Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

ЩIАЛЭ ЗИ КЪЭШЭГЪУЭ

CC - Xabze Department

.

Пасэм щыгъуэ адыгэ щIалэм фыз къишэн щхьэкIэ бэлыхьышхуэ хэмыту, гугъуехьышхуэ зэпимычу хъууэ щытакъым. Псалъэм щхьэкIэ щIалэ зэкIэлъыкIуэ гуэрым къишэну мурад ищIащ, и фыз къэшэгъуи хъуащ. ....

.

Ауэ абыкIэ къыдэIэпыкъуну, ахэр хузэригъэпэщыну ади, ани, къуэши, шыпхъуи иIэкъым. Езы щIалэми мылъку бгъэдэлъкъым. Фыз къишэну хуожьэри, уасэу иритын иIэкъым.

Лъыхъуауэ къратыну, хъыджэбзри къыдэкIуэну фIэфIу, псори зэпэщауэ щытми, абы ирихьэлIэу нэгъуэщI мылъку зиIэ зыгуэр къылъыхъуамэ, а уасэ къезытыфыну нэхъ къулейм иратырти мыдрейр хьэсэкIыу къыдэкIырт. Ар нэгъуэщI лъэпкъми ядэрт, хъану, къулейуэ щытмэ.

А Iуэхугъуэм теухуауэ щапхъэ дэгъуэщ Шэджэмокъуэ Хьэсаншрэ абы и къэшэн Дадусэрэ я кIуэдыжыкIар. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Дадусэ къызыхэкIар лIакъуэлIэш лъэпкът, унагъуэ къулейт. Шэджэмокъуэ Хьэсанш — лIыгъэкIэ, хыхьэхэкIкIэ цIэрыIуэу щIалэ закъуэт, зытес и пщIэгъуэплъыжьым фIэкIа мылъку лъэпкъ бгъэдэмылъу. Ауэ и хахуагъэ, и цIыхугъэм папщIэ урыс
хъыджэбзхэри къыхуагъэлъагьуэрт, къратыну. Ауэ езым фIыуэ илъагъур Дадусэт. НыбжьыщIитIыр лIэн-къэнэну зэгуэкIуауэ фIыуэ зэрылъагъу пэтми, Хьэсанш Дадусэм щIитын мылъку зэримыIэм щхьэкIэ, хъыджэбзым и Iыхьлыхэм нэгъуей хъаным мылъкушхуэкIэ иращащ. Хьэсанш нэгъуэщI зыри къыхуэнакъым, нэгъуей фызышэм къапэтIысу и къэшэныр къатрихыжын нэмыщI.

Хьэсанш жыгыщхьэрыс ищIауэ пэплъэурэ нэгъуей фызышэр къыщыблагъэм, и пщIэгьуэплъыжьыр зэщIикъузэри, шэсри ярихулIащ. Нэгъуейхэр игъэбэлэрыгъщ, къэдабэ гущхьэр яфIытридзри, Дадусэ дахэр и пщэрыдзэну, банапцIэм яфIыхыхьэжащ. Нэгъуейхэм банапцIэм лыгъае мафIэр ирадзащ.

Хьэсаншрэ Дадусэрэ мэфIэм хисхьэу щыхуежьэм, лъагъуэ закъуэмкIэ къыхэкIыну къежьащ, ауэ абыкIэ нэгъуейхэр пэтIысауэ къыщIэкIри.

Хьэсэншыр яукIащ.

— Мыбы и хьэдэр щIыхь пылъу, зэрыхуэфащэкIэ щIэвмылъхьэу
сынывдэкIуэнукъым! – жиIэри Дадусэ гуащэр уващ.

Мащэр кьатIу, Хьэсанш и хьэдэр иралъхьэу, щIыр тратхъуэжын щыхъум, «Сэ сзым зэзгъэзэхуэжынущ»,— жиIэри, Дадусэ мащэм ехщ, бгъурыгъуалъхьэри и щхьэцым гьэпщкIуауэ хэлъ лэныстэмкIэ зиукIыжащ. «Зи тыхь щIасэр зи кхъахэм щагъэтIылъыжыр Шэджэмокъуэм и къуэкIэ Хьэсэншщ»,щIыжиIэр аращ уэрэдым. (Тхьэм тыгъэ къыпхуищIа, къьтпхуигъэфэща щхьэгъусэр, жыхуиIэщ).

Хъыджэбзым «а щIалэм сыдэкIуэну нэхъ сфIэфIщ», жиIэу ауэ къудей, и жьэм къыжьэдигъэкIыну хуиттэкъым.Iыхьлыхэм мобы мылъку иIэу щалъагъукIэ «уасэ фIыуэ къыдитынщ»,жаIэрти, хъыджэбзым игу иримыхьу илIыкIми, иратт. Модрей щIалэ закъуэм къызэрищэхун мылъку иIамэ, къратынут.

Мис а щIыкIэм тетурэ щIалэ зэкIэлъыкIуэр зылъыхъур къызэрищэхун
имыгъуэтым, зэ зы хъыджэбзым, зэ адрейм къыпагъэкIыурэ, лIыжь хъурти, хъыджэбзыжь къыдэнэжа е фызабэ къишэрти, дунейм и IэфIыр имылъагъуурэ лIэжт. Iэмал имыгъуэтыж хъуа нэужь уасэр къуэгъуэнапIэм къыщидыгъурт е къихъунщIэрт щэху цIыкIууи, уасэ мащIэ иритырти, фызабэ е хъыджэбзыжь къищэхурт...

.

.

          

.