Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭБЗЭМ ЗЫКЪЫЩИЩIЭЖЫНУПIЭРЭ ТЫРКУ ЩIЫНАЛЪЭМ?
ЩIэжьокъуэ Зафэр
11.07.2009

CC- News Department

.

«Хамэ щIыналъэ укъыщалъхуныр зэщхьыр, укъэзылъхуа анэм зомшэкIыжыфыу, уи гъaщIэ псор гуныкъуэрэ гууз защIэу пхьынращ.» Мыр жызыIэр Европэм щыпсэууэ. Тыркум икIа Адыгэ хъыджэбзцыкIущ.

.

Нарт журналым и 24 нэ къыдэкIыгъуэм традза итхыгъэр зытепсэлъыхьыр Адыгэбзэр зэрмыIужым къырит гузэвэгъуэрауэ жеIэ Илкай Нэфын. Ауэ иждыпсту езым бзэ зэримыщIэри ибзыщIкъым. Енэядэм бзэм Iзэдыдэу зэррипсалъэри етх.

Си сабиигъуэм ди анэадэхэр зыхэта гузэвэгъуэр сигу къегъэкIыж Илкау и гупсысэм. Адыгэ къуажэм щыIу Адыгэбзэр тщагъэгъупщэн папщIэ, Тыркубзэр зэдгъащIэу гъащIэм деувэлIэн папщIэ къытпыщIэлъа гугъех псор сигу къокIыж нобэ. Къуажэм щызIуаха еджапIэм сыщыкIуа махуэм тыркубзэ зэрызмыщIэри зикI сщыгъупщэкъым,  егъэджакIуэм сыжраIэжурэ Адыгэбзэ сызэрыпсэлъам щхьэкIэ жгей бащкIэ удын къызэрыстрилъхьар зэрсщымгъупщэм хуэдэу. Сэ I962 гъэм зы Адыгэ къуажэ сыкъыщалъхуащ къызэрвгурыIуэу. ЕджапIэрат дэ тыркубзэ щызэдгъащIэр. Ди нэхъыжьхэм къыджаIэр мырат къуажэм дыкъыдэкIыу къалэм дэт еджапIэхэм дыщыкIуэм: « Сыкъыхэвмыгъэщ.» Дызэр Адыгэр дыгъэпщкIун хуеуэт абы къырагъэкIыр, ИкIи АдыгэбзэкIэ дымыпсэлъэнрат. Мы еплъыкIэр абы ящхьэ къизылхьам си нэхъыжь Хъуэж Фахъри тепсэлъыхьащи фыщыгъуазэщ. ИтIани мыр жыIахъау солъытэ:

«Тыркум щыпсэу Адыгэм иджыпсту, къызэрзэтенауэ нобэм къызэргъуэгурыкIуам щхьэкIэ фIыщэшхуэ хуэщын хуейщ. Къуажэм дэсыхухэ, адыгэ анэм и IэплIэм ис и сабийр тэлэвиднэм IэщIихыу   я бзэ я хъумэжащ.»

Сэ сызтепсэлъыхьынур Тыркум ис адыгэм;

*Адыгэбзэр зэгъэщIэжыным  къыпыщIэт гугъуеххэр,

*Кавказ Хасехэм я Фэдэрацэм, бзэм теухуауэ илъэсит ипэ утыку къырилъхьа лэжьыгъэр,

*Хасэхэм бзэм теухуауэ щырагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр,

*Бзэ егъащIэкIэм теухуауэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэ зэррагъэкIуэкIыр,

*Тыркум утыку къиувэу щIэздза адыгэбзэм теухуа тхылъхэр,

*Хасехэм щырагъэкIуэкI зэIущIэхэм бзэм теухуахэр,

*Дыкъыздэсам, адыгэхэм бзэр зэрагъэщIэн щхьэкIэ щIэн хуейм теухуауэ, егъэджакIуэ си ныбжьэгъухэм къэбгъэдэкI гупсысэращ.

