Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ ХЪУЭХЪУХЭМ ЕПХА ГЪЭЗЭЩIЭКIЭ ХАБЗЭХЭР  -1
(ТХЬЭГЪЭЛЭДЖ И ХЪУЭХЪУХЭМ ЕГЪЭЩIЫЛIАУЭ)

Табыщ Мурат
КБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ

CC - Xabze Department

.

Иджыри зы Iуэхугъуэ: Iэнэм Iэмалыншэу тралъхьэхэм ящыщт гъущIхэкIри. ГъущIым нэтемыгъахуэ нэщэнэ иIэт. Абы техъуэхъухьхэрти, хадэ-щIапIэхэм, губгъуэхэм яхьырти, щIым щыщIатIэжырт [8]. КъазэрыфIэщIымкIэ, абыкIэ гъавэр нэ бзаджэмрэ къару бзаджэмрэ щыхъума хъунут. ....

.

«Хъуэхъум хабзэ хэлъщ, хабзи пылъщ» псэлъафэм лъабжьэ иIэщ. Абы зыкъомкIэ поджэж нэгъуэщI зы жыIэгъуи: «ауэ сытми ухъуэхъуэным хъуэхъу къикIкъым». Иджыри зы псалъэжь: «ХъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ». Зы гупсысэ зэришалIэ мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ хъуэхъум гъэзэщIэкIэ хабзэ пыухыкIахэр егъэщIылIауэ къызэрекIуэкIар, абы и зегъэкIуэкIэми хъуэхъум зэрыщыгугъ къарур епхауэ къалъытэу къызэрыгъуэгурыкIуар. Хъуэхъур IуэрыIуатэхэкI хьэзырми, жьабзэ ишыгъуэу зэрыщыт къудеймкIэ бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр нэсу къэптIэщIын плъэкIынкъым. Хъуэхъур дауэдапщэм и курыхщ. Дауэдапщэми кIуэрабгъу хуэхъур хъуэхъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псалъэм хэлъ фIэщхъуныгъэмрэ хъераджэмрэщ IуэхущIафэми зызыдищIыр. Аращи, хъуэхъур лъэныкъуитIым – псалъэмрэ дауэдапщэ хуэIухуэщIэхэмрэ – толажьэри, а щхьэхуэныгъэм къыхэкIыу и джыным зэпэзэрызу убгъэдыхьэ хъукъым. Сыт хуэдэ дауэдапщэ теплъэгъуэм сыт хуэдэ хъуэхъу техуэми, абы хэлъ псалъэхэм а теплъэгъуэр дапхуэдэу зэрагъакIуэми, кIэлъыплъын хуейщ.

Хъуэхъур хабзэ жыпхъэм иту къызэрекIуэкIар нэрылъагъу зыщIыр абы и гъэзэщIэкIэ Iэмалхэм ущызыгъэгъуазэ жыIэгъуэ гъэщIэгъуэн куэд къызэрынарщ. Нэхъыжьхэр абы зэреджэр хъуэхъу ущиещ. Абыхэм гъэщIэгъуэнагъ бгъэдэлъхэм ящыщщ псалъэжьуи, гъэсэпэтхыдэуи, хабзэгъуазэуи, хъыбаруи зэрызэхэтыр. А псор зэхэтлъхьэжрэ къиIуэтэнур къэдгъэлъэгъуэжмэщ хъуэхъум и щыпкъэр къыщыщIэщынур.

Хъуэхъур тхьэхэм, къару нэрымылъагъухэм хуэгъэза псалъэщ. Диныбзэм и хуамэбжьымэхэр абы къыхыхьэу щыхуежьар куэдкIэ иужьщ. «Хъуэхъуэныр анимизмэм и Iэужьщ, тхьэ елъэIуныр диным къыхэкIа Iэмэпсымэщ: мэгъубзэм и щIыIу диныбзэ къытехьауэ аращ, зэман зэпэщхьэхуитIым я лъэужьу, зэхэщIыкI зэмыфэгъуитIым я хэкIыу» – етх Нало Заур [1]. ТIум щыгъуэми псалъэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ, мэгъу къару халъхьэуи щытщ. Аращи, хъуэхъухэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм я нэпкъыжьэ телъщ.

