ГушыIэ.
цыкIухэм
папщIэ
Адрей псори.
Инал и къуэш цIыкIум йоупщI:
- Адыгэ алфавитыр пщIэрэ?
- СощIэ
- Сыт хуэдэ хьэрф-тIэ «А»-м къыкIэлъыкIуэр?
- Адрей псори.
Нэхъыбэ схужыIэнукъым.
ЕгъэджакIуэм: «Къэмботрэ Лацэрэ» поэмэм техуауэ сыт жыпIэфын, Аслъэн?
-Уэлъэхьи, ЩоджэнцIыкIу Алий жиIам нэхърэ нэхъыбэ схужымыIэну!.
Си гугъу къыумыщIмэ.
ЕгъэджакIуэм: - Къеджэт уэ, Азэмэт Ньютон Иисак и япэ законыр!
Азэмэт: - НэгъуэщI къыжьэхэмыумэ, пкъыгъуэр и пIэм итщ, зимыгъэхъейуэ.
ЕгъэджакIуэм: - Щапхъэ къэхьыт.
Азэмэт: Щапхъи? Сэ зыр сыщапхъэкъэ: си гугъу къыумыщI закъуэмэ, сисынущ игъащэкIэ мы доскам сыкъыдэмыкIыу.
ЦIыхухэм ядоIэпыкъу.
ЕгъэджакIуэм: - Бзухэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахьрэ?
ЕджакIуэм: - Ахэр цIыхухэм ядоIэпыкъу хьэпIацIэхэр яшхкIэрэ.
Тхы щIалэ.
ЕгъэджакIуэм Хьэжмурат доскам дишащ.
- Тхыт, Хьэжмурат: «Си тхылъыр столIым телъщ». Подлежащэр къэгъуэт иджы.
- Куэдрэ улъыхъуэн хуей абы, си стIолым телъщ подлежащэр,-жиIащ Хьэжмурат.
ЗэгурыIуащ....
- СыныщIыхьэ хъуну?
- КъыщIыхьэ. Къеблагъэ, Даухъан,тIыс. ТIыс, Мишкэ, уэри.
- Си къуэр илъэс дапщэ лъандэрэ
еджэрэ?
- Илъэсих лъандэрэ йоджэ.
- Илъэс дапщэ хъуа уэ учытил узэрыхъурэ?
- Мыгъэризэрщ.
- АтIэ, илъэсихым и кIуэцIкIэ зы учытилым къримыта «двар» уэ укъызэрысу си къуэм къептыныр сытым
къыхэкIа?
- ЗримыгъащIэу къэкIуати…
- Анна, си унэм щIэс си къуэ сэ къэслъхуам зригъащIэрэ зримыгъащIэрэ сэ
сымыщIэжу уэ нэхъ пщIэрэ? Мусэ
мыгъуэм и хьэдырыхэпсэ, а Iуэхум
ней-нэфI хэмылъатэмэ, абы «два» къимыхьынт, мо игъащIэм цIыхум хамыбжа ХьэкIашэ и къуэм «тху» къыщихьым. Анна, еджэркъым жыхуаIэр
сыт? Ар еджэрэ емыджэрэ сэ слъагъуркъэ? Мазитху хъуауэ зы
мэскъалкIэ си сэбэпыжкъым ар, зы
чымпэ къысхуиIэтыжыркъым. Еуэ
тхылъ, еуэ тетрадь, жэщми тхылъ,махуэми тхылъ. Тхылъ фIэкIа дуней
иIэжкъым? Абы ищIыIужкIэ апхуэдэ
лей цIыхум кIэлъызырахьэрэ?
«УкIытэхщи жэуап къитыжыркъым»
жаIэу, цIыхум лей ирахрэ?!
- Уи фIэщ щIы, Даухъан, зыми лей
есхыну си мымурад, ауэ…
- Сыт, гуIэгъуэ
а жыпIэр! Ар
жыпIэххэу пхуэзд э н у к ъ ы м ,алыхь, лей зэрепхыр нэрылъагъукъэ?! Лажьэ зимыIэ щIалэр къэбубыду
«два» щыхуэбгъэувкIэ…
Сыт абы
ищIыIужкIэ «лей» жыхуаIэжыр? Емыджатэм, зримыгъэщIатэм, хьэулейтэм,абы щыгъуэм зыгуэрт, ауэ щыдэкIкIэ
тхылъыр и блэгущIэм щIэлъым,щышхэкIэ тхылъыр и пIэщхьагъым
щIэлъмэ.. Сытыт абы инэмыщIауэ
«еджэ» жыхуаIэжыр? КъызжыIэт, зоIэ,сыт а псом нэмыщIыжауэ «еджэ»
жыхуаIэжыр? Сыт?..
- Аращ уи къуэм зыри щIимыщIэри:тхылъым утескIи утелъкIи, уи
блэгущIэм щIэлъкIи итыр
къыпхуэщIэнукъым. Абы итыр
къызэращIэр нэкIэ еплъурэщ.
Уи къуэм
дэри дыхуэбэлэрыгъынкъым. Уэри
ухуэмыбэлэрыгъ…
- Къохъусыж, тIасэ цIыкIуу сиIэ. Уи
деж чэнджэщакIуэ сыкъэкIуакъым.