  Мы къезбжэкIахэм сыхэмыхьэ ипэ си егъэджэгъхэр къызэрзэлъэIуауэ къывжезIэжын хуеуэ мы сипщэ къыдалъхьар къэзIуэтэжынщ.  Адыгэбзэм теухуауэ иджыпсту едгъэкIуэкI зэIущIэм зытепсэлъыхьын анатIэхэм зыр «дызэрытхэн хуер кирил хьэрфхэра, хьэмэрэ латинра» зыфIаща е 2 нэ анатIэм ит латинкIэ тхэн Iуэхум  зыкIи дыхуэмныкъуэуэщ  зэреплъхэр. Абы Тыркум щыухуа ди хасащхьэм и еплъыкIэр даIыгъщ иджыпсту. ЗэрыфщIэщи, Адыгэбзэм елэжьыныр зи Iуэху щIэныгъэлIышхуэхэр къырагъэблагъэу 2003 гъэм Накъыгъэ мазэм и I6 м щыщIидзэу, и I9 м  щиуха зэIущIэм Iэ къаIэтауэ щытащ кирилкIэ ухуа алфавитымкIэ бзэр зэрытхын зэрхуейр. Си егъэджэгъхэм илъэситIым хасэхэм щырагъэкIуэкIа лэжъыгъэхэм, кирил алфавитым къыбгъэдэкIыу я пащхьэ гугъуехь къызэримхуамкIи зы еплъыкIэщ яIэр.Макъыбзэ щыт адыгэбзэм и макъхэр кирилым нэхъ ипIэ зэрщиувэр, латинкIэ тхэкIэкIэ  зи зымыщIэм бзэ ебгъэщIэным нэхъ гугъуехьышхуэ зэрпылъыри зэдащтэ Тырку щIыналъэм хасехэм бзэ езгъэщIэну елэжьхэм.

АДЫГЭБЗЭР ЗЭГЪЭЩIЭЖЫНЫМ КЪЫПЫЩIЭТ ГУГЪУЕХЬХЭР

Тыркум щыпсэу Адыгэм я гъащIэр тыншу зэррамхьэкIар, иджыри зэрмытыншыр наIуэщ фэркIэ Хъуэж Фахъри игугъу зэрищIам щхьэкIэ. Къуажэм зы хамэ къыдэхьэмэ цIыкIхэм абы жиIэр къыдгурыIуэу щтакъым илъэс щэщI ипэ.Иджы дыкъыздэсам  Адыгэ анэм и аплIэм къырахащ сабийр къалэмрэ телевизэрымрэ. ЕджапIэ  кIуэуэ унагъуэм пэжыжьэ хъуар цIыхубэм хокIуадэ. Абы я щытыкIэмрэ я бзэмрэщ и гъащIэ еплъыкIэр къызэфIэзгъувэр.

Къалэм дэс Адыгэм зы уэрам щызхуэсу зэкъуэувэжын ялъэкIыну щыткъым. ЩэныгъэлIым зэржиIэу « Уи гупсысэр гъащIэм щыпхухэмыгъувэкIэ, узхэт псэуукIэр уи гупсысэ хуэдэу уищхуэ къоувэ.». Къалэдэс Адыгэр тхьэмахуэм зэ зэIущIэмэ гуфIэгъуэшхуэт. ЦIыхубэ зыхэсым я гъащIэ еплъыкIэр хуэм хуэмурэ къызэращтэщи, бзэри хабзэри яфIэмIуэхуж щытыкIэ къагъэлъагъуэ.  Мы еплъыкIэр езым яфIэфIу аракъым абы къикIыр. Къулейсыз псэукIэм, бзэри хавзэри пщегъэгъупщэ. Узэр-Адыгэр жыпIэныр щамыдэу ущыпсэуным, уибзэ уамгъапсэлъэжу, зомгъэщIэжыфу илъэсищэ епхьэкIыным къыбгъэдокI нобэ дыкъыздэса тхьэмыщкIагъэр.

Къуажэм Адыгэбзэр ямыдж-ямытхми нэхъ щащIэр. Нэхъ щащIэт жызIэмэ  гукъеуэу щытми пэжым нэхъ себлэгъэ хъунущ. СыщIалэу, гъэмахуэм къуажэм сыщыкIуэжым Тыркубзэ сызрагъэзар си адыгэбзэм къызэрсфIыхэхуэм щхьэкIэ нэхъыжьым сащыукIыту щтащ. Иджыри гъэмахуэм къуажэм сокIуэж иджыри нэхъыжьым сащоукIытэ ауэ лажьэр сэсейкъым. Ахэр зэрыпсалэ адыгэбзэм и ныкъуэр Тыркубзэщ. Сэ сыщыпсалъэкIэ зызгъэщIэгъуэж, сищхьэ ин слъагъуж КъафIэщIу пIэрэ жызIэу аращ сыщIэукIытэр.

