Ивгъуэтэнухэр





 

.

.

Пхъэлъантхъуэрэ Созэрэшрэ                                          

CC - Xabze Department

Къэрмокъуэ Хьэмид.

Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. «ПхъэлъантхъуэкIэ» йоджэ абыхэм. («пхъэлъэнтхъуэ»жыпIи хъунущ).Лы,унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ пхъэлъантхъуэм нэхъапэм.

.

 Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ

къыщIокI...Адыгэхэм иджыри къэс ягъэлъапIэ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр, ар илъэсыщхьэу ялъытэ.

Хъан -Джэрий зэритхыжамкIэ, унагъуэ къэс пхъэлъантхъуэ зырыз зэрахьэрт,Созэрэш(Созырэш,Созэрэщ,Созрэщ) и пхъэлъантхъуэкIэ еджэу.

* Созэрэш и пхъэлъантхъуэр хьэмкIутIейм е кхъужьейм къыхащIыкIырт, илъэс хъурейм гуэным щахъумэрт,гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэм ар гуэным кърахырт.

Пхъэлъантхъуэр гуэным къыщрахкIэ я пашэр нысащIэт.Гуэныбжэм бгъэдыхьэрти, нысащIэм жиIэрт: «Созэрэш, бжэр Iухи, дыныщIэгъыхьэ!» Бжэр «къызэIукIырти», нысащIэм пхъэлъантхъуэр къищтэрт, пхъэлъантхъуэм и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пагъанэрти, унэм щIахьэрт,жыхафэгум трагъэувэрти, езыхэр къетIысэкIыжырт,пхъэлъантхъуэм зыхуагъазэурэ тхьэ елъэIурт:«Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ, гъэфI къыдэт,ди гъавэр гъэбагъуэ,  мафIэм дыщыхъумэ...».

*Созэрэш жьэгумрэ гъавэ гъэбэгъуэныгъэмрэ я тхьэуэ щытат адыгэ пантеоным. Абы дэщIыгъуу, узыншагъэмрэ узыгъуэхэмрэ я тхьэуэ илъытат Созэрэшыр пасэрей адыгэхэм.

А пщыхьэщхьэм Созэрэш къигъэзэжауэ ялъытэрт, илъэс хъурейм хы гущIыIум тетауэ;Созэрэш къыщигъэзэжа махуэм гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ ялъытэрти,жылэм я гуфIэгъуэт,джэгушхуэ,тхьэлъэIу ящIырт.

— Къэрмокъуэ, Хь.Нартхэр: Пасэрей ЛIыхъужьхэм я хъыбар. Налшык:«Эльбрус» тхылъ тедзапIэ 2001.                                            
ЩIалэгъуалэм папщIэ зытхыжар: Къэрмокъуэ Хьэмидщ              

Къызэрытхар
:Circassian journal

.

.

          

.