс 145 ипэкIэ, адыгэхэр къэрал 47-м Iэмалыншэу щыпсэун хуейуэ ягъэуващ. Нэхъыбэ зыщыпсэухэр Тыркум, Сирием, Иорданием. Бжыгъэхэр зытемыхуэу жаIэми, псори зэхэту а къэралищым мелуаних хуэдиз диаспорэм щыпсэууэ къалъытэр.

.

Тыркум, Сирием икIыжауэ, лэжьакIуэ кIуауэ минитху хуэдиз щопсэу Германием. Америкэми щыIэщ а минитхум хуэдиз.

Бжыгъэхэр мыпхуэдиз- мыпхуэдиз жытIэмэ дыщыуэнкIэ хъунущ, ауэ сэ къызэрыслъытэмкIэ, псалъэм папщIэ, I864 гъэм щыщIэдзауэ адыгэу хэкум ирахуар мелуанитIым ноблагъэр.

А мелуанитIым щыщу мин- 500 нэблагъэщ хамэ къэралым псоууэ нэсыфар. Мелуанрэ ныкъуэрэ хы фIыцIэ гъуэгумрэ, уз къекIуэкIымрэ яукIащ.  Апхуэдэу щыхъукIэ, къэна мин щитхур дэнэ щымыпсэуми, я нэхъ мащIэ дыдэу демографиеу цIыхум я хэхъуэныгъэм теухуауэ, зэрыбагъуэм теухуауэ яIэр къэплъытэмэ, нобэ мелуан пщыкIутху дыхъун хуейт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы щхьэусыгъуэ Iэджи иIэнкIэ хъунущ, ассимиляция хъуауэ хэкIуэдагъэнкIэ хъунущ. ХэкIуэдар куэдщ. Сэ, псалъэм папщIэ, Тыркум сыкъыщалъхуащ, илъэс 40 сыхъуху абы сыщыпсэуащ. ФIы дыдэу сощIэр абы исхэр зэрыпсэур. Сириеми Иорданиеми сыщыгъуазэщ. Израилыми адыгэ къуажитI исщ. Ахэри абыкIэ къанэмэ, мис илъэс 145-м ди бжыгъэр хэкIуэдэжу зэрыхъуам хуэдэу, хуэмурэ хэкIуэдэжыну аращ. Адыгэр адыгэу къыщынэжынур- ди хэкужьыр аращ. Хамэ къэрал адыгэу укъыщынэнкIэ Iэмал иIэкъым, псынщIэу гъащIэм зехъуэж, ассимиляцие мэхъу.

Къалэм къыдэтIысхьахэр зэплъыр зыщ къэралым и телевизырыращ, зэрыпсалъэр зыхэс къэралым и бзэращ, зыхуеджэри, зыхуагъасэри а къэралым и жыпхъэм тетущ. Дауэ адыгэу къызэрынэжынур? Хэти сыти жрыреIэ- ауэ Iэмал иIэкъым къызэтенэну. Адыгэр дытIысу дыщыпсалъэм (хэхэс, хэку ис- зэхэдз иIэкъым), зи лъэпкъым адыгэ гупсысэкIэкIэ, адыгэпсэкIэ епха дэтхэнэ зыри дытIысу лъэпкъ Iуэху дыщытепсэлъыхьым

мыпхуэдэу зы упщIэ гъэувын хуейщ: Хэкужьым ди лъэпкъым щыщу процент 10-ращ исыр. Процент 90-ыр хамэ къэрал щопсэу. АбыкIэ япэу дызэгурыIуэрэ? Псори дызэгуроIуэр. Пэжщ.

ЕтIуанэ упщIэр къыдогъэув: Дэ дыщымыкIуэдынур дэнэ- ди хэкура хьэмэрэ хэхэсу зытхъумэфыну? Нобэ къыздэсам зы цIыхум жиIэфакъым хэхэс адыгэр адыгэу къэнэжыфыну.

НтIэ сыт къанэр? Пэжыр зыщ. Дэ дыщыпсэуфынур, адыгэу дыкъыщызэтенэжыфынур зы щIыпIэщ- ди адыгэ хэкур аращ. НтIэ сыт тщIэн хуейр? Сыт хуэдэ гъуэгу, дапхуэдэ хэкIыпIэ, хабзэ, хабзэншагъэ къэдмыгъэсэбэпми, а процент 90 зи гугъу сщIар акъыл зэхэдзэ тщIыуэ ди хэку къетшэлIэжын хуейуэ аращ. Армыхъумэ, а мелуаних- блы хъуы хэхэс адыгэхэм щыщу илъэс 20 дэкIмэ адыгэбзэкIэ псалъэм динэр дыуфIыцIу дылъыхъуэнкIэ хъунущ. ЩыIэжынукъым. Мамлюкхэм дазэрытепсэлъыхьым хуэдэу дытепсэлъыхьынущ, е Хьэтхэм дазэрытепсэлъыхьым хуэдэу: «хьэтхэр адыгэт, хьэмэрэ мыадыгэт?»- жытIэу гурыщхъуэ къэтхьыжу датепсэлъыхьынущ, нобэ ди акъылым къиубыду, зэрыадыгэр тщIэ пэтрэ. КIыхькъым зэману зи гугъу сщIыр. Илъэс 20-кIэ Тыркум адыгэбзэкIэ псалъэу мащIэ дыдэщ къинэжынур жызоIэ! Ауэ хэкум дымащIэми, сыт хуэдэ ныбжь имытми цIыхур, адыгэбзэкIэ дызопсэлъэф. Уэрамым сыдыхьэм, илъэс 18 лъандэрэ мыбыкIэ сыщопсэури, урысыбзэр си Iэмалыншэу сиIэкъым сэ.

