Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

АДЫГЭ ХЪУЭХЪУХЭМ ЕПХА ГЪЭЗЭЩIЭКIЭ ХАБЗЭХЭР  -3
(ТХЬЭГЪЭЛЭДЖ И ХЪУЭХЪУХЭМ ЕГЪЭЩIЫЛIАУЭ)

Табыщ Мурат
КБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ

CC - Xabze Department

.

ВакIуэдэкI тхьэлъэIур яIэтыщэртэкъым, ауэ хъуэхъу хыхьэгъуитхукIэ зэхэтын хуейуэ ягъэувырт [40]. Губгъуэм ихьэн ипэ къихуэу хъуэхъупщым пхъэIэщэкIыр иубыдырти, вакIуэдэкIым и япэ хъуэхъур жиIэрт: ....

.

ПхъэIэщэу дызэIусэр угъурлыуэ,
ЩIыуэ зэригъэдзэкIыр вэщхъуншэу,
Мэшу къытекIэр лъэдиихъурэ цIеякIуэу,
ЩIым хуэмыIэтырэ зэрызешэу,
Хьэсэм зэримыгъахуэу зэришхэу,
Нысашэрэ гушыIэрэ хэтщIыкIыу,
Благъэрэ ныбжьэгъурэ иритIыгъыну,
Ялыхь, берычэтыр къыхэIуэ!
Выуэ щIэтщIэнухэр дыщэ бжьакъуэхэу,Екъурейхэу,
Вым я нэхъ мыгъуэм щIэмытIыкI къихьыжу,
Жыджэрхэрэ чыпэтемылъхьэхэу,
Гъатхэ махуэ дытехьауэ,
ЩIыуэ дызытехьэр бэвым и кIыпIэу,
Я нэхъ икIэм гъасэ гуищэ къытекIыу,
Ялыхь, бэв къыдэт!
Ди вакIуэ щIалэхэу губгъуэм ихьэхэм
Лъапэ махуэ ирахьэну,
Зэрыхьэ губгъуэр бэв нэщэнырэ
Уэшх кIуапIэ лъагъуэу,
Уэгъуншэ мэшу,
Хуэажэ жьакIэрэ
Шу хыхьамэ игъэпщкIуу,
МыжэлIалIэ хэплъамэ зигъэнщIыжу,
Ялыхь, бэв къыдэт!
Ялыхь, пхъэIэщэпэ уэгъурэ
ВэгъуэкIэ уэлбанэрэ къыдэт! [41]

Ар зэриухыу хъуэхъубжьэм зэ къыхэфырт, вакIуэлI тхьэмадэмрэ абы и къуэдзэмрэ зэрызэ хигъэфырти, выбжьэмрэ вы лъабжьэмрэ махъсымэр кърикIыхырт. Махъсымэр зылъэIэса щIыгулъым щыщ къищтэрти, екIуэкIыу щыт выхэм ятригъэщащэрт, угъурлыгъэкIэ яхуэхъуахъуэурэ. ИтIанэ пхъэIэщэр щIы явэнум хахуэрти, вабдзэр зэрыщIаIуу хъуэхъупщым и етIуанэ хъуэхъур жиIэрт:

Я Алыхь!
Пхъэ[Iэ]щэкIым угъурлыуэ деIусэу,
Вабзэ махуэ щIым щIэтIуу,
ЩIыуэ дгъэбатэр щIы фIыцIэрэ щIыгулъу,
Мэшым и кIыпIэрэ уэшхым и кIуапIэу,
ПхъэIэщэпэ уэгъурэ вакIуэкIэ уэлбанэу
[ГъатхэщIэ дытегъыхьэ!] [42]

ЩыIэщ нэгъуэщI хъуэхъу варианти:

Вабдзэ махуэ тетлъхьауэ,
Жыр махуэ дыхуэзауэ,
ЩIы фIыцIэм и махуэр къигъэзэну,
Къигъазэр щIыгу гулъу лъэлъэну,
Хум и фIыпIэкIэ къызэрылъэлъыну
Сохъуэхъу!
Мы вабдзэр зэIуса щIым
Бэвым и уэшхыр тешхэну,
Бэвым и хуабэр тепсэну,
Трасэ жылэр бэгъуэну
Тхьэм жиIэ!
Бийм яхуэмыгъуэн,
Дэ тхуэмэхуэн! [43]

Мыри абы щыщщ:

Ялэхь,
Нобэ, вабдзэр щетхьэж[ь]а махуэм,
Уэгъурлыр къыдэгъакIуэ,
Уэшхым и лъагъуэ,
Бэвым и гъуэгу,
ВэныгъуэкIэ уэшхыу,
Жэщ уэшхыр къебэкIыу,
ХъеркIэ тшхыжыну
Бэв къыдэт! [44]

