...................
...................

Щ1АЛЭФ1

Тэгъулан Екъуб (TEGULAN Yakup Temel)

                         
...................
...................

Зек1уэ къик1ыжагъащ1э л1ыжь гуп,пщэдджыж дыгъэпсым зэрагъэуу щысу,зы щ1алэ ц1ык1у псы блихыу блэк1ти,ящыщ зы л1ы гуэрэм,
«Уэ щ1алэ, зы псы сегъафэт» жери щеджэм, щ1алэ ц1ык1ум зы псы фалъэ из псы къыхуихьри иригъэфащ. Щыбгъэдэк1ыжым, «Упсоу щ1алэф1» жери иригъэзэжьащ. Абдэжым, гупым нэхъыжы1уэуэ яхэс зы л1ыжь, къэтэджщ и к1эм зэ еуэри,

«Тхьэр згъэпэжа, щ1ал1эф1 псалъэм абы ф1эк1а пщ1э зимы1э зы щ1ып1э сыщымсым» жери 1ук1ри езэжьащ.Адрейхэм,
«сл1о,псы къэсхьа зы щ1ал1э ц1ык1у щ1хьэк1э щ1алэф1 жы1эмэ ягъэ к1ынур,сл1о абы папщ1э теджыжу щ1ежэжар?» жари ягъэщ1эгъуащ.Ит1анэ,

«Фынак1уэ,тхьэсо1уэ зи1ысыр жедгъэ1энмэ» жари, абдежым щысухъуар л1ыжьым деж к1уэхэри,

«Зуызхьэн, зы щ1алэ ц1ык1у щ1алэф1 жет1эмэ сыт ягъэк1ынур, сл1о уигу къыщ1ыдэбгъар,укъэтэджу укъыщ1ежэжар? Ар зэдгъэщ1эну арамэ дыкъыщ1эк1уар» щыжа1эм,

«Уэлей ар иджы нывжезым1эну,иужьк1эщ» жи1эри къэк1уахэр къригъэзэжащ.

А махуэм, и унэ гуащэм зыхуигъэзэри,
«Моуэ пщэдей пщэхьэщхьэ зы 1энэ къызэгъэпэщыт, си ныбжьэгъухэр къэк1уэнущи» жи1эщ.

Ет1анэрей махуэм и пщэхьэщхьэм, и щхьэгъусэм 1энэ иригъэузэдри и ныбжьэгъухэр къриджащ.Шхэн _ ефэныр зэф1эк1а нэужь псалъэн къригъэжьащ:
Иджы , къэсшагъэщ1эуэ щэуап1э сик1ри махуэ зыбгъупщ1к1э къэзк1ухьщ къэзгъэзэжри тэк1у зызгъэпсэхужауэ жэщ ныкъуэм сыгъуэлъыжыну абы схэту, щ1ыбым зыгуэр къэджащ.Сщ1эк1щ сыплъэри, адэжэуэ зы шыи и1ыгъу шу гуэр щытт.

«Къеблагъэ» жыз1эщ хьэщ1эр шым къезгъэпсыхри езыри сыщ1ыгъуу и шыр бом щ1эсшащ.Зы мэкъу 1эпл1э къэсхьри шхалъэм деслъхьэ щхьэк1э зырик1 жи1экъым.Мы мэкъур ф1эмащ1э хъуамэ жыз1эри аргуэрэуэ зы 1эпл1э дэслъхьэщ зырик1 жи1экъым.Апхуэдэурэ мэкъу 1эпл1иту худэлъсхьэ нэужьк1эщ хъунщ щыжи1ар.Дытысщ т1эк1у дэк1ри хьэщ1эм,
«Иджы зыгуэрэ бжез1энущ,хъунщ жып1эмэ дыгъуэлъынщ,хъункъым жып1эмэ уэлей сэ сымгъуэлъыжу сезэжьынумэ»жи1эщ.Сэри,
«Къыжэ1э» жыз1ащ.

