ЗыгьэщIэрэщIар: Абрикосов Дмитрий

© Оп#таI БагшИ ейШоп: Баш8П ЕИЫе 8осIеIу, СорепЬа^еп,  I992 ПIи8Iха4юпй: Е$Ъеп Напе&И КпзI:еп8еп

© Текст: Урысейм и Библие Хасе,  I996 © ЗыгъэщIэрэщIар: Урысейм и Библие Хасе, 
I996 I5ВN 5-85524-042-8

 

 

 

 

ПСАЛЪАЩХЬЭХЭР

ПАСЭРЕЙ  ЗЭГУРЬПУЭНЫГЪЭР

11 Тхьэм  дунейр  къызэригъэщIар

13 Япэ  цIыхур  Тхьэм  и Iэмырым  зэребэкъуар

15 Нухь  и кхъухьыр

17 Ибрэхьим къуэ къызэрыхуалъхуар

19 Тхьэм Ибрэхьим  и  фIэщхъуныгъэр зэригъэунэхуар

21 Екъуб и  адэмрэ  и  къуэшымрэ  къызэригъэпцIар

23 Екъуб и  пщIыхьэпIэр

25 Зэкъуэш зэфыгъуэхэр

27 Зэкъуэшхэр Мысырым  щызэрызэхуэзэжар

29 Фирхьэуным  и  пхъум  журтп  щIалэ  цIыкIур къызэрыригъэлар

31 Зэкъуэшхэр Мысырым  щызэрызэхуэзэжар

33 Журтхэм Мысырым  зэрябгынар

35 Тхьэм  и  цIыхухэр  къумым зэрыпхришар

37 ТIасхъэщIэххэр  бийм  зэрыщышынар

39 Иерихон  блынхэр  зэрыхагъэщIар

41 Самсону пелуаныр Далилэ къызэригъэпцIар

43 Саул щыд лъыхъуэурэ  пащпгыхьыгъуэ зэригъуэтпар

45 Тхьэм Саул зэрытригъэкIуэпгар

 

47 Даут Голиафым зэрытекIуар

49 Даут  Тхъэм  и унафэхэр  здэлъ  пхъуантэр къалащхъэм зэрихъыжар

51 Сулиман  и унафэ Iущыр

53 Иляс  бегъымбарыр Ваал  и  бегъымбархэм зэрапеуар

55 Тхъэм Иляс уафэм  зэрыдрихъеяр

57 Тхъэм  и  цIыхухэр гузэвэгъуэ  зэрыхэхуар

59 Иерусалимыр зэрызэфIагъэувэжар

61 Тхъэм  и  щIыхъкIэ яусхэр

63 Лъагъуныгъэм и уэрэд

65 Иуныс  Тхъэм  емыдэIуэну  зэрыхэтар

 

ХЪЫБАРЫФIЫР

 

68 Хьисэ къызэралъхуар

69 Iэхъуэхэм телъыджэу ялъэгъуар

70 Вифлеем щхъэщыт вагъуэр

72 Иуаным Хьисэ псым зэрыщIигъэуар

74 Хьисэ  шейтIаным  зэрытекIуар

76 Хьисэ езым и гъуэгу  ирикIуэну цIыхухэр къызэрыхуриджар

78 Хьисэ  бгыщхъэм  тету  цIыхухэм зэреущияр

80 ФIылъагъуныгъэ  зигу илъым

82 Хьисэ борэныр зэригъэувыIар

82 ЦIыху дапщэм яхурикъун щIакхъуитхур?

83 Хьисэ  псы  щIыIум  тету зэрыкIуар  

84 Хьисэ  и  теплъэр  зэрызихъуэжар

84 Хьисэрэ  сабийхэмрэ

86 Къуэ  кГуэдам  теухуа ущие хъыбарыр

88 Хьисэ Лазар лIахэм  къазэрыхигъэтэджыкIыжар

90 ЩIыхьышхуэ хэлъу Хьисэ Иерусалим  зэрыдыхьар

92 Хьисэ  сатуущIхэр  Тхъэм  и унэшхуэм  къызэрыщIи- хуар

94 Иужърей  пщыхъэщхъэшхэр

96 Гефсимание хадэм 98      Хьисэ жорым зэрыраIулIар

100 Дэнэ  щыГэ Хьисэ  и хъэдэр?

102 Хьисэ  и гъуэгу  ирикIуэхэм  закъызэрыригъэлъэгъуар

104 Хьисэ  и  адэм  деж кIуэу  Тхъэм  и Псэ лъапТэр къызэрыригъэхар

106 Савл Хьисэр  и  фIэщ зэрыхъуар

108 Павел  цIыхухэм Хьисэ  и хъыбар  зэрахуиIуэтпар

110 Апостолхэм Хьисэ  папщIэ  гугъуехъ  зэрашэчар

112 Иужь  дыдэу  Тхъэмрэ  емрэ  зэрызэбэнынур

 

 

11

 

 

ПАСЭРЕЙ ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭР

 

Тхьэм дунейр къызэригъэщIар

 

Япэ щIыкIэм щыIакъым зыри — псори нэщIт. Тхьэм жиIащ:

— ЩыреIэ нэхур! — икIи нэху къэхъуащ. Абдежым къыщежьащ жэщри, махуэри. Тхьэм гурыхь щыхъуащ ар.

ЕтIуанэ махуэм Тхьэм уафэмрэ щIылъэмрэ къигъэщIащ. Ещанэ махуэм къигъэшIащ хыхэмрэ тенджызхэмрэ, удзымрэ жыгхэмрэ. ЩIылъэр шхъуан-тIагъэм щIигъэнащ — Тхьэм къигъэшIар гурыхь щыхъуащ. ЕплIанэ махуэр къихьэри, Тхьэм къигъэшIащ дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр, етхуанэ махуэм псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм псэ яхилъхьащ. Тенджызхэмрэ псы ежэххэмрэ бдзэжьейр хэз хъуащ, уэгур къуалэбзум ягъэбжьыфIащ, щIылъэм псэущхьэхэр щызэблэжу щIадзащ. ЩIылъэм псэ къыхыхьащ.

Тхьэм сыт къимыгъэщIми телъыджэти, Езыри щыгуфIыкIт.

 

 

 

12

 

 

Япэ цIыхур Тхьэм и Iэмырым зэребэкъуар

 

ЩIылъэр дахащэт, ауэ ар зезыхьэн хуэныкъуэт. Арати еханэ махуэм Тхьэм мурад ишIащ цIыху дунейм къытригъэхьэну, икIи япэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ — Iэдэмрэ Хьэуарэ — къигъэщIащ, къалэни ящишIащ езыхэми, къащIэхъуэну бынхэми шIылъэр яхъумэну, ягъэдахэну, Езым шIыгъуу дуней нэхум щыгуфIыкIыну.

 

Япэ цIыхухэм Тхьэм псэупIэ яхуищIащ Эдем жыг хадэ телъыджащэр. Iэдэмрэ Хьэуарэ удз гъэгъа гуакIуэхэм еплъым, пхъэщхьэмыщхьэ IэфIхэм хэшхыкIыу, хадэр зэрахьэн нэхъ къалэн хьэлъэ ямыIэу, зэгуакIуэр ялэжьыну хунту псэууэ ирагъэжьащ. Зы закъуэт абыхэм Тхьэм яхуимыдэнур: зыми емыщхь жыгым — емрэ фIымрэ зыхуэдэр узэхэзыгъэкI жыгым и пхъэщхьэмыщхьэр яшхынырт.

 

Хадэм нэгъуэшI жыг куэд итт, къапыкIэм и дахагърэ и IэфIагъкIэ зыр адрей ефIэкIыу. Ауэ зэгуэрым цIыхухэм ягу къихьащ модрей къыпаубыдым щыщ зыIуагъэхуэну, Тхьэм къажриIари пцIырэ пэжрэ зэхагъэкIыну.

 

Ауэ телъыджэу зыри къэхъуакъым. Тхьэм и Iэмырым ебакъуэри, цIыхухэм къащIащ гузэвэгъуэри, узыфэхэри, гуэныхьри, ажалри зищIысыр. Тхьэм ахэр Эдем жыг хадэм кърихужын хуей хъуащ, къэгъазэ ямыIэу. ИтIанэщ Iэдэмрэ Хьэуарэ къащыгурыIуар Тхьэр уимыгъусэмэ уи гъашIэр нэщхъеягъуэрэ нэпскIэ зэрыгъэнщIар.

Ауэ къэгъэзапIэ яIэжтэкъым.

 

 

 

13

 

 

 

Нухь и кхъухъыр

 

Эдем хадэм пэIэщIэ хъуа нэужь, цIыхухэр апхуэдизкIэ хъийм икIати, уеблэмэ Тхьэр хущIегъуэжат ахэр къызэригъэщIам. Iэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэр, абыхэм я быныжхэр фыгъуэрт, ижэрт, ер ягум илът, пцIы яупст, зыр адрейм иукIырт. А псор щилъагъум, Тхьэм игу къихьащ апхуэдизу егугъуу къигъэшIа дунейр икъутэжыну. ИкIи мурад ищIащ уэшхышхуэ къригъэшхыу щIыр псы къиуам иригъэхьэжыну.

 

Ауэ шIылъэм щыпсэурт зылI, НухькIэ еджэу. Ар Тхьэм хуэпэжт, гуэныхьми пэIэщIэт. Нухь щхьэгъусэрэ къуищрэ иIэт. Тхьэм мурад ишIащ а унагъуэ лажьэншэм гущIэгъу яхуищIыну.

 

Тхьэм и щэхур Нухь нахуэ хуищIащ икIи кхъухьышхуэ ищIыну унафэ хуищIащ. Нухьым ар игъэзэшIащ.

И чэзур къэсри, Тхьэм Нухь къыжриIащ кхъухьым и унагъуэр иригъэ-тIысхьэну, ерыскъы нэхъыбэIуэ игъэхьэзырыну, псэущхьэрэ къуалэбзууэ щыIэм я зэхъу-зэбз здищтэну. Нухьми апхуэдэу ишIащ. А псори зэригъэзащIэм хуэдэу, къэмыхъуауэ уэшхышхуэ къригъэжьащ.

 

Жэщ-махуэ куэдкIэ зэпымыууэ къешхащ уэшхыр, псыдзэм бгыщхьэхэр щIигъэнэхункIэ. Зыри къелакъым абы, Нухь и кхъухьым исахэм нэмыщI. Ауэрэ уэшхри теужащ, псыри хуэмурэ етIысэхыжри, тенджызхэр, псы ежэххэр я нэпкъым ихьэжащ, щIылъэри гъущыжащ. Нухь и унагъуэр шIыгъуу кхъухьым къехри щIым къытеувэжащ, псэущхьэхэр, бзухэр хунт ищIыжащ. Дунейм псэууэ къытенар я закъуэт. Псори ипэм къыщыщIэдзэжын хуейт.

 

Я къелыкIа телъыджэм щхьэкIэ Нухь Тхьэм фIыщIэ хуищIыну щыхуежьэм, япэ дыдэу уэгум къиуващ лэгъупыкъу щхъуакIэплъыкIэр. Апхуэдэу Тхьэм пIыхухэм хъыбар къаригъащIэу арат афIэкIа псыкIэ дунейр зэри-мыкъутэжынумкIэ.

 

 

 

15

 

 

Ибрэхьим къуэ къызэрыхуалъхуар Илъэс куэд дэкIащ.

 

Тетащ дунейм зы лIыжь, ИбрэхьимкIэ еджэу. Зы зэман абы Тхьэм и унафэкIэ унэр ибгынэри илъэс куэдкIэ дунейм зэхэзекIуэу тетащ, Тхьэм къигъэгугъат ар цIыху лъэпкъ лъэщым икIи иным и адэ хъуну.

 

Ибрэхьим щхьэгъусэ дахэ иIэт, СаррэкIэ еджэу. ЗекIуэхэм хэтыхукIэ, Ибрэхьим мылъкуи зэригъэпэщат, цIыхуми пщIэ къыхуащIырт. Ауэ зэщ-хьэгъусэхэр къигъэнэщхъейуэ зы щыIэт. Тхьэм къигъэгугъа пэтми, жьы хъужыху бын къащIэхъуакъым. Я гугъэри хахыжат.

 

Зы махуэ хуабэ гуэрым Ибрэхьим и пщыIэм гъуэгурыкIуищ къыхуэкIуэу къелъагъу. ЛIыр япежьэри къригъэблэгъащ, фызми ерыскъы къахутригъэуващ.

 

Ауэ гъуэгурыкIуэ къызэрыгуэкIтэкъым ахэр, атIэ езы Зиусхьэнэрат, апхуэдэ теплъэ къищтауэ.

 

Арати, хьэщIэхэр шхэри тэджыжащ. Абдежым Ибрэхьим зэхех:

  Илъэс дэкIмэ аргуэру сыкъыпхуэкIуэнущи, абы щыгъуэ Саррэ къуэ къыпхуи лъхунущ.

 

Ар щызэхихым, Саррэ дыхьэшхащ: фызыжьхэм сабий къалъхуу плъэгъуа, жери. Ауэ Зиусхьэным жиIащ:

  Сыт Саррэ зыщыдыхьэшхыр? Тхьэм хузэфIэмыкI щыIэ?

Тхьэм зэрыжиIам хуэдэ дыдэуи хъуащ. Илъэс дэкIри, Ибрэхьимрэ Саррэрэ къахэхъуащ щIалэ цIыкIу икIи абы Исхьэкъ фIащащ.

 

 

 

17

 


Тхьэм Ибрэхьим и фIэщхъуныгъэр зэригъэунэхуар

Зэманыр кIуэрт, Исхьэкъи шIалэ хъуат. Ибрэхьим и псэм пишIырт и къуэр. Ауэ зэгуэрым Тхьэм мурад ещI Ибрэхьим и фIэщхъуныгъэр игъэунэхуну. ЖиIащ Абы: —  Ибрэхьим фIыщэу плъагъууи къуэ закъуэр къащтэ бгыщхьэм дэхи, Сэ къурмэн къысхуэшI.

 

Унафэ шынагъуэт ар, ауэ Ибрэхьим абы пэрыуакъым. Пщэдджыжьым жьыуэ шыдыр зэшIишIащ, пхъэ гъэсыныр трилъхьэри и къуэр и гъусэу гъуэгу теуващ.

 

Исхьэкъ игъэщIагъуэу щIэупщIащ:

  Си адэ, мыр пхъэщ, мыр сэщ, мыр мафIэзэщIэгъэстщ. Къурмэныпхъэ щынэр — щэ?

  Тхьэм Езым къыхихыжынщ къурмэныпхъэр, си щIалэ, — жэуап итащ адэм.

 

Мис ахэр бгыщхьэм нэсащ. Ибрэхьим мыващхьэм пхъэр щызэтрилъхьащ, шIалэ цIыкIур ипхри сэр тригъэпсащ, Тхьэм къурмэн хуишIну. А напIэзыпIэм Тхьэм и мэлэIычыр къэджащ:

  Ибрэхьим! УтIыпщ сабийр! Иджы шэч къытесхьэркъым уи фIэщхъу- ныгъэм. ЖысIам узэредэIуам папщIи уэри уи бын псоми си нэфIыр ящыхуэнущ.