Алыхьым и шыкурщ уэ нэхърэ
нэхъыщхьэIуэ зэрыщыIэр, укъыжьэдикъуэфын хуэдэу.
Ари жыжьэкъым;зы бжэ къэбгъанэм, етIуанэрщ,доцIыхур. Засудани.
нало ахьмэдхъан
и тхыгэ.
ГушыIэлъэ
А-
А-а-а! Куэдым пцIы зэраупс междометиещ: ямыщIэ яжепIэмэ,ар къащIэжаифэ
ирызытрагъауэ.
Адыгэбзэv Прох л а д н э м уфIихыркъым къулейсызщи, жызыIэ щыIэщ, ауэ Прохладнэ
адэкIэ укъыщыпэувым, «докторым» зебгъэшэфынкIи хъунущ.
Щапхъэ: бгъуэтынущ, улъыхъуэм.
Адэ. «Адэу» ятхми къызэрапсэлъыр
«эдэущ». Зи адэхэр адэ зауэм
щыкIуэда куэди щыIэщ, ауэ абыхэми
«адэ» жаIэркъым «эдэм» щхьэкIэ.
Сыт-тIэ орфографием и мыIуэху
щIызэрихуэр?
Б.
Ба. Пасэрей мысырхэм «псэ»
кърагъэкIт,пасэрей,адыгэхэр зэрымышауэ ба зэхуащIу щытакъым.А данагъэр иджы къатхъунщIыж
щIэблэм:къамылъхуу ба зэхуащIын
щIадзэ.
В.
Вы. Тхъурымбэ къыIурыху
вэрт, ауэ «бов апщий!» зыжраIэр
пхъэIэщэжьырт. Иджы тракторкIэщ зэрывэр.
Гу.
Гуащэ. Адыгэ факультет къэзыуха нысэр мы псалъэм зэреджэнур архаизмщ, ауэ езы гуащэр адыгэ факультет къэзыуха нысэм
зэреджэр унафэ щIыныгъэ наклоненэм
ит глагол къудейщ. «Зафсему» гуащэм
и гъуэлъыпIэм иригъэтIысхьэркъым.
Н.
Начальник.* Куэдрэ убгъэдэтым,
тIэу сэлам епхынкIэ хъунущ. Езым
сэлам лей зэрихьэркъым-къыуихыжыркъым.
* Упэмылъэщынум, зумыпщыти
нэхъыфIщ- мэжаджэ Iыхьэр лейкъым!
* Сыт щыгъуи ущIыхьэ хъуркъым и
кабинетым. Псалъэм папщIэ. Къуэ
щыгугъыурэ пхъу ебланэр къыщалъхуа махуэм ущIигъэхьэркъым, и командиру щыта инэралыр уэрами.
Гу зылъытапхъэ: а) Умылъагъуу пхуэмышэчынум, къытрадзыжауэ
зрегъэх ьэл I э -IитIкIэ сэлам къыуихынущ.
* Мыпхуэдэ начальник зырызхэри
щыIэщ.
Ф.
Фыгъуэ. НэгъуэщI уехъуапсэурэ ебгъэлейм, фыгъуэ мэхъу. Iейуэ фыгъуэ
щыIэщ, лIам хужаIэ псалъэ гуапэ
тIэкIум ефыгъуэжу.Ижэри абы и лъэпкъэгъущ, аслъэнымрэ къаплъэнымрэ ещхьу. Фыгъуэмрэ ижэмрэ зэрышэри убэ къалъхуащ.Убэм критикэ фащэ зыщитIагъэурэ
и адэ-анэм ягу егъэзагъэ.
Щапхъэ: «Ар бугалтыр хъун?! Налшык,к ъ у л ы к ъ у щ I э х э м
къыщакIухь уэрам
нэхъ дахэ дыдэм,
«щкъуах» жиIэу къыщепсащ! Хьэку мафIэм
пэроубжьытхэр, зиунагъуэрэ!.. И нэ
къудейм еплъыт, ар зи нэр бугалтыр
хъун?! Хъум тхьэр согъэпцI!
ТегъэкIын хуейщ, мис аращ сэ
жысIэнур!»
Тырку пащтыхьхэм язым и джэгуакIуэр къыриджэри тIэкIуи
зигъэткIииуэ тэгуэуащ "зы мыхъумыщэ блэжьынурэ итIанэ къысхуэгъэгъу жыпIэу
укъыщызэлъэIум къэбгъэлъэгъуэну щхьэусыгъуэр блэжьа мыхъумыщIэм нэхърэ куэдкIэ
нэхъыкIэ мыхъумэ уищхьэр пезгъэхынущ" жыриIащ.
ДжэгуакIуэм "хъунщ" жиIэри куэдыщэ дэмыкIауэ дэкIуэипIэм тет
пащтыхьым бгъэдэладэри кIэщIэIэбащ.
Пащтыхьыр губжьау инэ щипхъуауэ зыкъигъазэри
къыщеплъым, "къысхэгъэгъу зиусхьэн уи фызыра сфIэщIащ" жиIэри
Iужыжащ
джэгуакIуэр.
Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ.
Зы къущхьэ Къэбэрдейм нэхъ щIыналъэ тхъэгъуэ щымыIэу зэхихат. Абы нэужькIэ куэдыщэ мыщIэу зы IуэхукIэ Къэбэрдейм кIуэн щыхъум и джэдыгур зыщитIагъэри къежьащ. Къэбэрдейм къызэрысу зы уэшхышхуэ къыхуежьащ, и джэдыгури игъэуцIынри, щIым здилъэфу кIыхь хъуащ. «Плъагъуркъэ, - жиIащ къущхьэм игукIэ, - Къэбэрдейр зэрыщIыналъэ тхъэгъуэр япэми зэхэсхат, арщхьэкIэ иджы си нэкIи слъагъуащ: мыр мыщIыналъэ тхъэгъуэтэм, мыбы сыкъызэрысу си джэдыгур мыпщIондизу кIыхь хъунт?» - ИужькIэ абы деж дыдэм тIысри и джэдыгум хэхъуа псор къыпиупщIри игъэтIылъащ, итIанэ пыIэ иригъэщIыну. ЕтIуанэ махуэм къыщигъэзэжам щыгъуэ дыгъэ гуащIэм и джэдыгур зэригъалъэри, лъэгуажьэми къэмысыж хъуащ. «Еплъ, - жиIащ аргуэру къущхьэм, - щIыналъэ тхъэгъуэр къызэрызэзнэкIыу, нэщхъеягъуэми сызэрыIууа: дыгъуасэ кIыхь хъуа си джэдыгур нобэ си лъэгуажьэм къэсыжыркъым, пыIапхъэу къыпызупщIар аргуэру пыздэжын хъуащ».
Щхьэм имылъмэ, бзэм и мыгъуэщ
Зи акъылым щыщIэныгъэ зиIэ гуэр сымаджэм щIэупщIэну кIуащ. Зы тэлайрэ бгъэдэсауэ къыщыщIэкIыжым сымаджэр зейхэм захуигъазэри зигъэгубзыгъэу мыр жиIащ: «Кхъыэ япэрейм хуэдэу къыдэвмыщIэ хъуххэнумэ! Япэм фиIа сымаджэр лIэри цырхъ зэхэдмыхыу щIэфлъхьэри фежьэжащ. Iиман фиIэмэ, мыр лIэмэ хъыбарыншэ дывмыщI; нэмэз тIэкIу тетщIэжынщ зи унагъуэрэ!».
ЩыщIалэм
губзыгъэ
Зы пщы, щIалэ дыдэу, псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуу губзыгъэт. Зы махуэ мы пщы щIалэмрэ зы лъыжьрэ зы пэкIу щызэIущIахэщ. ЛIыжьым пщы щIалэм и гугъу къигъэхейри «щIалэ джыщIэу губзыгъащэр, ин щыхъукIэ делэ хъу хабзэщ», - жиIащ. Ар щIалэм зэхихри: «АтIэ уэ ущыщIалэм щыгъуэ куэду «угубзыгъа» хъунщ, - жриIащ лIыжьым.
Нысэ щэчыгъуей
Унагъуэм нысэ нэхъыщIэ къашат.Гуащэр цIыху щабэ,гуакIуэу щытт къэйгъэ лей зэримыхьэу.Езым лей
къытехьэми,лей къезыхам зыгуэркIэ игу еуэжыну хузэфIэкIынутэкъым.Я нысэ нэхъыщIэр хуэмыхут егъэлеяуэ. Шыджагъуэм къэтэджт, шхэти аргуэру
шыджагъуэ жей ищIыну лэгъунэм щIыхьэжырт. Нысэ нэхъыжьыр псэм хуэдэт, гуащэми
фIы дыдэу илъагъурт, ауэ а зым псори и пщэм дэлъти, гуащэм фIэгуэныхь хъурт. Зы
махуэ гуэрым гуащэм мурад ещI, дауэ мыхъуми нысэ нэхъыщIэм и напэм хуеджэну,
игъэукIытэну. Лэгъунэм и щхьэгъубжэ лъабжьэм гуащэм щIоувэри жеIэр:
- А-на, сытуи пщIантIэ фIей дыдэ мыр, дэнэ щыIэу пIэрэ ди пщIантIэ жыхапхъэр?
СыпхъэнкIынт мы тIэкIур.
- Ар дауэ, нанэ? Сыт "сыпхъэнкIынт" жыхуэпIэр? Сэ сыдэсу, ар уэ уэзгъащIэу? -
жиIащ нысэ нэхъыжьым.
- Алыхь, уэ пщIэныр езым уи щхьэм фIокIым, сэ зыгуэркIэ сэбэп сыхъу хъунукъэ?
Арати зэдауэ абдеж къэхъеящ. Куэдрэ зэдэуа, мащIэрэ зэдэуа, сытми я нысэ
нэхъыщIэм щхьэгъубжэр къызэIуихри жиIащ:
- Кхъа, фызэмыдауэу гъуэрыгъуэу фыпхъэнкI....
