Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ ХЪУЭХЪУХЭМ ЕПХА ГЪЭЗЭЩIЭКIЭ ХАБЗЭХЭР  -2
(ХьэщIэм теухуа хабзэ)

Табыщ Мурат
КБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ

CC - Xabze Department

.

Иджыри зы Iуэхугъуэ: Iэнэм Iэмалыншэу тралъхьэхэм ящыщт гъущIхэкIри. ГъущIым нэтемыгъахуэ нэщэнэ иIэт. Абы техъуэхъухьхэрти, хадэ-щIапIэхэм, губгъуэхэм яхьырти, щIым щыщIатIэжырт [8]. КъазэрыфIэщIымкIэ, абыкIэ гъавэр нэ бзаджэмрэ къару бзаджэмрэ щыхъума хъунут. ....

.

TхьэлъэIур Iуэхугъуэу зэрызэхэтым и зэщIэн къарур хъуэхъум псалъэу хэтми щIегъэхуабжьэ: IуэхущIэгъуэ къэс пэджэж псалъэ хъуэхъум хэлъщ.

ТхьэлъэIу шхыным хуэдгъэзэжынщи, къыхэдгъэщынщ абыи пщIэ зэриIар. Ар псоми зэрызэIурагъэхуэным хущIэкъухэрт. «ШхыныкIэр хъуэхъушэщ, фIыгъуэ Тхьэм къытхудигъакIуэ», – жаIэурэ ерыскъыпхъэхэм хагъэщэщэжурэ щIэрыщIэу япщэфIыжырт. Хъуромашэ къежьа щIалэгъуалэми зэрыхуэупсэу щытари а тхьэлъэIу шхынырщ. Игъуэу къыдолъытэ мулид шхынщ, хъуэхъу тражыIэхьащ жаIэу ягъэлъапIэу ди цIыхубз нэхъыжьхэм хьэдэIус хуэIухуэщIэхэм, мулидхэм ирахыу Iэнэм телъа шхынхэкI гуэрхэр, Iэбжьэ хуэдиз хъуну зэхэкIутауэ хугурэ шыгъурэ я унэ яхьу нобэми къызэрекIуэкIыр дигу къэдгъэкIыжыну. Ари бэвыгъэ къэзышэ нэщэнэщ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: хъуэхъу зытеIукIа Iэнащхьэм телъа щэкI кIапэхэрщ шыгъумрэ хугумрэ зыкIуэцIагъэщащэр [9].

Тхыгъэжьхэм куэд дыдэрэ ущрохьэлIэ жорым и гугъум [10]. Жор тхьэлъэIу ящIу щытащ адыгэхэм, къыщыдахри гъэрэ щIырэ зэхэкIыу махуэ зыбжанэ тещIа нэужьт [11]. Кантария М.В. зэритхымкIэ, махуипщI дагъэкIырт [12]. Жор тхьэлъэIур бэвхуеджэ тхьэлъэIущ. Абдеж щрегъажьэ жылагъуэ тхьэлъэIухэм, нэхъыбэри зытеIуар Тхьэгъэлэджщ. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, хъуэхъумрэ хъуэхъу зэдыщIэкIымрэ жылэр щыхыхьэр унагъуэ тхьэлъэIур жьэгум къыдахыу утыку щрахьэм дежт [13]. Гъатхэпэм ирихьэлIэу IугъэгъукIэ зэджэ нэщIыр яухыу IутIыж щащIыжкIэ жылэр щызэхуэс тхьэщIагъхэм ахэр кърахьэлIэрти, и пащхьэ щыхъуахъуэхэрт, тхьэ щелъэIухэрт. Жорым мафIэ ирадзу щагъэсыжкIэ мыпхуэдэу хъуахъуэхэрт:

Джор, джор, ди дуней нэху лъапIэ,
Уи лъагъуэм тетын дыщI,
Джор, джор, ди гъавэр гъэбагъуэ,
Уи гъуэгур дыгъэлъагъу!
МафIэр сын зэриухыуи, мыр къыпащэрт:
Джор, джор, узытехуэр махуэ Тхьэм ищI! [14]