Абдежым Ибрэхьим зэплъэкIри, пабжьэм зи бжьакъуэр хэрыхьа тIым гу лъитащ. Мис а тIыр Исхьэкъ ипIэкIэ Тхьэм къурмэн хуищIащ Ибрэхьим, Исхьэкъри зыщIигъури унэм къэкIуэжащ.

 

 

 

19

 

 

Екъуб и адэмрэ и кьуэшымрэ къызэригъэпцIар

 

Исхьэкъ балигъ хъури, Ребеккэ тхьэIухудыр щхьэгъусэ хуэхъуащ, щIалит!и хуигъуэтащ. Екъубрэ Эсаурэ зэтIолъхуэныкъуэт, ауэ Эсау цыплъ бэлацэр япэу къалъхуати, нэхъыжьу ябжырт. А зэманым абы мыхьэнэшхуэ иIэт: къуэ нэхъыжьым адэм къыщIэнэ мылъкур къылъыст, адэми абы Тхьэм и нэфI щыхуэну елъэIурт. Екъубыр и къуэшым ефыгъуэрт.

 

Ауэрэ зэкъуэшитIыр балигъыпIэ иуващ, Исхьэкъи жьы хъури и нэми имылъагъуж хъуащ. Эсау щакIуэт, Екъуб унэм щIэсу и анэм дэIэпыкъумэ нэхъ къиштэрт. Зэгуэрым Эсау щакIуэ къикIыжащ, ешарэ мэжэлIауэ.

 

— ПсынщIэу сыгъашхэ, — жиIащ абы.

Екъуб хьилэшым жэуап итащ:

— Узгъэшхэнщ, ауэ уи нэхъыжьыгъэр сэ къыслъыгъэс. Сэ япа сыкъалъхуауэ дыгъэбж.

Шхын щхьэкIэ сылIэмэ, нэхъыжьыгъэри сыту сщIын, — жиIэри Эсау  арэзы хъуащ.

 

ИтIанэщ Екъуб и къуэшым хьэнтхъупсрэ шIакхъуэрэ щритар.

 

Арати, адэр Тхьэм и нэфI Эсаущыхуэну щелъэIун хуей махуэр къэсащ. Ауэ япэ щIыкIэ унафэ хуищIащ щакIуэ кIуэуэ шхын IэфI къыхуихьыну. Мор къэтыху, Ребеккэрэ Екъубрэ мурад ящIащ Исхьэкъ нэфыр къагъэпцIэну. Ребеккэ и лIым чыцIыл хуипщэфIащ, чыцIыфэхэр Екъуб и щхьэмрэ и Iэхэмрэ кърипхэкIащ, и къуэшым хуэдэу цыбэ къыфIигъэщIыну. Шынапэурэ щIыхьаш Екъуб и адэм деж. Исхьэкъ нэфыр Iэ цыбэхэм теIэбэри, зэрагугъам хуэдэуи къэпцIащ. ЛIыжьым лыр ишхри и къуэ нэхъыщIэм Тхьэм и нэфI щыхуэну елъэIуащ, нэхъыжьра и гугъэу.

 

Эсау къигъэзэжри адэм деж иунэтIащ, ауэ кIасэт: Тхьэм и нэфI щыхуэныгъэ къэбгъэзэж хъурэт! И къуэшым къришIа хьилагъэр къыщыгурыIуэм, Эсау гущIыхьэу гъащ.

 

 

 

21

 

 

Екъуб и пщIыхьэпIэр

 

Лей зылъыса Эсауыр и къуэшым хуабжьу хузэгуэпащ, уеблэмэ, иукIынуи игу къэкIащ. Екъубым и унэр ибгынэн хуей хъури, и анэм и Iыхьлыхэм деж кIуэну ежьащ.

Пщыхьэщхьэ хъури, Екъуб зигъэпсэхуну къэувыIащ. Мывэр и пIэщхьагъыу здэжейм, пшIыхьэпIэ телъыджэ елъагъу.

 

ПкIэлъей абэрагъуэр уафэм нэсу едзащ, абы дэкIуейкъехыжу Тхьэм и мэлэIычхэр тетщ. ПкIэлъеищ-хьэм Езы Зиусхьэну Тхьэр тетщи, мыпхуэдэу жеIэ:

  Сэ — Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ сыра-Тхьэщ. А иджыпсту узытелъ щIыр уэрэ уи бынхэмрэ фэстыну узогъэгугъэ. Си нэфIыр пщызогъахуэ, икIи дэнэ умыгъэзами усхъумэнущ.

Екъубыр къэщтауэ къэушри хэкIиикIащ:

  Сыту телъыджэ ар? Мыбдежым Тхьэм и унэ лъапIэм и куэбжэщ, сэ зыри абы хэсщIыкIакъым!

 

 

 

23

 

 

Зэкъуэш зэфыгъуэхэр

 

И Iыхьлыхэм деж тыншу нэсащ Екъуб. Мыхэр щIалэм къыщыгуфIыкIащ. Зэман дэкIащ,

Екъуб унагъуэ хъури, къуэ пшыкIутIрэ зыпхъурэ къыщIэхъуащ. ЛIыпIэ иува, къулей хъуа Екъуб мурад ищIащ и адэщIыналъэм игъэзэжыну и къуэшым екIужыну. Апхуэдэуи ищIащ.

 

Апхуэдиз илъэсым Эсауи и гукъеуэр щыгъупщэжати, гуфIэу и къуэшыр иригъэблэгъэжащ. Абы иужькIэ Екъуб езым и адэ щIыналъэм игъэзэжащ.

 

Зэгуэрым зекIуэ щыIэу Екъуб Тхьэр къыхуэкIуэри цIэщIэ къыфIищащ — Израил.

 

И къуэхэр къыдэкIуэтейри, щIым телэжьыхьынкIи, Iэщ гъэхъункIи адэм дэIэпыкъуу щIадзащ. Екъуб быным нэхъ яхилъагъукIырт Исуфыр. Зэкъуэшхэри абы ефыгъуэрти, мурад бзаджэ ягу иралъхьащ.

 

Зэгуэрым зэкъуэшипщIыр Iэщ дахури хъупIэм кIуащ. Унэм Исуфрэ нэхъыщIэ дыдэ Биниаминрэ къыщIэнащ. Зыкъом дэкIри Екъуб и къуэхэм я Iуэху зыIутыр къригъэщ!эну Исуфыр игъэкIуащ. Зэкъуэшхэр жыжьэу къаплъэу къахуэкIуэр шалъагъум, Исуфым ягу трагъэзэгъэну мурад ящIащ. Къызэрысым ещхьу яубыдщ, ятIэщIри мащэ куум ирадзащ.

 

Тэлай дэкIри, чэруанакIуэ гуп къахуэзащ, Мысыр сатуущI кIуэхэу. Зэкъуэшхэм Исуф мащэм къралъэфыжри гъуэгурыкIуэхэм иращащ. И щыгъыныр чыцI фIагъэжам илъкIэ яутэри я адэм хуахьыжащ.

 

Екъуб ар щилъагъум, и къуэ щIасэр хьэкIэкхъуэкIэм ячэтхъа и гугъащ. Гуауэм ирищIыкIа адэм куэдрэ игъеящ Исуф.

 

 

 

25

 

 

Зэкъуэшхэр Мысырым щызэрызэхуэзэжар

 

Исуф къулейсызыгъэ къылъысами, Тхьэм гулъытэншэ ищIакъым ар. ЧэруанакIуэхэм Мысырым яша нэужь, щIалэр пщылIыпIэ иуващ. Исуф шIалэ губзыгъэт, IэкIуэлъакIуэт, пэжт. Арат псоми фIыуэ шIалъагъури. Куэди мыщIэу абы и хъыбарыфIыр езы фирхьэуным деж нэсащ. Щытхъу хужаIэхэм пцIы зэрыхэмылъыр наIуэ зыщишIри фырхьэуным Исуфыр зришэлIащ, къэралым и лIыщхьэхэм ящыщ зыи ищIащ.

 

ИлъэсиблкIэ зэкIэлъыпыту Мысырым гъавэ ямылей къехъулIащ. Ауэ Тхьэм Исуф хъыбар къригъэшIащ куэд мыщIэу гъей къызэрыхъунумкIэ. Исуф и унафэкIэ гъавэм щыщ дадзыхыурэ гъэтIылъыгъэфI яIэ хъуат, пэж дыдэу гъейр къыщысам. Мысырым фIэкIа зыщIыпIи гъавэ яIэжтэкъыми, дуней псом къикIыурэ щэхуакIуэхэр къахуэкIуэу щIадзащ.

 

КъэкIуащ Исуф и къуэшхэри, гъейм кърихужьэри. Исуф ахэр заншIэу къицIыхужат, ауэ закъригъэшIакъым: фIэфIт ахэр игъэунэхуу, я щIапхъэджагъэм хушIегъуэжамэ къищIэну. Езым и теплъэкIэ фIыуэ зихъуэжати, модрейхэм ягу къэкIыхакъым ялъагъур я къуэш кIуэдарауэ.

 

Исуф губжьаифэ зытригъуащ. Зэкъуэшхэр тIасхъэщIэхыу икIи дыгъуакIэу къыхуэкIуауэ жиIэри, я къуэш нэхъыщIэ дыдэ Биниаминыр пщылIу къыхуагъэнэну япиубыдащ. Ауэ зэкъуэшхэр зэгуэр ялэжьа щIапхъэджагъэм хущIегъуэжати, я адэм игу аргуэру еуэн ядакъым. Арати, зэкъуэшхэм ящыщ зыр, Иудэ, лъэIуащ адэм и шIасэ Биниамин и пIэкIэ езыр пщылIу ищтэну.

 

Абдежым Исуф и фIэщ хъуащ и къуэшхэм я гур нэхъыфIыжу зэрыхъужар, икIи и щэхур яхуиIуэтащ. Сыту гуфIэгъуэшхуэт ар! Зэкъуэшхэр епIэщIэкIыу я куейм ягъэзэжащ, я адэм хъыбарыфIыр хуахьу: Исуф псэущ, икIи ахэр Мысырым иреджэ, нэхъ щIыфIхэри къариту гъейипIэм иришыну къегъэгугъэ.

 

Мис апхуэдэущ Екъуб и унагъуэшхуэр Мысырым зэрыIэпхъуэжар. Исуф псэухукIэ и нэIэ абыхэм къатетащ, унагъуэри мамыру, ефIакIуэу псэуащ.

 

 

 

27

 

 

Фирхьэуным и пхъум журт щIалэ цIыкIур къызэрыригъэлар

 

Зэманыр кIуэрт. Исуфрэ и къуэшхэмрэ дунейм зэрехыжрэ куэд щIат, ауэ Израил къытепщIыкIыжа журтхэр Мысырым щыбэгъуат. ЩIэуэ къытеува фирхьэуныр Исуф зэрихьа лIыгъэми, акъылми щыгъуазэтэкъыми, мы лъэпкъышхуэр Мысырым и бийхэм гухьэу зауэ яублэнкIэ шынэ къищтат. Арати, игу ирилъхьащ журтхэм я лъапсэр нэщI ищIыну, унафи ишIащ а лъэпкъым щIалэ цIыкIуу къашIэхъуэр яукIыну.

 

Зэгуэрым журт унагъуэ гуэрым щIалэ цIыкIу къыщалъхуащ. МазищкIэ анэм сабийр ящигъэпщкIуащ фирхьэуным и лIыкIуэхэм. Ауэ адэкIэ гъэпщкIупIэ щыIэжтэкъыми, анэр Iэмал хуекIуащ. Сабийр матэм ирилъхьэщ, псы Iуфэм ихьри пабжьэм къыхинащ. Ипхъу нэхъыжьри еплъэкIуэну къигъэнащ.

 

Абы ирихьэлIэу фирхьэуным и пхъур зыгъэпскIакIуэ къэкIуащ. Пабжьэм хэлъ шIалэ цIыкIур щилъагъум, хъыджэбзым заншIэу къыгурыIуащ ар зэрыжурт быныр. ФIэгуэныхь хъури и унэIутхэм яжриIащ сабийр къащтэну. Ар щилъагъум, хъыджэбз цIыкIу къеплъакIуэр къыбгъэдыхьэри:

— Ухуеймэ, сабийр быдзышэкIэ пхуэзыпIын къыпхуэзгъуэтыни, — жиIащ.

 

Апхуэдэу ахэр фирхьэуным ебзаджэкIащ.

 

Фирхьэуным и пхъуми щIалэ цIыкIум Мусэ фIищри и бын Iыхьэм хуэдэу ипIащ.

 

 

 

29

 

 

Тхьэм Мысырым трилъхьа тезырыр

 

Мусэ къыдэкIуэтеихукIэ илъагъурт и лъэпкъым къылъыс лейр. Журтх эр гугъу ирагъэхьт, лэжьыгъэ хьэлъэу щыIэр тралъхьэрт, нэмыплъ ират зэпытт.

 

...Зэгуэрым Мусэ мэл игъэхъуурэ жыжьэу къуршым ихьащ. Плъэмэ, чыцэ гуэрэным мафIэ лыгъейр къыщIэнат, ауэ, гъэшIэгъуэныракъэ, истэкъым. Ар фIэтелъыджэу Мусэ

мафIэм гъунэгъу зыхуещI. Абдежым мафIэм къыхэIукIащ Езы Тхьэм и макъ. Абы Мусэ унафэ къыхуишIт Израил лъэпкъыр Мысыр куейм иришыну.

Мусэ фирхьэуным деж кIуэри журтхэр иутIыпщыну елъэIуащ. Ауэ мобы идакъым: ар Тхьэми щышынэртэкъым, и пщылIхэри зыIэщIигъэкIыну хуейтэкъым. Апхуэдэу щыхъум Тхьэм Мысырым бэлыхьхэр трилъхьэу щIидзащ. Япэрауэ, куейм псыуэ щыIэр лъы хъуащ, псы ежэххэмрэ гуэлхэмрэ шэд хъури хьэндыркъуакъуэр хэз хъуащ, бадзэмрэ аргъуеймрэ абы хэтыжу. Iэщыр зэтелIэу шIидзащ...

 

Ауэ фирхьэуныр Iущ хъуртэкъыми, Тхьэм узыфэ бзаджэхэр къахуигъэкIуащ, уэшхуэ къехри къэкIыгъэр ирихащ, мацIэр гуэрэну къытеуэри жыгхэм зы къапинакъым. Абы иужьыжкIэ Мысырым жэщ кIыфIыр къыщхьэщыхьэри махуищкIэ зиIэтыжакъым. Фырхьэуныр икIуэттэкъым.