Къуажэ къыщалхуауэ щытми щIэблэм Адыгэбзэр ящIэхуи щыткъым. Зэзэмызэ яжепIэр къагурыIуэми Тыркубзэ защIэщ пэджэж къызэратыр.

Сабийхэм теухуауэ къалэдэсхэм зи игугъу щIэпщIын щыIэкъым Адыгэбзэм хуэгъэзауэ.

Адана дэт кавказ Култыр Хасэм «Дыгъэ КъуэкIыпэмкIэ Щыпсэу Шэрджэсхэр»

И цIэу зы лэжьыгъэщхуэ утыку къырилхьащ Европэр къыдэIэпыкъри. А Iуэхум ящхьащытащ лъэпкъ псэукIэ щIэныгъэм и щIэныгъэлI Аслан Джахьит, цIыху щэщI игъусэу. Адана, Мерсин, Мараш, Искэндэрун, хьэтай, н. щыпсэу щэрджэсхэм  якIэлъыкIуэурэ упщIэхэр иратащ я псэукIэм, гъащIэ еппъыкIэм. Зэрахьэ хабзэм, бзэр зэращIэжым хуэдэу лъэпкъ Iуэух теухуауэ. Къатыжа пэджэжхэми хэплъэжхэри тхылу тырадзащ. А тхылъым куэд дыдэ къыбжеIэ Тыркум ис Адыгэм къыбгъэдэкIыу.  «Умышхэу ущымыпсэуфынукIэ, АдыгэбзэкIи щIакхъуэ щомгъуэтынукIэ анэдэлхубзэм цIыхувэр зэремгугъур гурIуэгъэщ.»  Тырку къэралыгъэм, щIыналъэм ис псор Тыку защIэу ибжыу зэрщытам къыбгэдэкIыу, Адыгэри бэм хигъэткIухьыну зы еплъыкIэ зэриаращ иджыпсту сыкъызэджэну бжыгъэхэм къагъэлъагъуэр:

Адыгэу 5968 м еупщIахэщ бзэм теухуауэ. Мис абы къатыжа пэджэжхэр:

 

Зий бзэ зымыщIэр     :         953           %I5,9

ЗыгурыIуэ къуэдейр :           II04           %I8,4

Псэлъэфхэр                :        3757           %62,9

Еджэф-тхэфхер          :            93           %I,5

 

Мы бжыгъэхэм уеплъмеэ уигу щIэкIуэдын щымыIэ хуэдеу щытми, мы лэжыгъэр щырагъэкуэкIа щыналъэхэм Адыгэхэр иджыри нэхъыбэу къуажэм зэрдэсыр зыщыгъэгъупщэн хуейкъым.

Кавказ лъэпкъ псом теухуауэ зэупщIа цIыхум я ныбжьымкIэ зы еплъыкIэм жиIэм девгъэплъ иджы:


Ныбжьхэр             0-10   11-20   21-30   31-40   41-50   51-60   60....

Зы зымыщIэр      :   419   454   326   152   126   91   49
КъызгурыIуэр      :   176   523   349   137   119   56   29
Псэлъэфхэр        :     74   343   656   654   783   761   910
Зытхыфхэр          :      3   19   22   15   35   19   14

Мы дызхэплъэ таблицэм ныбжьыр къехуэхыу бзэ зымыщIэр нэхъыбэ зэрыхъур наIуэу къегъэлъагъэ ауэ пэмыщI гъэщIэгъэни утыку къырелхьэ.: анэдэлхубзэкIэ тхэфым и нэхъыбэр ныбжьыщIэращ.

Анэдэлъхубзэр зэгъэщIэным я еплъыкIэр утыку къизылъхьэ упщIэм 2079 цIыхум къыратыжащ пэджэж: 

