...................
...................

МЫЩХЪУЭЖЬ И КЪУЭ

Тэгъулан Екъуб (TEGULAN Yakup Temel)

                         
...................
...................

Мыщхъуэжь и къуэ к1э еджэуэ Хэкум зы л1ы гуэрэ ист. Зы махуэ гуэрэ,и шыхэр къэзакъым ирахужьауэ щахум, къэтырихыжын и мураду и шыхъуэхэм як1элъежэри дэк1ащ. К1уэурэ Жан и сэрейм нэсщ бжэм теу1эри,
«Уэ Жан,мыбык1э шы блахуу плъэгъуа?» щыжи1эм, Жан,
«Тхьэ, пщэдджыжь нэмэзым дыгъэр къыщыщ1эк1ым_къыщыщ1идзэм_ бжэ дазэк1э сыдэплъри мырам блахуу слъэгъуар,
Пщ1эгъуалэр куэпц1э тхыпц1эт
Пц1эгъуэплъыр куэпц1э дамыгъэт
Шыгъуэр жырабгъу сокут
Шы къэрэр нат1э гъук1эт
Шы щхъуант1эр уарджынэ к1эрыщ1эт,
моуэ уыщхьэпхырык1мэ зыхуахэм уащ1эхьэнщ» жи1ащ.Мыщкъуэжь и къуэм,
«Ат1э сэ ар къэсхужынщ» жери ежащ. Як1элъыщ1эхьэщ, шыр къэтырихыжщ и пщ1ант1эм диут1ыпщхьэжри, и упщ1э вакъэм и къэмшы т1уащ1эр дэ1уауэ хуабжьэу зигъэл1ыхъууэ щысу, щхьэгъубжэм зыл1 къы1ухьэри,
«Ейй... Мыщхъуэжь и къуэ» жи1эщ жи,
«Сэр хуэдэл1 дэнщэ1э жып1эурэ зы ц1ыхубз и пашхьэм ущымыс, тхьэр сгъэпэжа уэр хуэмыдэл1 куэд щ1э1эмэ» щыжи1эм,
«Сэ ар къызжез1эфынур хэту п1эрэ?» жери, Мыщхъуэжь и къуэр занщ1эу унэм къыщ1эк1щ плъэри, зыл1 щхьэгъубжэм къы1ук1ыжауэ к1уэжырт.К1элъыщ1эхьэу,
«Уэра а щхьэгъубжэмк1э къэджар?» щыжи1эм,
«Тхьэр зи уафэ сэрам Мыщхъуэжь и къуэ»жери абэщ абыйми, и шым ирихьэхщ и лъэрыгъ псыфэм щ1идзри к1эху къищ1ыху ихьэщ жи. К1эху къищ1ыху ихьщ абдежым къэувэ1эри,
«Уэлей Мыщхъуэжь и къуэ, лъэрыгъ псыфэм уызрыф1элъыр сыщыгъупщэжатэмэ, емык1у уэзщ1амэ къызхуэгъагъу ауэ зы ц1ыхубз и пащхьэ сэр хуэдэл1 щэ1экъым жыбори ущысщ, ат1э уэр хуэмыдэл1 куэд щэ1эмэ, Туби Нэфк1э зэджэри сэрамэ, к1уэ иджы» жи1эри къиут1ыпщыжащ.