Ауэ нэхъеижыр дяпэкIэт. Тхьэм Мусэ хъыбар кърегъащIэ: Мысырым епщIанэу трилъхьэну тезырым иужькIэ фирхьэуныр езыр къэлъэIуэнщ журтхэм хэкур ябгынэну. А бэлыхьыр езыхэм къалъэмыIэсын папщIэ, журт унагъуэ къэс щынэ яукIыу и лъыр бжэблыпкъым щахуэн хуейщ.

Тезырыр къащытепсыхэну жэщ шынагъуэм абыхэм щынэлыр яшхыу гъуэгу техьэным хуэхьэзыру щытын хуейщ.

 

 

 

31

  

 

Журтхэм Мысырым зэрябгынар

 

Арати, жэщ шынагъуэр къихьащ. Жэщыбгым Зиусхьэным мысырыщIым ирикIуэри я щыпэлъху сабийуэ хъуам я псэр хихащ, фирхьэуным и быным щыщIэдзауэ унэIут нэхъ икIэ дыдэм и быным деж щиухыжу. Ауэ зи бжэблыпкъхэм лъы щыхуа унэхэм екIуэлIакъым.

 

И хьэдагъэшхуэт Мысырым — унагъуэ къэс я хьэдагъэт! Фирхьэуным Мусэ ириджэри, и лъэпкъыр шIыгъуу куейр ибгынэну унафэ хуищIащ. Журтхэр арат зэжьэххэри, я мылъкуи я Iэщи зэщIакъуэри гъуэгу техьащ.

 

Пщэдджыжьым фирхьэуным зыкъищIэжащ, пщылIыншэу къызэрынар кьыгурыIуэжри пхъэру якIэлъежьащ.

 

Фирхьэуным и дзэр къакIэлъысауэ. япэкIи тенджызышхуэ иту щалъагъум, журтхэм я псэр Iук!ат. Ауэ Мусэ и Iэр и!этри — тенджызыпсыр тIууэ зэгуэкIащ, икIи журтхэр лъэгу гъущэмкIэ псым зэпрыкIащ. Пхъэрхэр якIэлъежьат, ауэ Мусэ и Iэр иридзыхыжри — тенджызыр зэIууэжащ, фирхьэунри зэращ!ыгъуу дзэшхуэр щIигъанэу.

 

 

 

33

 

 

Тхъэм и цIыхухэр къумым зэрыпхришар

 

Тенджызым зэпрыкIри израил лъэпкъыр къумым къихутащ. Зиусхьэным хуишэрт ахэр зэгуэр Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ яритыну къызэригъэгугъа шIыналъэм. Гъуэгур яхухишу Ар япэм итт, махуэм пшэ гуэрэну, жэщым — мафIэ лыгъэу.

 

Махуэр махуэм кIэлъыпIащIэрт, ауэ гъуэгум кIэ иIэтэкъым. Езэшат цIыхухэр. Мысырым щателъа бэлыхьыр ящыгъупщэжауэ, я ныбэ изу шхэуэ зэрыщытам и закъуэт яшIэжыр. Мы къумым шхын дэнэ къэна, псы дыдэри щыIэтэкъым! Тхьэусыхэу шIадзащ:

  Мусэ! Сыт Мысырым дыкъышIипшар? Абы зэи ди ныбэ щыныкъуа- тэкъым, иджы шхын щхьэкIэ дызэтолIэ!

Тхьэм деж нэсащ а гукъеуэр, икIи Абы жиIащ:

   Ныщхьэбэ лы фэзгъэшхынщ, пщэдджыжь уафэм къыфхуехынущ щIакхъуэ.

 

ЗэрыжиIам тетуи пщыхьэщхьэм къумым къыщхьэщыхьащ ныбгъуэ бжыгъэншэхэр. Ахэм лъахъшэ зыкъащIти, IэкIэ къэбубыд хъурт. Унагъуэ къэс ар пщыхьэщхьэшхэ яхуэхъуащ.

 

Пщэдджыжьым израил цIыхухэр къэушрэ я пщыIэхэм къыщIэкIмэ — щIыр фо хьэлум ещхь хьэжыгъэ IэфIым иуфэбгъуат.

 

Апхуэдэу ахэр гъуэгу тетыхункIэ Тхьэм махуэ къэс гъавэрэ лырэ къахуригъэхащ.

 

 

 

35

 

 

ТшсхъэщIэххэр бийм зэрыщышынар

 

ИкIэм-икIэжым журхэр нэблэгъащ Тхьэм ахэр къызэригъэгугъа щIыналъэм. Ауэ ар нэшIтэкъым — абы лъэпкъ куэд щыпсэурт, къэкIуахэм я хэкур иратынуи ягу илътэкъым. Мусэ тIасхъэщIэхыу цIыху пщыкIутI игъэкIуащ, куейр къулеймэ, гъавэр щыбэвмэ, бийм я быдапIэхэр лъэщмэ къригъэщIэну.

 

ТIасхъэщIэххэм къагъэзэжащ, щIылъэ берычэтым и тыгъэхэр къыздахьри. Пхъэщхьэмыщхьэ, жызум Iэрамэхэр апхуэдизкIэ хьэлъэти, зэпаIыгъыу къахуэхь къудейт.

Ауэ хъыбару къахьар гуфIэгъуэтэкъым:

   Мы щIыр апхуэдизкIэ бэвщи, шэмрэ фомрэ щожэх. Ауэ щыпсэу лъэпкъхэр лъэщщ, я къалэхэмрэ быдапIэхэмрэ инщ, езыхэри теплъэкIэ пIащэщ. Дэ абыхэм дапэлъэщынкъым.

ЦIыхухэм ар зэхахри, я жагъуэ хъуащ икIи хъущIэу хуежьащ:

   НтIэ Тхьэм мыбы нэс дыкъышIишар кIуэдыпIэ тхуищIыну ара?! Пашэу нэгъуэщI хэдвгъэхи Мысырым дывгъэгъэзэж!

 

Мусэрэ тIасхъэщIэххэм ящыщу Нун и къуэ Ехьошуа Халебрэ пылъхэт цIыхухэм шынагъэр къагъанэу Тхьэм жиIар я фIэщ ящIыгу, ауэ зыри къедаIуэртэкъым.

 

Абдежым Тхьэм и нейр ящыхуащ журт лъэпкъым. Абы жиIащ:

Телъыджэу фхуэсщIамрэ фэзгъэлъэгъуамрэ иужькIэ, Сэ жысIар фи фIэщ щымыхъукIэ — ирехъу зэрыффIэфIым ещхьу. Зы цIыху фэ фщыщу лъэкIэ иувэнукъым мы щIылъэ дахащэм! Фи бынхэрщ ар къазэуну зыхузэфIэкIынур.

Вгъэзэж къумми фылIэху къэвущыхъу фит!

 

 

 

37

 

 

Тхъэм  и  тпепщэныгъэшхуэр  здэщъПэ  гъащIэщIэр

 

Ерихон блынхэр зэрыхагъэщIар

 

Зиусхьэным зэрыжиIауи хъуащ. Илъэс плIыщIкIэ израил лъэпкъыр къумым екIуэлIэпIэншэу итащ. ДэнэкIэ кIуэми абыхэм Тхьэм и унафэкIэ къыздрахьэкIащ пхъэ пхъуантэ цIыкIу дыщэпскIэ лар. Абы дэлът мывэ IэбгъуитIу. Абыхэм тетхат Тхьэм и цIыхубэм къахуигъэува унафэу пщIы. Мис ахэр:

— Зиусхьэныр уэ уи Тхьэ закъуэщ. Зиусхьэным фIэкIа зыри умыгъэлъапIэ. Лейуэ Абы и цIэ жомыIэ. Тхьэмахуэм и ебланэ махуэр Тхьэм хуэгъэлъапIэ. Уи адэ-анэм пщIэ яхуэщI. Щыху умыукI. Зинэ умыщIэ. Умыдыгъуэ. ПцIы умыупс. Умыфыгъуэ.

 

Пхъуантэу Тхьэм и унафэхэр здэлъым Тхьэм езымрэ и цIыхухэмрэ я зэхуакум дилъхьа зэгурыIуэныгъэм и пхъуантэкIэ еджащ. Израил цIыхубэм Тхьэм къарита хабзэхэм Мусэ и хабзэкIэ еджэ хъуащ, сыту жыпIэмэ ахэр Мусэ Синай бгыщхьэм тету езы Тхьэм къыIэщIилъхьат.

...Ауэрэ Мысырым икIауэ щытахэр псори дунейм ехыжащ, езы Мусэ яхэту. Нун и къуэ Ехьошуа Халебрэ я закъуэт псэууэ къэнар, Тхьэм журтхэр къызэрагъэгугъа шIыналъэм екIуэлIэну Тхьэм хунт щищIам ирихьэлIэу. Нун и къуэ Ехьошуа я пашэу ахэр я нэр къызыхуикI щIыр къазэуну кIуащ.

 

Япэу яубыдын хуейуэ къапэуващ Ерихон къалэр. Абы и блынхэр лъагэт икIи бгъуэт. Ауэ Зиусхьэным Нун и къуэ Ехьшуа игъэIущри, мыдрейм унафэ ишIащ зауэлIхэмрэ дин пашэхэмрэ къалэм и хъуреягъыр блэрэ къакIухьыну. Дин пашэхэм Тхьэм и унафэхэр здэлъ пхъуантэр яIэщIэлът, икIи ину накъырэ епщэрт. Ебланэ накъырэхэр щыIум цIыхубэр зэщIэкIиящ, икIи Ерихон блынхэр къэщэщащ. Израил цIыхухэр къалэм дэуэри яубыдащ.

 

 

 

39

 

 

Шимшон пелуаныр Делилэ къызэригъэпц!ар

 

Арати, Тхьэр ядэIэпыкъуэгъуурэ, журтхэм Тхьэм ахэр къызэригъэгугъа шIыналъэр яубыдри щыпсэун ирагъэжьащ. Ауэ бийр куэдти, зауэнри зэпыутэкъым. Израилым пашэ хахуэхэр иIэти, бийм хуэфащэу пэшIэтыфт.

 

Апхуэдэ зыт Шимшон. Ар Зиусхьэным игъэгугъат, и щхьэцыр имыщмэ, пелуан къару къритыну. ИкIи къритат. Шимшон и къару телъыджэм пэшIэтыфын къэхъуатэкъым.

Ауэ Шимшон бийм ящыщ цIыхубз гуэрым егуэкIуащ, ДелилэкIэ еджэу. Дахащэт ар, ауэ хьилэшыт икIи бзаджэт. Арати, Делилэр Шимшон пкърып-щIыхьу шIидзащ апхуэдэ къару къезытар зищIысыр зригъэшIэну. Шимшон куэдрэ зибзыщIат, ауэ икIэмикIэжым хуэшэчакъым:

— Си щхьэцыр зэикI сщакъым, — зиумысащ абы, — сщымэ, Зиусхьэным си къарур сIихынущ, адрей цIыхухэм яхуэдэу сыхъунущ.

 

ЦIыхубз бзаджэр гуфIащ. Шимшон зэрыжейуэ, абы и хэкуэгъухэр къриджащ. Бийхэм Шимшон и щхьэцыр паупшIри, къарур заншIэу щIэкIащ. ИтIанэ Шимшоныр гъущIкIэ зэщIаIулIэщ, и нэр ирашIри хьэпсым ирадзащ.

Зэман дэкIри Шимшон и щхьэцыр къэкIыжащ, и къарури къыхыхьэжащ. Ауэ бийхэм ар яшIэртэкъым. Зэгуэрым ахэр гъэрым щыдыхьэшхын мурадкIэ, я тхьэ нэпцIым щелъэIу унэм ящащ. ЦIыхур Iувт.

 

Абдежым Шимшон нэфыр бгъэдэкIуэтащ унэр зэтезыIыгъэ мывэ бгыкъу-итIым. Япэм иIа къарур къыхыхьэжати, ар бгыкъухэм щIэрыIэри щIиудащ. Унэр къеухри щIэтауэ хъуар щIиIубащ.

 

 

 

41

 

 

Шаул щыд лъыхъуэурэ пащтыхъыгъуэ

 

зэригъуэтар Израилым яужь дыдэу я пашэу щытар Шамуел бегъымбарырщ. Ар жьы хъуати, цIыхубэр хуэхъущIэрт:

  Дыхуейкъым афIэкIа пашэ! Адрей лъэпкъхэм ещхъу пащтыхь тху- хэх!

Шамуел и пIыхухэм еущиящ зыкъомрэ:

    Фыхуейкъым нэгъуэщI пащтыхь, Зиусхьэным фIэкIа! Ауэ цIыхухэм ядэртэкъым:

    Хьэуэ, дыхуейщ, адрейхэм яIэщи, дэри къыдэт пащтыхь! ИтIанэ Тхьэм къыжриIащ Шамуел:

   ЩIы нтIэ зэрыжаIэм хуэдэу. Сэ уэзгъэлъагъунщ пащтыхьу хэпх хъун.

 

А зэман дыдэмШаулкIэ еджэу щIалэ дахэ гуэрым и шыд гуартэ кIуэдауэ лъыхъукIуэ ежьат. Шамуел и къалэм нэсри, абы ечэнджэщыну хуиунэтIащ. Шамуелри къежьэрт: Зиусхьэным къыжриIакIэт Шаул япэу пащтыхьыгъуэр къызэрылъысынур. Арати, щIалэр къызэрышIыхьэу, Шамуел пщIэ къыхуищIу къыпежьэри жиIащ:

  Умыгузавэ, уи шыдхэр къыкъуэкIыжащ! Иджы Израилым и пащтыхьу ущытынущ, ар Зиусхьэным и мурадщ. ИтIанэ Шамуел Шаул и щхьэфэм зейтун дагъэ щихуащ, пащтыхь зэрыхъуам и нэщэнэу. Щыхухэми Шамуел яжриIащ:

  Зиусхьэным ипIэкIэ пащтыхь фыхуейти — мис фи пащтыхьыр!

 

 

 

43

 

 

Тхьэм  Шаул зэрытригъэкIуэтар

 

Шаул зауэлI хахуэт, ауэ тет Iущу щытыныр къехъулIэртэкъым. Куэдрэ Тхьэм и Iэмырым ебакъуэти Iуэху пхэнж зэрихьэрт. Арати, Зиусхьэным мурад ищIащ пащтыхьыгъуэр абы къыIэщIихыжыну.

 

ИкIи Шамуел жриIащ:

  Бэтлэхьэм къалэм кIуэи Ишай зи цIэ лIыр къэгъуэт. Абы и къуэщ пащтыхьыгъуэр зыхухэсхар.

Шамуел Бэтлэхьэм кIуэри Ишай къигъуэтащ. Къуэуэ и иIэт. Нэхъыжь дыдэр инт икIи зэкIужт. «Мырауэ къыщIэкIынщ», — игу къэкIащ Шамуел. Ауэ Тхьэм жиIащ:

  Хьэуэ, аракъым сэ къыхэсхар. Сэ сызэплъыр дахагъэкъым, атIэ цIыхум игум илъращ.