«Сэ къэзакъхэм шы къэф1эсхуну шыху ск1уэнущи гъусэ укъысхуэхъунумэ дыгъуэлъыжынщ,хьэуэ жып1эмэ сэ сезэжьынумэ» жи1ащ.Вакъэ зэв сиуват,хъунщ жыз1эмэ къэзшагъащ1эти нысащ1эм сыщыук1ытэт,хъункъым жыз1эмэ модрейм сыщынэ ф1эщ1ынут.1эмалыншэуэ хъунщ жыз1ащ.Хьэщ1эр сгъэхъуэлъыжщ нэхущым дыкъэтэджри, сэри къыздиша шы адэжэм сышэсри дежьащ.Къушлукъу щыхъум зы псынащхьэ дынэсащ.Си гъусэм,
«Уэ зы маф1э щ1ы,сэ моуэ зэ къызхэзк1ухьынщ» жери а нап1эзып1эм зы хыв танэ къихущ, и фэр фэнду трихри зэрыщыту игъэжьащ.Жьа нужь фэр зыгупихъущ аби, лыр зэрыщыту утыкум къихуащ.И1э иджы жери щхэн щ1идзащ.Фи ф1эщ ф1щ1ы, сэ зы тхы 1упщ1э ф1эк1а сымыщха, зилъэсым ит хыв танэм зыц1ут1 къимгъанэуэ ищхамэ! Сэ сигук1э,
«Тхьэм и ц1эк1э со1уэ, сэ мыбы сыкъемлын, мыр бэлыхьлажьэуэ зыгуэрэмэ» жыз1ащ.Сытми дык1уэурэ дыздэк1уэнум дынэсри,Ходз к1э зэджэ псышхуэрат шыхэр къыщызпхырихунури,
«Сэ сыкъэк1уэжыхук1э уэ зы маф1э щ1ый пщаф1э»жери ежьащ.Сэ маф1эр сщ1ыуэ шхыныр сыгъэхьэзырыху, зы шыбз хъушэ къызпхрихури къигъэзэжащ.Ешхэщ ефэщ т1эк1у дэк1ри,
«Нак1уэ иджы япэ ищ уэ» жи1ащ.

«Сэ гъуэгур схузэхэхужынкъым» щыжыз1эм,
«Хъунщ ныт1э сэ япэ сищынщ, ауэ, зы шу къызк1элъык1уэнущи уэ игугъ умыщ1» .Абдежым къеуэщ къезэжьхэри ф1ыуэ къэк1уахэуэ,еплъри шы хъушэр зейр къэк1элъык1уэт.Кэсри, сэ къызблэж пэтрэ,
«Дэнэ ук1уэрэ,уи шыр зыхур сэращ»щыжыз1эм щыгъуэ,
«Тхьэр сгъэпц1а, уэмра сэ сишыр зыхур, сэ си шыр зыхур сэ сощ1эмэ» жи1эщ.Си гъусэм ипэк1э къызжи1ат,
« Зыгуэрэк1э шыр зейр къытк1элъык1уэрэ дызрыфыщ1 хъумэ, къеуэ жыз1эху зомыгъэхъей» жери .Къык1элъыпхъэра шур нэсщ, шым зыдытесым мо л1ит1ыр зэрыубыдщ, зэрыфыщ1ым зэрыфыщ1ыурэ къызредзыхщ, модрейм сэ гъусэ сызщ1ар ириуыдщ и щ1агъым щ1иубыдэщ и 1ит1ыр и куэм гуиубыдэщ и пкъыр и лъэгуанжьэм дыубыдэри и къамэр кърихщ абими еуэн щыхъум,
«Къеуэ иджы си гъусэ « жи1эщ.Сэри си къамэр сгъэпсауэ с1ыгъыхэти, и пщэ гурыгъым сэуэри и щхьэр ф1эзгъэхуащ.Абдэжым,
«Упсоу щ1алэф1» къызжи1эщ.Ныт1э мыс а зэрам сэ щ1алэф1 къысызжа1ар!

Ит1анэ, дыкъеуэщ дыкъэк1ужри къэтхуа шы хъущэр пщ1ант1эм дэдудыпщхьэжащ.

«Шыр дыгъэгуэш» дери, и ныкъуэр ди пщ1нат1эм къыдэднэри и ныкъуэри езбы и 1эхьэуэ 1уэм идубыдащ.Т1эк1у дедзакъэри езэжын щыхъум,
«Сэ и ныкъуэми схуейкъым, зы хак1уэ хэтщи а зыр къызэти ирикъунщ» жи1эщ.Хак1уэр къэзубыдри естащ,къэнари си шым хэзут1ыпщхьжащ..Иужьым, езгъэзэжыну и шыр къыхудэсщри, и лъэрыгъ псыфэмрэ и шхуэмлак1эр щызубыдым, моуэ т1эк1у зкъызхуигъэзыхри,
« Сэ сыц1ыхубзщ, уэ л1ы уыхъумэ сэ фыз сныпхуэхъунщ,укъыслъыхъуэмэ скъэбгъуэтынщ» жи1эри, блэк1ри езэжащ.

Сэ сызрыкъэшэгъащ1эр дэнэ щыщ1энт!