...................
...................
ЗЫВГЪЭБЫДЭИ ФИ БЫДАП1Э ФИС
Тэгъулан Екъуб
                         
...................
...................
1960 гъэхэм щ1ыщ1эдзауэ, тыркум ис ц1ыхухэр къуажэхэм и1эпхъук1ыурэ къалэхэм к1уэуэ щ1адзащ. Я щ1акхъуэ 1эхьэ къалэжьын папщ1э, ар ящ1энк1э 1эмалыншэхэт.

Абы щыгъуэ, къэралым ис ц1ыху бжыгъэм и 1эхьэ щанэрат къалэхэм щыпсор, къэнар къуажэдэст. Иджы 1уэхум зихъуэжащи, ц1ыхухэм ещанэм нэхърэ нэхъ мащ1эращ къуажэхэм къыдэнэжар, к1уэхуи къуажэдэсхэм и бжыгъэр нэхъри хэщ1ыну хуагъэфащэ.

Къалэ 1эпхъуэным адыгэхэри химубыдап1эр и1энт, уеблэмэ нэхъ уэрыжу къалэхэмк1э е1ахэщ. Езгъэлеинууи схуейкъым ауэ, тхьэм ещ1эри иджы адыгэхэм епщ1анэрам къуажэхэм къыдэнэжар. Датхэнэ зы адыгэ къуажэм нобэ дэс унагъэ бжыгъэм хуэдипщ1 къалэхэм щопсоу. Адыгэхэр зэрыщыту къалэдэс хъуащ жып1эми ущыуэнукъым. Хэкум къыщи1эпхъук1ам щыгъуэ тыркум и щ1ып1э псомк1э зэрыщикъухьэм къыщымынэуэ, ет1уанэуэ аргуэру, къуажэхэм и1эпхъук1хэри щэхьэрхэм хэпхъыхьэ хъуахэщ. Шыпсэм зэрыхэтым хуэдэуэ, к1ум лъейм к1уэм лъейхэурэ, къалэхэм и ц1ыху 1увым хэзырыхьэхэщ.

Дыщыц1ык1уым, хьэримолэ теухь дыщыджэгум,
«Хьэримооолэ зызф1игъэк1уэдащ, зывгъэбыдэи фи быдап1э фис.» жыт1эурэ ди гъусэхэр «бийм» 1эщ1эмк1уэдэн щхьэк1э дазреджэм ещхьыуэ, хэкъухьэ хъуа адыгэхэм апхуэдэурэ еджапхъэ хъуащ.

Диаспора адыгэхэм ипэхэм быдып1эу я1эуэ щытар я къуажэхэрат ауэ мы зэманым къэунэхуа псоук1эм ц1ыху псори зэрихужам хуэдэуэ адыгэхэри я быдап1эуэ щыт я къуажэхэм къыдигъэк1ри ц1ыху зэрызехьэм хихуащ. Хэхэс адыгэхэм иджы нэужьк1э быдып1эуэ я1энур, ипэрапц1э , адыгэбзэ, адыгэ хабзэбзыпхъэ щызек1уэ я унагъуэхэращ, ит1анэ я ныбжьэгъу гуп я хасэ я газэт я журнал я интернет сайтхэращ. Махуэ псом, гъэщ1эм и гугъуейхьыр ирихьэк1а нэужьк1э, лъэпкъ културер хъумэным хуэгъэзауэ зэк1уэл1эжыну быдап1эхэр мыхэращ.

Зы адыгэ л1ыжь гуэрэм мыпхуэдэуэ жи1эгъэт,
«Ик1эм ик1эжым, дунейм къытехъухьа адыгэхэм зыкъэмынэри, Хьэрэмэ 1уащхьэ щысхуэсыжынущ». Л1ыжьым зыхуэсыжып1эм къригъэк1ар мы дунейра е адрей дуней 1эхърэтра , хьэмэрэ т1ури къригъэк1а хэт ищ1эн ауэ, адыгэхэм ди быдап1э дыдэуэ ди быдап1э пэжууэ щыт ди Хэкужьым зы махуэ зымахуэк1эрэ дыщызэхуэсыжыху, дунейм и датхэнэ щ1ып1эмк1эи щыпоу адыгэхэр дыхэмышыпсыхьыжу зэк1э ди «быдап1э» дисын хуейщ.