Жорым нэщэнэ зыбжанэ иIэщ: ауэ дэркIэ нэхъыщхьэр гъащIэм, гъащIэ жыгым, дуней къызэщIэушэм, бэвыгъэм я нэщэнэхэр абы зэрыхэтлъагъуэрщ [15]. НэгъуэщI гъэщIэгъуэни щыIэщ. ЗэрытщIэщи, жорым гъэпсыкIэ зэхуэмыдэ иIауэ къыхощыж тхыгъэжьхэм: ар зэхуэпэзадэуи, зэблэдзауи, баш къызэрыкIуэуи къыдахынкIэ хъунут. Жорым епха хуэIухуэщIэхэр цIыхум щаIэщIэхужым, и лъэужь иужькIи мыкIуэдыжу куэдрэ къэгъуэгурыкIуащ. Баш къызэрыкIуэ гъэпсыкIэ зиIэ жорыр нэхъ гъащIэ кIыхьу къыщIэкIащ. Ар щIыжытIэр аращи, хъуэхъу баш жыхуаIар а жорым деж къыщежьауэ худогъэфащэ [16]. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, хъуэхъу башым теухуауэ къытхуэгъуэтыжар мащIэщ, а мащIэми узыгъэгупсысэ, къэхутэн хуей Iуэхугъуэ куэд хэлъщ. «Хъуэхъу башыр зэIэпахыркъым», – жеIэ къэIуэтэжакIуэ Iэзэ Жылау Барэ [17]. Ашэбокъуэ ХьэкIуакIуэ зэрыжиIэжымкIэ, «япэ хъуэхъур жызыIэнур къызэрыпцIыхур удз щхьэтоп фIэлъу абы IэщIэлъ башымкIэт. ЦIыху зэрызехьэ макъым зэуэ пичырт а башыр абы щIым зэрыхиIуу. Хъуэхъум я щхьэр абы иужькIэт щызэхэпхынур» [18]. «УдзыщIэр къызэщIаубыдэрти, удз шыкъуу и зы кIапэмкIэ щызэрадзэрт, къэтIэпIу хуежьа зы жыг къудамэщIэ абы и кум къыдалъэфыжырти, башыщхьэм палъхьэрт, башыкIыр Iэ пцIанэкIэ ямыубыду щэкI кIапэкIэ фIаубыдыкIырти, яIэтырт, итIанэт щыхъуахъуэр. – игу къегъэкIыж Щоджэн ФатIимэт. – Хъуэхъуэн яуха нэужь, вакIуэхэм а башыр зыхыхьэ вагъэм хаIурт» [19].

Аращи, хъуэхъу башми жорым иIэ нэщэнэ зыбжанэ бгъэдэлъщ: абы хыболъагъуэ и пащхьэ щыхъуахъуэрэ хъуэхъу ягъэIуар зэщIэн хуейуэ зыгъэув фIэщхъуныгъэр цIыхум къезыт нэщэнэри, хъуэхъу зытрагъахуэр къызэрыпцIыху нэщэнэри, нэтемыгъахуэ нэщэнэри. Уегупсысмэ, етIуанэ нэщэнэрщ зытеужьыкIар хъуэхъу башыр зыIэщIэлъыр ар щызэрахьэ хуэIухуэщIэм и гъуазэу, и пашэу къозыгъэлъытэ нэщэнэри. Егъапщэ: башыр бжьыпэIыгъ дамыгъэщ. МыхьэнэкIэ мыбы мащIэу текIами, нэгъуэщI щапхъэкIэ зытедмыгъэчыныхьыф Iанэ бэщ жыхуаIэри щыIэщ. ЧэзукIэ хъуэхъу зытригъахуэм хуигъакIуатэу гуп тхьэмадэм и пащхьэ къилъ башым аращ зэреджар Тыркум щыщ Лъэпщ Курулай [20].