Дин зэмылIэужьыгъуэхэм я шыбзэм щIэкIыурэ зэман кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуа хъуэхъужьхэм ямызакъуэу, а нэщэнэхэр ядыболъагъу хъуэхъу гъэзэщIэкIэ хабзэхэми. Хъуэхъу хуэIухуэщIэ псори зэщIэдгъэуIуэжмэ, къэхута хъунур хъуэхъум и тхыдэ закъуэракъым, абы къыдэкIуэу хэIущIыIу хъунущ ахэр зытеIуа дауэдапщэхэм я гъэпсыкIэ-зэпкърылъыкIэ дызыщымыгъуазэхэри.
«Псалъэм я нэхъ цIыкIури зэрыхъунур зэрыпщIщ» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Къызэрыхэщащи, мэгъу Iэмалхэм хъупIэ-щIыпIэу яIар дауэдапщэрщ. Зы дауэдапщэм къытригъэзэжыху абы теIуа хъуэхъуми зиузэщIурэ щапхъэ пыухыкIам иувэу екIуэкIащ. Ахэр зэрыубыда нэужьщ узытекI мыхъун хъуэхъу гъэзэщIэкIэ хабзэхэр жылагъуэм щызэдащтар. Абы и IуэхукIэ ди нэIэ зытетынур Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэрщ. А хъуэхъу гупыр ди гъуазэу зи гугъу тщIа гъэзэщIэкIэ хабзэхэр къыщIэгъэщыныр зыхуэдгъэувыж пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.

«Тхьэгъэлэдж и хъуэхъукIэ» дызэджэр къызэщIэзыубыдэ фIэщыгъэцIэщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым щегъэжьауэ гъэ мэкъумэшыр кърахьэлIэжыху я зэхуаку дауэдапщэу дэлъу щытам хъуэхъуу теIуар абы хеубыдэр. А хъуэхъужьхэм Тхьэгъэлэдж и цIэр къраIуэу, хъераджэр абы хуагъэIуу къекIуэкIащ. Ауэ Iэмал имыIэу щыткъым хъуэхъу псоми Тхьэгъэлэдж и цIэр къыхэмыщынкIэ. Ар IуэхугъуитIым къыхокI: япэрауэ – щыIэщ зы хъуэхъу гупышхуэ тхьэм зыхуимыгъазэу зыхуейр кърибжэкIрэ «сохъуэхъу» жиIэрэ игъэтIылъыжу (куэдкIэ тIорысэщ, мэгъубзэм нэхъ пэблагъэщ); етIуанэрауэ – тхьэм зызыхуэзыгъазэ адрей хъуэхъужь гупышхуэм къахокI диныбзэр текIуэу Тхьэгъэлэдж и цIэр IэщIыб зыщIахэр. ЗыхуэгъэзакIэ, зыхуэгъэпсакIэ а хъераджэхэр псори бэв зэрытраIуэ хъуэхъущ. И цIэ къызыхэмыщ къыхэкIми, а хъуэхъужьхэр Тхьэгъэлэдж епхауэ къызэрекIуэкIар нэрылъагъущ. Апхуэдэ гупсысэм урегъэувалIэ Тхьэгъэлэдж и цIэр хъума щыхъуа хъуэхъужь куэд ди деж къызэрысам.

Тхьэгъэлэдж и хъуэхъукIэ дызэджэ гупым хохьэ мы хъуэхъу лIэужьыгъуэхэр:
– гъэрэ щIырэ щызэхэкIым деж жаIэ хъуэхъур;
– уафэр япэ щыгъуагъуэкIэ жаIэ хъуэхъур;
– удзыпс зэутх хъуэхъур;
– вакIуэдэкI хъуэхъур;
– вабдзэ телъхьэ хъуэхъур;
– гъунэилъ хъуэхъур;
– щыпэтесэ хъуэхъур е япэ жылэ щытрасэкIэ зэрыхъуахъуэр;
– вэн-сэныр щаухкIэ жаIэ хъуэхъур;
– вакIуэихьэж хъуэхъур;
– гъавэр щыIуахыжкIэ жаIэ хъуэхъур;
– гъавэр щаIуэжкIэ жаIэ хъуэхъур;
– гъубжэдэх хъуэхъур;
– гъавэр щаIуэжкIэ жаIэ хъуэхъур;
– гъавэр щакIыщтэкIэ жаIэ хъуэхъур;
– щхьэлщIэкI хъуэхъур;
– хамэIумыхуэ хъуэхъур.

Мыбы хэмыхьауэ дызыщымыгъуазэ нэгъуэщI хъуэхъу лIэужьыгъуи щыIагъэнщ. Мы сыхьэткIэ ди Iэ илъ хъуэхъухэр зэрызэщхьэщыдгъэкIыр апхуэдэущ.

Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэм нэхъыщхьэу зы гупсысэ хэлъщ: ахэр псори хуэгъэзащ гъавэм, къэкIыгъэм бэв теIуэным. ЩIым хэплъхьэм хуэдитI къыуитыжын щылъэкIкIэ, бэвыгъэри дуней щытыкIэм щелъытакIэ, щIым елэжь, абы ирипсэу цIыхум и гупсысэр здынэсыр ар зи IэмыщIэ илъ къарум еубзэн, дахэ жеIэн зэрыхуейрт. Абы къыхэкIащ илъэсыр къыщихьэм щегъэжьауэ ар икIыху сыт хуэдэ мэкъумэш лэжьыгъэ хуемыжьами, жылагъуэр и псалъэрэ и IуэхущIафэкIэ Тхьэгъэлэдж зэрызэхуигъэнэджыным хущIэкъуныр.
Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр адыгэ махуэгъэпсымкIэ илъэсыщхьэ махуэщ. Аращ зытехуэр гъатхэпежьэ тхьэлъэIукIэ зэджэхэр. Гъатхэпежьэр IыхьитIу зэхэтщ: унагъуэ тхьэлъэIурэ жылагъуэ тхьэлъэIуу. Кантария М.В. зэритхымкIэ, къэбэрдей адыгэхэм абыхэм щхьэкIэ зэрахьэр «вакIуэ тхьэлъэIу», «вакIуэ къурмэн» фIэщыгъэцIэхэрщ [2].

МафIащхьэджэд тхьэлъэIукIэ зэджэр унагъуэ тхьэлъэIущ. Махуэр къыщихьэнум и жэщым унагъуэм исхэм загъэкъабзэрт, дыгъэмыхъуэпс жаIэрти, нэху зытемыщхьа псыкIэ загъэпскIырт, щыгъыныгъуэщIэкIэ зыкъахуапэрт. ЖыIэн хуейщ зыгъэкъэбзэныр дауэдапщэ хуэIухуэщIэхэм я щыпэхуежьэу хабзэ хъуауэ къызэрекIуэкIар. «Кхъуэ бэгумрэ дыгъужь бэгумрэ псым зыхамыгъэпскIыхь щIыкIэ зывгъэпскI», – жаIэрти, нэхулъэр къыщызэкIэщIитхъым ирихьэлIэу цIыкIуи ини псыежэхым кIуэхэрт. Псыр гъащIэм, узыншагъэм и нэщэнэщ. Узрэ бзаджэрэ къаймыуалIэу а псым ирихьэхыну, гу къабзэ-псэ къабзэу, къэщIэрэщIэжауэ илъэсыщIэм техьэну гугъэхэрт.
Дунейр къыщызэщIэушэм, къыщызэщIэущкъулэм ирихьэлIэу хуэзэ а зэманым япэрапщIэу гъавэ бэвкIэ, илъэсыщIэ угъурлыкIэ хъуахъуэхэурэ хуежьэрт. Ди деж къэсащ апхуэдэ хъуэхъу зыбжанэ. Мыр абыхэм ящыщщ:

Уо, Тхьэгъэлэдж дыщэ!
Зыхуэхъум я псэпащIэу,
Уэркъыжьым я шы Iусу,
Ажэ жьакIэу уфафэу,
Афэ гъуапэу уэндэгъу[у],
Вагъэм щызэрызешэу,
Шауэм дэщхьэукъуэу,
Жэпкъыхъуу,
ЩхьэпIащэу,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Зы ху самэр ху гуипщIу,
Унагъуэ и пщIэ кIыщтэгъуэ зэрыз
ФIыгъуэкIэ тшхыжыну Тхьэм къыдит!
Уо, гъэрэ щIырэ зэхэкIыу
ВакIуэ дыщыдэкIкIэ
Джэдхэр къакъэу,
Къазхэр гъуалъхьэу,
Вабдзэ телъ[хь]э ирагъэщIу,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэнгъуэкIэ уэшхыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу
Мы гъэр Алыхьым къыщIигъэкI! [3]
Мы къэкIуэну текстыр Щоджэн Хьэзешэ итхыжа вариантщ:
Ялыхь,
Гъатхэ махуэу,
Гъатхэ угъурлыуэ,
Гъатхэ бэву,
Вагъэм хуэмыIэтыр ди мэшу,
Гъасэу къитшыжыр щэджищэу,
Щэдж къэс ху къэпищэр ди щапхъэу,
Нысэу къырашэр Iумахуэрэ
ЗыхэIэбэм берычэтыр хиIуэу,
Ди Iуэм имыхуэр ди Iэщу,
Дызыхуейр къыдэлыжу,
Ялыхь, гъэ дызытехьэр
УзыншагъэкIэ едгъэхьэкI! [4]

ЛъэпкъщIэныгъэр фIыуэ зыщыгъуазэ мафIащхьэджэд тхьэлъэIум къытедгъэзэжу псалъэ лей тыжетIыхьынкъым, ауэ щапхъэу къэтхьа хъуэхъум къепха IуэхугъуитI-щым и гугъу дымыщIу дыблэкI хъунукъым.

