Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

IУэщхьэмахуэ и хьэщIэщхэр

CC-Tourism Department

.

Къэбэрдей Балькъэрым Iуэщхьэмахуэ и гъунэгъу хьэщIапIэхэм щыщ зыбжанэм кIэщIу щыгъуазэ фыдощI.ХьэщIэщхэм я тэлэфонхэр итхащ,сурэтхэм тефпIытIэмэ сайт зиIэхэм я сайтми феплъыфынущ.

.


«Вольфрам»
хьэщIэщыр Терскол къуажэ цIыкIум и кум итщ. Мыр хьэщIэщ нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. «Вольфрам» къатихуу зэтетщ, пэшхэм я нэхъыбэр цIыхуитI- цIыхуищым тещIыхьауэ ухуащ. Пэш къэс телевизоррэ щIыIалъэрэ щIэтщ. 2007 гъэм хьёщIэщым урыс хьэмэм бассейн и гъусэу къыщызэIуахащ. Гъэмахуэм бдзэжьей уещэ хъунущ, бильярд, стIолыщхьэ теннис уджэгу хъунущ. ХьэщIэщым «Сувенир» тыкуэн цIыкIу хэтщ.Тел: (8793) 36-36-30
 
...

.

.

.

.

.

.

.

............

«Озон»
хьэщIэщыр Бахъсэн аузым дэтщ, Эльбрус къуажэ цIыкIм пэмыжыжьэу, Бахъсэныпсым и Iуфэ сэмэгумкIэ Iутщ. ХьэщIэщыр бгы джабэхэм къаухъуреихь. ЩIыпIэ щэхущ, шынагъуэншэщ. ХьэщIэщым цIыху 30 щIэхуэнущ. Пэшхэр зы цIыхум цIыхуитIым тещIыхьаурэ щытщ. Пэш къэс телефон, телевизор, щIыIалъэ щIэтщ. ШхапIэ хэтщ, бильярд, нард, шашкэ ущыджэгун, кино ущеплъын щIыпIэхэр иIэщ.
 
...

.

.

.

.

.

.

.

............


«Седьмой регион»
хьэщIэщыр Терскол къуажэ цIыкIум дэтщ. «Бахъсэн – Азау» гъуэгушхуэм и ижьырабгъумкIэ щытщ. Кавказым ис лъэпкъхэм лIэщIыгъуэ куэдкIэ къадэгъуэгурыкIуа хабзэ дахэр- хьэщIэм пщIэшхуэ хуэщIыныр мы хьэщIэщым наIуэ щохъу. Европэм дэт хьэщIэщхэм зыкIи къыкIэрымыхуу ди зэманым къащта IэмалыщIэхэр къегъэсэбэп.

 
...

.

.

.

.

.

.

.

............

«Иткол»
хьэщIэщыр щIыпIэ дахэ дыдэм деж щытщ: зы лъэныкъу
эмкIэ Чегет бгыр щытщ, адрей лъэныкъуэмкIэ нарзаныпсыр къыщыщIож. Мыр км 2-кIэ Терскол пэжыжьэщ. ХьэщIэщыр къатитхуу зэтетщ. Псори зэхэту пэш I26 мэхъу. Нэхъыбэр цIыхуитIым тещIыхьащ (I05), ауэ зы цIыхуми цIыхуитIми тещIыхьа пэшхэри хэтщ. ХьэщIэщым хэтщ шхапIэ, стIолыщхьэ теннис, лъэрыжэхэр щыбгъэтIылъыну щIыпIэ нэгъуэщIхэри. Тел: 7(86638)7I-247
 
...

.

.

.

.

.

.

.

............