Гъатхэпэм уафэр япэ гъуагъуэу щыблэр щыуэкIи жылэр тхьэ елъэIухэрт гущIэгъу къахуищIыну, щыпэшхым хъеррэ фIыгъуэрэ къахудигъэкIуэну. «Уафэр щыгъуагъуэкIэ, щхьэж и гуэн йоуэж», – жеIэ псалъэжьым. ЦIыхухэр щыпсэу унэ-щIапIэхэм лъхугъэрэ берычэтрэ имыкIыну, гъавэ гъэтIылъыпIэхэм башкIэ (е бэлагъкIэ) еуэхэурэ гъавэрэ бэврэ щымыщIэну хъуахъуэхэрт. Апхуэдэ хъуэхъу куэдым щыщщ мыр:

Ялыхь!
Ди гуэныр гъавэншэ умыщI,
Ди щIапIэр цIыхуншэ умыщI,
Ирыскъыншэрэ щIэблэншэрэ думыщI,
Къыхэтх пэтикI хэмыщIу,
Бэвышхуэу,
ЛъащIэншэу,
Ялыхь, тщIэр мащIэмикI,
Ди гуэным имыхуэу,
ТыгъэфIхэр хэтщIыкIыу,
ГуфIэгъуэкIэ дыхэIэбэн хуэдэу [къыдэт!] [21]

ИгъэзащIэ къалэнкIэ хъуэхъу башым и лъэужьу зыкъыуегъэлъытэ бэв траIуэу гъавэ гъэтIылъыпIэхэм сабийхэр зэрызехьэурэ зэреуэ башми.
ЦIыхухэм къазэрыфIэщIымкIэ, уафэр ипщэкIэ щыгъуагъуэмэ, илъэсыр гъалъхуэ хъунут. Абы щыгъуэ удзыпс зэутхыр къыдахырт. ЦIыкIухэр псы Iуфэм кIуэхэрти, пэгункIэ удзыпс къахьырт: удзыр яфыщIт, яIуэрти, псы къыщIагъэжар езыхэми зэтраутхэжырт, псэуалъэхэми ираутхырт. Мы Iуэхуми хъуэхъу теIуащ:

Ялыхь, куэду къегъэшхи,
ФIыгъуэкIэ дыгъэшхыж!
Ялыхь, бэв къыдэти,
Къыдэптар махуэ щIы! [22]

Жорым и пащхьэ зэрыхъуахъуэ, тхьэ зэрелъэIу щIыкIэм зыгуэрхэр хэлъщ. «Хъуэхъум и пэри хъуэхъущ, хъуэхъум и кIэри хъуэхъущ», – жаIэ. Ар щIыжаIар аращи, хъуэхъур езыри хабзэщи, и Iуэхури екIуу зехьэн хуейщ. «Хъуэхъур щыхабзэкIэ, хабзэм езэгъщ гъэхъуэхъуэн хуейри», – жаIэ нэхъыжьхэм. Хъуэхъу зыхуагъэфащэм къыхэхыкIэ марди иIэт.

Хъуэхъу зыгъэIур зыгуэр зылъэгъуа, гъащIэм и пIалъэ зыщIэхэрщ. Ауэ нэхъыжь псоми ар зэхуэдэу къалъыстэкъым. Ныбжьым мыхьэнэ иIэми, ар къызылъысыр и акъылкIэ, и гупсысэкIэкIэ, и дуней тетыкIэкIэ жылэм фIэлIыкI зыхуащIырт. Апхуэдэм щхьэкIэ и псалъэ псэ хелъхьэ жаIэрт. Абы куэд къокI: и унафэри, и псалъэри щапхъэщ. «И ныбжь нэсщ, щхьэщыкIри, хъуэхъуми хыхьащ», – жаIэуи урохьэлIэ. Мыбдеж «хъуэхъу» псалъэр «ныбжь (почтенный возраст)», «Iулыдж (авторитет, статус)» мыхьэнэхэр иIэу къосэбэпыр. Хъуэхъу ныбжьым хыхьам «и псалъэ хъуэхъу защIэу зэIылъщ», «хъуэхъужь Iыхьлыщ» хужаIэ. И Iуэху зехьэкIэр фэуэ зэрыраплъыжым къыхэкIащ мы жыIэгъуэхэр. Абы щыфIэкIыжу, зи хъуэхъубзэ ягъэлъэпIам, зи псалъэ мэгъу къару хэлъу къалъытам хъуэхъупщкIи еджэу щытащ [23]. ТхьэлъэIум ягъэхъуэхъуэну утыку ирашэри, жорым и пащхьэ тыхь щызыщIри апхуэдэ цIыхут. Абы щыхьэт тохъуэ Ж. Тэбу де Мариньи, Ж.-Ш. де Бесс, Дж. Бэлл сыми [24].