 

ЕтIуанэ къуэр къыбгъэдыхьащ, ауэ мыри аратэкъым Тхьэм къыхихар. Ауэрэ шIалиблыр зэблэкIа нэужь, еянэм, нэхъышIэ дыдэ Даутыр арщ Зиусхьэным къыхихар. Шамуели мэлыхъуэ шIалэм и щхьэм зейтун дагъэ щихуэри Израил пащтыхьыгъуэр IэщIилъхьащ.

 

 

 

45

 

 

Даут Голиатым зэрытекIуар

 

Шамуел щыкIуэжым Даутыр игъэIущащ псори зэкIэ ибзыщIыну. Абы къыхэкIыуи Даут и унэ къинэжащ мэлыхъуэу.

 

Абы хэту Израилым бийр къытеуащ. Даут и къуэшхэр зауэм кIуащ, ауэ езыр здашакъым — щIалэIуэт.

Зауэм щIидзэнипэ къихуэу биидзэм пелуан абрагъуэ къыхэкIащ, ГолиаткIэ еджэу. Иныжь фIэкIа умыщIэну пIащэт икIи лъэщт ар! Голиатыр израилыдзэм къыщIэнакIэу щIидзащ:

  ПщылI фейцейхэ! ЗэуэкIэ фщIэрэ фэ сытми? Фэ фщыщу зыгуэр къыспеуэну къыхрекIыт, лъэкIмэ. КъыстекIуэрэ зауэншэу зыдот. Сыте- кIуэрэ — фыпсэуху ди пщылIу фыщытынщ.

 

Зыри къахэкIакъым журтхэм. Псори шынауэ зэщIэкIэзызэт. Абы ирихьэлIэу Даут и къуэшхэр илъагъуну къакIэлъыкIуат. Голиат щыкIауэ зэрыдэпсэлъейр щызэхихым, ар къэгубжьри жиIащ:

  Псори шышынэкIэ, сэ сыпэувынщ мо тхьэгъэпцIым!

Даут и къуэшхэмрэ Шаул пащтыхьымрэ лъаIуэу щIадзащ щIалэ цIынэр мо пелуаным пемыIэну. АрщхьэкIэ Даут жэуап итащ:

 Мэл щызгъэхъум деж Тхьэм сыщехъумэ хьэкIэкхъуэкIэхэм. Бийми сыщихъумэнщ.

Ар жиIэри Даут хахуэу Голиатым пежьащ. Пелуаныр IэщэкIэ зэшIэу-зэдат, гъущIкIи зэщIэIулIат, Даут и мэлыхъуэ башым, мывэдзым, мывэ зытхухым фIэкIа IэщIэлътэкъым. Голиат игъэщIэгъуащ щIалэ Iэщэншэр и пащхьэм къыщихутэм. Ауэ абы зыкъимыщIэж щIыкIэ Даут мывэр игъэкIэрахъуэри иутIыпщащ, ар Голиати и натIэм техуэри зэшэзэпIэу иукIащ. Биидзэми зигъазэри щIэпхъуэжащ.

 

 

 

47

 

 

 Даут Тхьэм и унафэхэр здэлъ пхъуантэр къалащхьэм зэрихъыжар

 

Голиатым текIуа нэужь, Даут цIэрыIуэ хъуащ, итIани ар пащтыхь щыхъуам псори щыгуфIыкIащ.

Даут и тетыгъуэр губзыгъэу ирихьэкIт, Тхьэм и унафэм щIэтынуи хущIэкъут. Щыуагъэхэр ищIамэ, абыхэм яхущIегъужт. Тхьэри дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъури бий псоми зэрытекIуэн къару къритащ, и къэралри лъэщ, къулей ишIащ.

 

Къалащхьэу Даут къыхихащ Ерусалим, икIи мурад ищIащ Тхьэм и унафэхэр здэлъ пхъуантэр Ерусалим къихьыжыну. Махуэшхуэт ар. Макъамэ дахэхэр дэнэкIи къыщыIут, цIыхухэм уэрэд жаIэрт, къафэт, езы Даути абыхэм къакIэрыхутэкъым.

 

Даут унэм къэкIуэжа нэужь, и щхьэгъусэм къриудэкIащ:

    Нобэ жылэм укъалъагъуу укъафэу, удэлъейуэ удэтащ. Упащтыхьу пщIэнтэкъым, ухьэулей гуэру фIэкIа!

    Ар Зиусхьэнырщ щIэсщIар, — жэуап итащ Даут, — сыщIэукIытэн лъэпкъи хэслъагъуэркъым.

 

 

 

49

 

 

Сэлмэн и унафэ Iущыр

 

Даут дунейм ехыжа нэужь, пащтыхьыгъуэр лъысащ абы и къуэ Сэлмэн. Абы Тхьэм акъылышхуэ къритати, сыт хуэдэ Iуэху зэхэзэрыхьари зэхихыжырт.

 

Зэгуэрым Сэлмэн къыхуэкIуащ цIыхуибзитI, сабий яIыгъыу. Ахэр лъаIуэрт захуэмрэ къуаншэмрэ зэхигъэкIыну. —  Дэ зы унэм дыщIэсщ, — жиIащ зым, — тIуми къуэ зырыз диIэщ. Ауэ мыбы и къуэр лIати, сыжеихукIэ сысейр скIэщIидыгъукIри езым ейр къызбгъурилъхьащ.

Адрейм идакъым:

  ПцIыщ! Езым и къуэращ лIар, иджы сысейр стрихыну хэтщ мыр! Сэлмэн абыхэм едаIуэри пщылIхэм яжриIащ:

  Сэшхуэ жан къысхуэфхьи, сабийр тIууэ зэпувуди ныкъуэ-ныкъуэу яхуэвгуэш!

ЦIыхубзитIым язым ерыщу жиIащ:

    Хъарзынэщ! ТIуми къытлъыремыс сабийр! Адрейр гъуэгащ:

    Хьэуэ, хьэуэ, зиусхьэн! Ефт мобы сабийр, ауэ псэууэ къэвгъанэ! Абы щыгъуэ Сэлмэн жиIащ:

    Сабийм зигу шIэгъуаращ и анэри, абы ефтыж.

 

 

 

51

 

 

Иляс бегъымбарыр Баал и бегъымбархэм зэрапеуар

 

Даут щылIэм щыгъуэ Сэлмэн уэсят къыхуишIащ Тхьэм и цIэкIэ унэшхуэ иухуэну. Сэлмэн игъэзэшIащ адэм и унафэр, икIи Тхьэм унэшхуэ дэгъуэ хуиухуащ, цIыхухэр абы кIуэурэ Тхьэм щелъэIун папщIэ.

 

Ауэ Сэлмэн лIа нэужь, адрей пащтыхьхэм Тхьэр ягу къызэрыкIыжыр мащIэт. Аргуэру зауэхэр къэгъэхъейуэ хуежьащ. Къэралыр тIууэ ягуэшащ — Израилрэ Иудейрэ. Ауэ псом я нэхъыкIэрати, пащтыхьхэм тхьэ нэпцIхэр ягъэлъапIэу щIадзащ. Абыхэм яужь иту цIыхубэми Тхьэр ящыгъупщэу шIадзащ.

 

Зэгуэрым Тхьэр губжьри Израилым уэгъу шынагъуэр къриутIыпщащ. ИлъэситIкIэ щIыгум уэшх ткIуэпс теткIуакъым. ЦIыхухэр псырэ шхынрэ щхьэкIэ зэтелIэрт.

А зэманым Израилым щыпсэурт бегъымбарышхуэ ИляскIэ еджэу. Тхьэр куэдрэ къепсалъэрт абы, езыми Тхьэм и псалъэхэр цIыхухэм яхуиIуатэрт. Зэгуэр бегъымбарым цIыхухэм захуигъэзащ:

— Сэ сошIэ фэ фщыщ куэд Тхьэ нэпцI Баал зэрыхуэпщылIыр. АтIэ сэ фэ сыфпеуэну сыхьэзырщ. Баал и бегъымбархэм вы иреукIи пхъэм трырелъхьэ. Сэри апхуэдэу сшIынщ. ИтIанэ щхьэж и тхьэм делъэIунщи деплъынщ мафIэр къызыгъэлындынум.Зи къурмэным мафIэ къыщIэнэм Тхьэ пэжыр и фIэщ хъууэ аращ.

 

Пщэдджыжьым Баал и бегъымбархэм я къурмэныпхъэр яукIри пхъэ гъэсыным тралъхьащ. Ауэ, сыт хуэдизрэ я тхьэ нэпцIым емылъэIуами, дэмыплъеями, къемыплъыхами — пхъэр къызэщIэстакъым.

 

Иляс и чэзур къэсащ. АпхуэдизкIэ абы и гурэ и щхьэрэ зэтелъти, пхъэм псы трикIащ. ИужькIэ Зиусхьэным елъэIуащ. А дакъикъэм уафэм мафIэ лыгъэ къеухри, пхъэ псыфымрэ лымрэ дэнэ къэна, мывэ дыдэхэри исащ. ИтIанэщ пIыхубэм къащыгурыIуар Зиусхьэныр зэры Тхьэ пэж закъуэр. Куэд мыщIэу жьыбгъэ къыкъуэуащ, уафэр къызэущIэуфIыцIэри, куэд щIауэ зыщIэбэга уэшхыр къешхащ.

 

 

 

53

 

 

Тхьэм Иляс уафэм зэрыдрихьеяр

 

Иляс бегъыбарышхуэт. Тхьэм ар апхуэдизу фIыуэ илъэгъуати, мурад ищIащ уафэм дрихьеину. Ауэ Израилым нэгъуэшI бегъымбар яIэн хуейт, Тхьэм и Iэмырыр цIыхухэм я деж нихьэсыну. Зиусхьэным къыхихар Елисей.

 

Гъэсэну щэныкъуэ ежьащ я гъэсакIуэ Иляс и гъусэу. Ауэ Иордан псым нэса нэужь, адэкIэ Иляс здишар Елисей и закъуэщ. Псым зэгъусэу икIа нэужь, Иляс жиIащ:

— Къаплъэ! Сэ узэрызбгынэр плъагъумэ уэ си пIэкIэ бегъымбару укъэнэнущ.

Абдежым Елисей къилъэгъуащ мафIэр къызыпих шыгур, мафIэ къызыIурих шыхэр щIэщIауэ. Иляс абы итIысхьэри гъуэжькуийм ещхьу уафэм дэкIуеящ.

 

Абы щыщIэдзауэ Елисей бегъымбарышхуэ хъуащ. Телъыджэ куэди илэжьащ. Елисей иужькIи Зиусхьэным бегъымбар куэд хихащ, абыхэм я жьэкIэ и Iэмырыр цIыхум яригъэшIэн папшIэ. Бегъымбархэр зэщхьтэкъым: хэт цIыхубэм я къуаншагъэхэр наIуэ къищIурэ тезыр шынагъуэхэр яхуигъэлъагъуэрт, хэт насыпыншагъэ къэкIуэнухэр ягъейрт, хэти цIыхухэм ягу фIы хуащIт, гугъэ иратт. Ауэ куэдым жаIэрт зэгуэр Израилым пащтыхь къызэрыщалъхунур икIи дунейм тет цIыху лъэпкъ псоми я КъегъэлакIуэ зэрыхъунур.

 

 

 

55

 

 

Тхьэм и цIыхухэр гузэвэгъуэ зэрыхэхуар

 

Бегъымбархэм жаIагъат: Израилымрэ Иудеимрэ гузэвэгъуэ къазэрыпэ-щылъыр. Пащтыхьхэмрэ езы цIыхубэмрэ я гуэныхьыр апхуэдизкIэ егъэлея хъуати, Тхьэм я ней къащыхуауэ тезыр хьэлъэр къапэплъэрт. Абыхэм гъунэгъу къахуэхъуащ Ассирие къэралыгъуэшхуэр — ар гъунэгъу шынагъуэт икIи лъэщт. Япэ къытеуэгъуэмкIи Израилыр къыхигъэшIащ. Ерусалимыр зи къалащхьэу Иудеим Тхьэм и гущIэгъукIэ ассирие цIыхухэр зэкIэ зэтриIыгъэфащ. Ауэ абыи Iущ ищIакъым цIыхубэр. Тхьэм хуаIэ пэжыныгъэри хагъэхъуакъым. Апхуэдэу щыхъум Зиусхьэным Иудеир иритащ Бавилэн къэралыгъуэшхуэм — Ассирием и пIэ къиувам.

 

Бавилэным и пащтыхь Нэбухаднэцар и дзэр зэхуишэсри Ерусалим къиувыхьащ. Къалэр гъаблэм ихьу шIидзэри, куэд дэмыкIыуи Иудеим и къалащхьэр бийм ящтащ. Блынхэр зэтракъутащ, унэхэр ягъэсащ, цIыхухэр гъэру дахуащ. Уеблэмэ, Тхьэм и унэшхуэ дыдэри къызэтенакъым: зэрыпхъуакIуэхэм ари яхъунщIащ, фIыгъуэрэ мылъкуу щIэлъыр зыIэщIалъхьэри, къэнар ягъэсащ.

 

Апхуэдэу Зиусхьэным и нейр и и цIыхухэм ящыхуэжащ, Ар IэщIыб зэрашIам щхьэк!э.

 

 

 

57

 

 

Ерусалимыр зэрызэфIагъэувэжар

 

Зэман куэд дэкIащ. Израилым и цIыхухэр гъэрыпIэхэм щызэбгрыдзат. Ауэрэ Бабилэн къэралыгъуэшхуэр къутэжри, абы и пIэ иуващ Персие къэралыгъуэшхуэр. Абы и пащтыхь Кир ишIэрт Бабилэным цIыхухэм хьэкIэкъуэкIэгъэкIэ журтхэм зэрахущытари икIи пэжыгъэр игъэувыжыну мурад ищIащ. Журтхэр Ерусалим къагъэзэжу къалэр шIэуэ яухуэжынуи хунт ищIащ. Тхьэм и унэшхуэм щIадыгъукIауэ щыта хъугъуэфIыгъуэхэри яритыжащ. Апхуэдэу журтхэм я лъахэм ягъэзэжащ, илъэс куэдкIэ гъэрыпIэ ягъэва нэужь.

Я куейм къагъэзэжри, израил цIыхухэм Тхьэм и унэшхуэри, къалэ блынхэри щIэрыщIэу яухуэжыным иужь ихьащ. Бийхэм ялъэкI къагъанэртэкъым зэран къахуэхъун папщIэ, ауэ зыри къикIакъым. Ерусалимыр къэшIэрэшIэжащ. Тхьэм и унэшхуэр щауха махуэм цIыхубэр зэрыщыту щызэхуэсащ абы, я гуфIэгъуэр яIэтыну. Апхуэдэу израил цIыхухэм Тхьэм и деж ягъэзэжащ, икIи псалъэ быдэ ятащ дяпэкIэ Абы и унафэхэми и хабзэхэми темыкIыну.