Ещанэ хъуэхъу жыIэгъуэр зытехуэр япэ гъунэ щралъэрт:

Нобэ вагъэу дыкъызытехьар
Хум и кIыпIэу,
Узыншагъэр диIэну,
Бэвышхуэ къыдэхъулIэу,
КъыдэхъулIэхукIэ абы дыригушхуэу,
ДыригушхуэхукIэ абы ди псапэ-гуапэ хэтщIыкIыу,
Хууэ къэкIыр цIеякIуэу,
Лъэрыгъынэм икIуэсыкIыу,
Жыгыщхьэм исыр абы къеплъакIуэу,
КъеплъакIуэм и насып хэмылъу,
Ди гуэн иткIутэжам
Къелъэлъэха-нелъэлъэхам
Сонэм я выщIэр къыритщэхуу,
Абы дырихъуахъуэу,
Абы дримыхъуанэу
Гъэ минкIэ дыпсэуну
АбыкIэ дохъуахъуэ! [45]

Мыри гъунэилъ хъуэхъум и зы лIэужьыгъуэщ:

Я дэ ди Тхьэ,
Тхьэгъэлэдж,
Телъыджэр зи Iэужь!
Е[д]гъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ,
И гугъур яхуэмыIуатэу,
МатэщIэдзауэ дыпсэууэ,
Псапэр хэтщIыкIыу,
КIыщыр дгъэгуфIэу
Ди фIыгъуэ тIэкIур гъэбагъуэ!
Я дэ ди Тхьэ!
Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ,
Гъунэм и махуэр итлъауэ,
ЩIылъэми хуабэр хыхьауэ,
Бэвым и кIыпIэм дытехьауэ,
Я дэ ди Тхьэ, къыщIэгъэкI! [46]

Вэрокъуэ Хулэ зэрыжиIэмкIэ, япэ вагъэбдзумэр иралъэу а вапIэм и хъуреягъым зэ къевэкIа иужь, пхъэIэщэр ягъэувыIэрти, махъсымэ фэнд здыдахар къищтэрт зылI гуэрми, къыпигъэткIуурэ, пхъэ шыпсылъэм ирикIэурэ, ар вагъэбдзумэм дикIэурэ вагъэм и хъуреягъкIэ хъуахъуэурэ къекIуэкIырт [47]. Мыр еплIанэ хъуэхъущ:

Нобэ двэ гъэрывэр
Бэв Тхьэм ищI,
Вагъэм зэрызешэу,
Шауэм зэрытехуэу,
Хьэмыкум щызэрагъэзу,
Хьэм гъунэм щызэщIатхъуэу,
КъелеикI-нелеикIымкIэ
Нэгъуейм и выщIэр къащэхуу
Бэв Тхьэм ищI!
Мы фадэр зыщащIа унагъуэм
Япхъу дэнэху дибэ зэришэу,
Я выныш лъхукъуэщауэм къырихуу,
Вагъуэм хуэдэр я мэлу,
Гуэлым хуэдэр я гъэшу,
Фызибгъум шатэр зэIащIэу,
ФызипщIым джэдыр ягъэхъуу,
Псы Iуфэм я гъэ шырыр щыджэгуу,
Езыхэр джэгу щымыщIэу,
НыбжьыщIэ къахыхьэу
Гъэ мин гъащIэкIэ Тхьэм игъэпсэу! [48]

Зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн гу лъыдагъэтащ Щоджэн ФатIимэтрэ Табыщ Мэчэхъанрэ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, япэ вагъэбдзумэр иралъа нэужь хъуэхъур жызыIа тхьэмадэр къагъанэрти, цIыхухэр зэхэкIыжхэрт. Жылапхъэ къызэхуахьэсам щыщу фалъэ хуэдиз хъун къыхихырти, техъуэхъухьырт, зэхигъэзэрыхьти, вагъэбдзумэ къызэрагъэдзэкIам езым и IэкIэ трипхъэрт [49]. Абы жиIэ хъуэхъухэм ящыщщ:

Ялыхь!
Жылэ махуэ тедгъасэ,
Тезысар гъэузыншэ,
Зы лъэдийм щхьэмыжитI къыпыгъакIэ,
Зы ху напIэм тIу ирегъащIэ!
Ялыхь!
Бэвымрэ берчэтымрэ къыхэлъхьэ,
УзыншагъэкIэ къедгъэхьэлIэж,
ГуфIэгъуэкIэ дыгъэшхыж! [50]
Щхьэщэхуж щыщ Уэгъулэ Аслъэн дигъэтхыжащ мы хъуэхъур:
Ялахь!
Чылэпхъэ мафэ тетэпхъэ,
Тезыпхъагъэр гъэузынчъэ,
Зыпкъым шъхьитIу къыпэкIэ,
Зыцэм ыкIапэ цитIу къытета,
Гъэбэжъумрэ бэрэчэтымрэ къытета,
УзынчъагъэкIэрэ къетхьылIэжьэу,
ГушIогъокIэрэ тэшхыжь! [51]

