Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭБЗЭ МАКЪЫБЗЭМ «ФIЭЩЫГЪЭ», «ГУГЪЭ», «ЛЪАГЪУНЫГЪЭ» ПСАЛЪЭХЭМ КЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭР
Црым залинэ

CC- News Department

.

Адыгэбзэр бджын щхьэкIэ, адыгэбзэкIэ ебгъэджэн щхьэкIэ,адыгэбзэр адрей бзэхэм къызэрыщхьэщхьэщыкIым гу лъытэн хуейщ.        Дунейм къыщыхъур,къэхъум лъабжьэ хуэхъур «хъы»щ (система координат). Сыт къэхъуу щытми, къызытехъукIыу щытыр а хъууэ щытым и лъабжьэращи, ар «хъы»щ.

.

«Хъы»м зыужьыгъуэ «у»кIэ игъуэтмэ ар «хъу» мэхъу, зыгуэр къохъу. Бзэр нэрынэ, нэрынэурэ зэхэлъщ, хъыщ.

Урысыбзэми, индо-европей бзэхэми я хъым лъабжьэ хуэхъур концепт жыхуаIэрауэ къалъытэ (совесть, любовь, тоска, сердце…). Адыгэбзэм лъабжьэ хуэхъур макъхэращ («хъы», «гы», «гъы», «фы», «лъы»…)

Бер Хьикмэт иджыблагъэ къыдигъэкIа «Адыгэбзэ (макъыбзэ)» жыхуиIэ тхылъым мы Iуэхугъуэр наIуэ къещI. Берым зэритхымкIэ адыгэбзэр макъыбзэщ, адрей бзэхэр псалъэбзэщ.  Псалъэбзэхэм я макъхэр щхьэхуэу, зырызу къапщтэмэ, мыхьэнэ ямыIэжу щытщ. Адыгэбзэм макъ къэскIэ и лъабжьэр мыкIуэдауэ, щхьэж мыхьэнэ зырыз иIэжу къэсащ.

Ар нэхъ гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ зы щапхъэ къэтхьынщ. Дунеижьыр зытезыIыгъэр урысыбзэкIэ вера, надежда, любовь жыхуиIэращ. АдыгэбзэкIэ жыпIэм фIэщыгъэ, гугъэ, лъагъуныгъэ. Урысыбзэми (адрей индо-европей бзэхэми) макъым мыхьэнэ зэримыIэжым и щыхьэту: в-е-р-а, н-а-д-е-ж-д-а, л-ю-б-о-в-ь щыжыпIэкIэ, макъхэм зырызу зыри къаIуатэкъым. Адыгэбзэм уеплъыжмэ – фIэ-щ-ы-гъэ, гу-гъэ, лъа-гъу-н-ы-гъэ. Макъ къэскIэ мыхьэнэ зырыз иIэщ. Берым зэрилъытэмкIэ адыгэбзэ макъ дэкIуашэхэми, языныкъуэ макъзешэхэми «ы» макъыр къыпыту къыдоIуэ: «фы», «пы», «ны», «сы», «фIы», «уы»…Дэтхэнэ а зы макъми лэжьэн щIидзэмэ, е зэманкIэ кIуатэмэ, «ы»р «э» мэхъу: «фы»- «фэ», «пы»- «пэ», «фIы»- «фIэ», «уы»-«уэ»…

Иджы фIэщыгъэ псалъэр къэзыгъэхъу макъхэм я лэжьэкIэм девгъэплъыт:

«ФIы» («фIэ») макъыр къапщтэмэ Берым зэрыжиIэмкIэ абы и лъабжьэр «фы» макъращ. «Фы» макъыр зы лъэкIыныгъэу щытырщ, ар къэхъурэ, зэманыгъуэ игъуэтрэ щыIэ гуэр щыхъукIэ къэхъуращ «фэ»р. «Фы»р псэущхьэ лъэкIыныгъэу щыт Iэмалыгъуэщ. «Фы» Iэмалыгъуэм къигъэхъурэ щыIэу утыку къихьэр «фэ»рщ. Ауэ «фы»р икъузрэ, ипIытIрэ, зы IэнатIэу утыку къихьэмэ, къэхъур «фIы»рщ.»ФIы»р щыIэу щытым и лъэкIыныгъэу щыт «фы» Iэмалыгъуэр зэрызэтеувэрщ. Фэ зиIэу щыIэрэ дэтхэнэ зы щыIэм езэгъыр «фIы»щ. Къэхъуу хъуар «фIы»щ. «Хъугъуэ фIыгъуэ» жыхуаIэращ «фIы»р. Зэманыгъуэ зыгъуэтарэ «фIэ» «э»кIэ хъуауэ щытыр кIуэрэ  кIуатэу щытырщ.(Бер 2005:330)

АдэкIэ къокIуэ «щы» макъыр. «Щы»р щыIэ псоми лъабжьэ хуэхъурщ, «щы»м зэманыгъуэ щигъуэткIэ «щыIэ» мэхъу. «Щы»м къегъэлъагъуэ,щыIэгъуэ зиIэ зэрыхъурэ, и щыIэкIэр (ар щы зэрыхъу щIыкIэр), зыдэщыIэ щIыпIэр («щы»р зехьэлIа  гъуэр), къыщыхъу зэманыгъуэр.

КъыкIэлъыкIуэ макъыр «гъэ»ращ. «Гъэ»м сытри хузэфIокIыр; ар «гъащIэ» къэзыгъэщIыфырщ. ГъащIэм и зы Iуэхугъуэ къекIуэкIыр «гъэ»щ. «Гъэ»р зи кIэух хъууэ щыт псалъэм иджым («джы» Iуэхугъуэр къырикIуэ щыхъукIэ, ар зыдитыпIэм, зэритыжу, зэхъуэкIа мэхъур; «джы» сытым къыхуэкIуэми, ар мэджри иджыр къохъур. «Иджы» жыхуаIэ зэманыгъуэр иту джыуэ щытырщ;  иджыр джыуэ щытым ипIэрщ. Сытри щыджыр «иджы»рщ – нэгъуэщIу жыпIэмэ зыгуэр «джы»мэ ар къохъур, къоунэхур) и джыпIэ хуохъур (лIыгъэ, фIыгъэ, тыгъэ…) (Бер 2005:222)

Гугъэ псалъэр къапщтэмэ ар «гу» макъымрэ «гъэ» макъымрэ къагъэщI.

«Гу»р зыужьыныгъэ («у») зиIэу щыт «г»щ. «Г»р джыуэ щытым къигъэхъурэ, иджым текIынрэ, зы джын Iуэхугъуэ къэзгъэхъупхъэу, къэрууфIэу зы макъщ.»Г» макъыр «у» макъкIэ щылажьэм щыгъуэ къэхъуу щыт макъыр «гу»рщ («у» макъым зыужьыныгъэ къегъэлъагъуэ, еджыр; зыужьыгъуэр зыгъэзащIэ къэрур къыхокI). «Гу»р мыувыIэу джыуэ щытырщ, иджым иту щытырщ, джыуэ щыт пкъыгъуэрщ, джыуэ щытым и курыкупсэщ.(Бер 2005:2I4)

«Гъэ» макъыр зэрылажьэр и пэкIэ зэрыжытIащ.

Лъагъуныгъэ. Берым зэритхымкIэ нэрэ, жыжьагъэм еплъыныр зи къэлэну щытыр, зыдэплъэрэ зытеплъэ плъыфэр зэрилъытэ щIыкIэр,а

плъыфэр зэрызэхиху щIыкIэр «лъагъун» Iуэхугъуэрщ. «Лъагъун» Iуэхугъуэр зэрыхъу щIыкIэр, «лъэ»р «гъу» хъун (н) Iуэхугъуэщ. Адыгэбзэ хабзэмкIэ, а псалъэм и зэтеувэкIэ зэрыхъун хуейр, «лъэгъун» хуэдэу щытщ; ауэ, ар «лъагъун» псалъэу зэтеуващ. «Лъагъун» псалъэм хэт «лъэ»р «лъа» зэрыхъур, а «лъэ»р («а»-кIэ) зы жыжьапIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр гурыIуэгъуэщ.(Бер 2005:390)