ХъымпIар зымыщIыр                        :       32

ЗэзмыгъащIэми ягъэкIынкъым         :       60

Iухушхуэу слъагъкъым                    :     142

 ЗэгъэщIэн хуеуэщ сызэреплъыр    :      753

Сытщыгъуи сфIэIуэхущ                      1092

Мы таблицэм дыщыхэплъэкIэ икIи дызгъэгушхуэ, икIи дызгъэгузавэ еплъыкIэхэр къыдет. Дегъэгушхуэр бзэр зэзгъэщIэным хущIэкъум я бжыгъэм. Дызгъэгузавэри, еужьэрэкIын зэрхуейращ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Адыгэ анэм зыхуигъазэу ялъэIуауэ щытащ илъэс зыбжанэ ипэ, фи сабим Адыгэбзэ евгъащIэ жиIэу. Иджыпсту ущеплкIэ хэхэс щыналъэм щыпсэу Адыгэ анэми и бзэр зэримIэжыр гукъеуэшхуэщ. И сабийр телевизэрым и аплIэ зэррихар, анэм игъэудэIун хуей сабийр телевизэрым зэригъэудэIур псоми дощIэ. ГъащIэ псэукIэр ипэкIэ кIуэхукIэ, дызэрпэмльэщым щхьэкIэ дыхокIуадэ.

Хэхэс щIыналъэм хабзэр щоужьыхыж пхъэ зымгъуэт мIафIэ нэхъей; хабзэр зыхуэныкъуэ пхъэри анэдэлъхубзэращ.

ТЫРКУМ  ЩАУХУА КАВКАЗ ХАСЭХЭМ  Я ФЭДЭРАЦЭМ БЗЭМ ТЕУХУАУЭ ЛЭЖЬЫГЪЭ УТЫКУ КЪЫРИЛЪХЬАР

Европэм и зэкъуэувэныгъэм хэувэ зыфIэф Тырку къэралыгъуэм, ахэм я псэукIэм теухуауэ хабзэ куэд зыхилъхьыу щIидзащ. Абы ящыщщ 2002 м мы хабзэ къащтаитIыр:

«Тыркубзэм нэмыщI, Тырку хэгъэгу къыщапсэлъ бзэхэмкIи радйомрэ телевизэрымрэ  програм  щегъэкIуэкIынымрэ, Тыркувзэм пэмыщI бзэхэр егъэщIэным щхьэкIэ къурс IухынымкIэ  лъэпкъхэр хуит щIынымрэ.

Хасащхьэм и кIэ имыутыпщу, кIэщIыу и ужь итащ а Iуэхум. АдыгэбзэкIэ тхьэмахуэ къэс сыхьэт ныкъуэкIэ   прогурам щокIуэкI къэралыгъэм и телевизэрымрэ и радйомрэ.

Абэзэбзэри хагъувэным щхьэкIэ иджыри икIэ имутIыпщауэ иужь итщ Хасащхьэм итхьэмэдэ гупыр. Евросуюзым хэхьэ зыфIэфI тырку къэралыгъуэм дэIэлпыкъуэгъу къыхъуохъу Iуэху щIапхъэхэм папIщIэ. Ахэм я щыщщ къэралыгъуэм щыпсэу лъэпкъ псом я бзэ я хабзэ къащтэжын, зэрагъэщIэжын Iуэхури. Кавказ Хасэхэм я Фэдэрацэм (Каффэд)   Адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ зиужьыжын папщIэ 2004 м, 2005 м, 2006 м ирыгъэкIуэкIа лэжьыгъищкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуахэщ.  Каффэдым 2005 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр бзэм теухуат «Адыгэбзэмрэ Абэзэбзэмрэ зэгъэщIэным лъабжьэ хуэгъэувын» зицIэу.  Абы дэIэпыкъуэгъу къызэрхуэхъухэм дызэригъэгушхуэр жыIэпхъэщ. Псом ящхьэр Евросуюзым хэт къэралыгъуэ псом Адыгэмрэ Абхъазымрэ ыркум зэрщыIэм щхьэ Iэпэ щIадзэ абы кыбгъэдэкIыу я бзэр зэрагъэщIэжын зэрыхуейр кьыпагъувэу.

ЕтIуанэу ауэ нэхъыщхьэу абы къыджиэр мыращ:

Тырку Къэралыгъуэм, «Тыркум исыр Тыркущ.» жыIэкIэм блэIэбыкIыу, Адыгэмрэ Абазэмрэ щызэрыпсэур КъеIуэтэж.

Анэдэлъхубзэм теухуауэ мы лэжьыгъэр зэрекIуэкIа щIыкIэм  кIэщ кIэщIу  дыхэплъэнщ:

*АнэдэлъхубзитIым ипэкIэ хэлэжьыхьауэ цIыухухэр Каффэдым къырыгъэблагъэри Iуэхур зэфIэзгъувэн гуп яухуащ.