 

 

 

59

 

 

Тхьэм и щIыхъкIэ яусхэр

 

Израил цIыхубэм усакIуэ куэд къыхэкIырт, я тхыгъэхэмкIэ Зиусхьэным и цIэр ягъэлъапIэу. Апхуэдэ тхыгъэхэм еджэрт Уэрэд ЛъапIэмкIэ. Езы Даут пащтыхьми уэрэд лъапIэ куэд и къалэмыпэм къыщIэкIащ.

 

Сытыт ахэр зытеухуар? Iэджэм. Яхэтщ абы гуфIэгъуэ уэрэдхэри, Зиусхьэнымрэ Абы и фIыгъуэмрэ щаIэту. Яхэтщ тхьэусыхафэхэри, гъыбзэхэри, я къуаншагъэм зэрыхушIегъуэжаркъэзыIуатэу нэпсыр зибэ уэрэдхэри. Я гъашIэр хуаIуатэ Зиусхьэным: и IэмырыфIым щхьэкIэ фIыщIэ мыухыж хуащI, я шэчхэмкIэ догуашэ, бийм щихъумэну йолъэIу, гугъуехь къалъысхэм щхьэкIэ мэтхьэусыхэ. Ауэ нэхъыбэу уэрэд лъапIэхэм къыхэщыр гугъапIэщ: Зиусхьэныр сыт щыгъуи тщIыгъущи, дыщIэгузэвэни щыIэкъым.

 

«Зиусхьэныр си мэлыхъуэщ! — хэтщ Даут пащтыхьым и уэрэдым, — АтIэ сыт щхьэкIэ сыгузэвэн? Ажал дыдэми сыщышынэркъым, Уэ узигъусэщи!»

 

 

 

61

 

 

Лъагъуныгъэм и уэрэд

 

Псэуащ зы шIалэрэ хъыджэбзрэ, фIыуэ зэрылъагъуу. Я хьэгъуэлIыгъуэ махуэри къэсащ. А тIум я насыпыр апхуэдизкIэ инти, Тхьэм тыгъэ ину къахуишIа лъагъуныгъэм и уэрэд яусащ.

 

«Сыту угуакIуащэ, си щIасэ! Уэр нэхъыфI дуней псом теткъым! Удз гъэгъам ещхьу удахэщ, жыгым ещхьу зэкIужщ», — гуфIэу еус шIалэм.

 

«ФIыуэ слъагъур щIалэ хужыц тхъуплъщ, минипшIым зыщ апхуэдэу къахэпшынур! Ар къэзгъуэтыхукIэ дэнэкIи сыщылъыхъуащ!» — жэуап ет хъыджэбзым.

«Си тхьэрыкъуэ цIыкIур къуэкIыпIэ тхъуэплъым йодауэ, мазэм йодэхэк!, дыгъэм йонэхуэкI»

«Си щIасэр — щыхь щIалэм ещхыц».

 

«Лъагъуныгъэр ажалым токIуэ, мафIэм щымышынэ, — яус зэщIасэхэм. — Ар псыкIэ пхуэмыгъэужьыхын, мылъкукIэ къыпхуэмыщэхун. Дэ игъащ!эк!э дызэщIыгъунщ!»

 

 

 

63

 

 

Иуныс Тхьэм емыдэIуэну зэрыхэтар

 

Зэгуэрым Тхьэм жриIащ бегъымбар Иуныс:

  Ниневие къалэм кIуэи абы щыпсэухэм яжеIэ сазэрыхуэгубжьар. Я гуэныхьхэм яхущIегъуэжын хуейщ икIэщIыпIэкIэ, армыхъумэ си ней ящыхуэнущ.

Ауэ Иуныс Тхьэм жиIэр имыгъэзашIэу щIэпхъуэжыну мурад ищIащ. Тенджыз Iуфэм кIуэри кхъухьым итIысхьащ, ауэ Тхьэм жьыбгъэшхуэ тенджызым триутIыпщхьэри, кхъухьыр шынагъуэу зэрихьэу щIидзащ. Иуныс къыгурыIуащ Тхьэм узэрыIэщIэмыкIынур. ИкIи яжриIащ кхъухьыр зейхэм:

  Сэращ ар зи лажьэр. Псым сыхэвдзи, борэныр увыIэжынущ.

 

Модрейхэми ягу идэртэкъым Иуныс кIуэдыкIей ящIыну, ауэ борэныр нэхъ шынагъуэж хъурт. Сыт ящIэнт — Иунысыр псым хадзэн хуей хъуащ. Жьыбгъэри занщIэу теужащ.

Ауэ Иуныс псым хэкIуэдакъым. Тхьэм абы къыIуигъэщIащ бдзэжьей абрагъуэ, икIи ар бдзэжьейм и ныбэм напIэзыпIэм къихутащ. Жэщищ — махуищкIэ иса нэужь, Иуныс, и къуаншагъэр къыгурыIуэжауэ, Тхьэм гущIэгъу къыхуищIыну елъэIуу щIидзащ. Зиусхьэным унафэ ишIащ бдзэжьейр псы Iуфэм къесылIэу Иунысыр къыжьэдидзыжыну.

 

Иджы Иуныс игу къэкIыжакъым Тхьэм пэрыуэну. Ар заншIэу Ниневием кIуащ, икIи абы щыпсэухэм яхыхьащ, Тхьэм и унафэр ягуригъаIуэу. Модрейхэри бегъымбарым и псалъэм щIэдэIури я гуэныхьхэм яхущIегъуэжащ, дяпэкГи Тхьэм и ней зыщамыгъэхуэну къагъэгугъащ. Зиусхьэным илъагъурт ахэр гурэ псэк!э зэрыщIегъуэжари, тезыр ятрилъхьакъым.

 

 

 

65

 

 

Хьисэ къызэралъхуар

 

Иудеим щыщ Назарет къалэ цIыкIум зы хъыджэбз щыпсэут, МэремкIэ еджэу. Зэгуэрым абы Тхьэм мэлэIыч къыхуигъэкIуащ:

— ГуфIэ, Мэрем! Тхьэм уэ цIыхубзу дунейм тетым уакъыхихащ! Куэд мыщIэу щIалэ цIыкIу къэплъхунущи, ар Израилым и пащтыхь хъунущ. Абы фIэпщынур Хьисэщ. Ар Тхьэм и Къуэщ. Абы и пащтыхьыгъуэми кIэ иIэнукъым.

Мэрем игъэщIэгъуащ ар, ауэ Тхьэм и Iэмырыр зыри пимыдзу къищтащ. Мэрем щауэ иIэт, ар Бэтлэхьэм щыщ пхъащIэ шIалэ Исуфт. Куэд мыщIэуи ахэр зэрышащ. Зэгуэрым ахэр Назарет дэкIри Бэтлэхьэм яунэтIын хуей хъуащ: пащтыхьым къэралым щыпсэу цIыху псоми я цIэхэр ярагъэтхыну унафэ ищIати, Исуф зыщыщ къалэм зыщригъэтхыжыну хуейт. Гувауэ нэсахэти, хьэшIэщхэм пэш къащылъысыжакъым. Абы хэту Мэрем и лъхуэгъуэр къэсащ, екIуэлIапIэуи ягъуэтар жэмэщ гуэрщ. Абдежырт къыздалъхуари Хьисэу дунейм и КъегъэлакIуэр. ДауикI, абдежым гущэ щыIэтэкъыми, Мэрем и къуэр хъыдан жэрумэ ишIри Iэщ шхалъэм дилъхьащ.

 

 

 

68

 

 

Iэхъуэхэм телъыджэу ялъэгъуар

 

Хьисэ къыщалъуа жэщым Iэхъуэ гуп губгъуэм Iэщ ягъэхъуу итт. Плъэмэ — лыдыжу мэлэIыч къащхьэщытт! Ахэр къэшынат, ауэ мэлэIычым жиIащ:

— Фымышынэ! Сэ хъыбарыфI къыфхуэсхьауэ аращ: ныжэбэ Бэтлэхьэм  дуней псом и КъегъэлакIуэр къыщалъхуащ!

 

Iэхъуэхэм занщIэузащтэри Бэтлэхьэм кIуащ, къэхъуа телъыджэм еплъыну. Нэсри зрагъэлъэгъуащ Мэремрэ Исуфрэ шхалъэм дэлъ сабийри. Абыхэм яIуэтэжащ ялъэгъуа икIи зэхаха псоми я хъыбар. ИужькIэ ахэр я гъуэгу теувэжащ, Тхьэм фIыщIэр хуаIэту.

 

Бэтлэхьэм щхъэщыт вагъуэр

 

КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къэрал жыжьэм щыпсэу цIыху Iущхэр уафэмрэ вагъуэхэмрэ кIэлъыплъырт. Зэгуэрым абыхэм къалъэгъуащ ва-гъуэщIэр, икIи заншIэу къагурыIуащ Израилым пащтыхьышхуэ къызэры -щалъхуар. Ахэр ежьэри Ерусалим кIуащ Ирод пащтыхьым деж.

 

   Дэнэ деж Иудеем и пащтыхьыр къыщалъхуар? — щIэупщIащ Iущхэр, Иродыр къэшынащ, нэгъуэщI пащтыхьым и хъыбар щызэхихым.

   Къэвгъуэтмэ, сэри къызжефIэ, — лъэIуащ ар. — Сэри сыкIуэнурэ Абы щхьэщэ хуэсщIынущ.

 

Iущхэр гъуэгу теувэжащ. ВагъуэшIэр уафэгум щесырт, абыхэм гъуэгур яригъэлъагъуу. Апхуэдэурэ сабийр здэщыIэм нэсащ. КъэкIуахэр икъукIэ гуфIащ, сабийм я щхьэр хуагъэщхъри къыхуахьа тыгъэхэри бгъэдалъхьащ.

Гущхэр кIуэжа нэужь, Исуф пшIыхьу къыхуэкIуащ мэлэIыч:

  Хьисэрэ Мэремрэ зышIыгъуи Мысырым кIуэ: Ирод пащтыхьым сабийр игъэкIуэдыну хэтщ.

 

А жэщ дыдэм ахэр Мысырым кIуащ. Иродыр л Iа нэужьщ абыхэм Назарет къагъэзэжыну мэлэIычым хуит щищ!ар.

 

Иуаным Хьисэ  зэриумэхъар

 

Зэманыр кIуэрт, Хьиси хэхъуэрт. Ар губзыгъэхэми, псоми фIыуэ къалъагъут. Ауэ иджыри зыми ищIэтэкъым Ар Тхьэм и Къуэу икIи бегъымбархэм зи гугъу ящIа КъегъэлакIуэу зэрыщытыр.

 

Зэгуэр Иудей къумым къыщыунэхуащ ИуанкIэ еджэу бегъымбар. Абы къыхуриджэрт цIыхухэм я гуэныхьхэм яхущIегъуэжынхэу, Зиусхьэным и къэкIуэгъуэм зыхуагъэхьэзырыну. Зи гуэныхьхэм яхущIегъуэжахэр абы Иордан псым щиумэхъырт.

 

Махуэр къэсри, Иуан деж къэкIуащ Хьиси зригъэумэхъыну. Иуан занщIэу къыгурыIуащ мыр зэры КъегъэлакIуэр, икIи жиIащ:

   Зызбгъэумэхъын щхьэкIэ укъысхуэкIуауэ ара уэ? Уэ сэ езыр сыбумэхъын хуейщ.

Ауэ жэуап итащ:

  Тхьэм жиIар дгъэзэщIэн хуейщ.

Иуаныр абы арэзы техъуэри, Иуан Хьисэ иумэхъащ. Хьисэ псым къыщыхэкIыжым, уафэр зэIукIри, Тхьэм и Псэ ЛъапIэр тхьэрыкъуэм хуэдэу Хьисэ къыхуехащ. Уафэм къиIукIащ макъ:

  Мыращ сэ фIыуэ слъагъу си Къуэ щIасэр!

 

 

 

72

 

 

Хьисэ шейтIаным зэрытекIуар

 

Абы иужькIэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэм Хьисэр ишащ къумым, шейтIаныр Хьисэ гуэныхь иригъэшIэну иужь итын папщIэщ. Махуэ плIыщIкIэ Хьисэ зыри ишхакъым, итIанэ къэмэжэлIащ. Абы щыгъуэм шейтIаным мыпхуэдэу къыжриIащ:

  Уэ Тхьэм Урикъуэщ! Мис мы мывэхэр щIакхъуэ пхуэщIынукъэ? Ауэ Хьисэ жиIащ:

  Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ: цIыхур и гъашIэм зыхуэныкъуэр щIакхъуэм и закъуэкъым, атIэ Тхьэм и псалъэхэрщ.

 

ИтIанэ шейтIаным Хьисэ Ерусалим ихьри Тхьэм и унэшхуэм нэхъ лъэгапIэу иIэм тригъэуващ:

  Уэ Тхьэм урикъуэкъэ? Мыбдежым зыщедзых — мэлэIычхэм уап- хъуатэу урагъэукIынукъым!

Ауэ джэуап итащ:

  Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ: Тхьэм и къарур умыгъэунэху.

Абы щыгъуэм шейтIаным Ар бгыщхьэ лъагэ дыдэм дрихьейри дунейм къэралыгъуэу тетыр къригъэлъэгъуащ.

  Плъагъурэ? Мор зэрыщыту сысейщ! ЩIыгум зебдзыхурэ сэ сыбгъэ- лъапIэмэ, ар псори ууей хъунущ!

Ауэ Хьисэ жиIащ:

  Сяужь икI, шейтIан! Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ: Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапIэурэ абы изакъуэ ухуэлэжьэн хуейщ.

 

Зыри къемыхъулIауэ IукIыжащ шейтIаныр.

 

 

 

74

 

 

Хьисэ езым и гъуэгу ирикIуэну цIыхухэр къызэрыхуриджар

 

И чэзу хъуащ Хьисэ Тхьэм къыщIигъэкIуар игъэзэшДэну. Абы и гъуэгу ирикIуэну цIыхухэр къилъыхъуэу шIидзащ. Галилей гуэлым и Iуфэм Абы къыщыхуэзащ бдзэжьеящэ зэкъуэшитГ, Симонрэ Индрисрэ. Хьисэ щриджэм абыхэм яхъхэр хыфIадзэри Абы иужь иуващ. Ауэрэ нэгъуэшI зэкъуэшитIи къахуэзащ, Екъубрэ Иуанрэ еджэу. А тIури здащтащ. ЕтIуанэ махуэм Абы здришэжащ Филипп, мыбы и ныбжьэгъу Натанаил къыздищтащ.

 

Апхуэдэурэ Хьисэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ зыхуейхэр къыхишащ. И гъуэгу ирикIуэну куэд къигъуэтат Абы, ауэ псоми яхэдэжри нэхъ гъунэгъу дыдэу пщыкIутI къыхихащ.

Хьисэ Тхьэм и унэшхуэми, журтхэр Тхьэм щелъэIу унэхэми, синагогухэми, шIыхьэрт, цIыхухэм еущиеу, игъасэу. Абы жиIэрт Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар, гурэ псэкIэ я гуэныхьхэр яхушIегъужыну Тхьэм дежкIэ цIыхум загъэзэжын зэрыхуейр.