«Лъагъун» псалъэм и кIэухыу щытыр «гъу» макъщ. Дэтхэнэ зы щыIэ гуэрым зы гъуэ зэриIэр гурыIуэгъуэщ,  ар щыIэу щытыр зэрытрэ зэрылъу щыIэ гуэрщ. «Гъу»р зэманыгъуэкIэ утыку къыщихьэм щыгъуэ «гъуэ»р къызтехъукIырщ. «Лъагъун» псалъэр лъэм и гъуэм нэмыIэсу джынырщ, жыжьаплъэу джын Iуэхугъуэм езэгъыу зы Iуэхугъуэ хъунщ.

Уплъэфрэ плъагъуфу щытмэ, а плъагъум и лъэр гъун IуэхугъуэрэкIэ зэрыбджым къызэрыгуэкIкIэ, ар жыжьаплъэу утыку къибгъэхьэрэ фIы пщIыуэ аращ. Ар уигу нэсрэ пхуэфI хъууэ щытмэ, аращ фIылъагъуныгъэ жыхуаIэр.

ФIылъагъуныгъэр, зылъагъум илъагъур хуэфI щыхуэхъум щыгъуэ; зылъагъум и плъыкIэр илъагъуу щытым и плъыкIэм хуэфIрэ езэгъыу щыт хъумэ, а плъыкIитIыр зэхуэдэ хъумэ, арауэ хуегъэфащэ Берым.(Бер 2005:392)

«Гъэ» макъым и пщэкIэ дытепсалъыхьащи абы щигъэзащIэр мыбдежми гъэзэщIа мэхъур.

Мы зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр урысыбзэм ебгъапщэм, къикI мыхьэнэхэр зыуэ псалъэм иратха щхьэкIэ, къагъэунэху дунейр зыкIи зэтехуэркъым.

Вера – I. Убежденность,глубокая уверенность в ком(чем) – нибудь в победу, в людей. 2. Убежденность в существовании Бога, высших Божественных сил. 3. то же, что вероисповедание. (Многие верят не только в положительные высшие силы, но также в дьявола, в коммунизм, в президента и т.д.) НэгъуэщIу жыпIэмэ,фIымрэ Iеймрэ зэхэгъэкI къыбгуригъаIуэкъым.

«ФIэщыгъэ» («фIы»+ «щы»+ «гъэ»). «ФIы» щыIэныгъэм фIэкIа Iей щыIэныгъэ Iуэху къиIуркъым.

Надежда – I. вера в возможность осуществления чего – нибудь радостного, благоприятного. надежда .на выздоровление, на благоприятный исход. 2. тот, на кого (что) надеются, кто (что) должно принести успех, радость, благополучие. Из данной дефиниции видно, что надежда направлена больше на «на», нежели в «в».

«Гугъэ»м – узэрыщыту «гу» ухъун, Iуэхугъуэм и курыкупсэ ухъун жиIэу аращ.

Любовь – I. Глубокое эмоциональное влечение, сильное сердечное чувство. 2. Чувство глубокого расположения,самоотверженной, искренней привязанности. любовь к родине,к родителям. 3. постоянная, сильная склонность, увлеченность чем – нибудь.любовь к истине. 4. Предмет любви. 5. пристрастие, вкус к чему – либо.

Лъагъуныгъэ. «Уплъэфрэ» «плъагъуфу» щытым, а плъагъум и лъэр гъун IэмалыгъуэрэкIэ бджыфым, зылъагъум илъагъур хуэфI хуэхъуу щытым ар лъагъуныгъэщи, лъагъуныгъэншэу зыми зыри хузэфIэкIынукъым.    

.

.

          

.