НысащIэм
и губжь
Нысэм жьыщIыгъэ фIидзэу здэщытым и гуащэр плъэри жиIащ:
- Уа, зи гъащIэр кIыхь хъун, иджы щыIэ нысащIэхэм я жьыщIыгъэр зэгъэлъауэ
фIадзэр, дахэкIейр и махуэу. Уэ тIэкIу нэхъ зэбгъэлъам нэхъ дахэ мыхъуну пIэрэт?
Нысэр унэм щIыхьэжщ, жьыщIыгъэ зэрылъ фалъэр къищтэри и гуащэм и пащхьэм
щригъэувэхащ:
- Мэ, нанэ, ухуейм "гармошкэу", ухуейм "пианинэу" уи жьыщIыгъэр фIэдзэ....
Таурыхъым пэджэж упщIэхэр...
Зы зимыIэм «зы выжь» зэриIэраупIэрэ, гъащIэм и гуэгъуу сэ сыщIыщIищIэр?
Зы зимыIэм а зы выжьыр дэнэ къыриха, къимдыгъуамэ сыт абы витI щIимыIэр?
ИтIани мыри къызгурыIуэкъым, сыт щхьэ выжь тхьэмыщкIэр къыщIырихуэкIыр, сыт мыгъуэ а выжьым и лажьэр?
Выжьыр мылым щIытехьэн щIэхъуари гурIуэгъуэкым, ара абы «вы» щIыжраIэр?
А выжьыр мылым техуауэ злъэгъуар хэт, Ар къезыхуэкIхэм лъэрыжэ яIэт, ахэр дауэ темыхуэу къызэтена, лъэкъуиплI зиIэ выжьыр щытехуэм лъэкъуиткIэ къезыхуэкIхэр темыхуауэ хэт и фIэщ хъун?..
Хэт мы си упщIэхэм пэджэж хъуэхъуныр?
«Мы упщIэхэр зытхар щхьэкIэ щагъуэкъым.» жывIэу фщегупсыскIэ, сыт щхьэ и кIэм нэс феджа?..
Сэри зы зимыIэм сащыщщ ауэ сэ щхэ зы выжь симыIэрэ, седэхащIэурэ къесшэкIыну?
Таурыхъым дыкъигъапцIупIэрэ, мы гъащIэм зы зимыIэм выжьи имыIауэ къысщохъу?..
Джылахъстэней хьэлыуэ. (гушыIэ)
ТIэ-э-э, арати, мы вжесIэнур къыщыхъуам тIощIрэ етхуанэ лIэщIыгъуэр лъэхъулъэущу
екIуэкIыурэ, иухынум къэнэжар зы илъэсрэ сыхьэтищрэ дакъикъэ тIощIрэ блырэт…
ЦIыхухэр гъэ мин бжыгъэкIэрэ зэрышхщ, зэрылIщ, зэрыуплIэнщIыжри, нэгъуэщI
ялъэмыкIыжу къыщынэм, сыт ящIэнт, -я нэхэр яуфIыцIри, зэнэзэпсэ хъуахэт. Дунейр
уигъэщхьэукъуэу мамырт. ГъащIэр уи гур къригъакIуэу ефIакIуэрт. Пасэрей
коммунистхэм яIа хъуэпсапIэм тету, лъэпкъхэр зэрышэм-зэрышэурэ, псори
зэхэшыпсыхьыжат.
Негрхэр урысыфэт. Урысхэр негрыфэт. Китайхэр, нэ хъурей защIэ хъужауэ, журтхэм
къапхухэцIыхукIыжтэкъым. Адыгэхэр къызэрыпцIыхуну щыIэжыр зы нэщэнэ закъуэт:
къанэ щымыIэу псссори академикт. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм къежьа
къыхуеджэныгъэ «Адыгэ унагъуэ къэс – зы академик!» жыхуиIэм тету фIащым, фIащым,
фIащурэ, къэмыувыIэжыфхэу, лъэпкъыр зэрыщыту академик зэтращIыхьати, я чыцIыхъуэ
нэгъунэ а цIэ лъапIэр зэрихьэрт. Тхьэм дыкъигъэщIу дыщызэпиплъыхьыжам
къытфIищауэ щыта «Адыгэ» (сыту пIэрэт ярэби абы къригъэкIар?) лъэпкъыцIэр
«академикхэр» жыхуаIэ этнонимыщIэмкIэ зэрахъуэкIат.
Ауэ, зы къэзэуат закъуэ яхуэмыгъэужьыхыу къэнати, ар зяку дэлъыр супердержавэ
жыхуаIэхэм ящыщу къэнэжа Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэт. Зыхуэдэ къэзэуатыр сыт
жыпIэмэ, мырат.