*АдэжьщIыналъэм Адыгэбзэм и жыIэкъитIымрэ Абэзэбзэм и жыIэкIитIымрэ егъэджын зхузэфIэкIын егъэджакIуэ къырашащ.

*Адыгэбзэмрэ Абэзэбзэмрэ я жыIэкIэ псор зы щIыжыным зы еплъыкIэ къыхуагъуэтын гугъэ ящIащ апщыгъуэм. Къырагъэблэгъэ егъэджакIуэ ТIабыш Муратрэ, Хьиббэ Лудмилэрэ «зы щIыжын еплъыкIэ» хэлъу прогурам яухуэнууи жыраIащ.

*ИнтэрнэткIи, Нарт ЖурналымкIи, Хасащхьэ тхьэмадэ гупым цIыхубэм я пащхьэ щиувами анэдэлъхубзэкIэ псэлъэн зэрыхуейр къыщаIуэтащ.

* Анэдэлхубзэр зэгъэщIэн зэрыхуейр къигъэлъагъуэу докумэнтхер, блын тхыгъэхэр, сурэтхэр тырадзэри, къэлэпсом щаухуа хасэхэм щыпалъащ.

*Хасэхэм бзэ щезгъэщIэну гъэсэн хуэуэ егъэджакIуэхэр къыхахри Каффэдым къырагъэщIащ. Адыгэбзэм щхьэ цIыху 25, Абэзэбзэм щхьэ цIыху I5 хъууэ.

«*ХэкIуэдыжыныфэ къызтеуа бзэхэр,  абы къыбгъэдэкIыу Адыгэбзэмрэ Абэзэбзэмрэ  зэрыхъуныр, Тыркубзэм пэмыщI бзэхэм заужьыным къэралыгъуэ гъащIэм къыхалхьэныр мамырыгъэрэ зэкъуэшныгъэу зэрыщытыр» къыщаIуэта зэIущIэшхуэ щырагъэкIуэкIащ Анкара. Абы филологийем и щIэныгъэлIхэр къырагъэблэгъащ. Абы щыжаIахэр цIыхубэм лъэIасын папщIэ Нарт журналым игъусэ тхылъу ягуэшащ.

*Жэщ махуэ жамыIэу, Адэжьхэкум къикIа егъэджакIуэхэм Анкара къыщызэхуэсахэр Адыгэбзэмрэ Абэзэбзэмрэ егъэщIэным хуагъэсащ. Зи ныбжьыр хэкIуэтауэ тэкъаутым хэкIа егъэджакIуэт абы къекIуэлIам я нэхъыбэр. Бзэ егъэщIэкIэ зэгъэщIэным къигъэщIэлэжауэ, жэщ ныкъуэ пщIондэ унэ лэжьыгъэ кратар ягъэзэщIэу зэхэсхэт. Ар иримыкъу нэхъей адыгэбзэкIэ тиятро къэгъэлъэгъащ къурсым икIэм. Адыгэбзэм и жыIэкIэ псор щызэхэпхт а тиятром.

* Къурсым икIэм «сэртификат» жыхуаIэ фэепъ щагуэщащ егъэджакIуэу къытхуеблэгъа Хьиббэ Лудмилэрэ ТIабыш Муратрэ щылажьэ унивестэтымрэ инстытумрэ къыдащтэу я дамыгэ телъу.

*Къурсым икIэ къыщысам дымыщIэ куэдым щыгъуазэ дыхъуат ауэ абы нэхърэ нэхъ Iуэхуу къыдгурIуар Баскъ псэлъэжьым ипэжыгъэрат:

«Бзэр щIэкIуэдыжыр, а бзэм ирипсалъэр зэрмащIэракъым, бзэр зыщIэхэр зэрримпсалъэращ.»

БЗЭ ЕГЪЭЩIЭНЫМ ТЕУХУАУЭ ХАСЕХЭМ  КЪЭПЫЩIЭЛЪ ГУГЪУЕХЬХЭР

Анэдэлъхбзэ езгъэщIэн цIыху гъэсэным хуит дыкъэзщIа Тырку Къэралыгъуэм, хасэхэм бзэ щедгъэщIэн Iхум дыщынэсам, ди Iуэху едгъэжьар дэгъэзеигъуэ зэрищIар жыIапхъэщ. ЕгъэджакIуэхэр щагъэсэнум, вгъэсэнур егъэджакIуэ хъун хъуещ жызIэ Къэралым и лIыкIуэхэм, я псалъэ епцIыжыу, къэралым егъэджакIуэу щылажьэр курсым щывгъэлажьэ хъунукъым зэржаIэжам щыщIэдзауэ, хамэ лэпкъхэм ябзэ Iуэху щхьэ зэбгъэщIэным зэрралъытари гъэщIэгъуэнщ Адыгэ хасэхэм бзэм ахъшэ къырахьын хуэдэ.