МахуэщIым хуэзэу унагъуэм жьэгуу яIэм хуэдиз Iэнэ къагъэувырт, дэтхэнэри тхьэлъэIу шхыныгъуэхэмкIэ къаузэдырт. ЖьэгужькIэ зэджэм и пащхьэ къит Iэнэрт хугурэ шыгъурэ зэхэпхъауэ илъу щэкIыщхьэ зытеубгъуа фалъэр зытетыр; абдежт щыпэ хъуэхъури щагъэIур. Шхыныщхьэр тхьэлъэIу мэжаджэкIэ зэджэрат. «Тхьэм зэпэмыбж и щIасэщ» жыхуаIэрати, мэжаджэр щы, блы е бгъу хъун хуейуэ ягъэувырт. ХугукIэ жаIэрти, илъэс блэкIам къыщIэна гъавэрт ар къызыхащIыкIыр. Мэжаджэр япщэфIын ипэ къихуэу унагъуэм къахыхьагъащIэ нэрыбгэр (е, апхуэдэ щымыIэмэ, цIыхубз ныбжьыщIэу яхэсыр) жьэгу пащхьэм кърырагъэшалIэрти, хугукIэ фалъэм хагъэIэбэрт, зэIэрагъащIэрт. Абы иужь ар Iуэм яхьырти, Iэщхэм трапхъэрт, губгъуэм дахырти, щIым щрапхъыхырт.

Къыдэхуар ерыскъыпхъэм халъхьэрти, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзырырт [5]. Лъхуэн-пIэныр къызыпэщылъ нысащIэм е цIыхубз ныбжьыщIэм илъэс блэкIам хъуэхъу зытражыIэхьа гъавэм хэIэбэмэ, лъхугъэ щымыщIэну, щIэблэ иIэну я фIэщ хъурт, езыми, угъурлыгъэкIэ щыгугъхэрти, зыхэIэба гъавэм берычэт хэIуауэ къызыфIагъэщIырти, Iэщым трапхъэмэ – бэгъуэну, къызыхэкIа щIым хапхъэжмэ – бэв къадэхъуну къащыхъурт. «Бэв теIуа хъунщ» жаIэрти, хугукIэр жылапхъэми хагъэщащэу щытащ.

Мыбдеж жыIэн хуейщ жьэгу пащхьэм япэу пэраша нэрыбгэмрэ и псэуэгъумрэ я цIэкIи хъуахъуэу зэрыщытахэри:
Я Алахь!
Жьэгу пащхьэ махуэ яхуэщI,
Я жьэгу пащхьэр берычэтым и епсыхыпIэ щIы,
Выжьгъашхэ щагъавэу,
Гъэлъэхъу пшэр щымыщIэу,
Гуэгушыхъум и кIуапIэу,
ХьэщIэу къихьэр мылъытэу,
Лъапэ махуэ къырахьэу,
Мылъытэжыр я шыгъу-пIастэу,
МыжэлIалIэ къихьэмэ зыщагъэнщIыжу,
Я берычэтым хэмыщIу,
Зы хэщIамэ пщIы хэхъуэжу
Жьэгу пащхьэ бэв щIы,
Тхъэгъуэр я унагъуэм имыкIыу,
Я Алыхь, гъэ минкIэ гъэпсэухэ!
Ар зыфIэмыфIым и унэгъуэбжэм дрегъэгъэзэиж,
Я Алыхь, жэгъуэгъуншэ умыщI,
Жэгъуэгъум зэрыжаIи умыщI,
БлэкIыр къехъуапсэу,
ПщIантIэм къыдэплъэмэ дагъэмэ къыдихыу
Ирыскъым и кIуапIэ щIы! [6]
Хъуэхъур жызыIэр цIыхубз нэхъыжьырт. Хъуэхъу псалъэр и кIэм зэрынэсу дагъэ ткIуэпситI-щы жьэгу мафIэм пэрыгъэткIуэныр хабзэт [7].

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

ЛИТЕРАТУРЭР:
1.
Нало Заур. Хъуэхъужьхэр // Лъабжьэмрэ щхьэкIэмрэ. Налшык, 1991. Нап. 18.
2. Кантария М.В. О некоторых пережитках аграрного культа в быту у кабардинцев // УЗ АНИИ. Т. VIII. Этнография. Майкоп, 1968. С. 353.
3. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.1, ед.хр.1в, пасп.№38/3. КъэзыIуэтэжар наIуэкъым, 1958 гъ. зытхыжар Багъ Пётрщ.
4. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-10, оп.1, Т.19, ед.хр.32, пасп.№1/5. КъэзыIуэтэжар Налщыч къалэ щыщ Щоджэн Хьэзешэ Исуф и къуэрщ, 1890 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.02.1969 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
5. КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ, 1934 гъ.къ. 1.09.2007 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
6. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.3, инв.№2202, пасп.№4. КъэзыIуэтэжар Астемырей къуажэ щыщ Тэркъан Хьэжбэчырщ, 1892 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 23.06.1972 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
7. КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.

.

.

          

.