ЩIылъэр щымыджэмыпцIэу Арыкъ Iуащхьэр щызэпцIагъащIэм, Джылахъстэнейхэр Тэрчыжь
и Iуфэм етIысэкIри, гупсысэм, гупсысэм, гупсысэурэ… хьэлыуэ щIыкIэщIэ гуэр
къагупсысат. Къагупсысар Iуэхут, езыхэм фIэкIа апхуэдэ хьэлыуэ хуэщIу дунейм зы
цIыху теттэкъым. Темытыр Iуэхут, «Фэ фимыIэ дэ диIэ!», «Фэ фимыIэ дэ диIэ!»-
жаIэурэ джылахъстэнейхэм загъэщIагъуэрт. АпхуэдизкIэ загъэщIагъуэрти,
кIуэаракъэ, ахэм къагупсысам елъытауэ, Эйнштейн тхьэмыщкIэжь мыгъуэм илъэс щитху
япэкIэ къихутэу «Теорие хуэгъэфащительности» зыфIищар зыуи къащыхъужтэкъым.
ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, мы хьэлыуэм къикIа къэзэуатым нэмыщI, нэгъуэщI гукъанэ
гуэрхэри яку зэхуилъурэ къэгъуэгурыкIуэрт Къэбэрдеймрэ Джылахъстэней
щхьэрибгъумрэ.
Псалъэм папщIэ, Къэбэрдейхэм зыи къагурыIуэн ялъэкIтэкъым мыхэр:
I) япэрауэ, джылахъстэнейхэр хъуахъуэурэ щIефэжыр;
2) гуэгушыхъу гъэва щыIэу, къазыхъу гъэжьа Iэнэм къыщIытрагъэувэр;
3) чыржыныр щIэхьэтыкъыр;
4) бжьыныхур щIэсомсакъыр;
5) жызумыр щIэжозымыр;
6) «жыIэм» и пIэкIэ «жуIэ» щIыжаIэр;
7) Алыхьым псоми къахуигъэщIа мо дыгъэр Джылахъстэнейм я Ислъамей къуажэкIэм
къыщыкъуэкIрэ, къуажапщэм щыкъухьэж хуэдэу уэрэдым щIыхагъэувар;
8) Ботжьей жьыбгъэр жьыбгъэу щыIэм я нэхъ къабзэрэ, хьэщIэу къакIуэм ящIегъэхун
хуейуэ къащIыщыхъур;
9) Я балий мыхъур хэти ирагъэшхын хуейуэ къащIыфIэщIыр…
Мис апхуэдэ упщIэрэ накIэнэщхьагъыу зыкъом яку дэлът Къэбэрдейхэмрэ
Джылахъстэнейхэмрэ. Ауэ хьэлыуэм къикIа къэзэуатым елъытауэ, ахэр зырикIт.
ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, шхыныгъуэ IэфIыщэт Джылахъстэней хьэлыуэр:
гъуэжьрэ-гъуэжьу, IэфIрэ-IэфIу, щабэрэ-щабэу, къэуатыр щIэзрэ, езыр Iум
иткIухьу.
Хэфлъхьэр сыт, жаIэу Къэбэрдейхэр щеупщIкIэ: «А фэ хэфлъхьэ дыддэхэр: хугу
хьэжыгъэ, тхъу, фо…» Ар жаIэрт, ауаныщIу щIэгуфIыкIхэрти, зэгуэр узэгуэудыххэну
уи мурадмэ, «дымпI апщий!» жиIэу узэгуагъэудын хьэзыру мыр къыщIагъужт: «Абыхэм
нэмыщI, нэгъуэщI-къинэмыщIхэри-и-и…»
ПлъэкIмэ, узэгуэмыпт итIанэ! Зэгуэпым, бампIэм, къачэм, зэгуэудурэ, а
«нэгъуэщI-къинэмыщIхэр» зищIысыр зрагъэщIэн мурад яIэу Къэбэрдей тIасхъэщIэххэр
Тэрч зэпрысыкIти, Джылахъстэней хьэлыуэм и пIэкIэ, Борыкъуей (къуажэ) хьэлIамэ
яIыгърэ, Ботжьей (къуажэ) жьы къыщыщIрагъэхуауэ къызэпрысыкIыжхэрт.
НтIэ, апхуэдэу куэдрэ яхуэхьынт Къэбэрдеижьхэм? Зэхуос, мэхасэ, зэщIошасэри,
теуэ ящIыну щежьэ дыдэм ирихьэлIэу, моуэ зы щIалэ нэIуцэжь гуэр паркет ямыщIу
Къэбэрдейм къина мэз кIапэ тIэкIум къыхобэкъукIым, уэлэхьи. КъыхобэкъукI,
«Стоп!» жеIэри, кIуапIи-жапIи яримыту къапоув.
КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалэжьыр зэманыжьым и хуамэбжьымэ зыщIихуауэ къэнэжа
закъуэтIакъуэхэм ящыщт. Нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, тхьэмыщкIэжь мыгъуэм,
пасэрейхэм ещхьу, фыз иIэт. И фызри къызэрыкIуэ фызтэкъым – щIэгъэщхъуэжауэ
борыкъуеипхъут, ауэ щыхъукIэ – Джылахъстэней малъхъэт.
ЩIалэжьым-тIэ и инагъым хуэдиз и патриотагъти, хэкуэгъухэр къегъэгугъэм,
уэлэхьи, Къэбэрдейр зыхэхуа балыхьым къыхишыну.