Сэ си анэдэлъхубзэр схурокъ си хэкум сыщыпсэужыну. Апхуэдэу щыхъукIэ, хэти сыт жрыреIэ, ауэ мыбыкIэ дэ ди бзэр щыхъумауэ щытщ. Дэ дызыхуэмейуэ къытхэкI щыIэ? ЩыIэщ. Щыуа- щыкIахэр щыIэ? щыIэщ. Ауэ хэхэсрэ хэку исрэ а Iуэхум теухуауэ зэбгъэпщэну Iэмалрэ Iэзэгъуэрэ щыIэкъым. Дэ япэу мисс абыкIэ дызэгурыIуэн хуейщ. Адыгэр щымыкIуэдыжынур хэкужьращ. Аращи, хэхэс адыгэ псори хэкум къешэлIэжын хуейщ, дэ псори абы дегупсысын хуейуэ аращ. Дэ мы «Пэрытыр» щIэдухуам и щхьэусыгъуэ дыдэри аращ. Илъэс 20 дэкIащ «гласность» жыхуиIэ хуитыныгъэр къызэрыкIуэрэ. Мы илъэс тIощIым къриубыдэу зи хэкужьыр зыгъуэтыжар апхуэдизкIэ мащIэщи бжыгъэр жысIэнукъым. Къэрал Iуэху хэмылъу, къэралитI зэгурыIуэныгъэхэр щымыIэу, езыр езыру, хэку гупсысэкIэр игу еуауэ къыпхритхъыу къэкIуэжахэращ мыбы щыпсэур. Ауэ кърихьэлIауэ, адыгэу къалъхуауэ, псэу гуэрхэри щыIэщ. Ахэр африкэми щыпсэунут.Ауэ ди насыпщ, ахэри адыгэ цIыху бжыгъэм хохьэр, къагъэзэжауэ мыбыкIэ дэсщ. Сэ жысIэнур мыращ: «Адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыри ди зэхуэдэщ, ахэр псори мы хэкум къекIуалIэжын хуейщ».

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралым адыгэм теухуауэ политикэ иIэкъым. Дэ мыбдежым дызэрыпсэур псори федеральнэ хабзэр аращ. Абы пэуву ди властым унафэ къищтэну хуиткъым. Ельциным и зэманым зы хабзэ гуэрхэр щыIащ. Псалъэм пащIэ, сэ а зэманым срихьэлIэри сыкъэкIуэжати, «временное проживание» жыхуаIэр хэмыту занщIэу вид на жительство къызатащ, итIанэ занщIэу  паспорт къыдэсхащ. А хабзэхэр псори яхъуэжащ. Мисс ар репортриант хабзэу япэм щыIахэр нэхъ зэгъэзэхуауэ къэхьыжын хуейуэ аращ. Дэ гулъытэ къытхуащIым ягъэ кIынкъым жытIэу аращ. Адыгэхэм псоми, занщIэу зыкъаIэту къэкIуэжынукъым. Абы щхьэкIэ иремышынэ. Ауэ адыгэ лъэпкъым щхьэкIэ зигурэ зи псэрэ уз тIэкIур документкIэ гугъуехь хэмыту къэтшэжыфатэм фIыдыдэт.

Щапхъэ къэзгъэлъэгъуэнщ. ЩIалэ къэкIуэжри и ныбжьэгъум деж пропискэ ищIащ. Ауэ абы и деж щыпсэуркъым ар, нэгъуэщIыпIэкIэ унэ арендэу къищтащ. Арендэу къищта унэм пропискэ щригъэщIын идэркъым. Милицэр макIуэри щIоупщIэ пропискэ щищIам. «Ар мыбы щыпсэукъым»- жаIэри жэуап кърат. Милицэм занщIэу протокол етх. Абы пцIы иупсауэ къокI. Сыт тIэ ищIэнур пцIы имыупсмэ? Дэпхуэдэу зэрыпсэунур? Е зы общежитие щыIэкъым къэкIуэжым и Iуэхур зыригъэзэхуэху пропискэ ящIыу щагъэпсэуну. Дащогугъ ищхьэмкIэ дыкъагъэгугъащи зыгуэрхэр къытхуащIэну.