Каффэдыр щыщIэупщIэм «Сыт мыхуэдэу щIэхъур? Дибзэ зэдгъэщIэжынымрэ Ангулызыбзэ зэдгъэщIэнымрэ сыт зэхуаIуэху?» жиIэу; Мыращ пэджэж Къатар:

«Фкуаншэу щыткъым. Пэжщ фэ жывIэр ауэ Къэрал хабзэм жиIэращ къывжетIэр.»

Мы жыIэкIэм иджыпстуи бзэ Iуэхум теухуэуэ гугъехь куэд къызэртпыщIэлъыр къеIуатэ. Аращи хасэхэм илъэсит хъуауэ щэдгъэкIуэкI дерсхэм и цIэр, «АнэдэлъхубзэкIэ Джын-Тхын Къурсщ.»

Къурсхэр щыIуахащ 22 хасэм. Адыгэбзэм къэбэрдей жыIэкIэмрэ, Адыгей жыIэкIэмрэ зэгъусэу зы еджэщ щезгъэджэ егъэджакIуэи, жыIэкIытIым щхьэкIэ щхьэуэ еджэщ щызыухуа егъэджакIуэи яхэтщ ахэм. ЕгъэджакIуэу ягъэсауэ зи къурс Iузмыхыфаи къытхэтщ еджэщ зэримгъуэтам щхьэкIэ.

Хасэхэм язпэщ зэрызыр еджэщу зэрзэрагъэпэщар къыжызIэмэ, мы Iуэхум къыпыщIэлъ гугъехьыр утыку крилхьэн къысфIощI. Къэралыгъуэр дэIэпыкъуэгъ къызэртхуэмыхъум къыбгъэдэкI  гугъуехьым ящыщу солытэ хасэхэм ятхьэмыщкIагъри.

ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР ЗЭРЭКIУЭКI ЩIЫКIЭР

Бзэ егъэщIэным щыщIадзам, егъэджэкIуэ псом зэдащтэу гъуэгу техьахэщ бзэ зыщщыу джын тхын зымыщIэхэм щхэ зы гуп, бзэ зымыщэхэм щхьэ зы гуп яухуэри. Ар тхьэмахуэм махуитI сыхьэт плIырыплIкIэ дерс иратыу щIадзащ.

Бзэр зэрегъэщIэным, псори фыщыгъуазэщ гугъехьышхуэ зерпылъыр. Сытхуэдизу Адыгэбзэ ищIыу щытми зы мазэкIэ егъэджакIуэу екIу зермысэнри гурIуэгъуэщ. Ауэ зы щIэдзэпIэ иIэщ Iуэху псом. Мис иджыпсту зигугъу  щIы Каффэдым дипащхьэ къырильхьа мы Iуэхури Тырку щIыналъэм ис Адыгэхэм явзэ ящIэжын папщIэ зы щIэдзапIэу лагъун хуейщ.

Хасэхэм Адыгэбзэ езгъэщIэныу утыку ихьа си ныбжьэгъухэм, бзэм теухуауэ тхылъым идеж щыщIэдзауэ IэнэтIэ гугъуехь куэд зэрIутыр сощIэ. Езыхэм я фIыгъэкIэ утыку къыралхьа дерсхэращ нэхъыбэу къурсхэр зэррекIуэкIыр. Адэжь щIыналэм къикIауэ тхылхэр щытщыгъуи дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу ауэ пэжыр жыIэн хуейщи ирикъуркъым.

Каффэдым зэрхузэфIэккIэ егъэджакIуэхэм ялъигъэIэсащ бзэм теухуауэ езыр зылъэIэса лэжьыгъэхэр. АбыкIэ Къимгъанэу, бзэм теухуауэ тхылхэри утыку къырригъэлъхьащ. Иджыпсту си нэхъыжь Хъуэж Фахъри и адакъэ къыщIэкIауэ тхылъитI къытлъэIэсащ, зыр бзэ егъэщIэным теухуауэ, адрейр псэлъалъэу. Псэлъалъэм  Адыгэбзэм и диалэктIитIыр зэуэ къызэрищтэр щыжыIэн хуейщ мыдей.