Къегъэгугъэ, мохэм ирегъэгъэзэж, езыр фызым бгъэдотIысхьэри, борыкъуеипхъум
зэрыпэбубыдыфын хуэдизкIэ, гуащIэу пеубыдым, уэлэхьи: «Е фи хьэлыуэм и рецептыр
здэщыIэр къызжыбоIэ, е нобэ нэхъ фIэмыкIыу…УзогъэкIыж!»
Сыт мыгъуэ ищIэнт мо нысащIэ цIыкIум, -борыкъуеипхъухэр зыIурыдзэсыкIыу щыщыта
зэманыр щыIэжтэкъым, уIэбэм къапщтэу апхуэдэ щIалэ берычэтыжьыфIи
къыхуэмыгъуэтыжынкIэ шынэрти, гузасэрэ и псэр пыткIукIыу Джылахъстэнейхэм я
къэралыгъуэ щэхур къыхузэIуех: хьэлыуэ рецептыр зыхъумэм и цIэр ХьэцIыкIут, и
унэцIэр ХьэкIэегъут, зыщыщыр Хьэщауейт.
Ти-и-и, зызэщIеузадэ, псыщIагъ кхъуафэжьейр къыздещтэри, Къэбэрдей патриот
щIалэжьыр ныбафэрыпщу пщым-пщыурэ, Тэрч Iуфэ йопщылIэм, уэлэхьи…
Жэщыр жьындырыжьычт. Шынагъуэт. Гур къикIэзызыкIт. ЩIыфэр тхытхт. ТхыцIэм
зыгуэрхэр ирижэрти, щIы щIагъым къыщIэIэбыкIа Iэ щIыIэ зыбжанэ къопэщэщ хуэдэт.
«Зэрыхъу хъунщ», жеIэ, портатив псыщIагъ кхъуафэжьейр къызэкIуэцIех, егъэпщ,
йотIысхьэ, и щхьэ трегъэлъэдэжри, - макIуэ-мэлъей! МыдрыщIым икIа Къэбэрдей
щIалэжьыр мыгувэу адрыщIым щыIэ Джылахъстэней державэм къыщохутэ.
Доплъейри, - мыбыкIи жэщыр вындырыжьычщ. ЗыщIодэIукIри, - щым джэдыкIампIэщ.
Хьэдрыхэ бжэIулъэр зытращIыкIыжа и пэжьыр чыцэм къыхегъэж, ипщэкIэ допэмейри,
акъужь гуапэм къихь шхынымэ IэфIыр щхьэр игъэуназэу щIалэжьым къыIуроуэ.
Йопэмэхри, -Джылахъстэней хьэлыуэм и мэ гуакIуэр къыдрецыцей.
КъыздрицыцыкIымкIэ егъазэри, хьэлыуэмэр и гъуазэрэ, Джылахъстэней державэр
зыхъумэхэм защидзейуэрэ, фIыцIагъэ иныр йожажьэ.
Хьэщауей къуажэм нэсрэ даIуэмэ, - гур икIыщтэрэ псэр игъэхьэшхуэрашхуэу,
тхьэкIумэм зыгуэр къошэрашэ. Ар пасэрей Джылахъстэней композиторышхуэхэу
Хьэрэдурэ Динэ, ЗэрамыщIэ Зэретэ, Тубай Артур сымэ я пшыналъэхэм къытращIыкIа
попуррит. Попуррим хэт пшыналъэхэм я зэхуакум пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыдэIукIт
пасэрей хьэжрэт композитор Даур Аслъэн Джылахъстэней пхъужь гуэрым хуиусауэ щыта
серенадэр. Серенадэм и макъамэм апхуэдизкIэ узэIэпишэрт, апхуэдизкIи-и!..
Апхуэдэурэ, фIыцIагъэ кIыхьыр къуажапщэм дыхьэщ, - Хьэщхьэегъухэ къищщ,
къуажэкум нэсщ, - Жэмыкуэшххэ блэкIщ, къуажэкIэм ехщ, - ХьэкIэегъухэ ирихулIэри,
уэгъури- чыхури зыгурымыIуэу жыхуаIэ лIы цIыкIур тIэпIыжу цIыртI ишхарэ,
пырхъыжу зыщIэлъ пэшым «хуомпIэ» жо зыщIигъэхуащ… Мыр мис а ХьэкIэегъу ХьэцIыкIу
жыхуаIэу, хьэлыуэ рецептым и хъумакIуэрат.
ЛIы емынэ цIыкIум къытеIэба Iэ пхъашэр зыхищIэщ, къыщхьэщыт лIы нэцэIуцэшхуэм
къыхудэплъейщ, и псэ щIэлъэныкъуэр хэлъэтри, къэнэжа псэ ныкъуэмкIэ, «сархъ!» жо
къызэфIэтIысхьащ.
ЛIы фIыцIэ мыцIыхум кIэрахъуэ фIыцIэжьыр кърихщ, лIы емынэ цIыкIум триубыдэри,
гушыIэрейхэм зэращымыщыр хьэкъ пщищIрэ, Къэбэрдейм я бас-баритон нэхъ цIэрыIуэ
дыдэра къыпщыхъуу, макъ гъум бэлацэжьыфIкIэ моуэ жиIащ: «Е- уи псэр, е
Джылахъстэней хьэлыуэм и рецептыр!»