ТхьэлъэIур зэрырагъэкIуэкIыу щытам щIэныгъэр щыгъуазэщ [25]. Тхыгъэжьхэм къызэрыхэщымкIэ, япэ щIыкIэ тыхь ящIырт. Тыхь папщIэу фIагъэж Iэщыр жорым хуагъазэрти, фIэбзыпIэ хуэхъунум деж шэху уэздыгъэкIэ и фэр кърагъэсыкIырт, езы Iэщыщхьэми тхьэлъэIу махъсымэм щыщ кърагъэжэхырт [26]. Тыхь щащIкIэ жаIэу щыта хъуэхъу мэздэгу адыгэхэм я деж щатхыжауэ щыIэщ:

Тыхь щащIкIэ тыхь махуэ фщIыхэу,
Алахь гуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ,
Дунеишхуэуэ чыристэныри мысылъмэнырикI
ЗэлъэIуу зыми емылъэIуж,
Уи нэфI къытщыгъахуэ,
Иисус Христос, Боже мать,
Уи нэфI къытщыгъахуэ!
Ялахь, гуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ,
Пэгъымбархэр къыфхуэхъуахъуэу,
МэлычыфIхэр къыфхуэлъаIуэу,
ЛъэIу нобэрей махуэм жытIэр
Алахьым пщтэну,
Къыуат Тхьэм къывит,
ЩIыуэ дызытесыр Тхьэм фхуигъэбагъуэ,
ГъатхэфIырэ гъэлъэхъуфIрэ
ЗыхуэкIуам я гъусэ Тхьэм фищI!
Уафэм и къащхъуэр,
ЩIым и щхъуэнтIагъэ дахэм фытету,
Пресвятая Троицэ и нэфI Тхьэм къыфщигъахуэ,
Аймыс Тхьэм къыфхуигъэIэ,
Созырэси и нэфI Тхьэм къыфщигъахуэ,
Созырэси къыщыкIуэм –
Уэфым хуэду Iуву сабийхэм къатырипхъэу,
Я фэ цIыкIухэр къуэлэ[н]-пщIэлэн цIыкIу[у]э,
Я псэ цIыкIухэр узыншагъэ яIэу
Тхьэм къыфхуигъанэ,
Тхьэгъэлэдж Тхьэм къыфхуигъэнэдж!
Гъавэрэ вымрэ фыщымыщIэну,
Тхьэгъэлэдж къыщыфхуэнэджым
Бэвышхуэ фиIэну,
Гъасэ бэвыр къыщефшэлIэжкIэ
Бэвышхуэ фиIэну,
Гъасэ гулъэр ху гулъэуэ,
Ху пхырыр ху матэуэ,
Выжьхэр игъэщэIуэу,
ВыщIэхэр игъэгъуэлъу,
Гужьхэр игъэлъалъэуэ,
ГущIэхэр игъэкIыгъыуэ
Бэвышхуэ Алыхьым зыритам
Я гъусэ Тхьэм фищI!
Дэнэ къурш-тIыпх[и]кI,
Дэтхэнэ зы тхьэлъэIуп[I]икI,
Дэ дигу къэмыкIыжауэ,
ТхужымыIауэ къэна псалъэфIхэр
Зэрыдгъэгъуэтыжырэ
Алахь диным ит цIыхухэми
Узыншагъэ диIэну,
Ди хъуэхъухэмрэ хабзэ гъуэгумрэ
ТIэщIэмыкIыну
Алахь талэм долъэIу!
Дэ хъуэхъуэкIэ тщIэркъым,
Алыхьым и хъуэхъумрэ и дыуэфIымрэ
Тхьэм къыфлъигъэс дунейшхуэм! [27]

Мы хъуэхъум IупщIу къыхощ дин зэхуэмыдэхэм я хуамэбжьымэ езы тхьэлъэIухэми къащIихуу зэрыщытар.