ИтIанэ переводчикым дуней ахъшэ иритын хуейщ. Дэ мыбдеж, «Пэрытым» ахъшэ къеIыдмыхыу документхэр псори худогъэхьэзырыри ОВИР-ым худогъэхь. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыхуейм хуэдэу зыри хъуркъым.Гугъущ Iуэхур зыфIэпхыну. Медицинскэ Iуэху къудейкIэ махуипщIкIэ иужь уитын хуейщ къэкIуэжа цIыхум справкэхэр къыIрихын щхьэкIэ. СПИД-ым кIуэн хуейщ, уз цIалэм, делэщым, туберкулезым кIуэн хуейщ. Мы къомыр бзэр зымыщIэу хамэ къэрал къикIыжа зы цIыхум дапхуэдэу зэрищIынур? «Пэрытыр» щIэтщIар аращ. КъэкIуэжхэм пэрыт дахуэхъуу, япэ диту я Iуэхур хузэдгъэзахуэу, хэдгъэзагъэжу, хэкужьым и цIыху зэрытщIыжыным и Iуэху зетхуэу аращ. Дэ лъэпкъ бий, цIыху Iей дыхуекъым мыбы къихьэну. АдэкIэ цIыхур къытхуэзыгъэкIуэжыну хасэм дежкIэ къыщыдощIэр сыт хуэдэми, дэнэ къыхэкIами, и IэщIагъэр, зыхуеджар. Дэ дыхуейкъым мыбы мыхъумыщIэ къэкIуэжыну. Мыбы азербайджанми, узбекми, таджикми, къыргъызми я Iуэхур нэхъ пхрокI. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр нэгъуэщI лъэпкъщ, ахэм а Iуэхур зэращIынур нэгъуэщI гъуэгущ. Ахэм гъуэгур пхраудурэ ящI. Адыгэм апхуэдэ тхузэфIэкIыркъым. Хэкум къэкIуэжам занщIэу фIыгъуэ псори иIэну къыщохъу. НацIэу щысу аращ мыбдежым.

Координационный советым гупсысэкIэу хэтлъхьащ репотриант комиссия ящIыну. Ахэр къыддэмыIэпыкъум дэ ди закъуэ зыри тхузэфIэкIынукъым. Псори дыздэлэжьэн хуейщ. Балъкъэрыри, урысри къыддэIэпыкъун хуейщ мы IуэхумкIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы къэтшэжхэр зы зэман лей зылъысахэм я бынхэм я быныжхэращ. НэгъуэщI зыри хуекъым ахэр, я хэкум къагъэзэжу мыбы щыпсэуну аркъудейщ. ЩIыгу хуейкъым, ахъшэ хуейкъым, бохъшэ хуейкъым. КъакIуэу зэрыпсэун тхылъыр тыншу къратыну аркъудейщ.

Иджипсту псори зэхэту унагъуэ 300 хъуркъым къэбэрдейм къэкIуэжауэ дэсыр илъэс 20-м къриубыдэу. Адыгейм нэхъыбэщ- унагъуэ 800 хъугъэнщ. Къэрэшей- Шэрджэсым щыIэхэкъым зыри.

КъэкIуэжыным и бжыгъэр жыпIэфынукъым, ауэ делэжьмэ куэд къытхуешэлIэжынущ.

«Пэрытым» сайт тщIащ(www.perit-xase.com),информациер адыгэбзэкIэрэ, тыркубзэкIэрэ иту. Хьэрыпыбзэр иджы идогъащIэр. Абы итщ информацие хэкужьым теухуауэ, рубрикэ «КъэкIуэжахэм къывжаIэ» жыхуиIэм итщ къэзыгъэзэжахэм я инервью, къызэрыкIуэжар, зрихьэлIар, Iуэху зэблэкIахэр, адэкIэ «Уи хэкум ущыпсэуныр сыт хуэдэ гупсысэкIэ» жыдоIэр, абы нэмыщIауэ къэзыгъэзэжыну хуейхэм информацие идот- сыт хуэдэ документхэр зрагъэпэщын хуейми. АдэкIэ «Сыт мыбы Iуэху щыпщIэфынуржыдоIэри доупщI, «къэгъэзэжыным хуэгъэхьэзырын» жыдоIэри къыдолъхьэр. Мыпхуэдэу псори зэгъэзэхуауэ, ди лъэпкъэгъухэр къешэлIэжыным хуэгъэпсауэ нэгъуэщI сайт зыри щыIэкъым. Ауэ мыри мащIэщ. ДызэрыIыгъыу дыздэлэжьэн хуейщ псори. ГуфIэгъуэр зыдэбгуэшым нэхъыбэ мэхъу, гузэвэгъуэр зыдэбгуэшым нэхъ мащIэ мэхъу.

.

.

          

.