«Хум и кIуэгъуэмрэ щIым и щтэгъуэмрэ я зэтехуапIэр Тхьэм и нэплъэгъуэм къыщIренэ», – жаIэрти, хъуэхъупщым япэ жылэ тесэгъуэр къыхуагъанэрт [52]. Хъуэхъупщым щыпэтесэр вагъэм и хъуреягъкIэ къригъэкIуэкIыху вакIуэлIхэр абы къыпэплъэу шауэ напщIэм къыщежьэхэрт. КъызэрыдгурыIуэмкIэ, мыр лIыгъуэ-фызыгъуэ мыхьэнэ зыхэлъ дауэдапщэ хуэIухуэщIэщ. Абы щыхьэт техъуэ тфIощI ищхьэкIэ зи гугъу тщIа башыр вагъэм икум халъхьэрэ абы и хъуреягъыр къызэравэкIри. ЖыIэн хуейщ етхуанэ хъуэхъу хыхьэгъуэр тхьэпщым и закъуэ къызэрытенэр.

ВакIуэдэкI хуэIухущIэхэр абдежт хъуэхъупщым щиухри, ари хъуэхъукIэ игъэтIылъыжырт:

Ялыхь,
Ди гъатхэр гъалъхуэу,
Лъхугъэр ди куэду,
Мэшыр ди бэву,
Берычэтыр ди Iэгум илъу,
Хъерыр ди Iэрылъхьэу,
Дызыхыхьэж унагъуэм фIыгъуэр къиплъхьэу,
Ди зэдэщIэ кIыхьрэ,
Ди зэдэшхэ гухэхъуэу,
Тхьэгъэлэджу тщIыр IэфIрэ,
Амыщу къэдгъэхъур пшэру
Дызыхуежьэ илэсыр махуэ тхуэщI,
Щабэ тхуэщI,
КIыхь тхуэщI! [53]

КъардэнгъущI Зырамыку къыджиIэгъауэ щытащ: «ВакIуэ тхьэмадэм тхьэлъэIур зэриух хъуэхъур фадэми ерыскъыми теIуатэкъым. Хъуэхъу хэмыIуэкIэ зэджэ а хъуэхъум къыпэкIуэр кърахьэлIэжа гъавэр щызэхуаугуэшыжкIэ къылъыс Iыхьэм ищхьэкIэ IыхьэхэмыIуу кIуэ гуэрт. Арагъэнщ хъуэхъу хэмыIуэ IыхьэхэмыIуэ теIуащ щIыжаIэу щытари» [54].
Абы иужь вакIуэихьэжым къигъэзэжыху зэхыхьэ щыIакъым. Вэн-сэныр зэраухамкIэ хъуэхъужь тхьэмадэм хъыбар ирагъащIэрти, губгъуэм кърагъашэрт ягъэхъуэхъуэну. Тхьэмадэм Iэ ижьымкIэ фадэбжьэр иIыгъыу, Iэ сэмэгумкIэ гъущIыпэ иIыгъыу хъуахъуэрт [55]:

О, цобзэпэ огъоу,
ЖъонэкIо ощхэу,
Чэщ ощхыр ебэкIэу,
Цобзапэу къагъэзагъэм
Ынэ щызэу къытекIэу,
Гъунэм Iузэрэгоу,
Гугъэм фэдэ закIэу,
Джэдыгу гъуапэм фэдэу ушъуашъоу,
Iэшъо гъуапэм фэдэу онтэгъоу,
Фыгъо напIэм тIу зэдисэу,
«Цоу!» зыIорэр есэу,
ЛIэу игъусэр къыкъомыщэу,
Арэущтэу хъяркIэ лажьэу,
Ялэжьыгъэ хъяркIэ къахыжьэу
ХъяркIэ зышхыжьыщтым
Щыщ тышI, Алахь! [56]

Хъуэхъуэн зэриухыу фадэм къыхэфырт, гъущIыр абдеж щIым щыщIитIэрт.