Тыхьыр зэрызэфIэкIыу тхьэлъэIу мэжаджэмрэ ху махъсымэмрэ зи пащхьэ ит хъуэхъупщым пщIэ зыхуащI нэхъыжьитI къызэхуэсахэм къахишырти, и бгъуитIымкIэ игъэувырт. Мэжаджэр, мэздэгу адыгэхэм вакIуэдэщIхьэлджий жаIэ, тхьэмадэм щы ирищIыкIырт, абы щыщу зы Iыхьэм бзыгъищ къыхихырти, и бгъуитIымкIэ къыщытхэм яритырт, езыми зы бзыгъэ къищтэрти, хъуахъуэрт:

Ялыхь,
Гъатхэ угъурлы дыхуегъажьэ,
Гъатхэ махуэ дытегъыхьэ,
Гъалъхуэ тхуэщI,
ЩIым и махуэмрэ
Хум и кIыпIэмрэ дыхуэгъазэ,
Гъатхэшхыу,
ГъатхэфIу,
Ди уафэр къащхъуэу,
Ди щIылъэр щхъуантIэу,
Ди Iэ ищI ди шхыгъуэрэ
Хъуэхъуу дгъэш и хъеррэ
Гъатхэм къытхудигъакIуэ!
Ялыхь, мыр хущ,
Ху жылэрэ
Ху махъсымэрэ
ДыщыIэху дыщомыгъащIэ! [28]

Зытехъуэхъухьыр езы мэжаджэрщ. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр мащIэкъым [29]. Мэжаджэр зэрызэIуигъахуэу ху махъсымэм къыхэфырти, япэ щIыкIэ ижьрабгъум къыщытым фалъэр хуишийрт, итIанэ сэмэгурабгъум къыщытым чэзур лъигъэсырт. Щыпэ хъуэхъур зытрагъэIукIа а фалъэм къина махъсымэр иужькIэ жор лъабжьэм щракIыхыжырт. Нэхъыжьхэм къащIэж вакIуэ тхьэмадэр мэжаджэм техъуэхъухьрэ фадэм зэ къыхэфу, къэнар зыхыхьэну губгъуэм и пэIущIэм щрикIыхыу зэрыщытар [30]. Абы иужькIэ къекIуэлIа псоми мэжаджэм щыщ зы Iыхьэ зэIэрагъыхьэрти, кIыхь зрамыгъэщIу зэхэкIыжхэрт.

Жылагъуэм я пащхьэ иту хъуэхъу щыжаIэкIэ нэгъуэщI зы щIыкIэ хабзи ягъэзащIэрт: цIыхухъухэм пыIэр зэщхьэрахырт, цIыхубзхэм я щхьэтепхъуэр мащIэу зэтрагъэкIуэтырт. XV лIэщIыгъуэм мы хабзэр адыгэм зэрызэрахьа щIыкIэм тепсэлъыхьыгъат Дж. Интериано [31]. Ар дыдэр ФIэщмыхъу ХьэцIыкIу къиIуэтэжу КIурашын БетIал итхыжыгъащ [32]. Нарт Лидэ и щхьэтепхъуэр мащIэу зыщхьэщигъэкIуэта нэужьщ, хъуэхъу щыдигъэтхар. Апхуэдэу щIищIамкIэ дыщеупщIым, «Тхьэм ещIэ, хъуэхъур тхъугъэм и хъудзщ!» – жиIащ. КъыфIэмыIуэхуу а цIыхубзым къыжьэдэкIа псэлъафэм лъабжьэ иIэу къыщIэкIащ [33].