Абэзэбзэм теухуауэ тхылъхэри къыщигъэкIащ Каффэдым.

Хэхэс Адыгэхэм бзэм теухуауэ тхылъхэр утыку къыралхьэу зэрщIадзэжар гуфIэгъуэшхуэщ.  Абазэ Ибрэхьим «Тыркубзэ/Адыгэбзэ Псэлъалъэ» итхауэ къытщхьопэ. Бер Хьыкмэт ИлъэситIым икIуэцIым тхылъитI утыку къырилъхьащ.

Адыгэбзэ щыбджын еджапIэ дызэримыIэм, абыкIэ хуит дызэрамыщIым елъытауэ Iуэху цIыкIкъым  зигугъу сщIа лэжьыгъэхэр.

Истанбыл Адыгэбзэм теухуауэ хаситI дерс щэзыту Щэукъул Илхьэн, Адыгэбзэр егъэщIэным теухуауэ зибжыгъэр 30 хъууэ дерс игъэхьэзыращ. Хэхэс Адыгэм нэхъ тынщу бзэ зырагъэщIэжыным хущIокъ ар. Абы и гъэхьэзыра дерсхэр интернеткIэ къытхуигъэхьурэ дэIэпыкъуэгъуэшхуэ къытхуэхъуащ. Абы илэжьыгъэри тхылъу утыку къырилъхьэну псалъэ къыдитащ.

ИлъэситI хъуауэ хасэхэм Адыгэбзэм зэгъэщIэным теухуауэ щедгъэкIуэкI лэжъыгъэхэм, бзэ зэгъэщIэным пэмыщI фIыгъэхэри къызертхуихьым игугъу щIын хуейщ:

*Литэратурыбзэм щыгъуазэ дещI псом япэ. Нобэ едгъаджэ цIыхухэр интернетым ихьэу Адыгэ Псалъэмрэ Адыгэ Макъымрэ еджэу  щIадзащ. Адыгэм и зэкъуэувэжыным, зы хъужынымкIэ сэбэбщ ар.

*Хасэхэм Адыгэбзэр къыщIэувэжащ жыпIэ хъунущ. ИрагъэкIуэкI зэIущIэхэм бзэр хэувэжауэ зэрыщытыр наIуэ къещI илъэситI хъуауэ хасэхэм «Адыгэбзэм и махуэ» Гъатхэпэ мазэм и I4 м   щырагъэкIуэкI програмхэр Адыгэбзэ защIэу зэрзэтраухуэм.

Бзэ зэзгъэщIэ зыфIэфIыу къеблагъэ щIэблэм АдыгэбзэкIэ уэрэдхэр, усэхэр гукIэ зэрагъащIэу утыку къызэриувэм дегъэгушхуэ.

*Анкара Накъыгъэм и 2I м щыгъуэ махуэм сыхьатищкIэ АдыгэбзэкIэ Тыркум щатха усэхэм къеджэу щекIуэкIащ зэIущIэ.

*Адыгэ къафэр щытщыгъи ипэ изгъэщ хасэхэм, иджы къыздэсам, щIэблэм жыраIэу зэхыдох «Нэхъапэ бзэм сыхьэтитI фэлэжьи итIанэ фыкъафэ» жаIэу.

*Зы илъэс ипэ Адыгэбзэ зыщIэу джын-тхыным елэжьа гупхэм зэхуэсурэ  «Адыгэ Хабзэ»м тепсэлъыхьу тхылхэм макъкIэ еджэу зэрзэхэсыри жыIапхъэщ.

ИлъэситIым къурсхэм къекIуэлIахэр 500 м нэхърэ нэхъ мащIэкъым. А псом бзэ зэрамгъэщIауэ щытми я гум Адыгэбзэм и мафIэр къыщылыдащ. Бжьыхьэм щIэддзэу, Накъыгъэ мазэм икIэм щеух Анкара щедгъэкIуэкI къурсхэм.  ЕджакIуэхэр къызэлъэIуащ гъэмахуэм Анкара сыщыIэнумэ дерсым кIэ езмыгъэгъуэтынкIэ. Мы еплъыкъэм дэтхэнэ къалэми  ущырехьэлIэ.

СЫТ ЩIЭН ХУЕЙР?