Мыри абы щыгъуэ жаIэ хъуэхъум и вариантщ:

О, цобзэпэ огъоу,
ЖъонгъокIэ ощхэу,
Чэщ ощхыр ебэкIэу,
Х[ь]эсэ гъунэм изэрэщэу,
Къафтемыщыжьрэр ягъажъоу,
Зы фы напIэ гъэжъо цитIур зэдисэу,
Я-Алахь, гъэбэжъу мэщым тыдэгъэлажь!
ЦIыфыхэр хъяркIэ лажьэхэу,
Ялэжьаку хъяркIэ къахэщэу,
ХъокIы-шхэкIы мыхъухэу,
Бзаджэу щыIэм щыухъумагъэхэу,
Хъярэу щыIэри къадэхъоу,
ШIугъоу щыIэри къяхъулIэу,
Ялахь, зэпэшныгъэ яIэу гъэпсэух! [57]

ВакIуэихьэж тхьэлъэIур ину яIэтырт. ЦIыхур щызэхыхьэ губгъуэм тыхьхэр щыфIагъэжырт, Iэнэхэр щагъэувырт. Губгъуэм къикIыжхэми, жылэми хъуэхъупщым хъуэхъукIэ захуигъазэрт. Адыгэхэм «хъуэхъум и кIыхьымрэ» «хъуэхъум и кIэщIымрэ» жаIэ хабзэщ. ТIури щагъэIур вакIуэихьэж тхьэлъэIухэм дежщ [58]. «Хъуэхъум и кIыхьым» и щапхъэщ мыр:

Дэ ди Тхьэ,
Тхьэшхуэ,
Анэдолэ,
Дыщэ къуэладжэ,
Бжьыгъуэр зыт,
Зытами щIэмыфыгъуж,
Дунейми и тет!
Мы унагъуэр
Уардэ унэжьу,
Выжь укIыпIэу,
Нарт ефапIэу,
УнапIэ махуэу,
Пхъэм я махуэр я бжаблэу,
Я блэгу зэтету,
Гуфэ зэтеткIэ къыдашэу,
Хъугъуэ-фIыгъуэ щымыщIэу,
Я хъуэхъухэр мелэчу,
Зэпымычыжыр я гушыIэу
Щытыну щIыдодзэ ди хъуэхъум:
Гъатхэ къэхъурэ
Уафэр къащхъуэу,
ЩIылъэр щхъуантIэу,
Джэдхэр къакъэу,
Къыухэр гъуалъхьэу,
Вабзэм Iулъхьэ къыхуащIу,
Пэгъухэр яупсыу,
ЩIым псэ къыщыхыхьэм,
«Губгъуэм дихьэнщ!» – щыжаIэу
Вэрэвийр щыщIащIэм,
ПхъэIэщэкIыр щаубыдым
ПхъэIэщэжьхэр зэIущащэу,
ВакIуэ щIалэхэр
ЗэщэбакIуэу,
ЗэрыIушхэу,
Зэрешажьэхэу,
ЗэрыIушрэ зэщэхуакIуэу,
Зэхьэзэхуэрэ зэкIуэталIэу,
КъекIуэталIэрэ
ЩIалэхэр нэхъыжьхэм къечэнджэщу,
Я фIэбзыр я гъуазэу,
ЩIым и гулъыр къагъазэу,
ЩIыуэ дызытетхэр
ЩIым и махуэу,
Хум и кIыпIэу,
Вабдзэ уэгъуу,
ВакIуэкIэ уэлбанэу,
Жэщ уэшхыр ебэкIыу,
Уэшхым и лъагъуэу,
Бэвым и гъуэгуу,
Абы мэшу къытетхынур
Лъэрыгъынэм икIуасэу,
Лъэрыгъыпсыфэм щIилъэфу,
Лъэсыр жыгыщхьэм исрэ къеплъакIуэу,
Бзий фIыцIэрэ цIеякIуэу,
Жэпкъыхъу[у]рэ щхьэпIащэу,
Вагъэм къызэришэрэ
Шауэм тещхьэукъуэу,
Ажэр дэпхъуейм нэмысу,
Жьым игъэсысым пымыхуу,
Хышхуэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу пылэлрэ
Жьырэ псырэ хэмыту,
Бэв хэлъу,
Узыншагъ[э] пылъу,
Пхыр и матэу,
Iэтэ и гулъэу,
Iэтэ щийр зы хьэсэу,
Зы ху самэр выгуибгъуу,
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм дзакIэр гуиуду,
Щэджыжьибгъур бгъуэрыбгъуэ ткIыщтэу,
ЯкIыщтар трашу
УзыншагъэкIэ къетхьэлIэжыну сохъуахъуэ!
Ахэр къызэретхьэлIэж дивхэр
Къуэхурэ бжьэ хужьрэ,
Хужьыр бжьэпэплъу,
Я фэр дахэрэ
Я къарур изу,
ДакIэлъыплъыжым[э] дыгуфIэу щырет!
Абыхэм ирилажьэ ди щIалэхэр
ГъущIыпсэрэ псэ быдэу,
Зубыдым елъэщэкIыу,
Зытесыр пщIэгъ[у]алащхъуэу,
Куафэ щхъуантIэу,
И щхьэр игъэкIыу,
И кIэр иудэу,
Езым данэ щIопщыр игъаджэу,
Джэрэ бэрэ къэкIуэжу щырет! [59]