ИщхьэкIэ къыхэща «хъуэхъужь Iыхьлым» нэгъуэщI зы жыIэгъуэ дигу къегъэкIыж – ар «КъурIэн Iыхьлы» псэлъафэрщ. Диныр къабзэу зезыхьэ цIыхум аращ хужаIэр. «Хъуэхъужь Iыхьлы» жыIэгъуэм иужьрейр теужьыкIауэ худогъэфащэ: «КъурIэн Iыхьлыр» адыгэм муслъымэн диныр къыщищтэм къигъэсэбэп хъуащ. Егъапщэ: щыгъуэщI – дыуэщI. Дауэ щытми, апхуэдэу зыхужаIэ цIыхур жылэм пщэрылъ щащIа Iуэхум хуэIэижьу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ.

Хъуэхъу башым и къежьэкIэ хъуамрэ къызыхащIыкIыу щытамрэ тхузэхэгъэкIакъым, ауэ зэрахъумэ щIыкIэмрэ и къыдэхыжыкIэмрэ я лъагъуэ дытеува тфIощI.

ГъэщIэгъуэнщ муслъымэн диным ар зэрезэгъар. ВакIуэ щыдэкIкIэ ягъэхъуахъуэ тхьэмадэм хъуэхъу башыр къаблэмкIэ гъэзауэ вагъэм ику дыдэм хиIурти, цIыхум я гупэр абыкIэ иригъэгъазэрт. АдэкIэ тхьэлъэIур ищхьэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуам хуэдэу екIуэкIырт. Махъсымэм тхьэмадэр къыхэфу къэнар башым кърикIыха нэужь псори зэхэкIыжхэрт, вакIуэ зэрыдэкIынум зыхуагъэхьэзырыну. ВакIуэихьэжым къигъэзэжыху а башым зыри еIусэртэкъым. Башыр къыхэзыхыжыр иужь дыдэ губгъуэм къыхэкIыжырт, щахъумэри абы и унэрт [34]. КъыкIэлъыкIуэ вакIуэдэкI тхьэлъэIум а башыр къыхэзыхыжам къыдихыжырти, зэIэпамыхыу тхьэпщым и пащхьэ ирилъхьэрт.

Мэздэгу адыгэхэм я деж хабзэ щыIащ хъуромашэ къэзыкIухь щIалэгъуалэм «гъавэпщыр дгъэхъуэхъуэнщ» жаIэрэ ар здэщыIэ унэм япэ екIуэлIэныр. Унэм ис нэхъыжьыр хьэдзэл къудамэхэмкIэ гъэщIэрэщIа башыр иIыгъыу гупым къахыхьэрти, дахэу къайхъуэхъурт. А башращ «гъавэпщкIэ» зэджэр. Гъатхэ зэрыхъуу гъэвэпщыр губгъуэм дахырти, джэгу ящIурэ щIым хатIэрт [35]. Армырауэ пIэрэ хъуэхъу баш жыхуаIэу вакIуэдэкIым ипэ къихуэу зи пащхьэ тхьэлъэIу щащIу щытари?!

Абы иужь къыкIэлъыкIуэ махуэм занщIэу вакIуэ дэкIхэри щыIэт, ауэ нэхъыбэм загъэгувэхэрт. Зыгъэгувэным и щхьэусыгъуэр «гъатхэ лъэнкIапIэ» хъуа выхэм удзыпэр зэрыпагъаплъэрат [36].

