Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ХЬЭЩIЭМ ТЕУХУА ХАБЗЭ

CC - Xabze Department

.

ХьэщIэм нэмыс щыхуащIри, хабзэ щыкIэлъызэрахьэри унэм и закъуэтэкъым, дэнэ щыхуэзэми хьэщIагьэ ирахт. ....

.

Гъуэгум шууэ кIуэрэ пэт, шу гуэрым щIэрыхьэм «хьэщIэу къыщIэкIьнщ»,жиIэу хуэсакъыу и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыхьэн хуейт, хабзэм тету ижьырабгъур хьэщIэм иритын щхьэкIэ. Зэрыгугъам хуэдэу къыщIэкIрэ, зыщIэрыхьар хьэщIэу е нэхъыжьу щытмэ, тэмэму бгъурыхьати, абы тету кIуэхэрт. Армырауэ ижьырабгъур езым нэхъ хуэфащэу щытмэ, зыщIэрыхьар
къекIуэкIырти. СэмэгурабгъумкIэ къэувырт.

Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъууэ кIуэмэ, хьэщIэр ижьырабгъумкIэ игъэувын хуейт нэхъыщIэу щытми, и щIым икIыхункIэ. И щIым икIа нэужь, нэхъыжьым нэхъыжьыпIэр къыхуонэж.

Шууэ кIуэурэ нэхъыжьыр лъэсу кIуэуэ ирихьэлIамэ, епсыхыу сэлам ирихын хуейт. Шым тесу нэхъыжьым сэлам ирахыу хабзэтэкъым.

Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъууэ макIуэ. ХьэщIэр шущ, хэгъэрейр лъэсщ. Лъэсыр дэнэкIэ увын хуей? Iэмал имыIэу лъэсыр ижьырабгъумкIэ увын хуейщ, икIи нэхъыщхьэу икIи хэгъэрейуэ щыт пэтми. Чэм мыхъуу хьэщIэр ижьырабгъумкIэ, щытын хуейуэ аратэкъэ жытIэр? ХьэщIэр шьм епсыхын хъумэ, хэгъэрейр епхъуэу и Iэ ижьымкIэ шхуэмылакIэр иубыду, Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпсыфэр иубыду иригъэпсыхын хуейщ. Ар иригъэпсыхын щхьэкIэ
лъэсыр, зэрыхабзэм тету, и сэмэгумкIэ щытмэ, шур щепсыхкIэ лъэсым теувэнущ, езы лъэсри ижьырабгъумкIэ къекIуэкIыу шыIумпIэр иубыдыху шур къежьэу щытын? Нэхъыжь шурэ нэхъыщIэ лъэсрэ зэдэщIыгъуу кIуэми, аращ хабзэр.

"Адыгэ хабзэу щыIахэр", Щоджэн Хьэзешэ, КъардэнгъущI Зырамыку.

.

.

          

.