КъыкIэлъыкIуэр «хъуэхъум и кIэщIщ» жыхуаIэхэм щыщщ:

Тхьэгъэлэдж Тхьэм къытхуигъэнэдж,
Бэв Тхьэм къыдит,
Зыритыным ящыщ Тхьэм дищI,
Бэв щытлъагъум –
Ху щхьэмыжыр ху матэу,
Ху пхырыр ху къэпу,
Дэхагъэрэ узыншагъэрэ
ФIыгъуэкIэ тшхыжыну,
Ялыхь, уэ къыдэт! [60]

Дэ тхузэхэгъэкIакъым дэтхэнэ хъуэхъур япэ жаIэу щытами.
Унагъуэ щхьэхуэхэми хэхауэ хъуэхъу хъуэхъупщым щыжрагъэIи къыхэкIырт. Мыр абы и щапхъэщ:

Уий, Алыхь!
Тхьэр щыхасэу,
Пщыр щепсыхыу,
Я джэдыр щыкъакъэу,
Я къазыр гъуалъхьэу,
Я вабдзэр Iуалъхьэу,
ВакIуэ дэкIмэ,
Вабдзэпэ уэгъуу,
ВэныгъуэкIэ уэшхыу,
Жэщ уэшхыр ебэкIыу,
Гъавэу къахуэкIам
Лъэсыр хыхьэмэ,
Щхьэщыгум ирилъасэу,
Шур хыхьэмэ,
Лъэрыгъым ирилъэсыкIыу,
Щхьэмыжу пытыр
Ажэ жьакIэм хуэдэу уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэу уэндэгъуу,
Зы ху напIэм тIу ису,
Щы зэрысыр нэхъыбэу,
Бэву щакIыщтэжкIэ
Хьэм гъунэр гуигъэзу,
Хьэм нэзыр гуиуду,
Къыгуиуда-ныгуиудахэр
Хьэрэтинэ-мэрэтинэм иращэмэ,
Ахъшэр шырыхьу къэтхьу
Уий, Алыхь, лэжьыгъэ бэв къайт мы унагъуэм! [61]

ВакIуэихьэж зэхыхьэр щызэфIэкIкIэ, тхьэлъэIу теIуахэри абдеж щагъэтIылъыжырт. АдэкIэ къапэщылъыр гъавэ къехьэлIэжынымрэ ар кIыщтэжынымрэт. Абыхэм дауэдапщэ хэхаи, хуэIухуэщIи япыщIауэ куэду дэдмылъагъуэ пэтми, кърахьэлIэжа гъавэм цIыхухэр щыгуфIыкIхэрт, хъуэхъу тражыIэхьыныр хьэкъыу ялъытэрт.
Губгъуэм дэкIыу япэ гъубжэпэр щыхалъхьэкIэ хъуэхъу жаIэхэм щыщщ мыр:

Я Алыхь!
Гъубжэпэ махуэ хэтлъхьауэ къыщIэгъэкI,
Зы Iэтэр гъасэгуу,
Зы гъасэгур ху меркIищэу,
Ныпыж-къыпыжым тхьэлъэIурэ нысашэрэ хэтщIыкIыу
Бэв къыдэт! [62]

Гъавэ хыжыгъуэм ягъэIу хъуэхъум зырагъэIэтыщэртэкъым. Ауэ абы иужь гъубжэдэх жаIэрти, мэш тхьэлъэIу жьэгу мафIэм и пащхьэ щащIырт. Ар зытеухуар хакIуэ, гъасашэ, щэджтелъхьэ щыIахэм къыщагъэзэжкIэ я пщэм дэлъ гъубжэхэр дахыну къапежьэ унэгуащэхэм тхьэлъэIу шхын япэубыдынырт, ягъэхъуэхъуэнырт . Унэгуащэхэми, гъубжэм щыгугъхэрти, къэкIуэжахэм Iэнэ къыхуагъэувырт. ИтIанэщ гъубжэр щыдахыжыр [63]. Нэхъыжьхэм зэраIуэтэжымкIэ, гъубжэр кIыщыпсым халъхьэрти, итIанэ унагъуэ хадэм и пэIущIэм щыщIатIэрт. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, бэвтеIуэ, нэтемыгъахуэ нэщэнэхэр а щIыкIэ хабзэм хэлъщ. Гъубжэдэх хъуэхъур жызыIэр унагъуэм ис цIыхубз нэхъыжьырщ:

Ди гъубжэм мэш бэвыр пигъэщу,
Ди хьэмым ди хугъуэр темыхуэу,
Ди гуэным щIэхуэр щIэткIута нэужь,
Къыпыж-ныпыжым,
ТхьэлъэIурэ псапэ гуапэрэ хэтщIыкIыу,
Ди гъавэм къыщIэкIыр мылъытэу,
Ди анэм и джэдыр бжыгъэншэу,
Къыхурашыр хум и пэбжу,
И бжыгъэр имыщIэжу, бэгъуауэ,
Ялыхь, етIуанэгъэ мэшым фIыгъуэкIэ дынэгъэс! [64]

Гъавэр щаIуэкIэ хъуахъуэхэрт:
Ди мэшыр тхуэмыIуэжрэ
Гуэнми из тщIыуэ,
Шхалъэми из тщIыуэ,
Къэна-нэнахэри
Хьэм гъунэм щедгъэзу,
Хьэм нэзым щыщIэтIтIэу,
А хум къыхахынур
ЩоIэгъэфIу,
Джэдым хуэдэу Iущащэу,
Щынэм хуэдэу Iущабэу,
Бжэлъэбыр и шэджэгъуакIуэу
Апхуэдэ, Ялыхь, къыдэт! [65]


Хьэмым трашэу кIыщтэн щрагъажьэкIи хъуэхъу жаIэрт:

Гъавэр щакIыщтэкIэ, я Алыхь,
Берычэт къыхэIу,
IэфIырэ гуфIэгъуэкIэ,
ТхьэлъэIукIэ дыгъэшхыж! [66-107]

ЯкIыщтар щахьэжкIэ щхьэлщIэкI хъуэхъу жаIэрти, иджыри зэ гъавэм техъуэхъухьхэрт:

Ялыхь, къигъэщэщ,
Ялыхь, гъэхьэжэ,
Ялыхь, берычэт хэIуэ,
IэфIрэ гуфIэгъуэкIэ тшхыжын,
Псапэрэ гуапэрэ зыхэтщIыкIын къыдэт! [67]

ХамэIумыхуэ тхьэлъэIум щыжаIэ хъуэхъурат хъуэхъу(ы)кIэ хъужыр. «ГъавэщIэм щыщ шхын япщэфIырти, абы я Iыхьлы гъунэгъухэр къраджэрт. ХамэIумыхуэкIэ зэджэ а ефэ-ешхэм иужькIэ гъавэщIэм щыщ ящи, щIыхуэу яти, псапэу тхьэмыщкIэм ирати хъурт», – етхыж Нэгумэ Шорэ [68]. Абы хъуэхъу теIуауэ зэрыщытар къыджезыIар КъардэнгъущI Зырамыкущ. Езы текстыр ттхыжыну Iэмал дгъуэтакъым.

Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэр лъэхъэнэ жыжьэхэм къыкIуэцIрыкI жьабзэ ишыгъуэщ. Мэкъумэш хуэIухуэщIэ къэс теIуа хъуэхъухэм зэщхь, къытезыгъэзэж едзыгъуэхэр мымащIэу хэтщ. ДызэреплъымкIэ ар къызыхэкIыр мы щхьэусыгъуэхэращ: япэрауэ, мэгъубзэу къежьа хъуэхъу-тебжэхэм заужьурэ усэбзэм ит хъуэхъу теIуахэм щытехьэм, а тебжэхэм хэлъа хъераджэр IуэхущIафэ зэхуэмыдэхэм теIуа хъуэхъухэми хыхьэри, я зэхуэдэ щIэин хъуащ: ахэр зыхуэгъэпсар зыт – бэв къеджэнырт, гъавэм берычэт теIуэнырт. ЕтIуанэрауэ, ижькIэ сыт хуэдэ хъуэхъум сыт хуэдэ хъераджэ хэлъами зэщхьэщыгъэкIауэ щытамэ, дауэдапщэхэмрэ ахэр зэрызэхэт хуэIухуэщIэхэмрэ щыкIуэдыжым хъуэхъу зэпэщхьэхуэхэм хэлъа едзыгъуэхэр зэхыхьэж хъуащ, зы хъуэхъу шэщIа, и гъэпсыкIэкIи, и псалъэ зэхыхьэкIэкIи зэрыубыда, дэнэ дежи къыщысэбэп къызэщIэзыубыдэ жьабзэ ишыгъуэ хъуащ.