ВакIуэхэр къемыжьэ щIыкIэ «фызыжь хъуэхъу» жари жылэм дэс фызхэмрэ сабийхэмрэ шэм хэгъэвыкIа джэдыкIэр матэкIэ дахырти, губгъуэм дэкIхэрт. Сабийхэм джэдыкIэр ирагъэшхырти, джэдыкIампIэр ягъэщащэрт, ар губгъуэм и хъуреягъыр кърагъэжыхьурэ храгъапхъэрт [37]. ЦIыкIухэм джэдыкIампIэр щрапхъыхкIэ нанэхэр хъуахъуэхэрт:

У-у, я Алыхь!
ГъатхэфI,
ГъалъхуэфI къыдэт!
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабдзэм Iулъхьэ щыхуащIым
ВакIуэ щIалэхэр зэрыдэшу,
ЩIыр щагуэшкIэ зэхуилъу,
Гъунэ иралъмэ зэкIужу,
ЩIым и махуэрэ
Хум и кIыпIэмрэ дыхуэзэу,
Вагъэбдзумэу зэбгъурытлъхьэм
Уэсэпс махуэр къатехэу,
ЩIыгулъ махуэр къателъалъэу,
Мэшу ящIэр жэпкъыхъуу,
ЩхьэпIащэу,
Ажэ жьакIэу уфафэу,
Афэ гъуапэ[у] зэришэу,
Вагъэм къызэришу,
Шауэм тещхьэукъуэу,
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Зы ху напIэм тIу ису,
Лъэсыр худэIэбейуэ,
Щауэр игъэхыщIэу,
ВыщIэр игъэкъуэхъуу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду,
Зэ кIыщтэгъуэр ху гуибгъуу,
ТIэу кIыщтэгъуэр ху гу пщIейуэ,
Хугъуэжьей гуэнибгъу зэбгъурыту;
Яку дэт хугъуэ гуэн гъуэжьым
Къещэщэха- нещэщэхам
Нысашэ-гушыIэ хащIыкIыу
Дунейм фIыгъуэкIэ дытегъэт!
Дэ зэхэтым гъавэр
Выр,
Шыгъур,
ГъущIыр ди куэду,
Гум и щIасэм дыщымыщIэу,
ГухэщI дымылъагъуу,
Тлъэгъуар тIуэтэжу
Дунейм фIыгъуэкIэ дытегъэт!
Ар зи жагъуэм
Текъын и мэшу,
Тешын и щхьэлу,
Хисэмэ, къыхэхуж и джэлэсу,
И кIэдахъуэр и хьэму
Гъэ минкIэ гъэпсэу!
Мы джэдыр зи нышым
Джэд дыгъур хуэIэшэу,
Къашыргъэр хуэнэфу,
ЕфакIуэм хуиукIыу,
КъыгуиукIыкI пэтми имыухыу,
ДжэдыкIэр меркэкIэ кърихыу,
Сондэджэрхэр къыщызэблэжу,
Журтхэм я нэр къижу къыдэлъадэу
Дунейм фIыгъуэкIэ тегъэт!
Фадэр зыщIым куэдрэ егъэщI,
Ефэр куэдрэ егъафэ,
Ди унафэр дахэ щIы,
ГухэщI дымылъагъуу,
Тлъэгъуар тIуэтэжу
Дунейм фIыгъуэкIэ дытегъэт! [38]
ЩIым хапхъэ джэдыкIафэ гъэщэщар бэв къезыджэ Iуэхугъущ. «ШэхуабэдэхцIыкIу», «шэхуабэдэхышхуэ» жаIэу мэздэгу чыристан адыгэхэм яхэлъа хабзэри аращ [39].