 

Хьисэ сымаджэхэр, зи Iэпкълъэпкъ узым зэщIиубыдахэр къыхуашэрти, Абы зэ еIусэгъуэкIэ игъэхъужт ахэр. Хьисэ и хъыбарыр псоми зэлъашIысати, Абы и ужь иту къакIухьт цIыху куэдым.

 

 

 

76

 

 

Хьисэ бгыщхьэм тету цIыхухэм зэреущияр

 

Зэгуэрым Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр и гъусэу бгыщхьэм къытеуващ. ИхъуреягъкIэ цIыху Iув къызэхэуват, Абы жиIащ:

    Гъуэгу махуэ теуващ пэжыр зыфIэфIыр, гу щабэрэ гупсысэ къабзэрэ зиIэр, хьэргъэшыргъэ зезымыхьэр, зыкъыфIэщIыжу е зигъэгусэу хьэл-шэн зимыIэр. Гъуэгу махуэ теуващ гузэвэгъуэ зиIэхэри, яхуэмыфащэ гугъуехь зрагъэшэчахэр. Ахэр Тхьэм и быну ибжынущ, я гукъеуэр ящхьэщихыжынущ, уафэм щиIэ и псэупIэм ишэжынущ. ФIы влэжьи — цIыхухэм фи фIэщ хъу Тхьэм фIыщIэ хуащIынущ.

    Сэ сыкъэкIуащ Тхьэм Мусэ иритауэ щыта унафэ псори, бегъымбархэм жаIа псори иризгъэкъуну. Тхьэм и унафэхэм фытет, нэгъуэщIхэри абы къыхуевджэ. ЗэвгъащIэ: дыхуиткъым зыгуэр дыукIын дэнэ къэна, лейуэ дыгубжьыну. Тхьэм и унафэхэр пкъутэн дэнэ къэна, Тхьэм хъунукъым жыхуиIам ухуейн къудрейри къемызэгъщ.  

   Фи жагъуэ къэзышIам хуэвгъэгъу, абыхэм Тхьэм фIыкIэ фахуелъэIу — итIанэ пэжу фэ Тхьэм и бын фыхъунущ: Абы цIыху псори зэхуэдэу елъагъу. ФIы влэжьамэ фызыщымытхъуж! Зывгъэлъэгъуэн папщIэ Тхьэ фемылъэIу! Ар щIэфщIэнур Тхьэрщ, ахъумэ щытхъу кърифхьыну аракъым.

   Шхыным, щыгъыным, хьэпшыпым куэдрэ фышIэмыгупсыс: Тхьэм фызыхуэныкъуэхэр къывитынщ. Ар арэзы фщIыуэ уафэм щыIэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и IэщIагъ фызэрышIыхьэнум фыщIэгупсыси нэхъыфIщ.

   Щыхум Iей илэжьамэ фымыгъэкъуаншэ, — фэри фIэщIокI щыуагъэ. Фэ цIыхухэр къыфхущытын фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм апхуэдэу фахущыт.

Щыхухэм ягъэшIагъуэт Хьисэ и псалъэхэр: адрей дин гъэсакIуэхэм апхуэдэ лъэпкъ жаIэу зэхахатэкъым.

 

 

 

78

 

 

ФIылъагъуныгъэ гигу илъым

 

ЦIыху зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуэкIуэт Хьисэ жиIэхэм едэIуэну. Яхэтт абыхэм гуэныхьышхуэ ятелъу цIыхухэм Iумпэм ящI. Ауэ Хьисэ едэIуа нэужь, куэд я гуэныхьхэм яхущIегъути, ахэр щIэрыщIэу къалъхужам хуэдэу. Ауэ нэгъуэщIхэри яхэтт (фарисейкIэ зэджэхэр): абыхэм Тхьэм и псалъэ тхахэр фIы дыдэу яшIэрт, цIыхухэри щыхурагъаджи къэхъурт. Абы къыхэкIыуи пэжыгъэр зыбгъэдэлъ цIыхуу закъыщыхъужт, гуэныхь ямыIэу залъытэрт. Фарисейхэм Хьисэ жиIэр мытэмэму, Тхьэм и псалъэ тхахэм темыхуэу ябжт. Абы и гъэсэныгъэм и зэран цIыхухэм екIыу къащыхъурти, ахэр Хьисэ пцIы гуэр IэщIэкIауэ къаубыдыну ещэрт.

 

Зэгуэрым СимонкIэ зэджэ фарисейм Хьисэ шэджэгъуашхэ иригъэблэгъащ. Ар зэхихри къэкIуащ цIыхубз гуэр, псоми яшДэу гуэныхыцIакIуэшхуэу зэрыщытыр. И нэпсыр къелъэлъэхыурэ, цIыхубзыр Хьисэ и лъакъуэхэм деж зыщигъэщхъащи ба хуешI, дагъэ лъапIэхэр ятрекIэри и щхьэцыкIэмкIэ елъэщIыж. Фарисейм игу къэкIащ: «Хьисэ пэжу бегъымбару щытамэ, къылъыIусыр зэрыцIыхубз фIейр къишIат». Абы и гупсысэр къищIащ Хьисэ, икIи жиIащ:

   Мыбы гуэныхь куэд телъщ, ауэ игу фIылъагъуныгъэ илъщи, и гуэныхь къыхуэгъунущ.

ЦIыхубзми жриIащ:

  Уи фIэщхъуныгъэм умыкIуэду укъригъэлащи, уи гуэныхьхэри къып- хуэгъуащ. Тхьэм и нэфI къыпщыхуэ.

ХьэщIэхэм ягъэшIэгъуащ ялъэгъуар: «Хэт мы лIыуэ гуэныхьхэр зыгъэгъур?»

 

 

 

80

 

 

Хьисэ борэныр зэригъэувыIар

 

Зэгуэрым Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр и гъусэу кхъуафэжьейм итIысхьэри Галилей гуэлым зэпрыкIыну теуващ (А гуэлыр апхуэдизкIэ инти, иныкъуэхэр абы тенджызкIэ еджэрт). Гъуэгу тетыху, Хьисэ щхьэукъуащ. Абы хэту борэнышхуэм щДидзащ. Кхъуафэжьейм псыр къыщхьэдикIыхти, шIилъэфэным къэнэжар зы мащIэт. Хьисэ зыри къыщымыхъуу жейрт. Къэшынауэ и гъуэгу ирикIуэхэм Ар къагъэуш:

    Дин гъэсакIуэ, докIуэд! Дыкъегъэл! Зыри къыпфIэмыIуэхуу ара? ЗыкъиIэтри, Хьисэ жриIащ толъкъунхэм:

    Бэяуж! ЗэтеувыIэ!

Псори щым хъужащ. ИтIанэ Абы захуигъэзащ и гъуэгу ирикIуэхэм:

  Щхьэ апхуэдизу фыкъэрабгъэ? ФIэщхъуныгъэ лъэпкъ фхэмылъу ара?

 

Ауэ и гъуэгу ирикIуэхэр иджы нэхъеижу шынат: хэт мыр, жъыбгъэри толъкъунри зыхуэжыIэщIэр?

Щыху дапщэм яхурикъун щIакхъуитхур?

 

Зэгуэрым Хьисэ едэIуэну цIыху куэдыщэ къызэхуэсат. Щыхухъу къудейуэ минитху хъурт, цДыхубзрэ сабийуэ къэкIуар зыми ибжыхатэкъым. Куэдрэ яхэтащ абыхэм Хьисэ, епсалъэу, сымаджэхэр игъэхъужу. ИкIэм икIэжым и гъуэгу ирикIуэхэм жаIащ:

    Зэманыр хэкIуэтащ. УтIыпщыж цIыхухэр, къуажэ гъунэгъухэм ирекIуи яшхын къращэху.

    Сыт зыщIыпIэ щIэкIуэнур, — идакъым Хьисэ. — Фэ вгъашхэ хъунукъэ ахэр.

    Дэ шIакхъуитхурэ бдзэжьей цIыкIуитIрэ диIэжу аращ.

  Хъарзынэщ. Щыхухэр удзыпцIэм вгъэтIыси ерыскъыр яхуэвгуэш.

 

Ар жиIэри, Хьисэ щIакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ къищтащ, Тхьэм елъэIущ, ЩIакъуэр зэгуищIыкIэри, и гъуэгу ирикIуэхэм къаритащ. Ягуэшын щаухам, яхурикъуа къудей мыхъуу къайлыжат!

 

 

 

82

 

 

Хьисэ псы щIыIум тету зэрыкIуар

 

Щыхухэр игъэшха нэужь, Хьисэ и гъусэхэм унафэ яхуишIащ кхъуафэжьейм итIысхьэу гуэлым зэпрыкIыжыну, Езыр бгыщхьэм дэкIащ, и закъуэу Тхьэм елъэIуну. Жэщыбг хъуауэ, кхъуафэжьейри псыкум нэсауэ, и гъуэгу ирикIуэхэр къаплъэмэ — Хьисэ псы щIыIум тету къахуэкIуэт! Мохэр зэрыгъэшынэри ялъагъур къафIэщI гуэр ягугъащ. Хьисэ жиIащ:

  Фымышынэ! Сэращ Ар!

Кхъуафэжьейм исхэм яхэтт япэ дыдэу Абы здищта Симон - бдзэжьеящэр, Езым Петрэ зыфIищар. Петрэ егуэуащ Хьисэ:

    Дин гъэсакIуэ! Ар пэж дыдэу уэрауэ щытмэ, хуит сышI псы щIыIум сытету сыныппежьэну!

    КъакIуэ! — жиIащ Хьисэ. Петрэ кхъуафэжбейм къиувыкIри лъэбакъуэ зытIущ ищIащ псы щIыIум тету. Ауэ шынагъэ игу къызэрыкIыу щIэтIысыкIыу щIидзащ.

Хьисэ и Iэр хуишийри кхъуафэжьейм ирилъэфэжащ.

 

 

 

83

 

 

  Сыт шэч шIэпшIыжар? — жиIащ абы.

 

Хьисэ и теплъэр зэрызихъуэжар

 

И гъуэгу ирикIуэхэр куэдрэ къеупшIырт Хьисэадрей дунейм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и IэщIагъ гъащIэр зыхуэдэнумкIэ. Зэгуэрым Абы Петрэ, Екъуб, Иуан сымэ зышIигъури бгым дэкIащ. Абдежым Хьисэ и теплъэм зихъуэжащ. Абы и щыгъынхэр уэсым хуэдэу лыдт, и нэгум дыгъэ нурыр кърихт. Абы къыбгъэдэхутащ бегъымьархэу Мусэрэ Илясрэ, икIи къепсэлъылIэу щIадзащ. ИтIанэ уафэмкIэ къиIукIащ макъ.

— Мыращ сэ фIыуэ слъагъу си Къуэ щIасэр! Абы жиIэм федаIуэ.

 

Шынагъуэм зэщIиубыдауэ шIым зыхаIубащ мыдрейхэм. Я щхьэр къаIэтыжмэ — Хьисэ фIэкI зыри бгыщхьэм тетыжтэкъым.

 

Хьисэрэ сабийхэмрэ

 

Хьисэ дэнэкIэ кIуэми, цIыхубэр и ужьым икIтэкъым, дэтхэнэ и псалъэри бламыгъэкIыу. Зэгуэрым Абы къыхуашащ сабийхэр. И гъуэгу ирикIуэхэм ар ядакъым, Хьисэ зэрезэшар я щхъэусыгъуэу. Ар зэхихри, Хьисэ губгъэн хэлъу яжриIащ:

— Сабийхэр си деж кърекIуэ, зыри яжевмыIэ.

Ар жиIэри Хьисэ сабийхэм ятеIэбэурэ Тхьэм и нэфI къащыхуэну елъэIуащ.

 

 

 

84

 

 

Къуэ кIуэдам теухуа ущие хъыбарыр

 

Щыхухэм щахэткIэ Хьисэ куэдрэ къиIуатэрт ущие хъыбархэр. Ар тепсэ-лъыхьт Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм, фIэщхъуныгъэм, гуэныхьым, гуэныхьым зэрызыщыпхъумэнум.

 

Зэгуэрым Хьисэ ягуригъэIуану хуежьащ Тхьэр тэмакъ кIыхъу, дэтхэнэ зыми къыдэжьэу зэрыщытым, икIи зи гуэныхьым хушIегъуэжа дэтхэнэ зыми гуфIэу зэрыхуигъэгъунум. Абы щхьэкIи къиIуэтащ мы хъыбарыр.

ЩыIащ — псэуащ адэмрэ къуитIрэ. Нэхъыжьыр жыIэдаIуэт, нэхъышIэм дэIуэн фIэфIтэкъым. Зэгуэрым нэхъыщIэм къылъыс мылъкур зэшIикъуэри ежьэжащ. Куэд мышIэуи и мылъкур къыIэщIэухэри факъырэу къэнащ. И адэм деж игъэзэжыну фIэемыкIути, лIы гуэрым деж пщылIу, и кхъуэхэр зэрихьэу уващ. ШхынщIэлIэу псэу щIалэм кхъуэIусыр IэфI къыщыщыхъуауи щыIащ. ИкIэм-икIэжым ар егупсысу шIидзащ: «Си адэм деж пщылI нэхъыкIэ дыдэр сэр нэхърэ нэхъыфIу мэпсэу. ДауикI, сэ сыкъуаншащи абы къуэ сыхуэхъужынкъым, ауэ мыхъуми лIыщIэу срещтэж! Хэт ищIэрэ, сищтэнкIи хъунщ». Арати, тридзэри и унэ кIуэжащ. И адэм ар жыжьэу къыщилъагъум, гуфIэу къыпежьащ, IэплIэ къыхуищIащ, иужькIэ и пщылIхэм унафэ яхуищIащ щыгъыныфIхэр къуэм къыхуахьыну, абы къызэригъэзэжам шхьэкIи гуфIэгъуэшхуэ зэхаублэну. И къуэ нэхъыжьым зигъэгусэну хуежьат, адэр нэхъышIэм ямылейуэ зэрыщыгуфIыкIам щхьэкIэ, ауэ адэм жиIащ:

— Уэ сыт щыгъуи усщIыгъущи, сиIэу хъуар ууейщ. Ауэ нобэ ди гуфIэгъуэщ: уи къуэш лIэуэ щытащ ауэ къэпсэужащ!

 

 

 

86

 

 

Хьисэ Лазар лIахэм къазэрыхигъэтэджыкIыжар

 

Битание къуажэм зэшыпхъуитIрэ абыхэм я дэлъхурэ щыпсэут — Мартэ, Мэрем, Лазар сымэ. Хьисэ фIыуэ илъагъурт ахэр, икIи ныбжьэгъу пэжу илъытэрт.

Зэгуэрым Хьисэ я хьэшДэу Мартэ пщафIэу иригъэжьащ. Мэремыр Хьисэ и лъакъуэм деж щетIысэхауэ жиIэхэм едаIуэрт. Мартэ къэгубжьри жиIащ:

  Дин гъэсакIуэ, еплъыт, сэ Iуэху сощIэ, мыр Iуэхуншэу щысщ. ЖеIэт абы къэтэджу къыздэIэпыкъуну!