ЛIы емынэ цIыкIур нэхъ емынэж щыхуэмызэм деж зызыгъэемынэнухэм ящыщт, хьэлыуэ
рецептыр ихъумэну къыщIыхахари арат, ауэ мы лIы фIыцIэ емынэм
узэрыемынэунэкIыфынур къыгурыIуэщ, къыщылъэтщ, пэшиблу зэпыт унэм бгъэдыхьэщ,
бжиблым ета IункIыбзиблыр lуихщ, арщынибл зи кIыхьагъ пхъуантэ фIыцIэжьыр
зэтриудщ, щэкIыщхьиблым языхэзым кIуэцIыгъэджэрэза рецептыр
къыкIуэцIигъэджэрэзыкIыжри, Джылахъстэней псом я щэхур зэрыIэщIахым иригумэщIрэ,
нэщIащитIыр нэпсым ищтауэ, лIы фIыцIэм къыхуишиящ…
Арати-и-и, тIощIрэ етхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм Къэбэрдейхэм яIэрыхьащ
Джылахъстэней хьэлыуэм и щэхур. ТхьэхужыIэу жыпIэмэ, щэху бэлыхьи
хэплъагъуэртэкъым а щIыкIэм: лъагъуныгъэ хэлъу пщэфIын хуей къудейуэ арат.
(Джылахъстэнейракъэ-тIэ игъащIэми лъагъуныгъэм и эпицентрыр зыхуэзэр).
Сытми, а щэхур нахуэ щыхъум, илъэсищэ бжыгъэкIэрэ яку дэлъа къэзэуатыр дэкIри, я
хьэлыуи зэдаубрэ я фадэбжьи зэIурылъу Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ зылI и бын
хъужахэщ…
Аращи, сэ иджыпсту ахърэтым сыщыIэщ. А уэгу санаторэ дахэшхуэм и диван щабэшхуэм
сисрэ, тIощIрэ етхуанэ лIэщIыгъуэм зэманыр тезухуауэ, мы вжесIэжам хуэдэ
хьэлэмэтлажьэхэм соплъ, содыхьэшх, мелыIычхэр зэрыстеплъэкъукIыу, хур
хъыджэбзхэм сакIэщIопIаскIуэри сыщысщ.
Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, - гъадэщIыдэ хъужауэ си гугъа етIощIанэ лIэщIыгъуэр
моддэ зыщIыпIэ иджыри къэс щокIуэкI: парламентхэр щызэрызохьэ, партхэр
щызоныкъуэкъу, хэхыныгъэхэм щызэрогущI, зи Iэгур нэщIрэ зи IэщIыр джафэу
къагъэна цIыхубэми гугъэ нэпцI къомыр къажьэгъушхыж.
Ахэм къахэжауэ си ныбжьэгъу гуэрхэр, мес, къокIий: «Къэгъэзэж, Хьэжмура-а-ат,
депутату ухэтхы-ы-ынщ!..»
Фэ жыфIами, Алыхьым жимыIэкIэт ар! Мы ахърэт дахэшхуэм сыникIыжу ЖыриновскIэ
сымэ мыIэрысэпс зэраутхыжурэ Къэрал унафэ щащI дунейм сыту сынытемыхьэжрэт!
Хьэуэ, тIасэхэ, хьэуэ! Мыбы щысIуэтэжыну сырикъунщ, сэ абы щыслъэгъуар…
АтIэми, мы илъэс зэблэкIыгъуэм ирихьэлIэу сынывэхъуэхъуну сыхуейщ Адыгэу щIы
хъурейм тетым: Ялыхь-Ялыхь, фи хьэлыуэ щIыкIэ зэрызэтемыхуэм нэхъ гукъеуэрэ
лажьэрэ фимыIэу, фи Iэнэр берычэту, фыкъызыхуэтыншэу, фыузыншэ защIэрэ зэкъуэш
быну фызэкъуэту гъэ минурэ мин гъащIэр къэфпсэуну жиIэ!..
зытхар : Утыжь Борис
|
|
ФыкъызэупщIи пэджэж фэстынщ.
Сэлам гуапэ фызох сикъуэшыжьхэ,мис тхьэмахуэр зы махуэ нэхъ умыщIэу блэкIащ,сэри зы мыхъуми зы тхьэмахуэ лэжьапщIэр гаранти сщIащ.Мы тхьэмахуэм къриубыдэу упщIэ къом къыслъэIэсащи ахэм щыщ зы тIущым пэджэж естынущ.Иджы си жыпым ахъшэ тIэкIуи илъщи нэхъ гукъыдэж сиIэ хъуащ.
ЛIыхъужьу си
нэхъыжьфI !
Сэ си упщIэр кIэщIу
ныбжызоIэ,кхъыIэ пщIэмэ зы жэуап къызэт.Сыт мы хамэ къэрал
шыIэ адыгэхэр абы къыщIыщыхутар
? дэ зэрытщIэмкIэ
Адыгэ хэкур кавказыращ,сыт ахэр абы щIыщыIэр,ахэр мыбы икIа хьаурэ дэ абы
дыкъикIа. Сыт мы Iуэхум и пэжыпIэр ?