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

ЛИТЕРАТУРЭР:
8.
Ар дыдэм.
9. Ар дыдэм.
10. Тэбу де Мариньи. Путешествия в Черкесию...; Ж. –Ш. де Бэсс. Путешествие в Крым, на Кавказ, в Грузию...; Дж. Бэлл. Дневник пребывания в Черкесии... // Религиозные верования адыгов. Хрестоматия исследований. Майкоп, 2000. Составитель А.Х. Зафесов. С.С. 55-56, 61-62, 80-81.
11. МафIэдз С.Хь. Адыгэ тхьэлъэIухэр // Адыгэ хабзэ. Налщыч, 1994. Н. 319-320.
12. Кантария М.В. Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, Н. 353.
13. КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ, 1924 гъ.къ. 10.07.2006 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
14. МафIэдз С.Хь. Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, Н. 323.
15. Энциклопедия символов. М., 2000. С. 26.
16. КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Щоджэн Исмел Iэсхьэд и къуэрщ, 1913 гъ.къ. 10.08.2003 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
17. КъэзыIуэтэжар Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ.
18. КъэзыIуэтэжар Кушмызэкъуей къуажэ щыщ Ашэбокъуэ (Молэ) ХьэкIуакIуэ Iэмин ипхъурщ, 1914 гъ.къ. 15.05.2002 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
19. КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэт Уэлий ипхъурщ, 1928 гъ.къ. 2.01.2006 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ
20. КъэзыIуэтэжар Тыркум хыхьэ Биледжик къалэ щыщ Лъэпщ Илмаз Курулайщ, 1942 гъ.къ. кIэмыргуей адыгэщ. 15.07.2007 гъ. Анкара къалэ щызытхыжар Табыщ Муратщ.
21. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-10, оп.1, Т.19, ед.хр.32, пасп.№1/3. КъэзыIуэтэжар Налщыч къалэ щыщ Щоджэн Хьэзешэ Исуф и къуэрщ, 1890 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.02.1969 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
22. Нало Заур и 3-нэ экспед.дневникыр (1973-1979). КъэзыIуэтэжар Дохъушыкъуей къуажэ щыщ Хьэвжокъуэ Мэрян ЛIыгъур Джырандыкъуэ ипхъурщ, 1912 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 9.07.1979 гъ. зытхыжар Нало Заурщ.
23. КъэзыIуэтэжар Ашэбокъуэ (Молэ) ХьэкIуакIуэ Iэмин ипхъурщ.
24. Тэбу де Мариньи. Путешествия в Черкесию...; Ж. –Ш. де Бэсс. Путешествие в Крым, на Кавказ, в Грузию...; Дж. Бэлл. Дневник пребывания в Черкесии... // Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, Н.Н 55-56, 61-62, 80-81.
25. Мафедзев С.Х. Обряды и обрядовые игры адыгов. Нальчик, 1979. С. 26-36.
26. Тэбу де Мариньи. Путешествия в Черкесию... // Къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэр, Н. 56.
27. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.1, ед.хр.1а, пасп.№2. КъэзыIуэтэжар Гъубжокъуей къутырым щыщ Серебряков (ДыщэкI) Леонтий Николай и къуэрщ, 1890 гъ.къ., мэздэгу чыристан адыгэщ. 1949 гъ. зытхыжар Албэч Iэуесщ.
28. КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
29. Табишев М.А. Исполнительская традиция адыгских хохов // Актуальные проблемы общей и адыгской филологии. Майкоп, 2008. С. 271.
30. КъэзыIуэтэжар Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэт Уэлий ипхъурщ.
31. Дж. Интериано. Быт и страна зихов,именуемых черкесами // Религиозные верования адыгов. С. 33-34.
32. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.1, ед.хр.1в, пасп.№16. КъэзыIуэтэжар Тэрч къалэ щыщ ФIэщмыхъу ХьэцIыкIу Увжыкъуэ и къуэрщ, 1883 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 7,13. 12.1970 гъ. зытхыжар КIурашын БетIалщ.
33. КъэзыIуэтэжар Бэчмырзей къуажэ щыщ Нарт (Ахъы) Лидэщ, 1935 гъ.къ. 16.09.2006 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
34. КъэзыIуэтэжар Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэт Уэлий ипхъурщ.
35. Кунов Н.А. Моздокские кабардинцы. Нальчик, 2002. С.42.
36. Шэрджэс Алий, Хьэкъун Мухьэмэд. Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ. Мейкъуапэ, 2000. Н.224.
37. КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
38. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-25 (Елбэрд Хьэсэн и архив гъэтIылъыгъэхэр), оп.2, ед.хр.3, пасп.№4. КъэзыIуэтэжар наIуэкъым, зытхыжар Елбэрд Хьэсэнщ.
39. Кунов Н.А. Моздокские кабардинцы. Нальчик, 2002. С.41-42.
Табыщ Мурат, КБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ.

.

.

          

.