Ауэ Хьисэ идакъым:

  Мартэ, уэ зэпымыууэ уопэщащэ, Мэрем Iыхьэ нэхъыфIыр къыхи- хащ, а IыхьэфIри абы Iахыжынукъым.

Зэгуэрым унагъуэм нэщхъеягъуэ къихъуащ. Лазар сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Хьисэ хъыбар ирагъашIэри, Абы и гъуэгу ирикIуэхэр щIыгъуу къежьащ Битанием къэкIуэну. Ауэ къыщысам къыжраIащ Лазар лIэуэ щIалъхьэжауэ. И шыпхъухэм хуабжьу ягъейрт ар, гъунэгъухэми ныбжьэгъухэми яхутемыгъэужу. Хьиси ар щилъагъум гъащ, икIи лъэIуащ Лазар зыщIалъхьа кхъэлэгъунэр ирагъэлъэгъуну. Зэшыпхъухэм яжриIащ мыпхуэдэу:

  СэркIи фIэщхъуныгъэ зиIэр лIэми, псэунущ, сыту жыпIэмэ лIахэр къэзыгъэтэджыжу гъащIэ язытыр Сэращ.

А зэманым Палестинэм щылIэхэр кхъэм щIамылъхьэу бгъуэншIагъхэм щIалъхьэрти мывэ IуагъэкIуриежырт. Хьисэ апхуэдэ зы бгъуэнщIагъ щра-гъэлъагъум, унафэ ишДащ мывэр щIыхьэпIэм Iуахыну. ЯгъэшIэгъуащ цIыхухэм, ауэ унафэр ягъэзэщIащ.

 

Хьисэ и напIэр уафэмкIэ иIэтри Тхьэм елъэIуащ, итIанэ джащ:

  Лазар, къыщIэкI!

Арати, псоми яфIэтелъыджэу бгъуэншIагъым къыщIэкIыжащ лIам къа-хэтэджыкIыжа Лазар! Ар щалъагъум, куэдым я фIэщ хъуащ Хьисэ.

 

 

 

88

 

 

ЩIыхьышхуэ хэлъу Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар

  

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм куэдрэ яхуиIуатэрт, Абы и шIыхьышхуэ игъуэтын ипэ къихуэу гугъуехь куэд зэришэчынур, лIэуэ ещанэ махуэм къызэрыхъужыныр. Ауэ и гъуэгу ирикIуэхэм зэикI къагурыIуэртэкъым абы къикIыр. Ауэрэ чэзур къэблагъэрт... Ар зыщIэ Хьисэ и гъусэхэм елъэIуащ къалащхьэм зэрыдыхьэн шыдшыщIэ къыхуашэну. Бегъымбархэм жаIауэ щытыгъат Израилым и Пащтыхьыр шыдым тесу Ерусалим зэрыдыхьэнур.

 

А зэманым журт куэд пэплъэртКъегъэлакIуэркъэсыным (Абы нэгъуэщIуи МэссихькIэ еджэрт). Ахэр щыгугът Ар къакIуэмэ Израилым щхьэхуитыныгъэ къыхуихьыжыну: абы щыгъуэ Израилыр Рим къэралыгъуэшхуэм IэщIэлът. КъегъэлакIуэр къызэрыкIуар, икIи Ар зэры Хьисэр къызыгурыIуаи яхэтт цIыхубэм. Ауэ апхуэдэхэри пэплъэрт Абы шIыхьышхуэ игъуэтынурэ пащтыхь щыхъунум. Арати, Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм щыгъуэ, я мурадхэр къехъулIауэ щыгугъыу цIыху куэд къыпежьащ Абы. Гъуэгур жыг тхьэмпэшхуэ я щыгъынхэмкIэ кърагъэтIылъыкIыурэ хуагъэщIэращIэт, Тхьэм и фIыцIэр щаIэт уэрэдхэр жаIэт. Фарисейхэм яфIэфIтэкъым ар, сыту жыпIэмэ Хьисэ Мэссихьэу ябжтэкъым. Ауэ Iэмал яIэтэкъым.

 

 

 

90

 

 

Хьисэ сатуущIхэр  Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщIихуар

 

Ерусалим дыхьа нэужь, Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм иунэтIащ, цIыхухэм яIущIэу япсэлъэну. Сыт абы щилъагъур? СатуущIхэм мыбдежым щащэ тхьэрыкъуэхэр, къурмэныпхъэ Iэщыр, ахъшэхэр щахъуэж, щэхуакIуэхэр зэрызохьэ. Хьисэ губжьащ, щIопщкIэ яхэуэурэ сатуущIхэр Тхьэм и унэшхуэм къышIихуащ. ЩапIэ Iэнэхэр щхьэпридзащ, ахъшэр ирипхъащ, сатуущIхэми мыпхуэдэу ящIэгубжьащ:

— Си Адэм и унэр Тхьэ щелъэIу унэщ. Фэ мыр хъунщIакIуэ гъэпщкIупIэм ещхь фщIащ!

 

Фарисейхэмрэ журт пашэхэмрэ къигъэгубжьащ апхуэдэ Iуэхум. Ахэр куэд шIауэ ещэрт Хьисэ ягъэкIуэдыну. ЦIыхубэр зэхэту яубыдыну дзыхь яшIтэкъым, Хьисэ псоми фIыуэ ялъагъурти. СатуущIхэр зэбгрихуа нэужь, Хьисэ цIыхухэм Тхьэм и псалъэр яхуиIуатэу Тхьэм и унэшхуэм къышIэнащ. Бийхэри Абы кIэлъыплът, пхэнжу зыгуэр къыжьэдэкIын е илэжьын жаIэу, икIи упщIэ щIагъыбзэ зыщIэлъхэр зэпымыууэ иратт. Ауэ Хьисэ сыт щыгъуи губзыгъэу жэуап итт. Щымыхъужым мохэр лъыхъуэу шIадзащ и гъусэхэм щыщу Хьисэ епцIыжын. ИкIи къагъуэтащ!

 

Ар Иудэт, Хьисэ нэхъ и гъунэгъу дыдэхэм ящыщ зыт! Абы игъэгугъащ фарисеихэр Хьисэ и закъуэу къызэрынэу яригъэубыдыну. Абы щхьэкIи дыжьын ахъшэ щэщI къратащ.

 

 

 

92

 

 

 

Иужърей пщыхьэщхьэшхэр

 

IутIыж махуэшхуэр къэблагъэрт. Мы махуэшхуэр Тхьэм журтхэр Мысырым къыщришыжам и фэеплът. Зэман жыжьэм къыщына а жэщ шынагъуэм и фэеплъу абыхэм къурмэныпхъэ щынэ яукIт, итIанэ IутIыж пщыхьэщхьэшхэм етIысылIэрт.

 

Хьиси и гъусэхэр шыгъуу бгъэдэст гуфIэгъуэ Iэнэм. Абы ищIэрт бэлыхьышхуэ щигъэвыну сыхьэтыр къызэрыблагъэр. Пщыхьэщхьэшхэр икIэ щынэсым,´Абы щIакхъуэ къищтэщ, зэпищIыкIри жиIащ:

  Мэ, фшхы мыр. Мыр — cи Iэпкълъэпкъыу фэр папщIэ стынуращ. Жызумыпс зэрыт фалъэри къиштэщ, Тхьэм елъэIури къыжиIащ мып- хуэдэу:

  Фэ псоми мыбы итым щыщфефэ. Мы жызумыпсыр — cэ силъш, ар фэр папшэ согъажэ, фи гуэныхьхэр къыфхуэгъун щхьэкIэ. Фэ фщыщ зым си бийхэм сызэраIэщIигъэхьэнур сощIэ, куэдри сыфщДыгъужыну- къым. Иджыри зы унафэ къыфхузогъанэ: Сэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу фэ псори фызэрылъагъу. Фымынэщхъей, фымышынэ. Сэ си Адэм деж сокIу- эж, фэри щIыпIэ фхуэзгъэхьэзырыну, дэIэпыкъуэгъууи Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къыфхуэзгъэкIуэну. Ар сыт щыгъуи фщIыгъунущ, Тхьэм и пэжым фызэрытетынумкIи ущиякIуэ къыфхуэхъунущ. Фэри, сэ фIыуэ сыкъэф- лъагъур пэжмэ, си унафэхэм фытемыкI.

Хьисэ и гъусэхэр къэгузэващ, Абы жыхуиIэри тэмэму къагурыIуакъым. ИкIи зэпеуэу Тхьэ яIуэу щIадзащ Ар фIыуэ зэралъагъумкГэ, ягъащIэкIэ зэремыпцIыжынумкIэ.

 

 

 

94

 

 

 

Гефсимание хадэм

 

Пщыхьэщхьэшхэм иужькIэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр щIыгъуу Гефсимание хадэм ихьащ. Хьисэ лъэIуащ:

  СылIэным хуэдэу хуабжьу си гур мэгузавэр. ТIэкIу фысщIыгъуж! ЛъэныкъуэкIэ IукIри, Тхьэм елъэIуу щIидзащ:

   Си Адэ! Хъуну щытмэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сIых. АрщхьэкIэ сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.

Къигъэзэжмэ, и гъуэгу ирикIуэхэр жейуэ къарихьэлIэжащ.

  Фыжейрэ? — жиIащ Абы. — си зэманыр къэсащ! Феплъ, си бийхэм саIэщIэзыгъэхьэнур къэблэгъащ.

 

А дакъикъэхэм хадэм къихьащ Иудэ. Ар фарисейхэм ягурыIуат зыбгъэдыхьэу ба зыхуищIыр яубыдыну. Иудэ заншIэу Хьисэ бгъэдыхьэри ба хуишIащ. IэщэкIэ зэщIэузэда зауэлIхэм Хьисэ къаухъуреихьри Iуащащ. Абы и гъуэгу ирикIуэхэр шынэри зэбгрыжыжащ.

 

 

 

96

 

 

 

Хьисэ жорым зэрыраIулIар

 

Хьисэ Рим и пашэшхуэм деж яшащ. Ар къыпкърыупщIыхьри, къуаншагъэ лъэпкъ димылъагъуу къиутIыпщыжыну хэтащ. Ауэ фарисейхэмрэ дин пашэхэмрэ дауэ яшIми Хьисэ яукIыну ягу иралъхьат. Щыхьэт нэпцIхэр къагъэуври жрагъэIащ Хьисэ Тхьэм хуэпсэлъауэ, цIыхубэри зауэбанэм къыхуриджауэ. ИтIани Рим Iэтащхьэр Понтий Пилат Хьисэ къиутIыпщыжынут IутIыж махуэшхуэм и хьэтыркIэ. Ауэ дин пашэхэм цIыхур къызэщIагъэвауэ зэрызехьэт.

— Жорым еIулI ар! Жорым е!улI!

Пилатыр шынэри Хьисэ укI трилъхьащ. Абы ипIэкIэ хъунщIакIуэу БараббэкIэ зэджэр иутIыпщыжащ.

Рим зауэлIхэмкуэдрэ щIэнакIэуи фэр ирахащХьисэ, иужькIэ укIыпIэм яшащ. Ар жорым и IэмкIи и лъакъуэмкIи ираIулIыну арат — апхуэдэут а зэманым хъунщIакIуэхэмрэ пщылIхэмрэ зэраукIыр. Ар зытралъхьа жор хьэлъэр и плIэм илъу укIыпIэм нэс ихьыни хуейт.

 

Хьисэ хъунщIакIуитIым я зэхуакум щыкIэраIулIащ. И щхьэм деж кIэрылъ пхъэбгъум тетхат, «Назарет щыщ Хьисэ, журтхэм я пащтыхь». ИхъуреягъкIэ цIыхубэр щызэхэкIтэкъыми, абы яхэтт гуауэм иужьыгуауэ Хьисэ и анэр.

 

Куэдрэ гугъу ехьащ Хьисэ. Ар щэIут, и Адэм елъэIут. ИкIэм-икIэжым дакъикъэ шынагъуэр къэсащ. Хьисэ зэ къыхэкIиикIыжри и псэр хэкIащ. А напIэзыпIэм щIылъэр кIыфIыгъэм щIигъэнащ, мывэхэр зэщIэкIэзызэри къэчащ. ЗауэлIхэм ар щалъагъум, шынагъэм зэщIиубыдащ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэри гуауэм хигъэщIауэ зэбгрыкIыжащ...

 

 

 

98

 

 

 

Дэнэ щыIэ Хьисэ и хьэдэр?

 

Хьисэ жорым къыфIахыжри мывэ бгъуэнщIагъым щIалъхьащ, ихьэпIэм абрэмывэ IуагъэкIуриящ, хъумакIуи ягъэуващ: дин пашэхэри фарисейхэри шынэрт Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм хьэдэр щIадыгъукIынкIэ.

 

Махуищ дэкIри, Хьисэ ягъеину цIыхубзхэр кхъэлэгъунэм къэкIуащ. Сыт абы къалъэгъуар?

 

Абрэмывэр IугъэкIуэтат, хъумакIуэхэр мэхауэ щылът, хьэдэри кхъэлэгъуным щIэлъыжтэкъым! ЦIыхубзхэри шынауэ икIи ягу щIыхьауэ здэщытым, лыдыжу мэлэIычыр къахуэунэхуащ:

  Кхъэлэгъунэм фыщымылъыхъуэ Хьисэ! Ар мыбы щыIэжкъым. Ар псэущ, фызэригъэгугъауи лIам къахэтэджыкIыжащ! ФыкIуэж, куэд мы- щIэу Ар флъагъунщ фи нэкIэ!

 

ЦIыхубзхэр шIэпхъуэри къэхъуа телъыджэр хуаIуэтащ я Зиусхьэныр зыгъей и гъуэгу ирикIуэхэм. Петррэ Иуанрэ бгъуэнщIагъым нэсри Хьисэ абы зэрыщIэмылъыжыр зрагъэлъэгъуащ. Ауэ Хьисэ къызэрыхъужар я фIэщ мыхъуу IукIыжащ. Кхъэлэгъунэм зы цIыхубз къыбгъэдэнат, Магдалэ къуажэм щыщ МэремкIэ. Ар гъыуэ здэщытым, зыгуэр къеджащ:

  Сыт бгъейр?

Мэрем зыгуэр къыщIыхьа и гугъэу жэуап итащ:

  Си Зиусхьэным и хьэдэр шIахащ, здахьари сшIэркъым. Уэ умышIэу пIэрэ?

ИтIанэ макъыр аргуэру къэджащ:

  Мэрем!

Еплъмэ — Хьисэ елъагъу!

Къэщтауэ икIи гуфIэщауэ Мэрем къыхэкIиикIащ:

  Зиусхьэн!

ИкIи пэж дыдэу Арат!

