Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

НЭХЪЫЖЬЫМ ХУАЩI ПЩIЭМРЭ ЩIЫХЬЫМРЭ КЪЭЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭ ХАБЗЭХЭР
Сокъур Залинэ

CC - Xabze Department

.

  АдыгитI зэгъусэу лъэсу кIуэмэ, нэхъыжьыр сыт щыгъуи ижьырабгъумкIэ щытщ. Ахэр щуу хъумэ, нэхъыжьыр сыт щыгъуи яку дэтщ, курытым абы и сэмэгурабгъур нэхъыщIэм иIыгъщ. ....

.

  Ещхьыркъабзэущ Iэнэм ущытыскIэ узэрытIысын хуейр.

  Гъуэгу тет нэхъыжь зэикI кIэлъыджэркъым, атIэ лъэщIохьэри и сэмэгурамбгъур зэрегъэгъуэт, фIохъус ирехри итIанэ зыхуеймкIэ йоIупщI е йочэнджэщ.

 
Псалъэмакъ щекIуэкIым и деж нэхъыжьыр зэикI зэпаудыркъым. Нэхъыжьыр яхыхьэмэ псори сытым щыгъуи дэнэ дежи щотэдж. Нэхъыжьым имызакъуэу хьэщIэми, бзылъхугъэми, хамэм щхьэкIи мэтэдж унэм щIэсми губгъуэм исми зэхэгъэж имыIэу.

 
НэхъыщIэр зыщIыпэ кIуэнумэ, нэхъыжьым иригъэщIэн, хуит зыкъригъэщIын хуейщ. Къэбгъэзэжамэ нэхъыжьым плъэгъуамрэ уздэщыIамрэ хуэIуэтэжын, ухутепсэлъыхьыжын хуейщ.

 
ЦIыху гъэса, Адыгагъэ, цIыхугъэ зыхэлъыр нэхъыжь и деж щIыхьэурэ абы еуэршэрылIэн, щIэупщIэн, хъыбар иригъэдэIуэн, ечэнджэщын хуейщ.

.

.

          

.