«Чегет»
хьэщIэщыр Терскол дэтщ, Чыгет бгым и лъапэм деж щытщ. ХьэщIэщыр къатийуэ зэтетщ. Псори зэхэту цIыху 300 щIэхуэнущ. Пэшхэм балкон иIэщ, радио, телевизорхэр щIэтщ. Абы нэмыщI иIэщ шхапIэ, бильярд щыджэгу, кино щеплъ пэшхэр.иIэщ.
Тел: 7(86638) 7I-339
Тел: 7(86638) 45-43I

 
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Терскол»
хьэщIэщыр Терскол къуажэм и и кум деж щытщ. Мыр Iуащхьэмахуэ лъапэм кIэщIэтщ, Азау псы Iуфэм Iутщ. ХьэщIэщыр къатийуэ зэтетщ. Мыбы иIэщ бассейн, шхапIэ, бильярд щыджэгу пэш, щхьэц щIэщэ, теннис, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр,унагъуэкIэ узыхуеину хьэпшыпхэр щащэ тыкуэн цIыкIу. ХьэщIэщым щIэх- щIэхурэ зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI.
Тел: 7(86638) 7I-I40
...

.

.

.

.

.

.

.

............
                                                                    «Поворот»
хьэщIэщыр Чегет бгым и лъабжьэм щIэтщ. Мыр пэш 16 мэхъу.ХьэщIэщым хэтщ шхапIэ,кино ущенлъын пэш, стIолыщхьэ теннис, бассейн зэхуэщIа, компютернэ пэш. Пэшхэр махуэ къэс зэщIакъуэ. Гукъыдэж уиIэмэ шым утесу укърашэкIынущ.
Тел:7(86638) 71-449

 
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Заповедная Сказка»
хьэщIэщыр Чегет бгым и лъабжьэм деж щIэтщ, хьэщIэщыр яхъумэ. Мыр щIыпIэ дахэщ, щIыпIэ щэхущ. Гъэмахуэм деж бдзэжьей уещэну хуит уащI. Псори зэхэту пэш 30 мэхъу. « Теремок» шхапIэр пщэдджыжьым жьыуэ щыщIэдзауэ иужьрей цIыхур щIэкIыжыху мэлажьэ. Мыбы Кавказ, Европэ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр.
Тел: 7(86638) 71-279                         
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Семь вершин»
зи фIэщыгъэцIэ хьэщIэщыр Иткол бгым и лъапэм деж щытщ, Iуащхьэмахуэ км 7-кIэ пэжыжьэщ. ХьэщIэщыщIэр 2008 гъэм яухуауэ щытащ,абы 34-рэ пэш хуиту иIэщ. Тыншу, къабзэу, хуиту узэрыщIэсыным хуэдэу псори ухуащ. Тел:7 (89624) I02-966
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Чыран- Азау»
хьэщIэщым зы цIыхум тещIыхьаи цIыхуитI, цIыхуищым тещIыхьаи пэшхэр иIэщ. ХьэщIэщым щIэтщ телефон, шхапIэ, бильярд щыджэгу пэш щхьэхуэ. «Чыран- Азау» Iуащхьэмахуэ и лъапэм деж щытщ, метр 30-кIэ Азау пэжыжьэщ. ХьэщIэщыр къэзыухъуреихь дунейм йокIупс. Мыр къатихуу зэтетщ, псори зэхэту пэш 30 мэхъу.
Тел: 7 (88663) 871-433
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Абиль Къала»
(Абиль и быдапIэ) хьэщIэщым цIыхуитIым тещIыхьауэ пэшитху иIэщ. Псори иджырей зэманым декIуу, хуиту тыншу, къабзэу ухуащ
...

.

.

.

.

.

.

.

............
«Шамик»
хьэщIэщыр ин дыдэкъым. Мыр зэрыхьэщIэщым нэмыщI иджыри тыкуэну щытщ.Мыр къуажэ цIыкIу Терскол ику дыдэм итщ. ХьэщIэщыр пэш куэд хъуркъым, псори зэхэту цIыхуитIым, цIыхуищым, цIыхуиплIым тещIыхьа пэшипщI хъууэ аращ.
Тел: 7 (89289) 6I9-563
...

.

.

.

.

.

.

.

  ...

.

.

.

.

.

.

.

 

  ...

.

.

.

.

.

.

.

.

.

          

.