Азэмэт
- Дыгулыбгъуэй
Уэлэхи Азэмэт дэ ди
зэманым щыIа тхыдэ тхылъхэм зэритымрэ дэ Дызэрагъэджамрэ уэплъмэ хамэ къэрал
Адыгэ щымыIэ сикъуэшыжь.Уэ ущыуэу пIэрэ.
Сэ къызэрсщыхъумкIэ
ахэр адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа щIэблэ къыщIэкIынщ,е перестройкэ нэужьым сату
ящIыну кIуэу абы къэнэжахэу къыщIэкIынщ. Сэламышшхуэ узох азэмэт иджыри
умыщIэхэм къыщIэупщIэ,къысхуэтхэ къуэш.
************
Здравствуйте лыхужь
Сэ зы вопроси
сиIэкъым ауэ зы лъэIу пхузиIэщ если можно.
Сэ зы къхуэ сиIэщ
35 лет и ныбжьу, ауэ абы и пхъу цIыкIум ( и цIэр камиллещ ) зы Адыгэбзэ
ищIэркъым. Подалуста лыхужь ди молодежым захуэгъазэи яжэIэ бзэм хуэсакъыну,бзэр
яхъумэну,зрагъэщIэну.
У мэня 60 лет,
сыхуещ сэ си быными абы я бынхэми тIэкIу къыздэплъеуэ къаIурылъэлъу адыгски язык
ящIэну армырамэ докIуэдыр,если они нэ знаю хэт мы бзэр зыхъумэнур?
Вячэслав – Город
Нальчык
Уэлэхи ди
нэхъыжьыфI пэжым жыфIахэр, фи адыгэбзэ къабзэмкIэ къысхуэфтха тхьэусыхэм
сыкъыщеджэм си гур къызэфIэнащ,ауэ сэ си цIэр пхэнджу къывжаIащ ипэ ар
зэхэдгъэкIынщ. Аращи сэ си цIэр ЛIыхъужьщ вячэлав, лыхужькъым.ЕтIуанэрауэ а уи
къуэри тхьэм куэдрэ пхуигъэпсэу ауэ ари щыуагъэкIэ кхъуэ жыпIэри къэптхащ. Абы
нэмыщ си нэ къыфIэнэ хэмыту Адыгэбзэ къабзэкIэ къызгурыбгъэIуам узыхуер.Уи
лъэIур Iэпэ дэгъэлэл сымыщIу занщIу захуэзгъэзэнущ ди ныбжьыщIэхэми фIыуэ
сахэшхыдэхьынуш умыгузавэ.
************
КхъыIэ лIыхъуж уэр
нэмыщI сызэупщIын сиIэкъым сэ си проблемэр IэщIыб умыщIу къысхуэтхыж. Сэ анзорей
сыщыщщ, мы ди нащэ хэсэгъуэм и зэманыр блокI, ауэ дэ идыри арендэу щIы
къыдатакъым, сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр ?
ДыгъэцIыкIу –
Анзорей.
ДыгъэцIыкIу, уэ
тIэкIу укъыкIэрыхуауэ си гугъэщ нащэ хэсэгъуэм,жылэм къыхачыжри банкIэхэм
иралъхьэжащ тIэсэ. Ауэ сэ ара пэтми Iуэху сщIыри уи упщIэм пэджэж къэзтыфынухэм
захуэзгъэзащ. КъызэрызжаIам хуэду ныбжызоэIжри пцIы хэтмэ а фи къуажэ малхъэм и
пщэ дэлъщ гуэныхьыр.
Абы зэржиIэмкIэ мы
илъэсым уэ къыуатын щIы къэнакъым,ауэ быддэу псалъэ къызитащ етIэнэгъэ къэнжал
бжьэпэм иде уэ щIыхуэ къыщыуитыну икIи гъэ къэс уэлэжьыфын хуэду хуитыныгъэ
тхылъи къыуитыну.Мэгъэм уи дзэ зытекъузэ тIэсэ,тхьэм жиIэмэ етIэнэгъэ илъэситым
и ахъшэр зэу къэблэжьыжынщ. ИтIанэ а фи къуажэ малъхэр зэ тIо къытыригъазэурэ
щIэупщIащ “ахъшэ иIэ” жиIэурэ сщIэркъым и щхьэусыгъуэр ауэ къыбдэIэпыкъуну
къыщIэкIынщ ахъшэкIи,мыхъумэ сыт ар щIыщIэупщIэнур.
Мы тхьэмахуэкIэ мыращ.къэкIуэ тхьэмахуэм къыпытщэнщ тхьэм жиIэмэ.Иджы сэри псэуми зы лъэIу фхузиIэщ :дэтхэнэ зыми зы Адыгэ сабий псэлъэщIитI ивогъащIэри ари сэ къысхувотхыж. Узыншэу фыкъани фи напэ,фи бзэ,фи гугъэ иииииииииииииииии фи цIыхугъэ фымыгъэулъийуэ фыпсэу.....ЛIыхъужь.
|
|