Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ XАБЗЭ
Сокъур Залинэ

CC - Xabze Department

.

Сыт хуэдэ цIыхури къащти дэтхэнэми ищIэжын хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр зищIысыр, зыхуэдэр. Адыгэ нэмысыр, хабзэр цIэрыIуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкIащ. ....

.

Адыгэ хабзэр дэтхэнэ зы адыгэм дежкIи адэжь дамыгъэщ, акъыл гъуэмылэщ, тагъэ дахэу нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэнаш.
Дэ абы дэгу бзагуэ дыхуэхъумэ псатхьэр къытхуэгъынщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм я лъэпкъыр, я хабзэр бэлыхьышхуэм къыхихащ, ар ихъумэжын папщIэ бэнэныгъэ куэд иригъэкIуэкIащ.
Ди адыгэ хабзэр къызэрыгуэкIкъым. Ар апхуэдэу къызыщыхъум абы и мыхьэнэм имызакъэу и пщIэри егъэлъахъшэ.

Егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жыпIэ хъунущ адыгэр адыгэ зыщIар и хабзэр арауэ. Адыгэ хабзэр цIыху хыхьэкIэ, цIыху хэтыкIэ къудейкъым, атIэ ар дуней еплъыкIэщ, гуапагъэщ, хьэл-щэн дахэщ.
«Сэ грузину сыкъамылхуам, Адыгэу сыкъалъхуну сыхуеят», - жиIауэ щытащ грузин тхакIуэшхуэ гуэрым. Зыубгъауэ уегупсысмэ, Адыгэ хабзэр цIыху, лъэпкъ, жылэ, нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ, къинэмыщIахэм я зэхущытыкIэ зэгурыIуэкIэщ.

Ар здынэмысрэ здэмыIэбэ плIэнэпэрэ адыгэ гъащIэм иIакъым. Iуэху жьгъей дыдэу къытфIэщIхэм я деж къыщыщIэдзауэ Iуэхушхуэ дыдэхэм я деж нэсу.

Ар псалъэм имызакъуэу щапхъэщ икIи цIыхур цIыху зыщI нагъыщэщ, гуапагъэщ, хьэлэлыгъэщ, жумартыгъэщ.

Адыгэ хабзэм утепсэлъыхьыну бзэм къитIысыркъым икIи тыншкъым. Ар зыхэпщIэн хуейщ уи гуми уи псэми дыхьэу.

Адыгэ хабзэр ягъэзащIэ, зэрахьэ, я гум щахъумэ армыхъумэ, псалъэ фэрыщIыгъэкIэ, псалъэ дыгъэлкIэ ягъэбатэркъым. Аращ дауи адыгэхэм щIыжаIэр «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым».
Адыгэ хабзэр зэгурыIуэу зэгуэр Iэ IэткIэ къащтакъым. Ар лIэщIыгъуэ IэджэкIэ зэфIэуващ, гъащIэм къыхэкIащ.Адыгэ хабзэм пасэрей зэманыжь блэкIа куэдым и нэпкъыжьэ телъщ.

Аращ дауи хабзэм дунейм, цIыху гъащIэм и къэхъугъэ псоми и Iуэху щIыхэлъыр, дэтхэнэ зы адыгэми и гурыщIэр и дорэш-плIэрэш дэIэбэу щымыуэным, цIыху хуэдэу щытыным ар щIыхуэсакъыр.

Дэтхэнэ зы адыгэми а хабзэр и гум хэпщIауэ къэтэджын икIи ар игъэзэщIэн хуейщ. Насыпышхуэщ адыгэ хабзэр, нэмысыр пхэлъыныр.

Адыгэ хабзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ Адыгагъэр.
Абы къызэщIеубыдэ щIыхьыр, зэхуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, гулъытэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, бзылъхугъэр гъэлъэпIэныр, сабийр гъэгушхуэныр, нэгъуэщIым зыдэщIыныр, ари уи щхьэ еплъытыныр.

.

.

          

.