Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ХЬЭШЫР ЧЫЛАР ЯПЭ ДЫДЭУ IУАЩХЬЭМАХУЭ ЗЭРЫДЭКIРЭ ИЛЪЭС 180 ИРОКЪУ
Утыж Мажид

CC- News Department

.

Къэбэрдей- Балъкъэр къэхутэныгъэ институтым ущыблэкIкIэ гу лъыботэ абы и щIыхьэпIэм деж щыт мывэшхуэм. Абы тетщ мыпхуэду: « Пащтыхь Николай езанэм и тетыгъуэм щыгъуэ , гъэмахуэ шылэм и 8 –м щыщIэдзауэ 11-м нэс 1829 гъэм мыбдеж щытащ генерал Георгий Емануэль и лагер,абы и гъусащ: илъэс 14 зи ныбжь икъуэ Георгий, щIэныгъэлIхэу: Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер; чиновник Вансович, архитектор Бернардации, венгерскэ зауэлI Бессе.

.

ЩIэныгъэлIхэмрэ Бернардациерэ лагерыр къагъанэри гъэмахуэ шылэм и 10-м Iуащхьэмахуэ дэкIыну ежьахэщ. Ауэ абы и щхьэм нэсыфар Къэбэрдейм щыщ Чылар и закъуэщ. Мы мывэм и фIыгъэкIэ щIэблэм къращIэ япэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и щыгум нэс лъагъуэ хэзышахэм я цIэр. Мывэр щащIащ Луганскэ заводым 1829 гъэм».

КъызэрыщIэкIымкIэ мы мывэр быдэ дыдэу епхащ Пятигорск дэт Дианэ и гротым. Мы гротри щIащIар Хьэшыр Чылар и хьэтыркIэщ, икIи япэ щIыкIэ мы гротым зэреджэу щытар Iуащхьэмахуэ и гротщ. Абы и блыным деж щытащ мывитI и щхьэкIэ зи гугъу тщIа тхыгъэр тету, зым урысыбзэкIэ адрейм хьэрыпыбзэкIэ. Генерал Емануэль и унафэкIэ 1837 гъэм гротыр яухуау щытащ, иджыри абы и щхьэм мывэ хужьым къыхэщIыкIа Iуащхьэмахуэ и сурэтыр тращIыхьу, 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ дэкIыну ежьахэм я цIэхэр абы къыхаIущIыкIыжын хуеящ. АрщхьэкIэ, къызыхэкIар ямыщIэу генералыр щIегъуэжри гротым алыдж Тхьэгуащэ Дианэ и цIэр фIащыну унафэ ищIащ. 1909 гъэм мывитIри Тифлис къашащ, икIи абы дэт Кавказ музейм щIагъэуващ. Мывэм ещхь нэгъуэщI зыи ящIри ар Пятигорск краеведческэ музейм щIагъэуващ. В.Котляровым зэритхымкIэ, мывэр дыдеж къызэрахьар зи фIыщIэр щIэныгъэлI – археолог П.Г. Акритасщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм и пэщIэдзэм ар Тифлис дэт Кавказ музейм и зэтегъэувэжыныгъэм елэжьт, абы щыгъуэми къилъэгъуау щытащ мывэр . 1953 гъэм Акритас Налшык щыпсэуащ икIи къэхутэныгъэ институтым щылэжьащ . Мывэм и хъыбарыр институтым и нэхъыщхьэ КIэрэф Джэмбулэт жриIэжащ. Джэмбулэтми хузэфIэкI лъэпкъ къигъэнакъым мывэр республикэм къашэжынымкIэ. 1957 гъэм мывэр институтым и щIыхьэпIэм деж ягъэуващ. Иджыри зы ящIри Бахъсэн Ипщэ щагъэуващ Хьэшыр Чылар и сыным деж.

.

.

          

.