Дыкъыздэсам, адыгэхэм бзэр зэрагъэщIэн щхьэкIэ щIэн хуейм теухуауэ, егъэджакIуэ си ныбжьэгъухэм къэбгъэдэкI гупсысэхэращ сэ къывжезIэнур. Сэ ябжыгъэр 25 хъууэ Адыгэбзэр егъэщIэным Каффэдым хуигъэса егъэджакIуэхэм яцIэкIэщ сызэрыпсалъэр.

*Адыгэхэр щыпсэу къэралыгъуэхэм ягургъэIуэн хуейщ Адыгэ лэпкъым и бзэмрэ и хабзэмрэ а къэралыгъуэхэм я лъэпкъ гъащIэри зэригъэдэхэнур.

*Псодыдэм и нэхъапэ дуней псом тет Адыгэр зэгуэувэу жэщи махуи ди унэ и макъ щыIу НАРТ м хуэдэу телевизэрхэр зэфIагъувэн хуещ. Ар тхузэфIэмыкIыу щытмэ ди щIэблэр иджыпсту зэрыхъум хуэдэу тIэщIахынущ.

* Сабий садхэм Адыгэбзэ щыIуным хъыжьэу и ужь итын хуейщ.

*Гъэмахуэм еджапIэм къикIыжауэ зызгъэпсэху щIэблэр хасэхэм джэгуапIэ я хузэIутхурэ Адыгэбзэ защIэу зэхэдгъэтын хуейщ.

*Адыгэбзэ зэзгъэщIэ зыфIэфIыу хасэхэм, еджапIэхэм къекIуалIэ щIэблэр Адыгэ къуажэхэм  къэкIуухьэкIуэ гъэкIуэн хуейщ гуп гупу. Къуажэдэсхэри я бзэм хуэсакъыжыным папщIэ гъэгушхуэн щхьэкIэ.

*Адыгэ хасэхэм, бзэр щIэблэм я тхьэкIумэм иувэжын папщIэ АдыгэбзэкIэ щыпсэлъэн хуейщ.

*Хасэхэм ирагъэкIуэкI лэжыгъэхэр я зэрхузэфIэккIэ Адыгэбзэ защIэу утыку къыралъхьэн хуейщ.

*Иджыпсту АдыгэбзэкIэ гэзэтти журнали къыщIэкIыу щыткъым дэ дыщыпсэу къэралыгъуэм. Нарт журналым зэзэмызэ АдыгэбзэкIэ таурыхъ кIэщIхэмрэ усэхэмрэ щытеддзэ мэхъу ауэ гъэкуэдын хуейщ.

*Интернетым дуней псор зэрипхыу зэрщытыр тщIэуэ щытми ар Адыгэхэр зэрипхыщэу щыткъым. Бзэм теухуауэ хэт сыт лэжьыгъэ утыку къырилхъэми хуэныкъуэ псом зэрлъигъэIэсыным елэжьыни хуейщ.

*ЗыхузэфIэкIым, сабийр къыщалъхуам щыщIидзэу АдыгэбзэкIэ епсэлэныр IэнатIэ зыхуищIыжу лъэпкъ гъащIэм зиужьыным елэжьын хуейщ.

*Узэхуэмызэмэ узэпсэлъэфынукъым. Къалэхэм дэс Адыгэхэм я зэрхузэфIэккIэ зэIущIэхэм щызхуэзэу я щIэблэр лъэпкъ хабзэм щыгъэгъуэзэн хуейщ.

* Зыщыдмыгъэгъупщэн хуем и Iэтащхьэщ ныбэ  хуэныкъуагъэр. Зи ныбэ из мыхъум нобэ дыкъыздэсам бзэи хабзи имIуэхужу зы еплъыкIи иIэнущ. Аращи псом и нэхъапэр зэкъуэувэжынращ зэлэжьын хуйр.

ЖызIэнухэм Трубечкой Николай  Адыгэбзэм и еплъыкIэмкIэ кIэ иррегъуэт:

«А бзэм (Адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, плъыфабэщи,жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIуэм и даущыр, къуалэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ.

Апхуэдэ макъамэ зэщIэжьууэр къызэрыбгурыIуэнур зыщ:

Адыгэхэм я бзэр нэщIысащ дунейм и къэхъугъуэ псори къырипIуэтэну. Аращ ар къызэрымыкIуэу  зыгъэдэхэжри.»

.

.

          

.