...................
...................
ŞİİRLER

BABUG Ergun Yıldız (БАБУГ )

                         
...................
 
...................

Сэ мыбы сакъыхомгъанэ.

 

Уэращ зэи сигу йимык| |уэхур

Уэращ мы сигум йи щэхур

Зы жэщ ф|ыц|э сыхэхуащи

Уэращ си гъуэгум йи нэхур.

 

Си анэм янэ си адэм яанэ

Си анэ си адэм яанэм яанэ

Къаубыд си |ар сызэшэльэж

Сэ мыбы сакъыхомгъанэ.

 

Сыхуэйкъым сэ хамэм йибзэ

Сыхуэйкъым хамэм йихабзэ

Сызхуэныкъуэр уэзызакъуэр арщ

Сн хэку дахэ си лэпькъ къабзэ.

 

Уи щ|ыгу сису сыбэуатэм

Сэсэищ жыс|эу сыгуэуатэм

Нэгъуэщ| сытым сыхуэижинт

Уи |ап|льэ сыщыпсэуатэм.

 

Содэ уэ уи щ|ы|ам сырес

Содэ уи ж|ыбгъа сыхырес

Сшэкынщ къызэмхьалъэк|ыуэ

Содэ уи гуауэ къыслъырес.

 

 

 

Сльэк|ыу зыщызгъагъупща

 

Уибзэ пьщ|эркъым жыбо|ари

Куэдрэ сыкъыбогъайэмык|у

Сльэк|ыу зыщызгъагъупща

Сыхуэй сщ|эну сэ къызэмык|у

 

Хамэ лъэпькъым сахэсыуэ

Даурэ зэрысхъумэнур хыабзэр

Сызэрпсалъэр ягу тэмыхуэу

Тхьампэм хуэдэу пачащ сибзэр

 

Нэхур самгъалъагъун щхэк|э

Си махуэр жэщ ф|ыц|э ящ|ащ

Сэ сэсэйр сф|агъак|уэдымэ

Езым ящхь сыхъун яф|эщ|ащ.

 

Я хэку я жьэгу сагъахъумэу

Я бийм сэ сырагъазэуащ

Сэ сыадыещ щыжыс|эм

Езыхар сэ къызэзэуащ

 

Сыкъаушу зыкъасщ|эныр

П|щ|эхьап|э шынагъуэу ялъагъу

Сызы|исыр зэзгъащ|эныр

Ар сэ куэдыщэу къысхуалъагъу.

 

Мис мыпхуэдэщ сипсоук|эр

Уэ сыкъагъаемык|уи щыс

Дэнэ нэсынуми ик|эр

Дызытет гъуэгум зэ егупщыс.

 

Къызо|унщ|хэ сыраудыну

Сэ сымджэлэн сльэк|ыркъым

Мы къысщыщ|ар нэхъ сигу къоуэ

Льэныр къызэхьалъэк|ыркъым.

 

Укъысщ|энэк|эху къат|ыси

Сыт ди|ами зэтхьальэжынщ

Адыйагъа тхуэмгъапсэур

Къыздитхыам зэдэтхьальэжынщ.

 

 

 

Тхьарыкъуэ ц|ык|у

 

Тхьарыкъуэ ц|ык|у,тхьарыкъуэ ц|ык|у

Сытым хуэдэ ухуитыныр

Залымыгъэ къыплъэмы|асу

Улъатэу уэфэгу уитыныр.

 

Тхьарыкъуэ ц|ык|у,тхьарыкъуэ ц|ык|у

Гъащ|эр сохь уэ сынохъуапсэу

Сыту унасыпыф|эдыдэ

Уэри уопсоу сэри сопсоу.

 

Тхьарыкъуэ ц|ык|у,тхьарыкъуэ ц|ык|у

Къак|уэ зэдгъахъуэж гъащ|эхэр

Сэ зэзгъащ|энщ хуитыныгъэр

Уэри лъагъу сэ къызащ|эхэр

 

Тхьарыкъуэ ц|ык|у,тхьарыкъуэ ц|ык|у

Сыхъуащ ф|эк|а щхьалажьэ

гъащ|э дахэр къызэптыну

уэ ц|ык|уми сыт уилажъэ

 

Жыс|эр арщи тхьарыкъуэ ц|ык|у

Стырахащ сэ си дыгъэр

Кьыф| къыпщыхъунщ уи гъащ|э псоур

Пь|ащ|эк|ымэ хуитыныгъэр.

 

 

 

хэт зийагъар ?

 

Къуэх|ау къыкъуэк|ыжыху дыгъэр

Сигъунэгъу къохъу зэкъуэныгъуэр

Махуэ къэс зыгуэр зырэхъуэк|

Хамэм Йощхь си псоуныгъэр.

 

Сщогъупщэ адиягъар

Сщ|эркъым ар зэрыгу|агъар

Сэсэим сэ си щ|ыб хуэзгъазэу

Сык|уэдыжымэ хэт зийагъар ?