...................
...................

ДЭК1УЭРАБГЪУ КЪЫХУЭГЪУЭТЫН ХУЕЙЩ

Тэгъулан Екъуб (TEGULAN Yakup Temel)

                         
...................
...................

Тыркум, илъэс зыхбжанэ зхуащи, адыгэ щ1алэгъуалэхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм хуэзэуэ зэхосхэри, я нэгу зэрагъэужь, зэроц1ыху, зо1ущ1эхэ. Мы гъэми, мэкъуэуэгъуэм и 15-20 махуэхэм языхуаку Анталя къэлэм щызрыгъуэтахэщ. Адыгэхэр къуажэхэм ик1ыуэ  къалэхэм 1эпхъуа нэужьк1э, нэхъ  зэлъы1эсыгъуей,  зэрыц1ыхугъуей  хъуахэщ. Абы къыхэк1ыу, къызэднэк1а   илъэс зыбгъупщ1ым,  хамэ зэрышэхэри  куэд хъуащ. Адыгэхэм, нобэ къэсыхук1э, къуажэхэм   хамэ дэмысыу   адыгэ защ1эуэ  ик1ыи адыгэ къуажэ  къом зэбгъурысу  хэхэс гъэщ1эр ирагъэк1уэк1ами, иджы  къалэхэм  хэкъухьэ хъуахэщи, зэгъусэу  хьэблэ хьэблэуэ мыхъууэ, унэзытетхэм хэгуэшауэщ зэрыпсоухэр. Абы щхьэк1эи,  я  гъунэгъужэрэгъухэм и нэхъыбэр адыгэкъым, куэдыр тыркущ. Абы нэмыщ1к1эи,  ц1ык1ухэм еджап1эхэм, лэжьап1эхэм  махуэ къэс зэ1ущ1э  зэпсалъэхэпри  нэгъуэщ1 лъэпкъхэм ящыщщ.

«Датхэнэ лъэпкъми щыщ ирехъу, ар хъарзынэщ» жып1эныр игъуэщ ауэ, дэр худэуэ мащ1эу, хэхэсу ик1ыи хэгуэшауэ псоу лъэпкъхэмк1э абы лъэпкъ  хэкуэдыжыным ухуешэ.

Бжыгъэк1э мащ1эуэ щыт дэр хуэдэ лъэпкъхэмк1э хамэ къэшэныр хамэ  дэк1уэныр зыблэхын хъуей 1уэху къыинышхуэщ. Миллион бжыгъэ хъу лъэпкъхэмк1э хамэ зэрышэныр гъузэвэгъуэ 1уэхуу щыткъым ауэ адыгэхэмк1э ар  ц1ыху к1уэд мэхъу. Абы и шапхъэ куэд, хамэ къэзышэ дэк1уэ унагъуэхэм  уахэплъэмэ щыболагъу. Ф1эк1ып1эншэуэ, зэщхьэгъусит1ым адыгэр, адрей  лъэныкъуэм хэгъэшыпсыхьыж. Къэщ1эхъуэ щ1эблэри, зэик1 сыт щыгъуи, 1эмалыншэу тепщэ културэм, тепщэ лъэпкъым хъуэгъэза мэхъу.

«Уи хабзэ уи бзэ_ бзыпхъэ зезыхьэ уи лъэпкъагъу къашэ, дэк1уэ» жып1эныр  дэ адыгэхэмк1э  лъэпкъ зэхэгъэжу плъытэ, жызэ1эхэри бгъэемык1у хъунукъым. Адыгэ унагъуэ уымыхъу, адыгэ щэнхабзэри адыгэбзэри пхузте1ыгъэфынукъым. Адыгэуэ ц1ыхугъэ, ныбжьэгъу, жэрэгъу имы1эмэ, хамэ къешэ док1уэ жып1эуэ  щ1алэгъуалъэр пхогъэкъуэншэнкъым. Къэпшэр е уыздэк1уэр адыгэгъэм  къепшэл1эфынутэмэ, зыщыщ лъэпкъыр 1уэхутэкъым арщхьэк1э зэрышаит1ым   адыгэ лъэныкъуэр  зэрыхэшыпсыхьыныр 1энэм телъщ.

Тыркум шыпсоу адыгэхэм куэдк1э и нэхъыбэр къалэдэс щыхъуа мы  лъэхъанэм, хамэ зэрышэныр дияпэк1э 1уэху къыину къытпэшытынущ. Тыркум и  адыгэ хасэхэм я федэрацэм къызэригъэпэша щ1алэгъуалэр зэхэзышэ мы 1уэху  хъарзынэм гулъатэ хуэщ1ауэ нэхъри егъэф1эк1уэн хуейщ.