Мэкъумэш хуэIухуэщIэхэм ехьэлIа хъуэхъужьхэм Тхьэгъэлэдж и цIэр къатенэри, абы ижькIэ иIа пщIэмрэ мыхьэнэмрэ текIуэтащ. Аращ къызыхэкIар языныкъуэ дауэдапщэхэм я щIыкIэхэми захъуэжыныр. Тхьэ закъуэ фIэщхъуныгъэм хъуэхъумрэ дауэдапщэмрэ зрагъэзэгъащ. Ауэ дапщэщи псалъэм фIэщхъуныгъэ ин иIащ, ар зэрагъэдэхэнум, зэрагъэщIэрэщIэнум гулъытэ хэха иIэу къэгъуэгурыкIуащ.

Зэрытлъагъущи, хъуэхъумрэ дауэдапщэмрэ зэхэшащ. Адыгэ хъуэхъужьхэм я гъэзэщIэкIэ хабзэхэм ущызыгъэгъуазэ хъуэхъу ущиехэм къаIуатэр зыщ – псалъэмрэ Iуэхумрэ зэдолажьэ, зэпэIэщIэу къикIын щыIэкъым. Зи псалъэрэ зи щIэнрэ зэтехуэ цIыхурт, зэрыжытIащи, ягъэхъуахъуэр. Апхуэдэр зимыIэ жылэм нэгъуэщIыпIэ къришырт. Арагъэнщ зытражыIэкIар мы псалъэжь гъэщIэгъуэнри: «МэIэбэри мэхъуахъуэ, мэпсалъэри мэхъуахъуэ» [69]. ХъуэхъущIафэр пэIэщIэу уеплъмэ, хъуэхъубзэр и закъуэу къэхутэным хъуэхъум бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэр къыщIэбгъэщкIэ къыуитынур куэдкIэ нэхъ мащIэщ.