 

 

 

100

 

 

Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм закъызэрыригъэлъэгъуар

 

А махуэ дыдэм Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм щыщу тIур Эммаус къуажэм кIуэуэ гъуэгу тетт. ЯмыщIэххэу ещанэу зыгуэр гъусэ къахуэхъуащ. Абыхэм лIы мыцIыхум хуаIуатэ гуауэ къатепсыхар, я дин гъэсакIуэр зэрылIар. ЩылIакIэ, жаIэрт абыхэм, Ар КъегъэлакIуэу икIи Мэссихьэу щытакъым, атIэ дэ сыт хуэдэу ди фIэщ хъуат Абы къыджиIахэр. Пэжу, и хьэдэр ягъуэтыжакъым, ауэ хэт ишIэрэ ар здыщыIэр. ИтIанэ гъусэ къахуэхъуар дауэу шIидзащ, Мэссихь и щIыхьыр ину зэрыIунури, дунейр къызэрыри-гъэлынури апхуэдэут, — жиIэу. Апхуэдэу псалъэурэ, къуажэм нэсащ, икIи мо тIум я гъусэр пщыхьэщхьэшхэ зэдащIыну ирагъэблэгъащ.

 

Шхэну тIысахэщ. ЛIы мыцIыхум щIакхъуэр къищтэщ, Тхьэ елъэIуурэ зэпищIыкIри къахуишиящ. Абдежым мохэр еплъри — къацIыхужащ: Хьисэт Ар!

 

ИужькIи куэдрэ зыкъригъэлъэгъуащ Абы и гъуэгу ирикIуэхэм. Япэ щIыкIэ абыхэм я гугъат Ар нэкъыфIэщIыгъэу. Ауэ Хьисэ къажриIащ:

— ФышIэчэнджащэр сыт? Фыкъызэшгь, фыкъызэIусэ! Сывгъашхэ: нэкъыфIэщIыгъэр шхэрэ? Иджыри фи фIэщ мыхъуу ара сыкъызэрыхъужар?

 

ИтIанэщ абыхэм я фIэщ щыхъупар Хьисэ лIахэм къахэтэджыкIыжауэ зэрыпсэур.

 

 

 

102

 

 

Хьисэ и адэм деж кIуэу Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къызэрыригъэхар

 

И чэзу хъуащ Хьисэ уафэм и Адэм деж дэкIуеину. Иужь дыдэу и гъуэгу ирикIуэхэм къахуэкIуэри Абы жиIащ:

   Куэд мыщIэу зи гугъу фхуэсшIа ДэIэпыкъуэгъур къыфхуэкIуэнщ. АпщIондэхункIэ фыпэплъэу Ерусалим фыдэс. ИужькIэ фежьи дуней псом яхуэфхь Тхьэм цIыхухэр мыкIуэду къызэрыригъэлым и Хъыбар ГуфIэгъуэр, Адэм, Къуэм, Псэ ЛъапIэм я цIэкIэ цIыхухэр фыумэхъ.

Ар зи фIэщ хъум Тхьэм хуигъэгъунурэ Уафэу и Тепщэныгъэшхуэр здэ- щыIэм ишэжынущ.

Ар жиIэри, Хьисэ уафэм дэкIуейуэ щIидзащ. Ямылъагъужыху кIэлъыплъащ Абы мыдрейхэр. Щамылъагъужым хужьу хуэпауэ мэлэIычитI къахуэкIуэри жаIащ:

   Сыт уафэмфышIыдэплъейр? Хьисэ уафэмдэкIуеижащ, ауэ апхуэдэ дыдэуи къигъэзэжынущ!

И гъуэгу ирикIуэхэм я унэ ягъэзэжри Тхьэм елъэIуу щIадзащ. Ахэр пэплъэрт Абы.

 

IутIыж махуэшхуэм иужькIэ махуэ щэныкъуэ дэкIащ. Ар журтхэм ягъэмахуэшхуэ. Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр зэхуэсат. Абдежым уафэмкIэ Iэуэлъауэшхуэ къыщыIуащ, дэтхэнэ зыми и щхьэщыгум деж мафIэ бзийм ещхьу къыщынэхуащ. Ар Хьисэ къызэригъэгугъауэ Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къахуехауэ арат. ГуфIэгъуэр къалъысауэ Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэм Тхьэм фIыщIэшхуэр хуаIэту щIадзащ, япэм ямышIа бзэ куэдкIэ. Хамэ къэралхэм къикIа цIыхухэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым: дэтхэнэ зыми езым и бзэр зэхихт! Ауэ куэди яхэтт мобыхэм ящыдыхьэшхыу, чэф яIэу хужаIэурэ.

 

 

104

 

Шаул Хьисэр и фIэщ зэрыхъуар

Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къахуеха нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр (иджы абыхэм апостолкIэ еджэрт) хуежьащ зыми щымышынэжу ХъыбарыфIыр яIуатэу. Тхьэм и Псэ ЛъапIэр къадэIэпыкъуурэ абыхэм цIыхухэм фIэщхъуныгъэ халъхьэт, сымаджэхэр ягъэхъужт. Хьисэ и цIэкIэ телъыджэ куэд ялэжьт. Абыхэм щIэудэIуурэ куэдым ХьисэкIэ фIэщхъуныгъэ яIэ хъуащ.

 

Фарисейхэмрэ журт дин пашэхэмрэ ар къашIэри зэрыгъэгужьеяхэщ: ахэм я гугъат Хьисэ и лъэужьыр ягъэгъущу тыншыжауэ! Арати, иджы апостолхэмрэ абыхэм я гъусэхэмрэ зэхэзехуэн яшIу, — тутнакъым ирадзэу, зэтраукIэу щIадзащ.

 

Ауэ ажалми къригъэкIуэттэкъым Хьисэ Мэссихь и ХъыбарыфIыр зезыхьэхэр.

 

Хьисэ и Iуэхур зылъагъу мыхъухэм ящыщт фарисейхэм я пэщIэщIэгъу Шаул шIалэр. Япэ чыристанхэм бзаджэ куэд яришIащ абы, ахэр Тхьэм и бийуэ илъытэурэ. Зэгуэрым ар Дамаск къалэм кIуэну ежьащ, чыристану абы дэсхэр къигъуэту гъэр ишIын мурадкIэ. ЗдэкIуэм, нэр щIисыкIыу нэху къилъэгъуащ, макъи зэхихащ.

    Шаул! Щхьэ гугъу сыщIебгъэхьыр?

    Ухэт уэ, Зиусхьэн! — Шаул шынауэ щIым зыхиIубащ.

    Хьисэу гугъу ебгъэхьыр сэращ. Пэжым уебэныну гугъукъэ? Шаул гузэвэгъуэм зэщIиIулIауэ щIэупщIащ.

    Зиусхьэн! СщIэнумкIэ унафэ къысхуэщI.

    КIуэ Дамаск, абдеж псори къыщыпшIэнщ.

 

Шаул зыкъыщишIэжам, абы и нэм зыри илъагъужтэкъым. И гъусэхэм и Iэблэр яубыдри Дамаск яшащ. Ещанэ махуэм Тхьэм и IэмыркIэ Шаул къыхуэкIуащ Ананий зи цIэ чыристэнылIыр. Ар Шаул дэIэпыкъуну Зиусхьэным къигъэкIуати, и нэр къигъэплъэжащ. Абы щыгъуэ Шаул заншIэу заригъэумэхъащ, икIи Хьисэу Тхьэм зэри Къуэм и хъыбарыр цIыхухэм яхуихьу ежьащ.

 

106



Паул цIыхухэм Хьисэ и хъыбар зэрахуиIуэтар

Аумэхъа нэужь, Шаул ПаулкIэ еджэу хуежьащ, икIи Хьисэ Мэссихь и апостолышхуэхэм ящыщ зы хъуащ. Абы хъыбарыфIыр яхуиIуатэрт хамэ лъэпкъхэм — тхьэ нэпцI куэд зи фIэщ хъухэм. Зиусхьэным, Мусэ и хабзэхэм теухуауэ абыхэм ящIэр мащIэт, сыту жыпIэмэ нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщт. Ауэ Паул жиIэм едэIуа нэужь, куэдым ХьисэкIэ фIэщхъуныгъэ яIэ хъуащ. Паул къызэхикIухьащ хыри щIыри, дэнэкIи Хьисэ и Iуэху щызэлъищIысурэ. Ныбжьэгъу пэжхэри иIэти, ахэри и дэIэпыкъуэгъут.

 

Ауэрэ щIыпIэ куэдхэм члисэхэр къыщызэIуахащ, чыристанхэр щызэхуэсу. Хьисэ зи фIэщ хъуахэр зэгъусэу лажьэрт, Тхьэ елъэIут, зэдэIэпыкъут. Паул и къару щымысхьу цIыхухэм защIигъакъуэрт, я гугъуехьхэр ядиIыгът, Тхьэм и пэжым къыхуриджэрт. Езыр ялъэмыIэсыжыфми и ныбжьэгъухэм тхыгъэхэр яхуригъэхьт. А тхыгъэхэмкIэ Паул Хьисэ и гъуэгу тетхэм я фIэщхъуныгъэм щхьэкIэ ящытхъут, щыуагъэхэр яригъэлъагъужт, чэнджэщ яритт, я гузэвэгъуэр ядиIыгът, Тхьэмрэ цIыхухэмрэ я IуэхущIафэхэм иригъэгупсыст. Апхуэдэ тхыгъэхэр чыристан зэхуэсыпIэхэм ирагъэхьт адрей апостолхэми, Зиусхьэным зэриухам хуэдэу псэуным нэхъ цIыху куэд хураджэн мурадкIэ.

 

 

108

 

Апостолхэм Хьисэ папщIэ гугъуехъ зэрашэчар

Хьисэ куэдрэ жиIэу щытащ Абы и гъуэгу ирикIуэну хуейр гугъу зэрехьынур. Япэ дыдэрауэ, дэтхэнэ зыри езым и гуэныхьхэмрэ и ныкъусаныгъэхэмрэ текIуэн хуейщ. Ар сыт хуэдэу гугъу! Ауэ ар зырикIщ. Щыху куэдым Хьисэ и гъуэгу ирикIуэхэр ялъагъу мыхъуу щытынущ, Езыр ялъагъу зэрымыхъуам хуэдэ дыдэу. Ахэр зэхэзехуэн ящIынущ, гугъу ирагъэхьынущ, щаукIыпэни къэхъунущ. Ауэ Хьисэ къыхуриджат ахэр зыми щымышынэну: Езыр текIуакъэ гуэныхьми, ажалми, шейтIанми.

 

Апостолхэм гугъуехь куэд ягъэвын хуей хъуащ. Абыхэм Хьисэ теухуа хъыбару яIуатэхэм щхьэкIэ тутнакъым ирадзэрт, удын хьэлъэ къытралъхьэт, я хьэкум ящIэрти Хьисэ и цIэ дыдэри жамыIэну къыпагъэтIылът. Ауэ лIыгъэшхуэ яхэлъу абыхэм яшэчащ сыт хуэдэ бэлыхьри. Тхьэри къадэIэпыкъути тутнакърэ ажалэрэ къыщригъэлыр машIэтэкъым. Зэгуэрым апостол Петр мэлэIычым тутнакъым къыщIишыжауэ щытащ, хъумакIуэхэм къамылъагъуу. ИтIани Паулрэ абы ныбжьэгъу Силэрэ тутнакъэщым щIэсу щIыр хъейуэ шIидзэри, я Iэхъу-лъэхъухэр лъэлъэжащ, бжэхэри езыр-езыру зэIукIащ.

Ауэ апхуэдэу сыт щыгъуи хъуртэкъым. Мэссихь и гъуэгу ирикIуэ куэдым я гъащIэр ятын хуей хъуащ, Тхьэм и пщIэр яIэту уафэм щыIэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм Абы щыхуэзэжын папщIэ. Абыхэм шынэ ягу илътэкъым, сыту жыпIэмэ Хьисэр я фIэщ хъурти, Ар къызэрытэджыжам ещхъу езыхэри гъащIэщIэм къыхуэтэджыжыну щыгугът.

 

 

110

 

Иужъ дыдэу Тхьэмрэ емрэ зэрызэбэнынур

 

Хьисэ и гъуэгуирикIуэхэм щыщу Иуаныр зэгуэр хэкум ирахури тенджы-зыкум хэт щIыналъэ гуэрым ягъэкIуат. Абдежым Тхьэм и нэгу щышIигъэкIащ абы дунейм и кIэух хъунур зыхуэдэр.

 

Тхьэм Иуан къыжриIащ зэманыр икIэ щыхъуам деж Тхьэр иужь дыдэу ем зэрыпэшIэувэжынур. Ар зауэ гуашIэу икIи шынагъуэу щытынущ. Езы шейтIан дыдэр щIылъэм къехынурэ цIыхухэм гугъуехь ятрилъхьэнущ, абы и пщылIхэм Хьисэ и теплъэр зытрагъауэу цIыхухэр къагъапцIэу, Тхьэ пэжым пэIэщIэ яшIу яхэтынущ. Гъаблэр, узхэр, зауэхэр, мафIэсхэр щыятэнущ дуней псом, куэдми гузэвэгъуэрэ шынагъуэрэ къалъысынущ, ауэ Хьисэ хуэпэжхэр шIэшынэн щыIэкъым: ахэр псори пIалъэ зиIэ гъэунэхуныгъэщ. Тхьэр текIуэнущи, Хьисэ тщIыгъуу гъащIэ дахащэм дыхыхьэнущ.

 

 

 

112

 

 

Тхьэм и тепщэныгъэшхуэр здэщыIэ гъащIэщIэр

Тхьэр ем текIуа нэужь, дунейр зэриухрэ цIыхуу тетар къэпсэужынущ. Тхьэм и пащхьэ дихьэжынурэ, абы дэтхэнэ зыми Iейуи, фIыуи длэжьамкIэ унафэ къыттришIыхьынущ. Iейр къыхэзыхыу зи гъащIэр пхэнжу къэзыпсэуам тезыр трилъхьэнущ. Ауэ Тхьэм и унафэхэм тету псэуам, фIы зылэжьам, я гуэныхьхэм яхушIегъужауэ псэуам и гуэныхьхэр хуигъэгъуу уафэм щыIэ и Тепщэныгъэшхуэм ишэнущ. Абы щыIэкъым узи, ажали, шынагъи, нэпси. Дуней гъашIэм бэлыхь зыгъэвахэм я гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыжынущ. ЩIылъэр уафэри Тхьэм къызэригъэщДам ещхьу къабзэ, нэху, дахэ хъужынущ. Зыри зэбиинукъым — цIыхуи, псэущхьи. Имыухыжу къэкIуэнущ гъащIэ гуфIэгъуэр, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр, икIи Абы зэикI ибгынэнукъым и бынхэр.

Дапщэщ ар къыщыхъунур? Дапщэщ Зиусхьэным къыщигъэзэжынур?

    Сэ куэд мыщIэу сыкъэкIуэнущ! — жиIащ Хьисэ.

    КъытхуэкIуэ, Зиусхьэн! — мэлъаIуэ Ар фIыуэ зылъагъу псори.