ЛИТЕРАТУРЭР:
40.
КъэзыIуэтэжар Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ.
41. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-10, оп.1, Т.19, ед.хр.32, пасп.№1/2. КъэзыIуэтэжар Налщыч къалэ щыщ Щоджэн Хьэзешэ Исуф и къуэрщ, 1890 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.02.1969 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
42. Ар дыдэм, Ф-10, оп.1, Т.1, ед.хр.1, пасп.№18/2. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей къуажэ щыщ УанащIэ Хьэбидат ЛэтI ипхъурщ, 1880 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.08.1970 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
43. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1, пасп.№1. КъэзыIуэтэжар Хьэтуей къуажэ щыщ Къуэдзокъуэ ТIалиб Ибрахьим и къуэрщ, 1875 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.08.1953 гъ. зытхыжар Нало Заурщ.
44. Мижаев М.М. Мифологическая и обрядовая поэзия. Черкесск, Н. 33-34.
45. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-10, оп.1, Т.31, ед.хр.47, пасп.№9. КъэзыIуэтэжар Иналхьэблэ къуажэ щыщ Гуэнгъэпщ Хьэзешэщ, 1901 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 27.07.1976 гъ. зытхыжар МафIэдз Сэрэбийщ.
46. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1, пасп.№8. КъэзыIуэтэжар Хьэтуей къуажэ щыщ Нало МащIэ Исмел ипхъурщ, 1880 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.06.1955 гъ. зытхыжар Нало Заурщ.
47. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1в, пасп.№32. КъэзыIуэтэжар Брамтэ къуажэ щыщ Вэрокъуэ Хулэ Уэсмэн ипхъурщ, 1898 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 16.01.1979 гъ. зытхыжар Ехъутэныдж Хьэсэнщ.
48. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1в, пасп.№25/1. КъэзыIуэтэжар Мэртазей къуажэ щыщ Жылэгъуэт Жантий Мыхьэмэт и къуэрщ, 1893 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 30.10.1970 гъ. зытхыжар ГъукIэмыхъу Абубэчырщ.
49. КъэзыIуэтэжар Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэтрэ Табыщ (Лосэн) Мэчэхъанрэщ.
50. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.1, ед.хр.1, пасп.№9. КъэзыIуэтэжар Хьэтуей къуажэ щыщ Нало МащIэ Исмел ипхъурщ, 1880 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.06.1955 гъ. зытхыжар Нало Заурщ.
51. КъэзыIуэтэжар Щхьэщэхуж къуажэ щыщ Уэгъулэ Аслъэн Гъумар и къуэрщ, 1940 гъ.къ. 15.09.2006 гъ. зытхыжар Табыщ Муратщ.
52. КъэзыIуэтэжар Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэт Уэлий ипхъурщ.
53. КъэзыIуэтэжар Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ.
54. КъэзыIуэтэжар КъардэнгъущI Зырамыку ПIэтIырэ и къуэрщ, 1918 гъ.къ.
55. КъэзыIуэтэжар Жылау Барэ Лэкъумэн и къуэрщ.
56. АРИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-1, оп.1, п.43, д.203. КъэзыIуэтэжар Шапсыгъым хыхьэ Къалэжь къуажэ щыщ ЛIыф КIэкIщ, 1890 гъ.къ., шапсыгъ адыгэщ. 19.08.1957 гъ. зытхыжар ХьэдэгъэлIэ Аскэрщ.
57. Ар дыдэм, Ф-1, оп.1, п.43, д.209. КъэзыIуэтэжар Адыгеим хыхьэ Хьэкурынэблэ къуажэ щыщ КIуай Исмэхьил Дэунэж и къуэрщ, 1884 гъ.къ., абазэхэ адыгэщ. Зытхыжар Еутых Аскэрщ.
58. КъэзыIуэтэжар Жылау Барэрэ Щоджэн (Къалмыкъ) ФатIимэтрэщ.
59. КБИГИ-м и Iэрытх архив гъэтIылъыгъэхэр, Ф-12, оп.1, ед.хр.1а, пасп.№12/1. КъэзыIуэтэжар Шэрджэсым хыхьэ Тхьэстокъуей къуажэ щыщ Уэхъутэ ПIатIщ, 1869 гъ.къ., беслъэней адыгэщ. 10.09.1958 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
60. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1, пасп.№32, зы напэкIуэцI хъу Iэрытхщ. КъэзыIуэтэжар Гъубжокъуей къутырым щыщ КIэлош КапIитIон Андрей (Мыхьэмэт) и къуэрщ, 1898 гъ.къ., мэздэгу чыристан адыгэщ. 7.09.1972 гъ. зытхыжар Гъут Iэдэмщ.
61. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1а, пасп.№11/1. КъэзыIуэтэжар Шэрджэсым хыхьэ Еджэбэкъуей къуажэ щыщ, Къэрэшейкъалэ щыпсэу Лий Бэчмырзэ Хьэжбэчыр и къуэрщ, 1904 гъ.къ., абазэщ. 1959 гъ. зытхыжар ГъукIэмыхъу Абубэчырщ.
62. Ар дыдэм, Ф-10, оп.1, Т.1, ед.хр.1, пасп.№18/3. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей къуажэ щыщ УанащIэ Хьэбидат ЛэтI ипхъурщ, 1880 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.08.1970 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
63. МафIэдз С.Хь. Адыгэ хабзэ Налщыч, 1994. Н. 342-343.
64. Ар дыдэм, Ф-10, оп.1, Т.19, ед.хр.32, пасп.№1/6, зы напэкIуэцI хъу зэрыбкIэ къэщыпа текстщ. КъэзыIуэтэжар Налщыч къалэ щыщ Щоджэн Хьэзешэ Исуф и къуэрщ, 1890 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 20.02.1969 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
65. Ар дыдэм, Ф-12, оп.1, ед.хр.1в, пасп.№15, напэкIуэцIитI хъу Iэрытхщ. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей къуажэ щыщ Къущхьэ Нащхъуэ Цунэ и къуэрщ, 1897 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 11.12.1970 гъ. зытхыжар КIурашын БетIалщ.
66. Ар дыдэм, Ф-10, оп.1, Т.1, ед.хр.1, пасп.№18/5, зы напэкIуэцI хъу Iэрытхщ. КъэзыIуэтэжар Инарыкъуей къуажэ щыщ УанащIэ Хьэбидат ЛэтI ипхъурщ, 1880 гъ.къ., къэбэрдей адыгэщ. 10.08.1970 гъ. зытхыжар Щоджэн Хьэзешэщ.
67. КъэзыIуэтэжар Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэ щыщ Щоджэн Iэмин ХьэзрэIил и къуэрщ, 1929 гъ.
68. Нэгумэ Ш.Б. Адыгэ народым и тхыдэ. Налщык, 1958. Н. 80.
69. КъэзыIуэтэжар Табыщ (Лосэн) Мэчэхъан Iэюб ипхъурщ.
Резюме к статье
«Исполнительская традиция адыгских хохов. (на примере гимнов, посвященных Тхагалегу)».
Статья обращает внимание на существовавшую исполнительскую традицию адыгских благопожеланий – хохов – и рассматривает её в контексте земледельческих обрядов. Тесная связь слова и ритуала обусловлена не только заданной ситуацией, но и в подчеркнутом отношений её участников к слову, магические свойства которого утверждаются конкретными действиями.
Координация исполнительской части хохов и ситуативного пространства ритуала осуществляются так называемыми хъуэхъу ущие, представленные в устной традиции в виде пословиц, поговорок, притч, поучений и этикетных экспромтов.
Поучения и этикетные экпромты могут выступать выражением субъективного отношения человека к исследуемой культуре и выражать его личный опыт.
Анализ той части традиционного хоха, где исследуются исключительно его коммуникативные особенности, будет неполным и, возможно, не совсем оправданным без учета его ситуативного контекста.

.

.

          

.